Шал Хъусен: «Адыгэ бэракъыр ящхьэщыту къытпежьат»
2017-10-10
- Лъэпкъым ди уэрэджыIакIуэ пэрытхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, ди къэралым и щIыпIэ куэдым концерт гуимыхужхэр щызыта, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Шал Хъусен. Ар иджыблагъэ Иорданием зэрыщыIам, и нэгу щIэкIахэм, зыкъызэрагъэлъэгъуам тхутепсэлъыхьыжыну къедгъэблэгъащ.
- — ФокIадэм и 1-м щыщIэдзауэ, махуэ пщыкIухкIэ, «Адыгэ» джэгуакIуэ гупыр си гъусэу, Иорданием дыщыхьэщIащ. Кхъухьлъатэм дыкъикIыу щIым дыщытеувам, адыгэ бэракъыр ящхьэщыту ди лъэп къэгъухэр гупышхуэу къытпежьат. Дэ дезыгъэблэгъар «Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къэзыухахэм я клуб» фIэщыгъэр зезыхьэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Еутых Дадийрэ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, еджагъэшхуэ Вэрокъуэ Ибрэхьимрэщ.
- — Хъусен, «Адыгэ» джэгуакIуэ гупыр нэхъ гъунэгъуу дыбгъэцIыхуамэ ди гуапэт.
- — Абы хэтхэщ адыгэ лъэпкъым и мызакъуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм я пшыналъэхэми куууэ хэзыщIыкIхэу Налшык къалэ Сабий гъуазджэхэмкIэ дэт еджапIэ №1-м и егъэджакIуэ Сокъур Анжелэ, абы ипхъу, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм я лауреат, зэпеуэ куэдым пашэныгъэ щызыубыда, зи пшынэ гъэбзэрэбзэкIэм щIыналъэ куэдым Iэгуауэ инхэр щыхуаIэта Къардэн Данэ, бэрэбэнауэ, къэфакIуэ Iэзэ ЩIанкIэ Аслъэн, пхъэцIычауэ Аджий Къантемыр сымэ.
- Пшыхьым цIыху куэд къекIуэлIат, икIи Iэгуауэ инхэмкIэ дагъэфIащ ди лъэпкъэгъухэм.
- — Дэнэ щIыпIэхэм концерт щыф-та, уэ бгъэзэщIа уэрэдхэр ди лъэп- къэгъухэм дауэ къащыхъуа?
- — Дэ концертхэр щыттащ Иорда-нием щылажьэ «Адыгэ фIыщIэ Хасэм», КъБКъУ-р къэзыухахэу адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ псалъэхэм я пщIантIэ инхэм, адыгэ еджапIэхэм, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми. Сэ згъэзэщIащ «Дахэу щыIэм я лей», «Нэхущ удж», «Адыгэ нэмыс», «Си нанэ», «Уджыр къыбогъажьэ» уэрэдхэр, нэгъуэщIхэри. Ди лъэпкъэгъухэм ди утыку итыкIэр ягу зэрырихьам и щыхьэту иджыри тедгъэзэну къыдэлъэIуащ.
- — Иорданием щыфлъэгъуахэм ящыщу сыт нэхъ уигу къинэжа? Иджыри зэ тедгъэзэжарэт, жыфIэркъэ?
- — Дэ зыдгъэпсэхуну, ди нэгу зедгъэужьыну зэман хэха диIауэ жыпIэ хъунукъым. Апхуэдэу щыт пэтми, зэман тIэкIу къыщытхуэнэхэм деж зыдагъэплъыхьащ. Иорданием и «Къалэжьыр», нэгъуэщI куэди да-гъэлъэгъуащ. Бысым тхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэр хуабжьу къытхуэгумащIэт: унагъуэ-унагъуэкIэ дытрагуашэри дагъэхьэщIащ, ерыскъы берычэт зытелъ Iэнэхэр къытхуагъэуващ. Псом хуэмыдэу ди гуапэ хъуащ Иорданием щыпсэу ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ нэмыс лъагэ зэрадэтлъэгъуар. Абыхэм адыгэбзэ къабзэ зэраIурылъым и мызакъуэу, ди адэжьхэм къытхуагъэна хабзэ дахэ-ри зэрахьэ, лъэпкъ тхыдэм фIыуэ щыгъуазэщ, я хэку къагъэзэжыну я гугъэщ. Илъэс къакIуи Иорданием тедгъэзэну дызэрырагъэблэгъар хуабжьу ди гуапэ хъуащ.
- Щихъ Болэт.