«ХьэтIохъущыкъуейм» ирегъэблагъэ
2017-06-28
- Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, мы гъэмахуэм районым щыIэ «ХьэтIохъущыкъуей» лагерым зыщагъэпсэхунущ сабий куэд зиIэ, щытыкIэ гугъум ит, унагъуэ хуэмыщIахэм яйуэ сабий 800-м.
- ЗыгъэпсэхупIэм иджыпсту зыщагъэпсэху зи ныбжьыр илъэси 6 — 16-хэм ит сабии 150-м. Абыхэм папщIэ зэхагъэувауэ щыIэ программэм ипкъ иткIэ сабийхэр лагерым зэрыщыIэну зэманыр гъэнщIауэ щытщ зэхыхьэ, пшыхь хьэлэмэтхэмкIэ. Апхуэдэу абыхэм я деж щрагъэкIуэкIынущ викторинэхэр, зэпеуэ зэхуэмыдэхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр, шоу-программэхэр, нэгъуэщI куэди. Нэхъыщхьэращи, цIыкIухэм гурыхь нэхъ ящыхъу ерыскъыгъуэхэмкIэ махуэм плIэ ягъашхэ.
- Ислъам Нащхъуэ.