ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIалэгъуалэм йогупсыс

2016-12-20

  • Дыгъэгъазэм и 15-м Печатым и Унэм щекIуэкIащ КъБР-м и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэIущIэ. Ар къызэIуихащ КъБР-м Зауэм, Лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэмрэ хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэмрэ я ветеранхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд.
  •  
  • — Ди цIыхухэм, адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм захуэзгъазэу жысIэну  сыхуейт ди быныр терроризмэм щыхъума хъуным ди къару псори етхьэлIэну. ЩIэблэр дэ дымыхъумэмэ, дымыгъасэмэ, дымыунэтIмэ, Iуэху щхьэпэхэм дедмыгъэхьэхмэ, щIэпхъаджащIэу ежьэжынуращ. Дунейм мыхъумыщIагъэ куэд къыщокIуэкI. А псори телевизоркIэ, ИнтернеткIэ ялъагъу. НыбжьыщIэр ягъэжакъуэмэ, къыпхуемыгъэгъэзэжыну и дуней еплъыкIэм, и хьэлым, и щытыкIэм  зихъуэжынущ, имыщIапхъэ ищIэным тегушхуэнущ, — жиIащ абы.
  • Шыхъуэбахъуэм къыхигъэщащ къэралыр, адэ-анэр, егъэджакIуэхэр   зэдэмылажьэмэ, щIэблэр гъуэгу захуэ трамыгъэувэмэ, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ ирамытмэ, ахэр зэрытIэщIэкIынур.
  • Мухьэмэд зэIущIэм хэтхэр къыхуриджащ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм яхузэфIэкI ялэжьыну, я Iуэху щхьэпэхэм щIалэгъуалэр хашэну, къэралыр къазэрыхуэныкъуэр абыхэм зрагъэщIэну.
  •  
  • Фырэ  Анфисэ.