Анэ лъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ гуащIэ щыIэкъым
2017-10-11
- Шэмызокъуэ Мухьэмэд Машэ и къуэм и цIэр зэхэзымыха нэхъыжь Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэбгъуэтэну къыщIэкIынкъым.
- Хэт ухуейми еупщI, къыбжаIэнур зыщ: «Зи IэнатIэм хьэлэлу бгъэдэта, лэжьакIуэ емызэшыжу, жэуаплыныгъэшхуэ зыхэлъу щыта цIыхущ». Шэмызокъуэр Хэку зауэшхуэм и гуащIэгъуэ дыдэм псэемыблэжу хэтащ, адэ гумызагъэу, унагъуэкIэ фIыуэ щытащ. Абы и цIэр сэ япэ дыдэу щызэхэсхар школым сыщы-щIэса 60 гъэхэращ. Къуажэм дэт курыт еджапIэ №4-м ныбжьыщIэ цIыкIухэр пэщIэдзэ дзэ хуэIухуэщIэ-хэм щыхуезгъаджэу сыщылэжьам, Шэмызокъуэм мызэ-мытIэу сыхуэзэну къысхуихуащ сэ.
- ТекIуэныгъэм и махуэр щыдгъэлъапIэ ди зэхыхьэхэм Мухьэмэд дэ зыбжанэрэ къедгъэблэгъауэ щы-тащ. Шэмызокъуэм щIэблэр зэрыдущиин хъыбар хьэлэмэтхэр къыджиIэжырт, зауэ IэнатIэм щыпэрыта лъэхъэнэм теухуа и гукъэкIыжхэр къытхуиIуэтэжырт. Ауэ сэ къыхэзгъэщыну сызыхуейращи, Мухьэмэд, дызыщIэупщIэхэм жэуап къащритыжкIэ, щытхъу зи жагъуэхэм зэрахабзэу, езым и щхьэм кърикIуа гугъуехьхэр игъэбэтэн фIэфIыщэу щытакъым.
- Шэмызокъуэ Мухьэмэд 1923 гъэм къалъхуащ. Абы и адэ Машэ граж-дан зауэм жыджэру хэтащ, къыщыхъуа и къуажэм гъукIэ IэщIагъэм щрилэжьащ, «зэIусэм псэ хелъхьэ» зыхужаIэм хуэдэу.
- Мухьэмэд и хьэлыр гугъуехьхэм япсыхьащ. Зауэм щIидза нэужь, ар фронтым кIуэну щIэлъэIуащ икIи 1942 гъэм накъыгъэм и 10-м дзэм ираджащ. МазитIкIэ ягъэхьэзыра иужь, сержант цIэр къыфIащащ, Ипщэ фронтым и 5-нэ армэм и 40-нэ гвардейскэ дивизием и 3-нэ фочауэ полкым хыхьэ взводым и Iэтащхьэу ягъэуващ. Ар зэхэуэ гуащIэхэм хэтащ, лIыгъи къыщигъэлъэгъуащ. 1943 гъэм жэпуэгъуэм и 23-м Шэмызокъуэр уIэгъэ хьэлъэ хъури, 1944 гъэм и мазаер къэсыху уIэгъэщым щIэлъащ. Сыт хуэдизрэ мылъэIуами, Мухьэмэд фронтым яутIыпщыжакъым. А илъэс дыдэм ар ныкъуэдыкъуэу къалъытэри, и унэ къагъэкIуэжащ — абы и щхьэм фэбжьышхуэ телът.
- Зэман дэкIа иужькIэщ, Шэмызокъуэм зэрихьа лIыгъэм папщIэ къыхуагъэфэща ЩIыхь орденым и 3-нэ нагъыщэмрэ Хэку зауэ орденым и 2-нэ нагъыщэмрэ къыщыIэрыхьэжауэ щытар. АрщхьэкIэ, къилэжьа медаль зыбжанэр зэрымыщIэкIэ кърамыту къэнащ.
- Къызэрысыжу, Шэмызокъуэ Мухьэмэд Къулъкъужын Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №5-м военрукыу ягъэуващ, пэщIэдзэ дзэ хуэIухуэщIэхэм ныбжьыщIэхэр щыхуигъасэу. Зэман докIри, ар колхоз унафэщIхэр щагъэхьэзыр Къэбэрдей мэкъумэш школым еджакIуэ ягъакIуэ. Къуажэм къигъэзэжа иужькIэ, ар колхозым и агроному ягъэув. 1955 гъэм Мухьэмэд къуажэ советым и унафэщIу хахащ.
- А зэманым Iэщ гъэхъуныр колхоз лэжьыгъэм и IэнатIэ нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщу къалъытэрт. Шэмызокъуэм гъэш фермэм и унафэщI IэкIуэлъакIуэуи зыкъигъэлъэгъуащ. ИужькIэ абы дзыхь къыхуащIащ Iусхэр зэгъэзэхуэным теухуа лэжьыгъэр. Мухьэмэд а IэнатIэри хъарзынэу ирихьэкIащ.
- Шэмызокъуэр зэрылэжьакIуэшхуэр къалъытэри, щIыпIэ советым и депутату хахащ, колхозым и парткомымрэ и правленэмрэ хагъэхьащ. «Къэмылэнджэжу зэрылажьэм папщIэ» медалыр, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр, нэгъуэщI дамыгъэхэри къыхуагъэфэщащ. 1994 гъэм Шэмызокъуэ Мухьэмэд дунейм ехыжащ.
- Ленэ и гъащIэ мытыншыр
- — Абы лъандэрэ зэман дэкIащ, арщхьэкIэ ар зы сыхьэти сигу ихуакъым, псэум хуэдэу си нэгу щIэтщ, — къыджиIащ Ленэ.
- Зызумысыжынщи, япэщIыкIэ мураду сиIар зауэм хэтам и щхьэгъусэ Ленэ и закъуэ сытетхыхьынырт. Абы щхьэусыгъуэ иIэт: нанэм и ныбжьыр илъэс 90-м щхьэдэхат. АрщхьэкIэ, зэрыфлъагъущи, Мухьэмэд и деж къыщыщIэздзэн хуей хъуащ.
- Ленэ гуауэ куэд игъэващ. Абы и быни 8-м щыщу 3-р щIилъхьэжын хуей хъуащ: Любэ, МуIэед, Хьэсэн. ЩыгъкIэ, анэм и нэхэм нэпсхэр къыщIэкIыжыфыртэкъым. АрщхьэкIэ, гъащIэр гъащIэщ. ЦIыхум и гъуэгугъэлъагъуэр гугъэрщ икIи бзылъхугъэм махуэ насыпыфIэ куэ-ди илъэгъуащ.
- И ныбжьыр хэкIуэта пэтми, Ленэ иджыри гурыхуэщ. Абы зэгъэ-кIуауэ, IупщIу икIи гурыIуэгъуэу къыпхуиIуэтэжыфынущ езыр къыщыхъуа Зеикъуэ къуажэм зауэм и пэ ита илъэсхэм къыщыдэлэжьауэ щыта цIыхухэм ятеухуа и гукъэкIыжхэр. Ленэ и хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, псом нэхъ гугъужу щытар фронтым кIуахэр цIыхубзхэмрэ балигъ мыхъуахэмрэ зэрахъуэкIын хуей щыхъуа илъэсхэрщ.
- — ВыхэмкIэ, жэмхэмкIэ дыващ, гъубжэкIэ щхьэмыжхэр къэтхащ, нэху щыху хьэмым дыщылажьэрт, гуэдз къэпхэр къетлъэфэкIыу, — игу къегъэкIыж абы. — Зауэм кIуахэр гугъу зэрехьыр зэрызыхэтщIэм ди къарухэм хигъахъуэрт. Мыдрейуэ, ди бригадир Щауэ Аскэрбийрэ учётчик БжьыхьэлI Хьэсэнрэ ди лэжьыгъэм ткIийуэ къыкIэлъыплъырт.
- Ленэ, дыбгъэдэсыху, япэщIыкIэ къытщыукIэтэрэ псэлъэгъуейуэ щытами, хуэм-хуэмурэ къыдэсэжащ. Уеблэмэ, Къулъкъужын Ищхъэрэм щыщ щIалэм зэрыхуэзэу зэрыдихьэхауэ щытари къытхуиIуэтэжащ. ЗэгуэкIуар къызэрыгуэкIтэкъым: Хэку зауэшхуэм жыджэру хэтат, школым и военрукт, и нэгу зэлъыIухамкIэ удэзыхьэхт. Мухьэмэд хуэдэ щауэхэр хъыджэбз куэдым яхузэрыгъэгъуэтыртэкъым. Пщащэми псэлъыхъур игу ирихьат: зэкIужщ, псалъэ лей жиIэнукъым, лэжьакIуэшхуэщ.
- Щызэрышэм, Мухьэмэдрэ Ленэрэ пIалъэ жыжьэм тещIыхьа мурад гуэрхэри зэхуаIакъым. Шэч хэмылъу, сабий къащIэхъуэным хуабжьу щIэхъуэпсырт. Арати, Хьисэ дунейм къытехьа иужь, тIуми къащыхъуащ я пэшхэр нэхъ нэху, дахэ хъуауэ. Абы къакIэлъыкIуащ Любэ, Марие, МуIэед, Хьэсэнбий, Мусэ, Хъусен, Хьэсэн сымэ. Апхуэдиз бын пIыныр тынштэкъым, АрщхьэкIэ, Ленэ псоми зыхуигъэныкъуэрт, ахэр зыхуей хуигъэзэн папщIэ.
- Зэманыр кIуэрт. Сабийхэр балигъ хъурти, гъащIэ щхьэхуэм хыхьэрт, дэтхэнэми езым и унагъуэ иухуэрт. Иджы нанэм и къуэрылъху-пхъурылъху языныкъуэхэми унагъуэшхуэхэр яIэ хъуащ.
- Ныбжьышхуэ къэзыгъэщIа бзылъхугъэм зэрыжиIэмкIэ, ахэр и деж къокIуэ, тыгъэхэр къыхуахь, я деж яшэну къолъэIу, арщхьэкIэ езыр щыпсэу и унэр зы тхьэмахуэ зэхуаку закъуэкIи къыхуэгъэнэнукъым. Ленэ Хъусен и гъусэу мэпсэу. Абы и унагъуэми зиубгъуащ. И щхьэгъусэ ФатIимэрэ абырэ хъыджэбзиплIрэ щIалитIрэ яIэщ.
- — СылIэмэ, зигу сыкъэзыгъэкIыжын сиIэщ, — жеIэ ныбжьышхуэ къэзыгъэщIа бзылъхугъэм. — Ди Тхьэшхуэм солъэIу ахэр дэр нэхърэ нэхъыфIу куэдрэ псэуну.
- Дахэщ икIи кIыхьщ Ленэ къикIуа гъащIэ гъуэгур. Нэхъыщхьэжыращи, зэрыгушхуэн иIэщ. Ленэ сакъыу ехъумэ къыхуагъэфэщауэ щыта медалыр, «1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэ-ку зауэшхуэм и лъэхъэнэм фIы дыдэу зэрылэжьам папщIэ» фIэщыгъэ зиIэр, «Лэжьыгъэм и ветеран» бгъэхэIур, «Анагъэ медалым» и етIуанэ нагъыщэр. А псори и щыхьэтщ Ленэ и гъащIэр купщIафIэу, унагъуэшхуэ-ри зэрихьэу, губгъуэ лэжьыгъэхэми щехъулIэу зэрыпсэуам. И бынхэми ялъигъэIэсащ езым и гу хуабагъэр. Сигу къокIыж Шэмызокъуэхэ я къуэхэм ящыщ зым, «Налшык къалэм щэнхабзэмрэ зыгъэпсэхунымкIэ и парк зэгуэт» IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Мусэ и псалъэхэр:
- — Дэ тщыщ дэтхэнэми дежкIэ ди анэр нэмысымрэ нэхугъэмрэ я гъуэгур къытхузэIузыха гъуазэщ. Абы нэхърэ нэхъ лъапIэрэ нэхъ гъунэгъурэ диIэкъым. Удэпсэун къудейр насыпщ. Анэ лъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ гуащIэ щыIэкъым. Ар ноби дэркIэ дахэщ, Iущщ. А псори кIэщIу къыпхуэIуэтэнукъым. Тхьэшхуэм и ужькIэ, анэращ дэ гъащIэ къыдэзытар. Зыщыдвмыгъэгъупщэ щIэх-щIэхыурэ анэхэм едэхэщIэн, фIыуэ зэрытлъагъур зыхедгъэщIэн зэрыхуейр.
- А псалъэ гъуэзэджэхэмкIэ мы си тхыгъэ кIэщIыр сухыну сыхуейт.
- НЫР Iэуес.