Мысырыр мазаем… къызэIуахыж
2017-02-02
- Урысей авиацэм и къэпщытэныгъэхэм кърикIуахэр наIуэ къэхъурэ, абыхэм ныкъусаныгъэ хамылъагъуэмэ, ди къэралым икI кхъухьлъатэхэр Мысырым и къалищым лъэтэну хуит ящIынущ.
- Урысей зыплъыхьакIуэхэм папщIэ Мысырыр къызэIуахыжыну я мурадщ мазэм къриубыдэу. Мазаем и 8 — 9-хэм Урысей авиацэм къэпщытэныгъэхэр щригъэкIуэкIынущ мысыр аэропортхэм. Кхъухьлъатэхэм а къэралым лъатэу щIрагъэдзэжыным теухуа унафэ абы и ужькIэ къащтэнущ. Апхуэдэ хъыбаркIэ «Известия» газетым дэгуэшащ урысей къулыкъущIэхэм ящыщ зы.
- Абы зэрыжиIэмкIэ, УФ-м и Правительствэм къыщыхалъхьащ урысей цIыхухэм зыщагъэпсэхун папщIэ Мысырым и къалэ зыбжанэм кIуэ рейсхэр къызэIуахыжыну. УФ-м ТранспортымкIэ и министерствэм зэрыщыжаIэм тепщIыхьмэ, Каир хьэзырщ урысей зыплъыхьакIуэхэр иригъэблэгъэну. Шарм-эль-Шейхрэ Хургадэрэ шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщам теухуа къэпщытэныгъэхэр тхьэмахуэ къакIуэ екIуэкIынущ. Мис абы и ужькIэщ къалищым кIуэ кхъухьлъатэ гъуэгур къыщызэIуахыжынур.
- «Урысеймрэ Мысырымрэ я авиазэпыщIэныгъэр мазаем къызэIуахыжын хуейщ. ЗэрагъэIуамкIэ, ар зытехуэнур мазаем и 23-рщ. Ауэ ар къыщыхъунур шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным теухуа мардэхэр мысыр лъэныкъуэм къанэ щымыIэу игъэзащIэмэщ, — къэрал щIыб политикэм щыгъуазэ къулыкъущIэм апхуэдэу къыжриIащ «Известия»-м. — ДызэрыпэплъэмкIэ, Каир, Хургадэ, Шарм-эль-Шейх къалэхэм кхъухьлъатэхэр яутIыпщынущ. ИджыпстукIэ щхьэусыгъуэ щыIэкъым къэралитIым я авиазэпыщIэныгъэр къызэIухыжыным теухуауэ. Къэпщытэныгъэхэм я ужькIэ УФ-м ТранспортымкIэ и министерствэм официальнэ тхыгъэкIэ депутатхэм захуигъэзэнущ. ИщхьэкIэ къыщыдгъэлъэгъуа къалэхэр хьэзырщ урысей зыплъыхьакIуэхэр ирагъэблэгъэну, уеблэмэ абы папщIэ терминал щхьэхуэхэр хахащ».
- Турист компаниехэм я лIыкIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, апхуэдиз зэман дэкIами, псори хуэхьэзырщ урысей зыплъыхьакIуэхэр мысыр псы Iуфэхэм гъэкIуэным.
- «Сыт хуэдэ унэтIыгъэм и дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэщ нэхъ псынщIэу авиазэпыщIэныгъэр къызэIуахыжыныр. Шэч хэмылъу, Iуэхутхьэбзэр къэзыгъэсэбэпым и дежкIи, бизнесым и дежкIи ар фIыщ. Иджыпсту а унэтIыныгъэр нэхъ щIэупщIэ зиIэхэм ящыщщ. Турбизнесыр куэд щIауэ абы хуэхьэзырщ. Нэхъыщхьэр шынагъуэншагъэм ехьэлIа мардэхэр мысыр лъэныкъуэм игъэзэщIэнырщ», — къыхигъэщащ Урысей туриндустрием и вице-президент Барзыкин Юрий.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысеймрэ Мысырымрэ я авиазэпыщIэныгъэр къызэпыуда хъуауэ щытащ 2015 гъэм и щэкIуэгъуэм. Апхуэдэ унафэ урысей лъэныкъуэм къищтащ Синай хытIыгу- ныкъуэм «Коголымавиа» компанием и А321 кхъухьлъатэр къыщыщехуэхам. Кхъухьлъатэр Шарм-эль-Шейх къикIыу Санкт-Петербург лъатэу арат. Абы иса цIыху 224-ри хэкIуэдащ. ИужькIэ ФСБ-м къэхъукъащIэр теракту къилъытащ. Иджыри къыздэсым Iуэхур зэхагъэкI.
- ДевятьяроВ Евгений.
- «Известия»