Дэтхэнэ жэрдэмми хоплъэ
2017-10-18
- Налшык къалэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ и Советым иригъэкIуэкIащ ди щыхьэрым и теплъэр егъэфIэкIуэным теухуауэ цIыхухэм яIэ Iуэху еплъыкIэхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.
- Къалэ администрацэм, абы и нэIэм щIэту лажьэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ партхэмрэ къабгъэдэкIыу абы цIыху 250-рэ хэтащ.
- Налшык и теплъэр егъэфIэкIуэным теухуауэ япэ генеральнэ планыр къыщыхалъхьауэ щытар 1933 гъэрщ. Абы къыкIэлъыкIуэр 1964 гъэм къащтащ. Ещанэр 2015 гъэм зэхалъхьащ икIи абы 2040 гъэм нэсыху зэфIагъэкIыну я мурадхэр щыубзыхуащ.
- Зи чэзу генеральнэ планым и архитектор нэхъыжь Шапошниковэ Юлие къыхигъэщащ ди къалащхьэм сыт хуэдэ лэжьыгъэ езым я лъэныкъуэкIэ щрагъэкIуэкIми, IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм, къалэдэсхэм къабгъэдэкIа зы еплъы-кIи гулъытэншэу къызэрамыгъанэр. ДяпэкIи зэрекIуэкIынур апхуэдэущ.
- Къалэм и теплъэр егъэфIэкIуэным теухуа Iуэхугъуэхэм къадэкIуэу, къызэхуэсахэр ирагъэдэIуащ щыхьэрым къегъэщIылIа щIыхэр тэмэму къэгъэсэбэпын зэрыхуейм теухуа псалъэмакъхэми. Абыхэм къыщыхалъхьа дэтхэнэ зы жэрдэмми щIыпIэ самоуправленэм и Советыр хэплъэнурэ, унафэ пыухыкIахэр трищIыхьынущ.
- Жанхъуэт Зузэ.