ЩIыуэпсым и макъ
2017-08-09
- Абы дегъэпIейтей
- Псыр псэхэлъхьэжщ жызыIар адыгэщ.
- Псыхъуэхэр пхъэнкIий идзыпIэ зыщIар хэт?
- Адыгэ къуажэхэр псы Iуфэ IутIысхьэ хабзэт, псыншэу упсэуфыркъыми. БжьамийкIэ пщIантIэхэм псы къакIуэ зэрыхъурэ псы ежэххэм, псынэхэм дызэфэну псыр къитхыжыркъым, дипсхэри япэм хуэдэу къабзэжкъым. Псы ежэххэр зэрымыкъабзэм нэ-мыщI, ди псыхъуэхэм я щытыкIэр но-бэ хьэлэч дыдэщ. Зы хамэ гуэр къакIуэу зэтриуцIэпIауэ аракъым, дэ езым ди IэкIэ тхьыуэрэ хыфIэддзэ пхъэнкIийм щIигъэнауэ аращ ди псыхъуэ дахэ къомыр.
-
Илъэс тIощI-щэщI и пэкIэ ди псыхъуэхэр къабзэу щытащ. Сабий щыджэгунуи, балигъхэм зыщагъэпсэхунуи гурыхьу апхуэдэт ди псы Iуфэхэр.
- Псыхъуэ жытIэмэ, хэт сыт и нэгу къыщIэувэрэ? Псыхъуэм хеубыдэ псы ежэх IуфитIым декIуэкIыу къыщылъ щIы IэнэщIхэр, нэхъапэм псыр зэрыжэу щыта, псым дидзыха е драгъэдзыха нэужькIэ щIыгулъ зытрихьэу удз къызытекIэжахэр. Ар уолъагъу, жыжьэу укъыщеплъмэ — жылэ щIагъуэ щыIэкъым псы Iуфэм Iумыс, псыхъуэ зимыIэ. ИкIи нобэ зы жыли щыIэжкъым зи псы- хъуэр къабзэу зыIыгъ. Псыр псэхэлъхьэжщ жызыIэу щыта адыгэр и псыхъуэмрэ и мэзымрэ щысхьырт, иджы зы илъэс тIощIырыпщIым хьэщхьэрыIуэ хъуам хуэдэщ — ихъуреягъыр пхъэнкIий идзыпIэ ещI. Къуажэ щыIэщ пхъэнкIийр зыдамыш, ар здахьын ямыгъуэту, къащыпэщIэхуэм деж щыхыфIадзэ. Ауэ, псалъэм щхьэкIэ, Аушыджэри Къамылыкъуи дыхьэурэ пхъэнкIийр даш, зы мазэм зы унагъуэм пхъэнкIий дэшыпщIэу итын хуейр соми 100 къудейщ. Ар ирамытын щхьэкIэ, шэрхъ зыщIэт гу цIыкIу иракIутэ я кIэрыхубжьэрыху къомри, псы Iуфэхэм (Шэрэджрэ Балъкърэ) яшэри, абдеж щракIут.
- ПхъэнкIий хэкIыкI хъуащ адыгэ къуажэхэр. Япэм къабзагъэм зыри пэзымыщIу щытахэм къатехъукIахэр сытуи дыгъэщIэгъуэн…
- Хэт зымыщIэр зэ фIэкIа къамыгъэсэ-бэп хьэкъущыкъу, кумбыгъэ хуэдэхэри, псыпс хъуржынхэри илъэсищэ бжыгъэкIэ щIым зэрыхэмыкIуэдэжынур? Псоми ящIэ. Хэт зи нэ мыплъэр, хэт зымылъагъур а зыгуэрым ихьу ирикIу- та пхъэнкIийм адрейхэм зэрыхакIу- тэр? Псоми я нэр маплъэри, псоми ялъагъу. Апхуэдизу пхъэнкIийр щытфIэфIкIэ, ар мыгувэу ди бжэIупэм къэсыжынурэ ди унэм къыщIыхьэжынущ. Ар къэмысыну зи гугъэр щоуэ. Уэ ар умылъагъуми, уз зэмылIэужьыгъуэу уи бжэщхьэIу къебэкъуэжынущ.
- Иджыпсту ди сабийхэм сыткIэ я фIэщ пхуэщIын дэ псыхъуэ къабзэ дыщыджэгуу щытауэ? ЗэрыпхуэщIынур зыщ — псыхъуэ къабзэрэ къуажэ къабзэрэ ебгъэгъуэтыжмэщ.
- Къаныкъуэ Заринэ.
- Сурэтыр Шыбзыхъуэ Астемыр трихащ.
- Убых фIэщыгъэхэр
- ЩIым и бзэ
- Ди япэ псэуа щIэныгъэлIхэм, еджагъэшхуэхэм къызэранэкIа я тхыгъэхэр «къызэрытхуэупсэм» нэхърэ нэхъыбэжкIэ «то-понимика» щIэныгъэр, «ЩIым и бзэкIэ» зэджэр, къыщыдэти къохъу. Абы зыри пхупылъхьэнукъым, пхуэхэпщэнукъым, пцIы ебгъэупсыну яужь уихьэми, жыжьэ унигъэсынукъым.
-
«ЩIыпIэцIэхэр фэеплъщ ахэр къыщызэтена щIыналъэхэр зи хэщIапIэу щыта лъэпкъхэм я дежкIэ», — щитхыгъащ — географие щIэныгъэхэм я доктор Мурзаев Эдуард «Географиер — фIэщыгъэхэмкIэ» и тхылъ купщIафIэм.
- Сочэ къалэм и Iэшэлъашэм ноби къыщагъэсэбэп щIыпIэцIэхэр къызэрыунэхуа щIыкIэр зэхэзыгъэкIыну яужь ихьэ дэтхэнэми а щIыналъэм нэхъапэм щыпсэуа лъэпкъхэм я бзэхэм я IукIэри, я зэхэлъыкIэри тегъэщIапIэ ищIын хуейщ. Сыту жыпIэмэ, а Iэгъуэблагъэм ноби къыщагъэсэбэп щIыпIэцIэхэм куэду яхэтщ а лъахэм щыIуу щыта бзэхэм: убыхыбзэм, садзхэм (абазэ лъэпкъщ) я бзэм, нэгъуэщIхэми я псалъэпкъ щхьэхуэхэр, уеблэмэ, лъабжьитI-щы яIэу.
- Псалъэхэр
- щызэгъунэгъуам
-
Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, тенджыз ФIыцIэм и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и псыIум адыгэхэр, абазэхэр, убыххэр зэгъусэу илъэсищэ бжыгъэкIэ Iусыгъащ. Абы къыхэкIащ зым и бзэр адрейм зригъащIэу къызэ-рекIуэкIари, я псэлъэкIэхэм хэт языныкъуэ жыIэгъуэхэр я гъунэгъу лъэпкъхэм къызэращтари, лъабжьэ зэхуэмыдэхэр щIыпIэ-цIэхэм зэрыщызэхэувари.
- Дызэрыщыгъуазэщи, Урыс-Кавказ зауэм и кIэуххэм убыххэмрэ (аптIэхъуэхэр) абыхэм япэгъунэгъуу псэуа «садз», «жыджэт» («садзы», «джигеты») абазэ лIакъуэхэмрэ къанэ щIагъуэ щымыIэу Тыркум Iэпхъуауэ щытащ. АтIэми, «ЩIым и бзэр» зыдж бзэ щIэныгъэлIхэм ящыщ куэдым зэрытрагъэчыныхьымкIэ, Сочэ и Iэшэлъашэм щежэх псыхэми ахэр зи лъабжьэ щIэж лъагапIэхэми ноби зэрахьэ фIэщыгъэхэм я нэхъыбапIэр а тIум- убыххэмрэ садзхэмрэ — я бзэхэм къатехъукIащ. АбыкIэ тегъэщIапIэщ урыс пащтыхь дзэзешэхэм яхуэла-жьэу, Кавказым щэхууи нахуэуи къыщызыкIухьа тIасхъэщIэххэм: Торнау Фёдор, Новицкий Геор-гий, Люлье Леонтий сымэ, къинэмыщIхэми, зауэ хуэIухуэщIэу, бгырысхэм я щIыналъэм и зэхэлъыкIэр къэзыIуатэу, зэхагъэувауэ щыта я картэхэри, Инджылыз, Франджы къэралыгъуэхэм, нэгъуэщIхэми къикIыу, адыгэ-убых-абазэ щIыналъэм зыщызыплъыхьа, уеблэмэ щыпсэуа: Дюбуа де Монпере, Белл Джеймс, Лапинский Теофил сымэ, нэгъуэщIхэми къызэранэкIа я тхыгъэхэри. Ахэр ди зэманми сэбэпышхуэ щыхъу щыIэщ, зи гугъу тщIы щIыпIэцIэ-хэм къарыкIыр зэхэгъэкIынымкIэ.
- «Курыт лIэщIыгъуэхэм я пэщIэдзэм къыщегъэжьауэ Урыс-Кавказ зауэр иухыху, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм ипщэ-къухьэпIэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм, нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ, Хъуэстрэ Шахэрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм, а лъэхъэнэм исы-гъар убыхыбзэкIэ псалъэу щыта лIакъуэхэрщ, — дыкъыщоджэ щIэныгъэлI, лъахэхутэ цIэрыIуэ Ворошилов Владимир «Топонимы Российского Черноморья. История и этнография в географических названиях» и тхылъ гъуэзэджэу 2007 гъэм Мейкъуапэ къыщыдигъэкIам. — Аращ, убыхыбзэм щыщу дызыщыгъуазэу къытхуэна псалъэхэр, адыгэбзэмрэ абазэбзэмрэ хэтхэм фIыуэ къащхьэщыкIхэр, къэдмыгъэсэбэпауэ, зи гугъу тщIы щIыгур ноби зыгъэдахэ щIыпIэцIэхэм я нэхъыбапIэм я къэунэхукIэ хъуар щIытхузэхэмыгъэкIынур…».
- Ворошилов Владимир а и Iуэху еплъыкIэр щIэзыгъэбыдэхэм ящыщ зыщ мы Iуэхугъуэри: языныкъуэ бзэ щIэныгъэлIхэр щы-хьэт зэрытехъуэмкIэ, убыххэм я псэлъэкIэр, ахэр иджыри Кавказым щиса иужьрей лъэхъэнэхэм, адыгэ, абхъаз, абазэ бзэхэм фIыуэ къащхьэщыкIат, IукIэ щхьэхуи игъуэтат.
- Дызэрыт лъэхъэнэмкIэ къедгъэзэкIыжынщи, щIыпIэцIэхэм «захэзыудыгъуауэ» щыта псалъэпкъхэм ящыщу, адыгэ, абхъаз бзэхэм къахэкIахэр къахэцIыхукIыныр куэдкIэ нэхъ тыншщ, а тIум я бзэхэм фIыуэ хэзыщIыкIхэр, ирилажьэхэр ноби зэрыди-Iэм и фIыгъэкIэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, убыхыбзэм къыхэкIа пычыгъуэхэм я Iуэху зыIутыр нэгъуэщIщ, абыхэм къарыкIыр, къыщыунэхуам яIа теплъэр зыхуэдар къыдгурызыгъэIуэфыну щыта цIыхухэр гъуэтыгъуей дыдэ зэрыхъуам къыхэкIкIэ. А щхьэусыгъуэри ящыщщ бзитI-бзищым къыхэжэпхъыкIа псалъэпкъхэр лъабжьэ зыхуэхъуа, щызэщIэува щIыпIэцIэхэм я «лъащIэм» хуиту унэзымыгъэплъысхэм.
- Сочэ и Iэшэлъашэм ноби къыщагъэсэбэп фIэщыгъэхэм къыпхуэмыцIыхужын теплъэ зыгъуэта куэд щIахэтым нэгъуэщI зы щхьэусыгъуи иIэщ: Урыс-Кавказ зауэм и ужькIэ ахэр къыщратхэкIыжым, урыс дзэ топографхэм ящыщу адыгэ-убых-абазэ жыIэкIэр урысыбзэм къизыгъэтIэсэну яужь ихьахэм абыкIэ зэупщIыну ягъуэ- тыжар я лъахэм лъэщыгъэкIэ къафIинауэ щыта шапсыгъ-хьэкIув мащIэ тIэкIум ящыщхэрщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зызыхуагъэзахэм щIыпIэцIэхэм я нэхъыбапIэр къызэрапсэлъар яIурылъ бзэм (адыгэбзэм и шапсыгъ-хьэкIув диалектым) къазэрыхуигъэтIэсам хуэдэущ…
- Ди тхыгъэм и кIэухыу, убых фIэщыгъэу ялъытэхэм ящыщу щапхъитI къэтхьынщ.
- Бзыч
- Убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ я щIыналъэхэм я зэпылъыпIэу къалъытэу щыта Шахэ псышхуэм сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхолъадэ. И хэхуэжыпIэр хы псыIум километр 30-кIэ пэжыжьэщ. ЩIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, фIэщыгъэр убыхыбзэм къыхэкIащ, IыхьитIу зэхэлъщ: «бзы» — «псы», «чIы» — «чIыIэ», «щIыIэ». «Псы щIыIэ» жыхуиIэщ.
- ХОБЗА — Хъуэбзы — Хъуэпсы
- ПсыцIэщ. Сочэ тенджыз ФIыцIэм щыхэлъэдэжым къыщы-щIэдзауэ Ищхъэрэ-КъухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ километр 19-кIэ и псыIур «пыIухащ». Мы зэманым абдежым щыIэ курортми а цIэ дыдэр зэрехьэ.
- Мы фIэщыгъэм теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Абыхэм ящыщу трагъакIуэр ар убыхыбзэм къызэрытехъукIарщ. «Хъуэ» псалъэм аптIэхъуэхэм я бзэкIэ дэ, адыгэхэм, «кхъуэ» зыхужытIэращ къикIыр. «Бзы» пычыгъуэр «псы»-м хуагъакIуэ. Аращи, Хобза-Хъуэбзы-Хъуэпсы. НэгъуэщIу жытIэмэ, «кхъуэпс» мыхьэнэращ фIэщыгъэр зэрыщыту зыхуэкIуэжыр.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.
- ЩэкIуэгъуэр йокIуэкI
- КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм къызэритым-кIэ, 2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 11-м республикэм къыщызэIуахащ щэкIуэгъуэр.
-
- А унафэм ипкъ иткIэ:
- — шыщхьэуIум и етIуанэ гъубжым къыщыщIэдзауэ 2017 гъэм дыгъэгъазэм и 31-рэ хъуху къуалэбзу Iэлхэм;
- — 2017 гъэм фокIадэм и 15-м къыщыщIэдзауэ 2018 гъэм мазаем и 28-рэ хъуху — цы щабэ зытет хьэкIэкхъуэкIэхэм;
- — 2017 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ 2018 гъэм щIышылэм и 31-рэ хъуху — тхьэкIумэкIыхьым
- — 2017 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыщыщIэдзауэ 2017 гъэм щэкIуэгъуэм и 30 хъуху — къурш ажэм;
- — 2017 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ 2017 гъэм дыгъэгъазэм и 31-рэ хъуху — кхъуэ пIащIэм уещакIуэ хъунущ.
- ЩакIуэхэм щакIуэ Iэмэпсымэхэр зэрахьэну, къащэхуну, щэкIуэну хуит зыщI тхылъ Iэмал имыIэу яIэн хуейщ.
- Тамбий Гуащэмахуэ.
- УзыншагъэмкIэ зэранщ
- Зи бжыгъэм зэпымычу хэхъуэ машинэхэм къалэхэр ущымыбэуэжыф ящI. Ахэр зэрылажьэ гъэсыныпхъэм къапкърыкI Iугъуэм и закъуэкъым зэраныр, атIэ, гъуэгум телъ асфальтыр нэхъ шынагъуэжщ.
- Асфальт лIэужьыгъуитI щыIэщ: щIыдагъэр къыщыщIах щIыпIэхэм пэмыжыжьэу хьэзыру къыщагъуэтымрэ IэрыщIымрэ. ЩIым къыщIахыр щабэщ, махэщ, псынщIэу мэткIу. АсфальтобетонкIэ зэджэ IэрыщIыр битумкIэ зэкIэрышха мывэкIэщхърэ пшахъуэу зэхэлъщ, зэрызэпкърылъ пкъыгъуэхэм я процент бжыгъэм елъытауи асфальтыр лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокI.
- И щабагъкIэ зэхуэмыдэ мывэкIэщхъ лIэужьыгъуэ зыбжанэ щхьэхуэ-щхьэхуэу ягъэкъабзэ, щIагъэкI, ягъэгъущ, зы кумбыгъэ иракIутэжри битум (проценти 9 нэхърэ нэхъыбэ мыхъуу) хакIэж. Асфальтым и фIагъымрэ ар гъуэгум зэрытелъ зэманымрэ зэлъытыжар битумращ.
- Асфальтыр нэхъыбэрэ гъуэгум телъын, жьыр, псыр, уаер, хуабэр, машинэ хьэлъэхэр зэран хуэмыхъун папщIэ, ар щагъавэкIэ серэ, яжьэ, хьэфэ, нэгъуэщI гуэрхэри халъхьэ.
- ПщIантIэ кIуэцIхэм иралъхьагъащIэ асфальтыр апхуэдэу зэранкъым, илъэси 2-5 хъуауэ телъхэм елъытауэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хьэуам хэлъ гъуэз щхъухь куэд зыщIешэ асфальтым, икIи нэхъыбэрэ телъыху, нэхъыбэ зэхуехьэс. ЗыщIишар къыпкърынэу аракъым, атIэ зэман гуэр дэкIа нэужь, алъандэрэ зэхуихьэса гыныр къеутIыпщыж (псалъэм папщIэ, бдзапцIэ), абы цIыхур иробауэ, и узыншагъэмкIи къызэрымыкIуэу зэранщ.
- ГъэщIэгъуэнракъэ, машинэхэр куэду щызэблэкI гъуэгущхьэхэм свинецыр щынэхъ мащIэщ, пщIантIэ кIуэцIхэм деж къыщыщахутэм елъытауэ. Ар къызыхэкIыр — машинэм къыпих Iугъуэр гъуэгум деж къыщызэтемыувыIэу, жьы зэпихум кърихьэкIыурэ, пщIантIэ кIуэцIхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ дихьэуращ.
- Апхуэдэ къэхутэныгъэм щыгъуазэ ухъуа нэужь, уогупсыс: пщIантIэ кIуэцIхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ асфальтым и пIэкIэ нэгъуэщI зыгуэр телъхьэн хуейкъэ?! Асфальтыр нэхъ пудщ, дауи, дэнэкIи ар щIытралъхьэр гурыIуэгъуэщ. Пэжщ, машинэхэр зэрызекIуэ гъуэгум къозэгъ, ауэ, щIэныгъэлIхэм жаIэм уедаIуэмэ, цIыхухэр, сабийхэр нэхъыбэрэ щызэхэзекIуэ лъэс лъагъуэхэмрэ пщIантIэ кIуэцIхэмрэ мывэкIэ е плиткэкIэ къищIыкIамэ, узыншагъэмкIэ нэхъ сэбэпщ.
- «ПщIантIэ кIуэцIхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ асфальт тезылъхьэ машинэшхуэхэр, щызэблэкIыфыркъыми аращ ахэр нэхъ псынщIэу къыщIихужыр. IэкIэ яуба асфальтымрэ машинэм иубамрэ я фIагъыр зыкъым: пщIантIэ кIуэцIым телъыр нэхъ щабэу къонэ, махэщ. Апхуэдэм Iугъуэр нэхъ псынщIэу зэщIешэ, гын нэхъыби къыпкърокIыж, жьымрэ псыIагъэмрэ нэхъ псынщIэуи егъэлажьэ. ХэкIыпIэу щыIэр зыщ — цIыхухэр нэхъыбэу щызэблэкI щIыпIэхэм мывэ е плиткэ идзын хуейуэ аращ. Пэжщ, абы мылъкушхуэ ихьынущ, ауэ нэхъыбэрэ лэжьэнущ, цIыхум и узыншагъэми лей ирихынукъым», — жеIэ УФ-м и Санэпидемнадзорым и технолог нэхъыщхьэ Геральдов Вениамин.
- Мисинчук Роман.
- Хъыбар кIэщIхэр
- УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий унафэ къыдигъэкIащ узэлэжьыж мыхъуну къалъытэурэ щIым щIатIэ кIэрыхубжьэрыхухэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ щIын хуейуэ. А унафэм ипкъ иткIэ, 2018 гъэм щыщIэдзауэ гъущIхэкIхэр, термометрхэр, дзэхум къыхэщIыкIа кумбыгъэхэр, фольгар, хьэфэр, полимерхэр, абджыр дяпэкIэ щIым щIатIэжынукъым, атIэ зэрелэжьыжын, сэбэп хъун нэгъуэщI хьэпшып къызэрыхащIыкIыжын Iэмал къалъыхъуэнущ. 2019 гъэм щIатIэжынукъым тхылъымпIэм, абджым, полиэтиленым къыхэщIыкIа кумбыгъэхэр, шэрхъыр, 2021 гъэм — компьютерхэр, аккумуляторхэр, электроIэмэпсымэхэр. «Къыхэгъэщыпхъэщи, зы илъэсым къриубыдэу цIыхум хыфIидзэ кIэрыхубжьэрыху тонн мелуан 71-м щыщу зэлэжьыжыр проценти 7,5-рэщ, адрейр щIым щIатIэ», — жиIащ УФ-м щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Донской Сергей.
- Антарктидэ и ищхъэрэ дыдэ гъунапкъэмкIэ щыIэ Ларсен мылылъэм мыл абрагъуэ къыгуэкIащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, мылылъэм къыгуэкIауэ, хым есу хэлъ мыл абрагъуэм нэхъ ин щIэныгъэлIхэм зэи ялъэгъуакъым, километр зэбгъузэнатIэ 5800-рэ (Уэльс хуэдиз!) мэхъу, тонн триллион и хьэлъагъщ. А къэхъугъэ телъыджэм 2011 гъэ лъандэрэ кIэлъыплъ щIэныгъэлIхэм я нэхъыщхьэ Лакмэн Эдриан зэрыжиIэмкIэ, мыл абрагъуэр мы- лылъэм къызэрыгуэкIынур ящIэрт, ауэ абы кърикIуэнкIэ хъунум зыри хащIыкIыркъым. «Мылыр цIыкIу-цIыкIуу лъэлъэнкIэ хъунущ, и пIэм имыкIыу илъэс бжыгъэкIэ псым хэлъын- кIи мэхъу. Ларсен мылылъэм и зы Iыхьэшхуэ (США-м и Лонг-Айленд хытIыгум хуэдиз хъу) 2002 гъэм къыгуэкIауэ щытащ. Антарктидэм хуэм-хуэмурэ и мылыр лъалъэмэ, абы фIы лъэпкъ кърикIуэнукъым, ди жагъуэ зэрыхъунщи», — жиIащ Лакмэн.
- ИмыкIуту, пIыгъыну тыншу, зэпкърымыхуу, дыкъэзыхъуреихь дунейм зыкIи зэ IуплъэгъуэкIэ зэран хуэмыхъуу дызыщыгугъ тхылъымпIэ стэканхэр мы лъэхъэнэм щIыуэпсым и бий нэхъыщхьэхэм хабжэ. Ахэр тхылъымпIэм къыхэщIыкIауэ жаIэ щхьэкIэ, и кIуэцIыр целлофанкIэ къищIыкIащи, кIэрыхубжьэрыхухэр щызэхадзкIэ, дызытепсэлъыхь стэканхэр гъэсыныпхъэхэм халъхьэнрэ етIуа-нэу зэлэжь хъунухэм хабжэнрэ къахуэщIэркъым. КъищынэмыщIауэ, апхуэдэ стэканхэр зэрызэпкърылъ тхылъымпIэмрэ целлофанымрэ зэхэбгъэщхьэхукIыжын папщIэ, щащIым щыгъуэ текIуэда мылъкум нэхърэ нэхъыбэ ихьынущ. Езыр кIэрыхубжьэрыхухэм къызэрыхащIыкIыжыр къэплъытэмэ, ещанэ гъуэгу уелэ-жьыжыну мыхьэнэ иIэххэкъым. Аращи, щIыр зыкудэ, дызэрыбауэ хьэ- уар зыуцIэпI, псым щхъухь хэзыу- тIыпщхьэ хьэпшыпхэм тонн мин бжыгъэкIэ къахэхъуащ.
- «Газпром»-р хагъэхьащ ЩIым къытепсэ хуабэр хьэршым игъэзэжынымкIэ зэран хъу (парниковый эффект) IуэхущIапIэхэм. Илъэс 28-рэ ипэкIэ къахутауэ щытащ гъэсыныпхъэм щелэжь IуэхущIапIэхэм къапкърыкI гъуэзыр атмосферэмкIэ шынагъуэу. А зэманым къриубыдэу углекислэ газу тонн мелард 833-рэ атмосферэм хаутIыпщхьащ зи гугъу тщIы IуэхущIапIэхэм, ар зэрызэраныр ящIэ пэтми. Абыхэм ящыщу хьэуар нэхъыбэу зыуцIэпIу къалъытар Китайм щыIэ, фIамыщI къыщIэзых (гъуэз тонн меларди 129-рэ), щIыдагъэмрэ газымрэ елэжь Saudi Aramco саудей IуэхущIапIэхэмрэ (гъуэз тонн мелард 40,561-рэ), урысей «Газпромым»-рэщ (гъуэз тонн ме-лард 35,221-рэ). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, «ЛУКОЙЛ»-ри, «Роснефть»-ри, «Сургутнефтегаз»-ри яхэтщ абыхэм.
- США-мрэ Канадэмрэ я щIыма-хуэр кIуэ пэтми нэхъ щIыIэ мэхъу. Ар къызыхэкIыр къащIэну ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Арктикэм кIуэ пэтми нэхъ хуабэ зэрыщыхъуращ зи зэраныр икIи мы Iуэхур къызэтеувыIэжынукъым. Арктикэм щыIэ температурэр иужьрей илъэс 36-м къриубыдэу градуси 6-7-кIэ дэкIуеящ, мылыр мэткIу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къухьэпIэм и закъуэкъым ар зыжьэхэуэр, атIэ, дуней псом ефыкIынущ.
- www.econews.ru.
-
- Къуалэбзухэм дызэреджэр
-
-
- Бородач — Бланэукъ
- Буревестник — Борэнпежьэ
- Славка-завирушка — Вэдбгъэгуху
- Садовая славка — Вэдгъуабжэ
- Ворон — Вынд
- Индейка — Гуэгуш
- Индейки дикие — Гуэгуш Iэлхэр
- Кряква — Губгъуэбабыщ
- Серый гусь — Губгъуэкъаз
- Сизый голубь — Губгъуэтхьэрыкъуэ
- Южноевропейскийорёл-беркут — Гъакъ
- Могильник — Гъаф
- Дубонос — Дубэкъ
- Дрофа — Дудакъ
- Попугай — Дыдыкъуш
- Павлин — Дыщэджэд
- Авдотка — Джэдкусэ
- Брама — Джэдлъэкъыцэ
- Бройлер — Джэдтумэ
- Стервятник — Дзэлыкъуэбгъэ
- Дятел — ЖыгыуIу
- Пеликан — Жьэдзыуэ
- Мухоловка — Жьыкъан
- Пегий лунь — Жьецкъуэлэн
- Кукушка — КIыгуугу
- Завирушка — КIыкъыр
- Домовой сыч — КIукIумэяу (жьынду лъэпкъыгъуэ)
- Фазан — Мэзджэд
- Перепел — Ныбгъуэ
- Огарь — Къазплъыфэ
- Гусь — Къаз
- Сорока — Къанжэ
- Сокол — Къаргъей
- Ястреб — Къашыргъэ
- Пищуха — Къащ
- Поползень — КъэбцIацIэ
-
- Брат Хьэсин
- и «Адыгэхэм я къуалэбзу щIэныгъэр» тхылъым къитхащ.