ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэрыщахуэ картэ мини 117-м щIигъу

2017-06-22

  • 2017 гъэм и япэ мазитхум къриу­быдэу Урысейм и Мэкъумэш банкым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм зэрыщахуэ карточкэ 5000-м щIигъу къыдигъэ­кIащ. Псори зэхэту цIыхухэм яIэ­щIэлъ карточкэхэр мини 117-м            щIегъу.
  •  
  • Абыхэм ящыщу нэхъыбэр, процент 74-р, цIыхухэм улахуэ къы­зэ­рырат карточкэхэрщ. Улахуэ ты- н­ымкIэ филиалым и Iуэхутхьэбзэ­-хэр иджыпсту къагъэсэбэп IуэхущIапIи 168-м, абыхэм ящыщу нэхъыбэр бюджет IэнатIэщ.
  • Урысейм и Мэкъумэш банкым и картэхэр къэзыгъэсэбэпхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуар къыдэкIуащ ахэр зыгъэлажьэ банкоматхэр республикэм и щIыналъэ куэдым зэрыщагъэувам. Иджыпсту къудамэм пы­щIауэ щыIэщ банкомат 30-рэ электрон терминал 37-рэ. Абыхэм ящыщу 21-р республикэм и сату-сервис IуэхущIапIэхэм щIэтщ.
  • «Урысейм и Мэкъумэш банкым и улахуэ проектым хэтхэм Iэмал яIэщ льготэ зиIэ щIыхуэхэр къащтэну. Апхуэдэхэм кърат кредитхэм техьэну процентхэр нэхъ мащIэщ, банкым дэмылажьэхэм яйм нэхърэ», — къыхигъэщащ Урысейм и Мэ­къу­мэш банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Юсупов Аслъэн.
  • Урысей Федерацэм и мэкъумэш-промышленнэ IэнатIэм епха IуэхущIапIэхэм кредит-финанс Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ лъабжьэ быдэщ  «Урысейм и Мэкъумэш банк» АО-р. Ар къызэрагъэпэщащ 2000 гъэм икIи нобэ ялъытэ АПК-м и кредитор нэхъыщхьэу. «Урысейм и Мэкъумэш банкыр» ди къэралым щылажьэхэм ящыщу нэхъ лъэщхэм, зи Iуэхухэр зэпIэзэрытхэм, мылъку хъарзыни зыбгъэдэлъ нэхъ банкышхуэхэм хабжэ. Абы и акцэхэм я проценти 100-ри къэрал мылъкущ.
  •  
  • КЪЭХЪУН  Бэч.