2017-02-16
- Доллар мин 44-рэ и уасэ сурэтхэр
- США-м и NASA компанием хьэршым щытриха сурэт гъэщIэгъуэнхэр Нью-Йорк аукционым доллар мин 44-кIэ щащащ.
- 1965 — 1984 гъэхэм траха сурэт щэщIыр апхуэдизу щIагъэлъапIэр зэ закъуэ фIэкIа ахэр зэрамыгъэлъэгъуарщ, жаIащ аукционыр къызэзыгъэпэщахэм. Абыхэм яхэлъщ астронавтхэр хьэршым щыхыхьахэри ЩIым, Мазэм я теплъэхэри лъэныкъуэ куэдкIэ къызэрыщ сурэт телъыджэхэр. Нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэхэм ящыщу къалъытэ кхъухьлъатэм кIапсэкIэ пымыщIауэ япэ дыдэу абы икIа икIи хуиту хьэршым къыщызылъэтыхьа Маккэндлесс Брюс трахар.
- Гъэмахуэм зыхуагъэхьэзыр
- Дунейм и курортхэм ящыщу цIыху нэхъыбэ дыдэм зыщагъэпсэхухэм хабжэ Тыркум и Антальер.
- А щIыпIэр куэдым къыхахыныр зи фIыгъэр а IэнатIэм щылажьэхэм я егугъуныгъэрщ: абыхэм сыт щыгъуи къалъыхъуэ къахуэкIуэхэм я тыншыпIэ, я хьэщIэхэм я нэгу зиужьарэ къахуэарэзы- уэ зэрырагъэжьэжынми яужь итщ. Апхуэдэ гулъытэ зыгъуэта цIыхум къыкIэлъыкIуэ илъэсми а щIыпIэм тригъэзэжынущ — апхуэдэущ туристхэр дэзыхьэххэр а Iуэхум зэрегупсысыр.
- ДызыхуэкIуэ гъэмахуэ лъэхъэнэми егугъуу зыхуагъэхьэзыр Анталье и зыгъэпсэхупIэхэм. ЦIыху мелуаний нэхърэ мынэхъ мащIэ яхуэкIуэну къалъытэ абыхэм мы гъэм. А бжыгъэхэри лъабжьэн-шэкъым — Урысеймрэ Германиемрэ щыщ куэдым гъэмахуэм абы зэрыкIуэну путёвкэхэр щIымахуэм къащэхуакIэщ.