Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий КъБР-м и прокуратурэм и лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ зэрехъуэхъуар
2017-01-11
- ПщIэ зыхуащI ныбжьэгъухэ!
- Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Урысей прокуратурэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 295-рэ зэрырикъумрэ фи махуэшхуэмкIэ — Урысей Федерацэм и прокуратурэм и лэжьакIуэм и махуэмкIэ. Нобэ, сыт щыгъуи хуэдэу, прокуратурэм далъагъу къэралым щызекIуэ захуагъэр, ар къоув хэкум и хабзэхъумэ системэм мыхьэнэ нэхъ ин дыдэ зиIэ и Iыхьэу. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм и лэжьакIуэхэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащI законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным, цIыхухэм я сэбэп зыхэлъым къыщхьэщыжыным, я къалэнымрэ захуагъэм и гупсысэхэмрэ хъумэным, IэщIагъэкIэ я щIыхьым пщIэ хуащIыж.
- Си фIэщ мэхъу, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм и лэжьакIуэхэм къыхуагъэув къалэнхэр дяпэкIи хуэфащэу ягъэзэщIэну.
- Узыншагъэ быдэ, насып, зэIузэпэщыныгъэ, Хэкум зиузэщIын папщIэ къулыкъукIэ ехъулIэныгъэ фиIэну сынывохъуэхъу.