ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Iэмал тынш къыхузэрагъэпэщ

2016-12-17

  • ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэмрэ «Къэббалъкъэнерго» АО-мрэ IуэхутхьэбзэщIэ къыхалъхьэ. Налшык ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрамым щыIэ банк хэщIапIэм абы журналистхэр иджыблагъэ щыкIэлъыплъащ.
  •  
  • -Ток уасэр щатыну апхуэдэ щIыпIэ 12 илъэсыр икIыху республикэм къыщызэIутхынущ. И зэхуэдитIыр   мэлажьэ, тIур хьэзырщ, адрей плIыр мы мазэм къриубыдэу зэтедухуэнущ. ЗытетщIыхьыр цIыхухэм Iэмал тынш къахузэгъэпэщынырщ, — жеIэ ХъумапIэ банкым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI  Урысбий Хьэмидбий.  —  Мы  Iуэхум  куэд щIауэ дыпылъщ. Ди деж пщIэуэ щатым иужьрей илъэситIым хуэдитIкIэ хэхъуащ, етIанэгъи апхуэдиз ди плъапIэщ.
  • Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, хуабэм, псым, газым, нэгъуэщIхэми хуэзэр зэрыIахыну щIыкIэми ХъумапIэ банкыр йогупсыс.
  • — А IэнатIэхэм дадолажьэ, зы IэмалкIэ уасэхэр зэрат хъуну щIы-кIэм и хэкIыпIэхэр зэпыдолъыт,- къыхигъэщащ Урысбий Хьэмид-бий.
  • IуэхутхьэбзэщIэм и гугъу щищIым, «Кавказ Ищхъэрэм и МРСК» ПАО-м электрокъарукIэ къызэзыгъэпэщ и департаментым и унафэщI Циканов Арсен къигъэлъэгъуащ ток уасэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым хъарзынэу къызэрыщы-          хахыр, цIыхухэм я процент бгъущIым къагъэсэбэпам хуэзэр и чэзум зэратыр.
  • — Ар Iуэхутхьэбзэхэр нэхъ тынш зэрыхъум и фIыгъэщ. Къыхалъхьа IэмалыщIэр   абы и щыхьэтщ. Дэри ахэр зэредгъэфIэкIуэным дыхущIэкъунущ, —  жиIащ Цикановым.
  • КъБР-м и вице-премьер Бэлэтокъуэ Владимир къытеувыIащ   ЖКХ-м и Iуэхутхьэбзэхэм хуэзэр зэрат щIыкIэм республикэм и унафэщIхэр хуабжьу зэригъэпIей-тейм.
  • — ЦIыхухэм Iэмал тынш къызэрыхузэрагъэпэщым и фIыгъэкIэ, мыпхуэдэ центрхэм щытыкIэр нэрылъагъуу ирагъэфIэкIуэну дыщогугъ. Республикэм и Правительствэр лъэныкъуэ куэдкIэ купщIафIэу ХъумапIэ  банкым и къу- дамэм дыдолажьэ, социальнэ, экономикэ IэнатIэхэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIри къыдолъытэ.  Зи гугъу тщIы центрхэм я мыхьэнэмрэ ягъэзащIэ къалэнхэмрэ къыдгурыIуэу, ахэр дыдоIыгъ, нэгъуэщI проектхэр щагъэзащIэкIэ дяпэкIи дыдэлэжьэну дыхьэзырщ,- къыхигъэщащ вице -премьерым.
  • ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр  къудамэм и пресс-IуэхущIапIэ.