ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Зы щхьэгъубжэ закъуэ» хабзэм тету

2017-05-23

  • Урысейм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм зэхилъхьащ къалэн куэд зэфIэзы-гъэкI центрхэм (МФЦ) я лэжьыгъэр, цIыхухэм къэрал, муниципальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэ-ным теухуар, 2017 гъэм и япэ мазищым щIыналъэхэм зэрырагъэкIуэкIам и рейтингыр. Абы теухуа хъыбарыр къыбгъэдэкIащ УФ-м и Къэрал Советымрэ Урысей Федерацэм и Президентым и деж социально-экономикэ зыужьыныгъэм къащехъулIахэр къэпщытэнымкIэ щыIэ комиссэмрэ 2017 гъэм накъыгъэм и 4-м зэгъусэу Кремлым щрагъэкIуэкIа зэIущIэм.
  •  
  • УФ-м и щIыналъэхэм я зэфIэкIхэр зэрагъэпщащ лIэужьыгъуи 8-кIэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм процент 88-м щIигъу къихьащ. Ар Урысейм щынэхъыфIхэм ящыщщ. Абы и закъуэкъым. «Зы щхьэгъубжэ закъуэ» хабзэм тету Iуэхутхьэбзэ щIэнымкIэ «КъБР-м и МФЦ» къэрал-бюджет IуэхущIапIэм УФ-м япэ увыпIэр щиубыдащ. Ар щыхьэт тохъуэ ди щIыналъэм мы IэнатIэм фIы дыдэу зэрызыщиужьам       икIи и зэфIэкIым нэхъри щыхигъэхъуэнымкIэ IэмалыфIхэр зэрыщыIэм.
  • ЛОБЖАНИДЗЕ  Нанэ.