ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Адыгэ шыкIэпшынэм и атлас»

2017-02-02

  • Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ ГъукIэ Замудин «Адыгэ шыкIэпшынэм и атлас» и тхылъыщIэм и лъэтеувэ пшыхь щIышылэм и 26-м Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым къыщызэрагъэпэщащ.
  •  
  • ГъукIэ Замудин

    — Сэ сыкъыфхуэзышар илъэс 25-м щIигъуауэ сызэлэжь тхылъырщ, — жиIащ ГъукIэ Замудин пшыхьыр къыщызэIуихым. — Илъэс куэд щIауэ арджэным и щIыкIэмрэ шыкIэпшынэм и щэхухэр къэхутэнымрэ яужь ситщ. Тхылъым изгъэува сурэтхэм я нэхъыбэр Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм я Лъэпкъ музейхэм я гъэтIылъыгъэхэм къыхэсхыжащ. ФIыщIэ ин яхуэфащэщ ахэр зэхуахьэсыжу лъэпкъым къыхуэзыгъэна музей лэжьакIуэхэм. Мы тхылъым итщ Лондонрэ Парижрэ къыщагъуэтыжа шыкIэпшынэхэр: зыр бжьэдыгъу шыкIэпшынэщ, адрейр XIX лIэщIыгъуэм и кIэуххэм Бахъсэн щащIауэ щытащ. Тхылъым къыщыгъэлъэгъуа шыкIэпшынэхэр XIX лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым ящIахэращ.

  • Тхылъым и Iыхьэшхуэр ГъукIэ Замудин зэфIихами, шэч хэмылъу, абы ар дэIэпыкъуэгъуншэу къехъулIакъым. Тхылъым и редактор нэхъыщхьэр Адыгэ къэрал университетым и лэжьакIуэ, гъуазджэр джынымкIэ доктор, профессор Соколовэ Аллэрэ гуманитар щIэныгъэхэмкIэ доктор Унэрокъуэ Раерэщ. Рецензентхэр Адыгэ Республикэм гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ пэрыт Пащты Мадинэрэ Анзорокъуэ Марзиятрэщ.
  • Атласыр бзищкIэ (адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ) тхащ. Адыгэбзэри диалектитIу (кIахэ, къэбэрдей) гуэшауэ къыщыхьащ абы. Тхыгъэхэр инджылызыбзэкIэ зэзыдзэкIар АКъУ-м и лэжьакIуэхэу Серчэ Любэрэ Пащты Ланэрэщ. Абы и жинтым, ихуа сурэтхэм елэжьар сурэтыщI Iэзэ Щоджэн Жаннэщ. Едыдж Мэмэтрэ Джатауэ Ибрэхьимрэ тхылъым и макетыр егугъуу ящIащ.
  • ШыкIэпшынэм ехьэлIа псалъэгъэнахуэрэ шыкIэпшынэ макъамэхэр щызэхуэхьэса диск цIыкIурэ гуэдзэну иIэщ тхылъым. ШыкIэпшынауэу 86-рэ еуэу макъами 140-рэ тетщ а дискым. Абы нэхъ жьы дыдэу тетхар Щоджэн Iэсхьэд игъэзащIэ Сосрыкъуэ и уэрэдырщ. Ар «Рижская студия записи» IуэхущIапIэм 1918 гъэм щатхауэ щытащ.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ зи лъэтеувэ ящIа тхылъыр зы закъуэу фIэкIа къызэрыдамыгъэкIар. МылъкукIэ пэлъэщмэ, ар куэд хъууэ дунейм къытрагъэхьэну я мурадщ.
  • Пшыхьым еблэгъахэр ГъукIэ Замудин щигъэгъуэзащ адыгэхэм зэрагъэпэща шыкIэпшынэ лIэужьыгъуэхэм, абыхэм яIэ зэщхьэщыкIыныгъэхэм.
  • — Адыгэхэм шыкIэпшынэ лIэужьыгъуищ диIэщ. Пасэрей бзэпс шыкIэпшынэ, зэхъуэкIыныгъэ зыхэлъ шыкIэпшынэ, ещанэр пасэрей шыкIэпшынэ щIыкIэм куэдкIэ емыщхьыжщ. ИджыпстукIэ адыгэхэм нэхъыбэу къэдгъэсэбэпыр бзэпсиплI шыкIэпшынэращ. Псом нэхърэ нэхъыбэрэ пасэрей шыкIэпшынэр кIахэ лъэныкъуэмкIэщ щызэрахьар. Япэ адыгэ оркестрыр шыкIэпшынауэ Iэзэ Щауэжь Елмырзэ зэхишауэ щытащ. Абы и щIалитIри а Iэмэпсымэм Iэзэу еуэрт. Пасэрей шыкIэпшынэм гъащIэщIэ етыжыным егугъуахэм ящыщщ Зыгъэзэж Тимур. Ар гугъэзагъэу зыгъэбзэрабзэ Еуаз Зубери и цIэр къисIуэну сыхуейт. НобэкIэ дэтхэнэ шыкIэпшынэра нэхъыфIыр? Щыри! Дэтхэнэми ди гъащIэм хуэфэщэн увыпIэ щиIыгъыжщ. УщымыгуфIыкIын плъэкIыркъым а Iэмэпсымэм и щIэупщIэр кIуэ пэтми зэрыхэхъуэм, уеблэмэ абы еуэ гупхэр къызэрагъэпэщурэ адыгэхэр щыпсэу къэралхэм зыкъызэрыщагъэлъагъуэм. ШыкIэпшынэм и ныбэращ зэхъуэкIыныгъэ зыхалъхьар. Абы и фIыгъэкIэ ар нэхъ ину Iу хъуащ, — жиIащ ГъукIэм.
  • Мейкъуапэ сабий гъуазджэхэмкIэ дэт школым екIуалIэ шыкIэпшынауэ ныбжьыщIэхэм ящыщу Замудин и гъэсэн нэхъыфIхэр, Еуаз Зубер сымэ ди нэхъыжьхэм къащIэна Iэужь дахэр къызэрагъэсэбэпыфыр наIуэ щащIащ пшыхьым. А Iэмэпсымэ лъынтхуэрыкIуэм узэщIэзыу-  быдэ къару лъэщ гуэр зэрыхэлъыр шэч къызытумыхьэжынщ.
  • Щомахуэ Залинэ.