ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм дыхуэхьэзыр?

2017-07-05

  • Сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэща зэрыхъуным, ар гъэщIэгъуэну, купщIафIэу ирегъэхьэкIыным гулъытэшхуэ щыхуащI школхэм епха махуэрылажьэ лагерхэми гъэмахуэм зи лэжьыгъэр зэпызымы-
  • гъэу гъэсапIэхэми. А Iуэхугъуэм ехьэлIауэ дапщэщи куэд щызэфIах Налшык дэт прогимназие №41-м. А псоми я жэрдэмщIакIуэщ IуэхущIапIэм и унафэщI, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ щыпкъэ Лавреновэ Валентинэ. Абы къыхилъхьэри, гъэсапIэм щекIуэкIащ «ЕкIуу зэлъыIуха пщIантIэ цIыкIу» еплъыныгъэ-зэпеуэ купщIафIэ. А зэхьэзэхуэм къри-кIуахэм иджыблагъэ хэплъэжащ.
  •  
  • Iуэхум гуфIэгъуэ дауэдапщэ хузэхашат. ЕкIуу гъэщIэрэщIа пэшышхуэм къыщызэрагъэпэща зэхуэсым зыкърырагъэхьэлIат сабий IуэхущIапIэм и унафэщI Лавреновэ Валентинэ, абы и къуэдзэхэмрэ и нэIэм щIэту лажьэ гъэсакIуэхэмрэ, садым екIуалIэ цIыкIухэр, адэ-анэхэм прогимназием щаIэ комитетым и унафэщI  Даур Iэминэ зи пашэ адэ-анэ гуп. Лавреновэм фIыщIэ ин яхуищIащ сабий джэгупIэхэр зыхуей хуэгъэзэным зи гуащIэшхуэ, зэфIэкI ин, мылъку езыхьэлIа адэ-анэхэм, лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIынымкIэ жэуаплыныгъэ зыхьа гъэсакIуэхэм.
  • Гъэмахуэ лъэхъэнэм ирихьэлIэу ирагъэкIуэкIа «ЕкIуу зэлъыIуха пщIантIэ цIыкIу» зэпеуэм къыхэжаныкIа апхуэдэ адэ-анэхэмрэ сабий гупхэм я гъэсакIуэхэмрэ я цIэхэр къраIуэн и пэ, садым и гъэсэнхэм ягъэзэщIащ Хэкум, мамырыгъэм, дахагъэм, сабиигъуэ насыпыфIэм теухуа уэрэд цIыкIухэр. Абыхэм Iэгуауэ ин хуаIэта нэужь, утыкум чэзууэ кърагъэблэгъащ зи джэгупIэ ут цIыкIухэр гъэмахуэ лъэхъэнэм нэхъыфIу къыхузэзыгъэпэщахэр. Абыхэм иратащ сабий гъэсапIэмрэ адэ-анэхэм я комитетымрэ къабгъэдэкI щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр, «ЕкIуу зэлъыIуха пщIантIэ цIыкIу» жиIэу зытет дамыгъэ хэхахэр. Еп-     лъыныгъэзэпеуэм къыхузэрагъэпэща къэпщытакIуэ гупым ищIа унафэм ипкъ иткIэ, абы и щIыхь тхылърэ езанэ нагъыщэ зиIэ медалрэ хуагъэфэщащ «Мэхъыч» («Гвоздика») гупым я гъэсакIуэхэу Кондратенкэ Еленэрэ Мэрзей Заринэрэ, «ТхьэгъуцIацIэ» («Колокольчик») гупым я гъэсакIуэ Сокъур Иннэ сымэ. А ехъулIэныгъэм и щIыбагъ къыдэлъщ гупхэм екIуалIэ сабийхэм я адэ-анэхэми гъэсакIуэхэми зэфIаха лэжьыгъэшхуэ. Абыхэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ.
  • ЕтIуанэ увыпIэр къахьащ гъэсакIуэхэу Докелинэ Татьянэрэ Жэмыхъуэ Лаурэрэ зи пашэ «Епэр» («Фиалка») гупым. Ещанэ хъуащ «Дадийщхьэху» («Ромашка») гупым я гъэсакIуэхэу Чып Маринэрэ МэзжьакIэ Анастасиерэ. Абыхэм къакIэлъокIуэ «Къэрабэ» («Одуванчик») гупым я гъэсакIуэхэу Малиевэ Клавдиерэ ХьэцIыкIу Олесярэ.
  • «Ажэгъуэмэ» («Подснежник») гупым я гъэсакIуэхэу Скарлыкинэ Натальерэ Мэрем Залинэрэ, «Бжэнтхьэху» («Василёк») гупым я гъэсакIуэхэу Балъкъэр Галинэ, Хьэвжокъуэ Таисэ сыми хуагъэфэщащ щIыхь тхылъхэм-рэ дамыгъэмрэ, зэпеуэм жыджэру зэрыхэтар къалъытэри.
  •  ГуфIэгъуэ зэхуэсым и кIэухыу Лавреновэм иджыри зэ адэ-анэхэм фIыщIэ ин яхуищIащ зэфIагъэкIа лэжьыгъэ щхьэпэхэм папщIэ. «Псори щIэтщIэжыр къытщIэхъуэ щIэблэм сабиигъуэ насыпыфIэ къызыхуэтыншэ яIэнырщ, гъэмахуэ лъэхъэнэр хьэлэмэту, купщIафIэу ирахьэкIынырщ», — къыхигъэщащ унафэщIым.
  • Адэ-анэхэу Бжьэдыгъу Наталье, Зеленинэ Анфисэ, Ромашовэ Эльвирэ, Къайсын Рузаннэ, Атмурзаевэ Муминат сыми тепсэлъыхьащ зэпеуэм зэрыхэтамрэ абы пылъ сэбэпынагъымрэ. Абыхэм сабий IуэхущIапIэм и унафэщIымрэ гъэсакIуэхэмрэ фIыщIэ хуащIащ, я сабийхэр гъэсэнымкIэ, щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэнымкIэ лэжьыгъэ щхьэпэ зэрызэфIахым папщIэ.
  • ЗэIущIэр я уэрэдхэмрэ усэ цIыкIухэмкIэ ягъэдэхащ прогимназием и гъэсэнхэм.
  •  
  • ЖЫЛАСЭ   Маритэ.