Зыуэ щыт адыгэ тхыбзэр зэгъэпэщыным, анэдэлъхубзэр хъумэным ехьэлIауэ
2017-01-19
- Дуней псом икъухьауэ щыпсэу адыгэхэм я гуныкъуэгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ я адэжь лъахэ зэримысыжымрэ къащIэхъуэ щIэблэм я анэдэлъхубзэр зэрафIэкIуэдымрэ. А IуэхугъуитIращ зэпхар лъэпкъыр адыгэ и цIэу дунейм къытенэныр е «мыпхуэдэ лъэпкъи щыIащ» къыхужаIэу тхыдэтххэм и гугъу ящIыжу фIэкIа и лъэпкъыщхьэ щымыIэжу хэкIуэдэжыныр.
- Сыти ирехъуи, адыгэхэм тщыщ IыхьэфI къэгъазэ имыIэу зэрытфIэкIуэдари зэрытфIэкIуэдри ди нэкIэ щытлъагъу лъэхъэнэ дыхопсэукIри, абы дызэрыпэщIэувэнум, а Iуэхугъуэ мыщхьэпэр къызэрыдгъэувыIэнум и Iэмалхэм дарилъыхъуакIуэщи, хэкIыпIэ пыухыкIахэр къахуэдмыгъуэтуи хъунукъым. ГурыIуэгъуэщ зы цIыху закъуэм и гуащIэкIэ мыр зэрыпху- зэфIэмыхынур, зы гупым и гукъыдэжкIи зэгъэзэхуа зэрымыхъунур. Лъэпкъыр хуеипхъэщ лъэпкъыу къызэтенэным. Хъерыр быным Iэрылъхьэ хуищIыну хущIэкъу адэ-анэр зэгупсысыр хэкукъым, анэдэлъхубзэкъым, атIэ дэнэ щIыпIэ щыпсэуми и Iуэхур абдеж зэрыщызэфIыхьэнрэ а Iуэхур зэрыдэкIын бзэрэ быным къыхузэгъэпэщынырщ. Адэ-анэр бгъэкъуаншэ хъущэну къыщIэкIынкъым абыкIэ, ауэ къыптохьэлъэ я адэжьхэм лъы нэпсым ирагъэфа хэкур апхуэдэу гупыкIыгъуафIэ зэращIымрэ апхуэдиз ныбжь зиIэ анэдэлъхубзэр быным къызэрыжьэдатхъымрэ. Апхуэдэу щыт пэтми, догугъэ, долъэпIастхъэ. Дэ тщыщ куэдым хэкумрэ бзэмрэ тынш дыдэу IэщIыб щащIыфкIэ, зэтеубла мыхъуауэ зыгуэрхэр щыIэу къыщIэкIынущи, ахэращ лъэныкъуэ едгъэзыну дызыхущIэкъур.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэр зэрылажьэ хабзэм къигъэув Iуэхугъуэхэм языхэзщ анэдэлъхубзэр хъумэныр, зыуэ щыт адыгэ тхыбзэ зэгъэпэщыныр. Анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ къудамэм хэтхэр дызэакъылэгъуу ахэр фи пащхьэ къитлъхьэнут. Хуабжьу дыщогугъ абыхэм жэуап пыухыкIа гуэр ягъуэтыну.
- Псом япэ сызытепсэлъыхьынур зыуэ щыт адыгэ тхыбзэр зэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэрщ. Мыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм пщэрылъ зыщищIыжагъэххэу щытщ, гупсысэ пыухыкIарэ унафэ хэхарэ иIапхъэщ. Мы псалъэмакъыр куэдыIуэрэ къызэрекIуэкIам къыхэкIыу ар зыфIэмыщIэщыгъуэжхэр щыIэу къыщIэкIынщ. Апхуэдэу щытми, япэрауэ, зэхэдвгъэгъэкI зыуэ щыт адыгэ литературэбзэрэ зыуэ щыт адыгэ тхыбзэрэ жыхуэ-тIэ фIэщыгъэхэр. ТIури щIэныгъэм къыхэкIа псалъэщ, тIури техуэрабгъуу зрахьэлIэ щыIэщ.
- Адыгэр дыкъапщтэмэ, дызэрэзэджэжым теухуауи, дызэрыпсалъэ бзэм ехьэлIауи, дыкъыщыхъуауэ жыхуэтIэ хэкужьым и цIэкIи дызэакъылэгъущ, дызэтохуэ: дыадыгэщ, жыдоIэ, ди анэдэлъхубзэр адыгэбзэщ жыдоIэ, ди адэжь лъахэр Адыгэ Хэкущ жыдоIэ. Закъуэ здэщыIэм тIакъуи щыIэщ, жи адыгэ псалъэжьым. Дызытепсэлъыхьыр бзэращи, адыгэбзэкIэ дызэджэм и кIуэцIкIэ щхьэхуэныгъэ нахуэ гуэрхэм тет псэлъэкIэхэр иIэщ, абы укъыфIэкIмэ, тхыбзэ хабзитIи игъуэтауэ къокIуэкI: зыр къухьэпIэм щыпсэу адыгэхэм къагъэсэбэп (кIахэ адыгэбзэ жыхуэтIэр), мыдрейм къуэкIыпIэм щыIэ адыгэхэр иропсалъэ (къэбэрдей адыгэбзэкIэ дызэджэр). Мыпхуэдэ щытыкIэ итыр ди закъуэкъым, къыщежьэри ди дежкъым. Дунейм тетщ лъэпкъ зыбжанэ, зы лъэпкъыу залъытэжу, арщхьэкIэ тхыбзэ хабзитI яIэ хъуарэ абы ирилажьэу, абыкIэ иризэгурыIуэу. Щхьэж зыхуэшэрыуэ бзэмкIэ дэтхэнэ зыри иропсалъэ, зэгурымыIуэуи, зым жиIэр адрейм зэхимыщIыкIыуи пхужыIэнкъым. Ауэ зэщхьэщыкIыныгъэ яIэ хъуащи, мис ахэр къызэрызэранэкIыным толажьэ. Щапхъэ щхьэкIи жыжьэ сыкIуэнкъым: ермэлыхэм, шведхэм (исвечхэм), тэтэрхэм, нэгъуэщIхэми я бзэм нобэкIэ иIэ щытыкIэр апхуэдэщ.
- Адыгэхэри аращ. Адыгэбзэм иIэ зэщхьэщыкIыныгъэхэр къыщежьар дыгъуасэкъым. Зыбжанэ щIащ абы лъандэрэ. Ауэ а зэтекIыныгъэхэр апхуэдизу куукъым, зэгъунэгъу ухъуным ухущIэмыкъуну, къэпсэлъыкIэ и IуэхукIи, тхыбзэ и лъэныкъуэкIи зэпэблагъэ хъуным утемылэжьэну. Абы фIыуэ щыгъуазэти аращ ди бзэм елэжьа щIэныгъэлI нэхъыжьхэм я къэху-тэныгъэхэм, адыгэбзэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм щытепсэлъыхькIэ, зэщхьу хэтхэр зэщхьу щыт IэмалхэмкIэ ягъэлъэгъуэну иужь щIы-щитар.
- ТхыбзитI щыувкIэ, тхыгъэ хабзэ гуэрхэри зэфIоувэ, литературэбзэ жыхуэтIэми зиужьу щIедзэ. Адыгэ тхыбзэхэм зэмыщхьу хэлъыр къы-зэнэкIыным теухуауэ щIэныгъэ зэхуэс мащIэкъым екIуэкIар. Ауэ пыухыкIауэ унафэ къыщащтэфар 1999 гъэм Налшык къалэ щекIуэ-кIа щIэныгъэ зэIущIэращ. Абдеж иджыри зэ къыщаIэтыжат зыуэ щыт адыгэ литературэбзэмрэ зыуэ щыт адыгэ тхыбзэмрэ я Iуэхур.
- Абы щыгъуэм зэрыжаIащи, нобэкIэ къэлъагъуэри аращи, зыуэ щыт адыгэ литературэбзэм утепсэлъыхьыныр пасэщ. Нобэ адыгэр дызэрылажьэ литературэбзитIым ящыщу дэтхэнэра зыуэ щыт литературэбзэм лъабжьэ хуэтщIынур? Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, сэ жэуап сиIэт. Ауэ лъэныкъуитIми языхэзыр зытетым фIырыфIкIэ къыпхутешыну щыткъым. Лэжьыгъэшхуэ зэщIэкIыпхъэ жылэ Iуэхууи щытщ.
- Ауэ Iуэхум фIыуэ хэлъу зыгуэр щыIэщ. КъэбэрдеймкIэщ япэ тхыбзэ хабзэхэр щызэфIэувар. КуэдкIэ къыкIэрымыхуами, КIахэ лъэныкъуэм иужькIэщ тхыбзэр щызыIэригъэхьар. Къэбэрдей литературэбзэм лъабжьэ хуащIыну диалектыр къыщыхахым гугъуехьышхуэ хэтакъым: къэбэрдей адыгэбзэм и кIуэцIкIэ зэщхьэщыкIыныгъэшхуэхэр хэплъагъуэртэкъым. Шэрджэсым ис беслъэней къуажитIым я псэлъэкIэри къэбэрдей адыгэбзэм зэрытекIышхуэ щыIэкъым, ахэр псынщIэу абы къытеша хъуащ. Къэбэрдейми Шэрджэсми зы тхыбзэ хабзэ псынщIэ дыдэу щызэфIэуващ, ноби абы тетщ. КIахэм Iуэхур нэхъ щылъэхъа хъуащ. Абы иджыри щыIупщIт диалект нэщэнэхэр: бжьэдыгъухэри, кIэмыргуейхэри, хьэтыкъуейхэри, абазэхэхэри, шапсыгъхэри — дэтхэнэми и псэлъэкIэ Iурылът. ТегъэщIапIэ ящIыну диалектым и къыхэхыным псалъэмакъ куэд пылъащ. ИкIэм-икIэжым, бзэм елэжь щIэныгъэлI нэхъыжьхэм ящыщ Iэщхьэмахуэ Даут ар къыхилъхьауэ щытащ: диалектхэм ятепщIыхьмэ, Адыгэ Хэкум щыпсэухэм ящыщу лIакъуитIым я псэлъэкIэм хэдэн хуейщ — е бжьэдыгъу псэлъэкIэм, е кIэмыргуей псэлъэкIэм, жери. Iуэхур абы щынэсым, Даут абы адэкIи и псалъэ хилъхьэфащ: и макъ зэхэлъыкIэкIи, и псалъэуха гъэпсыкIэкIи къэбэрдей адыгэбзэм нэхъ пэблагъэр кIэмыргуеибзэращ, абы къыхэкIыу КIахэм щызэфIэдгъэу-вэ литературэбзэм ар лъабжьэ хуэдвгъэщI, жери. Даут и фIагъышхуэ хэлъщ кIахэ литературэбзэр къэбэрдеибзэм куэду зэрыщхьэщымыкIам. Апхуэдэу щыт пэтми, литературэбзэм ехьэлIа кIэмыргуей-бжьэдыгъу зэныкъуэкъухэм я гугъу щIэх-щIэхыурэ нобэми зэхыдох. КIахэ литературэбзэр кIэмыргуеибзэм зэрытетыр зимыгуапэ гупышхуэхэр щыIэщ. Мы щытыкIэм, къэбэрдей адыгэбзэри къыхэпшэжу, зыуэ щыт литературэбзэм ехьэлIа псалъэмакъыр къызэщIэгъэплъэныр игъуэджэу къызолъытэ. Абы уфIэкIыжмэ, адыгэ литературэбзитIым ящыщу зыр къыхэдмыхынумэ, иджыри зэ къытызогъэзэжри, зым хуэкIуэ-ныр нобэ щIэныгъэ лъабжьэ зымыгъуэт Iуэхугъуэщ. А лъабжьэр щымыIэу арауэ къыщIэкIынкъым, ауэ тегушхуэу къезыгъэжьэнрэ нэзыщIысынрэ мы сыхьэтым тлъагъуркъым. Абы уфIэкIыжмэ, бзэм щIыIэ дыдэу щыхущыт иджырей лъэхъэнэм пщэдейм щыпхуэмыузэхужынкIэ шынагъуэхэр етхьэлIэ хъунукъым. Нэхъыщхьэуи ахэрагъэнущ зыуэ щыт адыгэ литературэбзэм тепсэлъыхьыныр пасэщ щIыжаIэри. Ауэ абы къикIкъым телэжьэни, дызытет тхыбзэхэр егъэфIэкIуэни хуэмейуэ. Хуейщ, ари икIэщIыпIэкIэ…
- Зи гугъу сщIа, Налшык щекIуэкIа щIэныгъэ зэхуэсым игъуэу къилъытащ илъэс пщIы бжыгъэ хъуауэ бзэ щIэныгъэм къыщызэдащтауэ щызекIуэ алыфбей, пэжырытхэ системэм адыгэ литературэбзэхэр зэрылажьэ тхыбзэхэр хуэшэныр. Мыбы IуэхугъуитI къыхокI: зы лъэныкъуэкIэ, адыгэ алыфбей икIи пэжырытхэ системэхэм хэлъ зэтекIыныгъэхэр егъэкIуэдри бзэр зэщхь ещI, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, адыгэбзэ псэлъэкIэ системэри зэщхь щIыным толажьэ.
- Пэжым и хьэтыркIэ жыпIэмэ, Совет къэралыгъуэр щыIэхукIэ Къэбэрдеймрэ Шэрджэсымрэ щыщ адыгэхэмрэ КъухьэпIэмкIэ щыпсэу адыгэхэмрэ зэрызэлъэIэсышхуи зэрызэхыхьэшхуи щыIакъым. ЗэкIэлъыкIуэныр щыщIэхуэбжьар 1990 гъэхэм яужькIэщ. 2000 гъэхэм ди зэпыщIэныгъэхэр апхуэдизкIэ зэтеуващи, нышэдибэ Налшык щыплъэгъуар пщыхьэщхьэм Мейкъуапэ дэту ухуэзэнущ. ИнтернеткIэ напIэзыпIэм зэлъоIэс. Унагъуэ зэдэзыщI щIалэгъуалэм я бжыгъэм фIыуэ хэхъуащ. Адыгэбзэ псэлъэкIитIри зыIурылъхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хохъуэ. А псор гъащIэм езым къыхэкI щапхъэщ. Тхыбзэри щIэныгъэри мыбы пэмыджэжыныр, абы и IуэхукIэ лэжьыгъэ емыгъэкIуэкIыныр игъуэджэ и игъуэджэжщ. Ирипсалъэри ириныкъуакъуэри куэд хъуащи, и Iэмыр зыхэлъ тхыбзэ Iуэхум къэралыр хэмыIэбэныр пщэдей къыхуэмыгъуну апхуэдэщ. УкъыкIэрыхуныр, къыпфIэмыIуэхуныр къезэгъкъым. Дунейпсо Адыгэ Хасэми, жылэ Хасэу зэрыщытыр къэплъытэмэ, мы Iуэхум зы кIэ гуэр иритыныр и хьэкъщ.
- Зыуэ щыт адыгэ тхыбзэм техьэныр сэ сфIэкъабылщ. Нобэ а зы гъуэгуращ адыгэм диIэр зыуэ щыт адыгэ литературэбзэм дыхуишэу. Шэкъэужуи шынагъуэкъым, пхуэмыгъэIурыщIэжынуи гугъукъым. Дауэ ар къызэрыдэхъулIэнур?
- 1999 гъэм Налшык щекIуэкIа щIэныгъэ зэхуэсым къыщащта унафэхэр зытеухуар мыхэращ:
- 1. Макъ дэкIуашэ дазэхэу къэбэрдей адыгэбзэм ЖЬ, Щ, ЩI-уэ щатхыр кIахэ адыгэбзэм къызэрыщыкIуэм хуэдэу тхыныр: ЖЪ, ШЪ, ШI. Щапхъэр: жьы — жъы, бжьэ — бжъэ, жьэн — жъэн, щабэ — шъабэ, щхьэ — шъхьэ, щIын — шIын, гъащIэ — гъашIэ…
- 2. ДифтонгкIэ зэджэ макъ зэхэлъ УЭ-м и тхыкIэр. КIахэ адыгэбзэм ар зэрыщатхыр О-уэщ. Къэбэрдей адыгэбзэм зэритхым хуэдэу тхыныр къыхахащ: еуэн — еон, уэд — од, уэгу — огу…
- 3. И, У, Я, Е хьэрфхэм я тхыкIэр тхыбзитIми къызэрапсэлъым тету щытхыныр: ЙЫ, УЫ, ЙА, ЙЭ…
- 4. Еигъэ къэзыгъэлъагъуэ цIэпапщIэхэр псалъэм пыту тхыныр. Мыбдеж къащтэр кIахэ адыгэб- зэм щызекIуэ хабзэращ: ситхылъ, сиунэ, фипщIантIэ…
- 5. Iупэр хъурей зыщI макъ дэкIуашэхэм я тхыкIэр зы системэм къытешэныр. Мыбдеж къэбэрдей адыгэбзэм игъэлъагъуэ щапхъэр кIахэ адыгэбзэм ищтапхъэт: гуэсын — госын, макIуэ — макIо…
- Мыращ зэрыхъур. Мы къезбжэкIа Iуэхугъуэхэращ иджыпсту нэрылъагъу дыдэу адыгэ тхыбзитIыр зэгъунэгъу хъун щхьэкIэ хэлъхьапхъэр. Дауи, абы иужькIэ зэлэ-жьын, зэгъэзэхуэн хуеи щыIэщ икIи щыIэнущ. Адыгэ тхыбзэм хэлъхьэжыпхъэ зэхъуэкIыныгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентыр арэзы техъуэри, 2002 гъэм щIышылэм и 24-м къищтащ. Зи тхыбзэ хабзэхэм зэхъуэкIыныгъэ нэхъыбэ зыхалъхьэн хуей къэбэрдеибзэм ирипсалъэхэм а унафэм щеувалIэм, Къэбэрдейм щыпхригъэкIым, мащIэ дыдэ фIэкIа хэзымыгъэувэжыну адрейхэм ар къищIамыщтэм уегупсыс хъунут…
- Иджы Iуэхур абы нэсащи, Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтхэм сеупщIынут: алыфбеймрэ пэжырытхэмрэ уеIусэныр Iуэху джэгутэкъым, уеблэмэ дзыхьщIыгъуэджэт, дэ къыщытщтакIэ, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэм ДАХ-м и Конгрессым и цIэкIэ зыхуэдгъазэрэ мы Iуэхум кIэIунэ еттыжатэмэ дауэ хъужынут? Е абы дыхуейкъым, мыр игъуэкъым, жытIэрэ? Апхуэдэуи жыдвгъэIэ… ИлъэсипщIым щIигъу дэкIыжащ ди деж абы и унафэр къызэрихьрэ, ауэ Iуэхур лъэданэ инауэ и пIэ икIкъым. Дяпэ зы илъэситIкIэ адыгэбзэ тхылъхэм я къыдэгъэкIыжынымрэ зэгъэзэхуэжынымрэ Iуэхур хуэкIуэнущ. ЩIалэгъуалэм егупсысыпхъэщ. Налшык щекIуэкIа зэIущIэм и гугъур куэд дыдэрэ Интернетым къыщохъей, Iуэхур щIэмыкIуатэми куэдыр ирипсалъэм къыщымыувыIэу иропыджэ…
- ЖытIам ипкъ иткIэ адыгэбзэр гъунэгъу зэрыпщIын Iэмалхэр щыIэщ.
- «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку», «Адыгэ макъ» лъэпкъ газетхэм, я нэхъ мащIэу тхьэмахуэм зэ, адыгэбзэм, лъэпкъ тхыдэм, щIэнхабзэм ехьэлIа тхыгъэхэмкIэ зэхъуажэу лэжьыгъэ къызэрагъэпэщыпхъэт. Газетищми зэхэту ягъэхьэзыр номерхэр зыхуагъэпсыр Iуэху хэхахэрщ. Ауэ адыгэ псэлъэкIитIымкIи тхауэ газетым къытехуэ тхыгъэхэр ар апхуэдэу щытын хуейуэ фIэкIа нэгъуэщIу щIэджыкIакIуэхэм къащымыхъужу я гупсысэр абы хуэшэныр, зы лъэныкъуэм итхар адрей лъэныкъуэм щыIэм къыгурыIуэу, зэхищIыкIыу, ирипсалъэу унэтIыныр Iуэхугъуэшхуэт. Ар ди бзэхэр зэпэбла-гъэ щIыным хуэгъэпсащ. Ауэ щыхъукIи, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм кърикIуэр зэман кIэщIым нэрылъагъу хъунущ. Мы лэжьыгъэр зэрыбунэтIыну Iэмалхэр газетым щылажьэхэм нэхъыфIу ящIэнщ. ЦIыхур нэхъыбэу зэджэр газетхэращи, япэщIыкIэ газетищым зрагъэгъуэта IэпэIэсэныгъэр (номер зэгуэтхэр къызэрыдагъэкIыр) нэхъ щIэгъэхуэбжьэн, мыхъуми, тхыгъэшхуитI-щыкIэ Iуэхур убламэ, щхьэпэ хъунт; етIуанэрауэ, купщIэмрэ зэманым пэджэж тхыгъэхэмкIэ лэжьыгъэр къызэгъэпэщамэ, адыгэбзэкIэ къыдэкI газетым еджэхэм я бжыгъэм хэдгъэхъуэфынт.
- Адыгейми Къэбэрдей-Балъкъэрми къыщыдэкI «Зэкъошныгъ», «Iуащхьэмахуэ» журналхэми яхуеплъэкIыпхъэт. Абы иджыри къыздэсым езыхэм я Iуэху еплъыкIэ яIэжу, лъэпкъ литературэ гупсысэм и зыужьыныгъэм хъарзынэу телажьэурэ екIуэкIащ, иджыри йокIуэкI. Нобэм къигъэувыр аращи, «къэбэрдей литературэ», «шэрджэс литературэ», «адыгей литературэ» щхьэхуэхэр щыIэжкъым, щыIэр зы адыгэ литературэщ. Пэжщ, дэтхэнэми езым и хъэтI, езым и щхьэхуэныгъэхэр иIэжщ, ауэ тхэным гу хуэзыщIахэм гъунапкъэ щыIэхэр якъутэу зы хъу-ным хуеIэущ зэрыплъагъур, щIэныгъэ къэхутэныгъэу кIуэ пэтми нэхъыбэрэ утыку кърахьэри «зы адыгэ литературэм» теухуа гуп- сысэхэращи, журналхэми я пащ-хьэ илъхьапхъэт газетхэм ятеу- хуауэ жытIахэр. Адыгэ Республикэм илъэсым плIэ, КъБР-м хэ къыщыдэкI журналитIым лъэныкъуитIми я тхыбзэкIэ тха тхыгъэшхуэхэр, усэхэр къытрадзэмэ, адыгэбзэ псэлъэкIэхэр зы щIыным телэжьэнут. Мыбы и лъэныкъуэкIэ къыхэгъэщыпхъэщ Адыгей къэ-рал университетым къыдигъэкI «Псалъ» щIэныгъэ журналыр. Зэхэдз лъэпкъ имыIэу а журналым щIэныгъэ лэжьыгъэхэр лъэныкъуитIми щызекIуэ адыгэбзэмкIэ къытрадзэ. Уеблэмэ, лъэпкъ терминологиер зы щIыным теухуауэ лъэбакъуэшхуэхэр ичащ. Журналхэм я редакцэхэр зэлъэIэсу, тедзэным хуагъэхьэзыр тхыгъэхэмкIэ зэхъуэжэныр иджыри къыздэсым ча мыхъуа лъэбакъуэшхуи хъунут, абы хуэфащэ пщIэ къэкIуэну зэманхэми щигъуэтыжынут.
- ЕтIуанэу сызытепсэлъыхьы- нур адыгэбзэр нобэ зэрыт щытыкIэрщ, къытщIэхъуэ щIэблэм абы хуиIэ щытыкIэм кIуэ пэтми зихъуэжу, зригъащIэми хъууэ, имыщIэми зэранышхуэ къыхуэмыхъуу къызыщыхъухэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпыту зэрыкIуэращ. Мыри, дауи, узыгъэгупсысэн Iуэхущ, мы гуныкъуэгъуэри здэщыIэр хамэщI щыпсэу адыгэхэм я деж и закъуэкъым, мы гузэвэгъуэм егъэпIейтей хэкурыс ады- гэхэри. Мыбы ехьэлIауэ куэды- щэ пхужыIэнущ. Абы щхьэкIэ щIэныгъэ зэхуэс псо зэхуэпшэсын хуейт. Апхуэдэу щыт пэтми, къыхэкъузыкIыпауэ Iуэхугъуэ зытIум я гугъу сщIынут: щIэгъэхуэбжьауэ адыгэбзэр ди щIэблэм зэредгъэджын Iэмалымрэ Терминологие гуп фIэкIыпIэншэу зэрызэхуэшэсыпхъэмрэ…
- 1. Нобэ адыгэбзэр зэрыддж тхылъхэм нэмыщI ди щIалэгъуа-лэр анэдэлъхубзэм зэрыдедгъэхьэхын Iэмал куэд хэлъу тхылъ дыхуейщ. Дуней псом къыщащтауэ зы Iэмал къыщокIуэкI иджыпсту: «Тыркубзэр — мазищкIэ», «Инджылызыбзэр — мазищкIэ», «Урысыбзэр — мазищкIэ». Адыгэбзэм а Iэмалыр е абы ещхь гуэр къетхьэлIэмэ, и щхьэпэ къыдэмыкIыну пIэрэт? Мазищ зэрыжаIэм къикIыркъым а пIалъэм къриубыдэу бзэр къызыхуэтыншэу зэбгъэщIэфыну. Абы къигъэувыр аращи, лъабжьэ богъэтIылъ, ар уиIэ хъуа нэужь, къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэр фIэкIыпIэншэу пчын хуейуэ зы щытыкIэ уригъэувэу. Дунейпсо Адыгэ Хасэр лъэпкъ хасэшхуэу зэрыщытыр къэлъытауэ, зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэм зыхуезгъэгъэ-зэнут мыбыкIэ. Дауи, апхуэдэ тхылъым, «Адыгэбзэр — мазищкIэ» жысIэнщи, зэпэдзыж псалъалъи, диски гъусэ хуэсщIынут…
- 2. ХамэщI къикIыу зыплъыхьа-кIуэ мащIи къакIуэркъым ди Хэку. Ауэ щыхъукIэ мыбы и щIыдэлъху лъэпкъхэм я бзэкIэ тхауэ е къуа-жэм и цIэу, е уэрамым и цIэу, е IуэхущIапIэхэм я цIэу плъагъун щыIэкъым. Си щхьэкIэ сызрихьэлIа Iуэхугъуэщ тэтэрым къикIа зы щIэныгъэлI гуэрым, тIэкIуи ауан хэлъу, зэрыжиIэгъар: сэ Алтаи, Туваи, Башкырми, Шэшэнми, Осетиеми сыщыIащ, ауэ Къэбэр- дей-Балъкъэрым хуэдэу и лъэпкъ щызмылъэгъуа щIыналъэ срихьэлIакъым. Ар сыту, жысIэу сыщыщIэупщIэм, зы IуэхущIапIэ срихьэлIэри, жиIащ, къыфIэдзапIэ иIэт бзищкIэ тетха хуэдэуи, ину сыдыхьэшхат, жи, къызэрыщIэкIымкIэ, урысыбзэм и мызакъуэу, адыгэбзэри балъкъэрыбзэри тынш дыдэу схузэгъэщIэнущ, жысIэри. Слъагъур нэхъри си фIэщ ирисщIыну къэскIухьати, зыфIэмылъым фIэлътэкъым, зыфIэлъыр япэу слъэгъуам хуэдэт, жиIащ. Абы къикIращи, апхуэдэ къыфIэдзапIэхэм, къэрал IуэхущIапIэу щытхэм, къытратхэм кIэлъыплъ зыри щыIэкъым, абыхэм адыгэбзэу ятетхари, зэрытха щIыкIэри зи уасэ щыIэкъым. Ардыдэр ехьэлIащ ди жылэхэмрэ уэрамхэмрэ я цIэхэми. Израилыр сигу къокI. Журтхэмрэ хьэрыпхэмрэ, зэрытщIэщи, щIагъуащэу зэхущыткъым, ауэ зы уэрами, зы жыли плъагъунукъым а щIыпIэм и цIэр бзищкIэ темытхауэ: журтыбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ. ЗэщIэкъуауэ, нэм къемызауэу, екIуу зэгъэпэщауэ щхьэж и бзэкIэ тетхащ. Бзищыр хьэлъэщ жыдоIэ, мыр щапхъэ-къэ?
- Ди бзэм къыхыхьапхъэ псалъэхэмрэ ахэр ипкъ зэридгъэувапхъэми кIэлъыплъыпхъэщ. Бзэм псалъэ къыхэмыхьэу хъуркъым, къыщыхыхьэкIэ и къыхыхьэкIэ- ми егупсысыпхъэщ. Апхуэдэ дыдэуи, бзэм и IэмалхэмкIэ псалъэхэр къызэрыгъэхъупхъэми елэжьыпхъэщ. «Адыгэ псалъэм» иригъэжьат апхуэдэ зы хабзэ дахи, иужьрейхэм щIэужьыхэжащ. Мы псор щIыжысIэращи, Терминологие гуп зэхуэтшэсыну и чэзу хъуащ. Си гугъэмкIэ, мы Iуэхугъуэри Дунейпсо Адыгэ Хасэми къыхилъхьэфынут. Къэралыгъуэ ди цIэу, абы и нэщэнэхэр Конституцэм ихъумэу иту, апхуэдэпщIэ фIэкIа къэралыбзэу щыт адыгэбзэм имыIэу аркъудеи хъунукъым, уезэгъынкIи Iэмал иIэкъым. КъытщIэхъуэ щIэблэм ар къытхуигъэгъунукъым.
- Табыщ Мурат.