Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А., Дагъыстэн Республикэм и Iэтащхьэ Абдулатипов Р. Г. сымэ Налшык щызэхуозэ
2017-02-11
- Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щызэхуэзащ КIуэкIуэ Юрийрэ Дагъыстэн Республикэм и Махуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыщызэIуахам къыхэкIыу Налшык къэкIуауэ щыIэ Абдулатипов Рэмэзанрэ.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэныкъуитIым яку дэлъ лэжьыгъэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным, инвестицэ проектхэр зэщIыгъуу гъэзэщIэным, шынагъуэншагъэ къызэгъэпэщыным, псоми я сэбэп зыхэлъ нэгъуэщI Iуэхухэм.
- Дагъыстэным и Махуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыщызэIуахым, къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Юрий, наIуэу къегъэлъагъуэ щIыналъитIым я зэпыщIэныгъэхэр зэрылъэщыр, адэкIи зэдэлэжьэнымкIэ хэкIыпIэщIэхэр куэду зэрыщыIэр.
- Абдулатипов Рэмэзан жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дагъыстэнымрэ лIэщIыгъуэ куэд лъандэрэ ныбжьэгъугъэ яку зэрыдэлъыр, ахэр тхыдэм и къуэпс куухэм зэрызэпащIэр икIи лъэныкъуитIым я зэхущытыкIэхэр ефIакIуэ зэпыту зэрекIуэкIыр.
- Республикэм щыщыIэну зэманым хьэщIэхэм Дагъыстэн Республикэм и ЦIыхубэ Зэхуэсымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзынущ, «Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэм Урысейм и политикэ, щэнхабзэ утыкум щаубыд увыпIэр: нобэрей щытыкIэр, адэкIэ зэдэлэжьэныгъэр зэрекIуэкIынур» зэхуэсышхуэм хэтынущ. Абы кърихьэлIэнущ республикитIым я еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ, КъБР-мрэ Дагъыстэн Республикэмрэ я щIалэгъуалэ зэщIэхъееныгъэхэм я пашэхэр.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.