ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Чэрим Марианнэ: Зым хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэркъым

2017-02-02

  • (КIэухыр. ПэщIэдзэр №№15 — 16-хэм  итщ).
  •  Удз гъэгъам жьы зэремызэгъым хуэдэу, зыIуплъэм и гуапэ ищIын хьэлыр зи лъым хэту къагъэщIа бзылъхугъэмрэ сабиймрэ зызыдрагъэкIун хуэмейм зытраухуэн хуей хъуху, ягухэр зэхэзехуэн мэхъу. Дин щэнхабзэм нэхъ щызекIуэр цIыхубзым и пщIэр хъума хъун папщIэ, езым и дахагъэр нэIурыт имыщIыныр зыукъуэдий гупсысэкIэрщ. Ауэ психологие и лъэныкъуэкIэ, езым и зыужьыныгъэм сыт нэхъ хуэщхьэпэр жыпIэмэ, гум дыхьэн IэкIуэлъакIуагъыр къыщимыгъэсэбэпыпхъэ утыку зэрыхъукIэ имыхуэнырщ.
  • Зэгуэр «Бзылъхугъэм дежкIэ сыт нэхъыфIыр?» жаIэри щэхьабэхэм псалъэмакъ ирашэжьат. Зэдауэ къыщыхъейм, Хьэзрэт-Алий а упщIэр езым и щхьэгъусэ, лIыкIуэ лъапIэм ипхъу гъэфIэн ФатIимэ Зухра хуихьащ. «Хамэ цIыхухъум къимылъагъуныр, езыми хамэ имылъагъуныр», — къыжриIэжащ абы ФатIимэ. Жэуапыр игъэщIагъуэу, Хьэзрэт-Алий ар хъыджэбзым и адэм деж щихьыжым, зэрыарэзыр зыкъригъащIэу: «ФатIимэ сэ сщыщкъэ-тIэ» (е апхуэдэ гуэр), дауэ щыуэн жыхуиIэу, къыжриIауэ къаIуэтэж. Апхуэдэ хъыбархэм гунэсу далъэмыIэсыжыфми, адыгэхэм «ФатIимэ» бзылъхугъэцIэм нэхърэ нэхъ фIащрей зэрыщымыIэм къегъэлъагъуэ абы и пщIэр ди лъэпкъым дежкIэ лъагэ зэпыту къызэрекIуэкIар. Нобэр къыздэсым дызыдэплъейуэ, дунейр къутэжыхукIэ дызрикIуэ гъуэгур захуэрэ къуаншэрэ къызэрытпщытэнур апхуэдэ гупсысэкIэ зиIа бзылъхугъэ нэсым и щIэблэ гъэлъэпIаракъэ?!
  • «Дэ дыхьэрыпкъым» жызыIэхэм папщIи зы щапхъэ догъэтIыгъуэ. Щамил Iимамыр Къалугэ къалэм гъэру щыщаIыгъым щыгъуэ, уи унагъуэм щыщ бзылъхугъэхэр едгъэблэгъэну хуит дыкъэщI жаIэри къелъэIуахэти, «Ди тхылъхэм ярытщ ди цIыхубзхэр хамэхэм яхэдмыгъэхьэныр нэхъыфIу» жиIэри жэуап яритыжауэ щытащ.
  • ФIэщхъуныгъэм пщIэ щимыIэ щэнхабзэхэм къэгъэщIыныгъэрэ зэфIэкIкIэ зэмыщхь сабийри, бзылъхугъэри, хъулъхугъэри «хуитыныгъэкIэ» щызэхуагъэдэну хуожьэ. ГъэщIэгъуэнкъэ, диным мыхьэнэшхуэ щрамыт, ауэ хъыджэбзыр адэм, щхьэгъусэм, дэлъхум, къуэм фIэлIыкIын хуейуэ зыгъэув щэнхабзэм хапIы-кIа бзылъхугъэхэм нэхъ псынщIэу заужь. Нэхъ губзыгъэр тепщэ мыхъункIэ Iэмал зэримыIэм хуэдэ дыдэу, зи фIэщхъуныгъэр иримыкъу е ар зыбгъэдэмылъ цIыхухъур гъащIэр зи къежьапIэ, пкъыхэкI дунейр нэхъыфIу къызыгурыIуэ цIыхубзым и унафэ щIэмыхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. «Адэр ягъэгуфIэжыну» бгъуэнщIагъым щэхуу къуэхэр щызыпI сэтэнейхэм къагъэлъагъуэркъэ ар?!
  • Диным и хьэтыр зылъагъу гупсысэкIэм цIыхухъум и пщIэр щынэхъ инщ: Тхьэм къигъэщIар Iэдэмщ, Хьэуа къыщIагъэщIыжари къызыхащIыкIари аращ. Ауэ лъагагъ зэрагъэлъэпIам и купщIэр зыхэзымыщIэм кърата къарури фIокIуэд. Зы лъэныкъуэкIэ, Хьэуа и хьэтырыр апхуэдизкIэ инщи, жэнэтым ухигъэкIыжыфын хуэдизу узэмыбэкъуэфынщ. Ауэ а гулъытэр «Алыхьым щхьэкIэу» щымыту Iиблис и чэнджэщкIэ (уэ къыхэпха уи гугъэу) къэхъун шынагъуэр зэрыпщхьэщымыкIращ бзылъхугъэм «бэлыхь» щIыфIащар. Iэдэм зы напIэзыпIэщ унафэм зэрытеплъэкъукIар. «Сэ зэростам щхьэкIэ убгъэдэтыху узахуэт, — къыжриIэ хуэдэщ абы и Тхьэм. — Ауэ Сэ уэстам езыр-езыру къызэрыпхуэщхьэпэн къару зэрыбгъэдэмылъыр пщыгъупщэри убэлэрыгъащ». Псэлъафэ гуэри щIэныгъэлIхэм я деж щызокIуэ: «ЩуIэгъэр зэмыдаIуэр Алыхьталэм емыдаIуэращ». Щамил махуэми жеIэ: «ЛIыр лIымэ, цIыхубзри цIыхубзынщ».
  • Сыт нартхэр Сосрыкъуэ щIыпэмылъэщыр? Абы, япэрауэ, Iэпкълъэпкъ къарум фIэкIа зымыцIыху нартхэм елъытауэ, анэ губзыгъэм и чэнджэщымрэ гурыгъуазэмрэ и Iэпэгъущ. ЕтIуанэрауэ, Сосрыкъуэ, Сократ ещхьу, и цIэ къримыIуапэми, цIыхухъур бзылъхугъэм зэрелъэгэкIыр, ар къару нэхъ быдэкIэ КъэзыгъэщIам зэрыпыщIар къэзыгъэлъагъуэ щэнхабзэм и мэ къыпщIрегъэхьэ, езыри апхуэдэ дуней тетыкIэр зыукъуэдий япэ лъэбакъуэу нартхэм къахохьэ.
  • Сосрыкъуэ и адэу хъыбархэм къыхэщ Уэзырмэс тхьэнэпцI Пэкъуэ и щхьэр зэрыпиупщIам укъыщеджэкIэ, щхьэхуимыту Ибрэхьим лъапIэм теухуа КъурIэн хъыбарыр уигу къокIыж. Ауэ Сэтэней иджыри Уащхъуэр зыгъэпэрыт лъэпкъым -щыщ цIыхухъухэр зыгъэгулэз бзылъхугъэ Iущщ: «Уащхъуэр зи тхьэмыгъэпцI, ЗгъэпцIмэ сызэгуэзытхъын», — жеIэри, поув бзылъхугъэ хахуэр и къуэм.
  • Сосрыкъуэ щыпсалъэкIэ, Уащхъуэ мэшынэ. IуэрыIуатэм ар мыпхуэдэ щIыкIэу къегъэлъагъуэ: «Бийм сигъэгулэзу зы жэщ згъэщIынум срелIэ!» Сосрыкъуэ и псалъэр нартхэм я телъхьэ. Уащхъуэ щызэхихым, ар Сосрыкъуэ щышынэжри, жэщыр махуэ ищIыжащ».
  • «Нарт Сосрыкъуэ и лъэIур Тхьэм къыхуищIэрти, иныжьыр къигъэхъужащ», — къыхощ хъыбархэм язым. УкIыпIэм ирашэу и куитIыр жаншэрхъым щыпихым, нартыр зауэ губгъуэм ирихыу къригъэлыным хуэпIащIэ иш Тхъуэжьей ар хуидэркъым: «Сэ игъащIэм сыщIэпхъуауэ, си щIыб бийми хуэзгъэзауэ езы Тхьэми илъэгъуакъым, уэ си Тхъуэжьеижь, си напэр тумых, си лIэгъуэр къэсами, си зы лIэгъуэр лIэгъуитI умыщI, нэгъазэ!» — жеIэри, уей, мэлъаIуэ Сосрыкъуэр».
  • Лъэпщ, Тхьэгъэлэдж, Амыщ сымэ щхьэж и IэщIагъэм щыIэзэщ, ауэ а IэщIагъэр псэукIэ Iэмалкъым, IэпщIэлъапщIагъ къудейщ. МелыIычхэм ещхьу, абыхэм яхэлъыр зы къарущ, Сосрыкъуэ ещхьу дунейр захуагъэм тету зезыгъакIуэ лъэкIыныгъэ лъагэр мыугуэшауэ цIыхум зэрыпкърытыр зыхащIэным я зэ- хэщIыкIыр нэсыркъым. Лъэпщ Жыг Гуащэ къызэреIущэкIри абы и щап-  хъэщ.
  • «ЗыгуэркIэ фIыныр» нэхъ лъахъшэ дыдэу цIыхур зылъэIэсыфырщ. Лъэпщ гъукIэт икIи дохутырт. Амыщ псэущхьэхэр хуэжыIэщIэщ. Тхьэгъэлэдж мэкъумэш бэв къыдохъу. Ауэ нарт къызэрымыкIуэу щыт Сосрыкъуэ а къару псори зэуэ къыхуогъэщхьэпэ. А псори зэрызэригъэуIуфращ Сосрыкъуэ Сосрыкъуэ зыщIыжыр. Iэпкълъэпкъ къарум и закъуэ щыгугъыу къекIуэкIа нарт гупым я гупсысэм «Сосрыкъуэ и бзаджагъ» зыфIаща акъылыр псори къигъэуIэбжьу къыхохутэ. Иныжьыр инщ, ауэ акъылыншэщ. «Пщы зи щыпэлъагъу тхьэ фIощI» жыхуаIэм ещхьу, гъущIытхьэти, мэзытхьэти зыфIаща, нобэ зетхьэ динымкIэ «цIыхухэм къыхагъэхьа мелыIыч» жыхуаIэхэр IэщIагъэлIхэщ, цIыхур щIым щыпсэуфу ирагъэсэныр я къалэну. Ауэ псори зы къарум, зы гупсысэм, зы пэжым езыхулIэр анэ гъэсэныгъэ зыгъуэта, КъэзыгъэщIар зи Iэпэгъу Сосрыкъуэщ. Абы и псэлъэкIэм Тхьэм и хьэтырыр къыхощ, цIыхухэм къахэшыпсыхьыжа Лъэпщ хуэдэ мелыIыч ныкъуэхэми пщIэ яхуищI щхьэкIэ, захуигъэщхъыркъым.
  • Сосрыкъуэ «зыгуэркIэ фIы» къудейкъым — цIыху нэгъэсащ. Сыт ар къыдэзыгъащIэр? Сытри къызэрехъулIэм. Аракъэ нэгъэсаигъэм и лъэкIыныгъэр зэрыщытын хуейр? «ЗыгуэркIэ фIыныр» IэщIагъэмэ, «сыткIи фIыныр» укъэзыгъэщIам упызыщIэ гурыщIэщ. А гурыщIэращ нэгъэса узыщIри, утезыгъакIуэри, узытезыгъэкIуэжри.
  • Сэтэнейрэ Сосрыкъуэрэ деж цIыхубэм щызекIуэ гупсысэкIэм зэрызыщихъуэжам и щыхьэтщ ищхьэкIэ дызытепсэлъыхь бзылъхугъэ лIэужьыгъуэр зыдэплъагъу щапхъэ Сосрыкъуэ и пшыналъэм япэу къызэрыхэхуэр. Ар «Сосрыкъуэ зэраукIар» хъыбарым къыхэщ «щIасэращ». Зи цIэ къыхэмыщ Сосрыкъуэ и «щIасэр» апхуэдизкIэ Сосрыкъуэ «теухуэпащи», нартым и щхьэм теухуауэ зыхимыщIэр абы зыхещIэ, къыпэщылъыр къыжреIэ, уеблэмэ езы хъыджэбзыр гущIыIэ къызэрыхуэхъуар къызыхэщ нэщэнэхэри щибзыщIыркъым.
  • Абы и насыпыфIэ лIэужьыгъуэу щыт Мэлэчыпхъу и щхьэгъусэ кIуэдам и хъыбарыр шур зытемысу къэкIуэжа шым кърегъэIуэтэф. Я зэхуакум дэтхэм гу лъамытэххэу, «нартымрэ гуащэмрэ» тыгъэри, гъэфIэгъыбзэри, къэхъуа-къэщIахэри къызыхэщ псалъэхэр зэIэпахри, адэкIэ зытетын хуейм теухуауэ зочэнджэщ.
  • Нартым и гъуситIыр къиутIыпщыжащ:
  • — Гуащэм мафIэхъу схуеф-
  • хыж! МазэкIэ сыкъэтын зэрыхуейри схужефIэж. Нобэ фынэсу пщэдей фыкъэсыжу фыкIуэж, — жиIэри. Зэщымыщу босцеяпхъитI Мэлэчыпхъу саугъэту къыхуригъэхьри и гъуситIыр къигъэкIуэжащ. БосцеяпхъитIыр Мэлэчыпхъу къыхуахьри къэкIуэжахэщ. Нэсыжри нартым я пщэ кърилъхьар Мэлэчыпхъум жраIэжащ. ЕтIуанэ махуэм ежьэжын хуейти, лIым жраIэжыну мыр яжриIащ:
  • «Вагъуэм из,
  • Мазэм итI,
  • Тхьэрыкъуэ пщэхуитIым     я псэ,
  • КъуанщIэ фIыцIэжьитIым ягу хыумыгъэщIын», — жыфIи си лIым
  • схужефIэж, — жиIэри.
  • — ЩIалитIым абы къикIыр къагурымыIуэу, ягъэщIагъуэу зыщамыгъэгъупщэжын щхьэкIэ жаIэурэ кIуэжахэщ. Нэсыжхэри нартым елъэIуахэщ:
  • — Тхьэм щхьэкIэ, дэ зыгуэркIэ дынолъэIунущи къыджыIэ,- жаIащ.
  • — ФыкъызэлъэIу, сщIэмэ фызогъэгугъэ вжесIэну, — жиIащ нартым.
  • — ДынолъэIумэ мыращ:
  • «Вагъуэм из,
  • Мазэм итI,
  • Тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ,
  • КъуанщIэ фIыцIитIым ягу хыумыгъэщIын» — жиIэу гуащэм уэ къыпхуиIуэхуа псалъэм къикIыр къыджыIэ жаIэри.
  • — БосцеяпхъитI фэзгъэхьам зым зы IэфракIэ, адрейм IэфракIитI къыпыфчат? — жиIэри еупщIащ нартыр и гъуситIым.
  • — Къыпытчащ,- жаIащ абыхэм.
  • — АтIэ зым зы IэфракIэ, адрейм IэфракIитI пачащи «тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ» жыхуиIар гуащэмрэ сэрэщ. «КъуанщIэ фIыцIитIым» жыхуиIэр фэ тIуращи, «Дэ тIум ди псэ, уи гъусэ нартыжьитIым я гугъу умыщIын!» — жиIэу аращ гуащэм и псалъэм къикIыр,- жиIащ нартым.
  • НартыжьитIым ар ягъэщIэгъуащ, абы иужькIи апхуэдэ зэи ящIэжакъым.
  • Тыгъэм я нэхъыфI мы псалъэ телъыджэхэр зэпуплъыхькIи уегупсыскIи защыбгъэнщIыркъым: зыщыбгъэгъупщэну уигу пыкIыркъыми — псалъэ якIэрыхур-
  • къым; пэжым и щыхьэтщи  — уагъэбэлэрыгъыркъым; нэмыс хэлъщи — уагъэукIытэркъым; гухэлъым и хьэтыркIэ нэпсеягъэр егъэгъу, къуаншэми къыщхьэщож. «Тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэр» метафорэкъым, тхьэрыIуэщ. Мыпхуэдэу мыпсэлъэфхэм щхьэ жьэ зэщIахрэ жыуагъэIэу, шэрыуэщ, кIэщIщ, купщIафIэщ, узытеплъэкъукI мыхъунуращи, «тхьэрыкъуитIыр» зы псэу зылъагъу бзылъхугъэр и лIым зэрыкъуэтым, зыкъуэтми къызэригъэпэжым а тIур псэкIи бзэкIи зэрызэрыщIэр щыхьэт хуохъу. Ар зыгъэунэху нарт лIыкIуэхэр нэхъыфI зэрыхъур цIыху нэгъэсам и уасэр къыбгурызыгъаIуэ щапхъэщ — абы ифI псоми йокI.
  • Мы дызытепсэлъыхьыр щIэныгъэ бзыщIа гуэру щытамэ, ищхьэкIэ къыхэдгъэхуа «псэм и IэфI» псалъэ зэпхар адыгэбзэм хэтынтэкъым. А псалъэ зэпхар армырауэ пIэрэ нэгъэсаигъэм и кIуапIэр къытхузэIузыхынур? «Псэ къабзэ» щыжытIэм дежи дыпэжыжьэ хъункъым а мыхьэнэм. Ауэ псэ къабзэр фошыгъупсмэ, псэм и Iэфыр фощ.
  • ЗифI мыузэщIа цIыху нэмыгъэсам езым нэхъыфIу хэлъым гъуэгу иримытыфми, ар нэгъуэщIым занщIэу къыхелъагъукIыф. А хъугъуэфIыгъуэм и лъыхъуакIуэущ цIыхур дунейм къызэрытехьэр, аращи, малъхъэдисым гъущIыр зэрызыщIишэм хуэдэу, абы хуэчэмым и мэ къыщIимыхьэнкIи абы IэщIэкIынкIи Iэмал щыIэххэкъым, зыхуейр къыгурыIуэжмэ. Щхьэхуещэр мэщхьэрыуэ, псэжьыр мэбгъэрыкIуэ, псэ къабзэм зыхуейр къигъуэтащи, йокIуэтри гъуэгу захуэм тоувэ — аращ дызэрызэщхьэщыкIыр.
  • КъыжытIахэр зэхуэтхьэсыжмэ, цIыхухэм яхуэщхьэпэ Iуэхум лей зумыхьэу икIи зумыхыжу убгъэдэтыху, псэм и IэфIыр зи Iэпэгъу уи щэныфIагъри йофIакIуэ. Диным и плъапIэр гъащIэм и кIыхьагъкIэ дызылъыхъуэ мис а псэм и Iэфыр псынэм ещхьу ди гум къыщыдигъэгъуэтыжынырщ. Зэи мыкIуэд асууэ цIыхум пкърыт а къарур, дауи, IэщIагъэми щIэныгъэми къызэщIаубыдэркъым, ауэ ахэр зытцIыхужынымкIэ  Iэмал  мэхъу.  ДызыхуэкIуэ  жэуапращи,  къару пэжым  лъэIэсар, ар  зыбгъэдэмылъым щышынэжыркъыми, зихъумэж ифIэщIу зыми  ебгъэрыкIуэркъым. А гупсысэм ипкъ иткIэ, къызыхуигъэщIам теIэба цIыху нэгъэсахэращ зи  зэран къыдэмыкIыну  гъащIэм  къыддыхэтри  дызыдэплъеину  зыхуэфащэхэри.