Iуэхугъуэ куэд къызэщIеубыдэ
2017-02-04
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий КъБР-м и Парламентым Зэрызыхуигъазэм теу-хуа зэIущIэ дыгъуасэ екIуэкIащ. Абы хэтащ щIыналъэ унафэщIхэр, депутатхэр, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъэхэм я лIыкIуэхэр, КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм, Жылагъуэ палатэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, дин IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр.
- КъБР-м и Iэтащхьэр тепсэлъыхьащ 2016 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэфIагъэкIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэми дызэрыт илъэсым республикэ унафэщIхэм гулъытэ зыхуащIыпхъэми. КIуэкIуэ Юрий къыхигъэщащ блэкIа илъэсыр республикэмкIи къэралымкIи тыншу зэрыщымытар. Ауэ, абы емылъытауэ, щIыналъэ унафэщIхэм яхузэфIэкIащ цIыхухэм я псэукIэр ирамыгъэкIэкIуэну, республикэм и экономикэри зэтраIыгъэну. Псалъэм папщIэ, 2016 гъэм кърикIуам тепщIыхьмэ, валовэ щIыналъэ продуктыр сом мелард 13-кIэ хэхъуащ икIи зэрыхуагъэфащэмкIэ, сом меларди 143-м нэблагъэ хъунущ. Мэкъумэш IэнатIэм къитыр сом мелард 43,8-м нэсащ (2015 гъэм епплъытмэ, проценти 105-рэ мэхъу). БлэкIа илъэсым ухуэныгъэ и лъэныкъуэ-кIэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм сом мелард 12,5-рэ къызэщIеубыдэ, проценти 6-кIэ нэхъыбэ хъуащ.
- КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ 2016 гъэм IуэхущIапIэ ину 34-рэ зэраухуар. Абыхэм ящыщщ Зэрэгъыж ГЭС-р, Налшык къа- лэ къыщызэIуаха Перинатальнэ цент-рыр, Жэмтхьэлэ Ипщэ дащIыхьа курыт еджапIэр, Тэрчрэ Нарткъалэрэ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэу щащIахэр. Республикэм иIа ехъулIэныгъэхэм ящыщщ къат куэду зэтет унэ 22-рэ, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 68,6-рэ хъууэ, зэраухуари. Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэ 58-рэ къызэIуахащ, иджырей мардэм тет Iэмэпсымэхэр щIэту. Спорт, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэу 25-рэ ящIащ.
- КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ, УФ-м и Президентым и накъыгъэ унафэхэм ящыщу, цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр щагъуэт Къалэн куэд зыгъэзащIэ центрхэр ухуэныр процент 90-кIэ республикэм зэрыщагъэзэщIар.
- Экономикэ щытыкIэр гугъуми, налог хэхъуэхэм я фIыгъэкIэ республикэм и бюджетыр илъэсищым нэблэгъауэ зэпIэзэрытщ. Апхуэдэу 2016 гъэм щIыналъэм езым и хэхъуэр проценти 111,2-м нэсащ. Урысейм ФинансхэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкI къэпщытэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр иджы япэу яхэхуащ мылъкур тэмэму зезыгъэкIуэф щIыналъэхэм. Абы щхьэкIэ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу республикэм сом мелардым щIигъу къыIэрыхьащ. КIуэкIуэм къызэрыхигъэщамкIэ, мы гъэм федеральнэ бюджетым дотацэ ахъшэу сом меларди 9,5-рэ республикэм къритащ, ар 2015 гъэм еплъытмэ, сом мелардрэ ныкъуэкIэ нэхъыбэщ.
- КъБР-м и Iэтащхьэр щхьэхуэу къытеувыIащ 2016 гъэр жылагъуэ, политикэ, щэнхабзэ IуэхугъуэшхуэхэмкIэ гъэнщIауэ зэрыщытами.
- — Нэгъабэ Iэтауэ дгъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэс 95-рэ зэрырикъуар, жыджэру дыхэтащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм хагъэхьэнухэм я хэхыныгъэм, мыхьэнэшхуэ иIащ «Полк уахътыншэ» урысейпсо акцэм ди цIыху мин 60-м щIигъу зэрыхэтам. УФ-м и Президент Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыхигъэщауэ щытащ политикэм и купщIэ нэхъыщхьэу щытын хуейр — ар цIыхухэм дахуэсакъынымрэ я псэукIэр едгъэфIэкIуэнымрэ епхауэ зэрыщытыпхъэр. Республикэ унафэщIхэм къэкIуэну зэманми ди къалэн нэхъыщхьэу къонэж унагъуэхэм защIэдгъэкъуэныр, къалъхум я бжыгъэр хэгъэхъуэныр. 2016 гъэм сабий зиIэ унагъуэхэм бюджетым яхухихащ сом мелардым щIигъу. Апхуэдэ Iэмалыр сэбэп хуэхъуащ къалъхум я бжыгъэр хэхъуэным, — пищащ Iэтащхьэм. Апхуэдэуи абы къыхигъэщащ сабий къалъхуагъащIэу лIэжым я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар. 2017 гъэм пащэнущ къуажэхэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IэнатIэхэр къыщызэIухыным. ЗэраубзыхуамкIэ, фельдшер-акушер пунктхэр дащIыхьынущ Курп Ищхъэрэ, Былым, Шордакъ къуажэхэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэм КъБР-м и Парламентым Зэрызыхуигъазэм гулъытэ хэха щыхуищIащ егъэджэныгъэ Iуэхуми. А IэнатIэм зегъэужьыным ехьэлIауэ илъэс и пэ Налшык къыщызэIуахауэ щытащ Сабий творчествэмкIэ «ДыгъафIэ къалэ» академиер. Республикэ унафэщIхэм я мурадщ еджапIэм и къудамэхэр Май, Тэрч къалэхэм къыщызэрагъэпэщыну. Шэч хэмылъу, ахэр зэманым декIуу ягъэхьэзырыну еджапIэщ.
- Щэнхабзэм и гугъу щищIым, КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ 2016 гъэм Iуэхугъуэ купщIафIэ куэд республикэм зэрыщрагъэкIуэкIар, псом хуэмыдэу цIыху цIэрыIуэхэу Темыркъан Юрий, Евтушенкэ Евгений, Шемякин Михаил сымэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыригъэблэгъам мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- — Дызэрыт илъэсым тхыдэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ ин Къэбэрдей-Балъкъэрым дгъэлъэпIэну къытпэщытщ — ар Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 460-рэ зэрырикъурщ. А Iуэхур тэмэму зэфIэтхыным дегугъун хуейщ, — къыхигъэщащ КIуэкIуэ Юрий.
- 2017 гъэм зэлэжьыну Iуэхугъуэхэм къыщытеувыIэм, абы жиIащ Тырныауз вольфрам-молибден комбинатыр лажьэу егъэжьэжыныр, «Этана» промышленнэ IуэхущIапIэр ухуэныр къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу зэрыщытынур.
- — Ди экономикэм и зыужьыныгъэр зэлъытауэ щыт нэгъуэщI зыщ республикэм и мэкъумэш IэнатIэр, — щIигъуащ КIуэкIуэ Юрий и псалъэм. — Иужьрей илъэсхэм лэжьыгъэшхуэ едгъэкIуэкIащ инвестицэ Iуэхур ди щIыналъэм щегъэфIэкIуэным теухуауэ. Мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыным нэгъабэ текIуэдащ кредит льготэ ахъшэу сом меларди 5,2-м щIигъу икIи къэрал дэIэпыкъуныгъэу сом меларди 6-м нэблагъэ едгъэгъуэтащ. 2016 гъэм гъавэр къыдэхъулIащ — тонн зы мелуанрэ мини 150-рэ Iутхыжащ. Апхуэдэуи республикэм зэи къыщымыхъуауэ, нартыху тонн мин 920-рэ ди губгъуэхэм къыщытрахыжащ.
- Транспортымрэ республикэм и гъуэгухэмрэ я щытыкIэми КъБР-м и Iэтащхьэр тепсэлъыхьащ. Мы гъэм унафэщIхэм зыхуагъэувыж къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ Налшык къалэ и дэлъэдапIэхэм щащI автовокзалитIыр яухуэныр зэфIагъэкIыныр, Налшык аэропортыр зэрагъэпэщыжыныр, Тырныауз къалэм автостанц дащIыхьыныр.
- КIуэкIуэ Юрий республикэм и псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм гугъуехь куэд зэрыпыщIар къигъэлъагъуэри, Правительствэр абы и лъэныкъуэкIэ зэлэжьынухэр иубзыхуащ.
- — 2017 гъэр ЩIыуэпсым и илъэсу Урысейм игъэуващ. Шэч хэмылъу, абы и лъэныкъуэкIи дызэлэжьын диIэщ. Псом япэу ди къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я къабзагъэм дыкIэлъыплъыпхъэщ. КъБР-м и Правительствэм илъэсым и япэ мазищыр имыух щIыкIэ щIыналъэ программэ зэхилъхьэн хуейщ кIэрыхубжьэрыхухэр зэрыIуахым теухуауэ. ЩIыпIэхэр зэIузэпэщ щIынымрэ щхъуантIагъэкIэ гъэдэхэнымрэ ехьэлIа Iуэхухэм цIыхухэри къыхэшэным мыхьэнэ иIэу къызолъытэ, — жиIащ КIуэкIуэм.
- Iэтащхьэр тепсэлъыхьащ хьэрычэт Iуэху мащIэхэмрэ курытымрэ республикэм зэрызыщаужьым, цIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ зэлэжьыпхъэхэм, Iулъхьэм зэрыпэщIэтым, шынагъуэншагъэм, нэгъуэщIхэми.
- — Ди зэманыр гугъущ. ИтIани, КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, политикэ партхэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр къыхуезджэну сыхуейт я къарум-рэ зэфIэкIымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм я зэIузэпэщым хуаунэтIыну, — къыхигъэщащ КIуэкIуэ Юрий.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.