Джэду Iэниуар сабийхэр хуегъасэ гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным
2017-01-28
- Рио-де-Жанейрэ щекIуэкIа Олимп Джэгухэм дыжьын медаль къыщызыхьа Джэду Iэниуар къалэ гъуэгухэм шынагъуэншэу щызекIуэным теухуа хабзэр сабийхэм къагуригъэIуащ икIи уэздыгъэм пэлыдыж кимонохэр тыгъэ яхуищIащ.
- «Гъуэгур зэпыупщIыным пыщIа и гугъуехьхэр» урысейпсо социальнэ кампаниер щрагъэкIуэкIым, бэнэкIэ хуитымкIэ зэпэщIэтыныгъэ гуащIэм дыжьын медалыр къыщызыхьа спортсмен цIэрыIуэр Къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэхэмрэ къалэ школхэм я еджакIуэхэмрэ я гъусэу Налшык къалэ и уэрамхэм къыдыхьащ.
- Джэду Iэниуар школакIуэхэм яхуиIуэтащ ныбжьыщIэхэм гъуэгум насыпыншагъэ къащыщымыщIын папщIэ зэрыщытыпхъэр, я гъащIэм, я узыншагъэм хуэсакъын зэрыхуейр. Спортсмен цIэрыIуэм гулъытэ хэха хуищIащ жэщым лъэсу къэзыкIухь-хэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща хъуным икIи Iуэху щхьэпэм хэтхэм уэздыгъэм пэлыдыж кимонохэр тыгъэ яхуищIащ.
- ЯдригъэкIуэкIа дерсыр щIигъэбыдэжын папщIэ Джэдум сабийхэм яригъэлъэгъуащ автомобилыр зезыгъакIуэм гу зэрызылъебгъэтэну щIыкIэр, «КъэзыкIухь автобус» лъэс зекIуэм хэтащ икIи гъуэгум къы-щыхъу къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм яхутепсэлъыхьащ.
- ЗекIуэм и кIэухыу гъуэгу инспекторхэм щIагъэбыдэжащ сабийхэм дерсым щызэхахахэр, кампанием и къыхуеджэныгъэ нэхъыщхьэхэр яIыгъыу сурэт зытрагъэхащ.
- ЖЫЛАСЭ Замир.