ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий занщIэу эфирым кIуэуэ «Урысей-1» (КъБР) каналым къыщипсэлъар

2016-11-24

  • Экономикэм къигъэув Iуэху
  • нэхъыщхьэр-лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къызэгъэпэщынырщ, апхуэдэу щыщыткIэ, унагъуэхэр зэпIэзэрыту псэунырщ
  •  
  • Мази 10-м кърикIуахэм къызэрагъэлъэ- гъуамкIэ, промышленностым и продукцэр сом мелард 30 мэхъу. Дэ дыщогугъ а бжыгъэр нэхъри нэхъыбэ хъуну икIи илъэсым и кIэухым ирихьэлIэу сом мелард 40-м нэсыну.
  • Мэкъумэш продукцэри нэгъабэрейм нэхърэ нэхъыбэщ, сом мелард 35-м щIегъу.
  • Ухуэныгъэу ирагъэкIуэкIри нэгъабэ и апхуэ- дэ зэманым елъытауэ проценти 6 хуэдизкIэ нэхъыбэ хъуащ.
  • ПсэупIэхэр хьэзыр щIынымкIэ лэжьыгъэхэри гъэ кIуам и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ нэхъ псынщIэу йокIуэкI — проценти 10-м нэблагъэкIэ хэхъуащ, псэупIэ унэу псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 270-рэ хуэдиз хьэзыр ящIащ.
  • Финансым и IэнатIэр хъарзынэу мэлажьэ, псори дызыщыгъуазэ гугъуехьхэр зэрыщыIэм щхьэкIэ къэмынэу. Социально-экономикэ зыужьыныгъэм и псынщIагъым кIэрыдмыгъэхун тхузэфIэкIащ. Бюджетым и IэнатIэ псо-ми я хэхъуэхэр нэхъыбэ мэхъу. Зэрыщыту къапщтэмэ, ику иту проценти 4,6-рэ къыщIигъуащ. Республикэм налогыу, налогыу щымыт ахъшэу къыщыхахыр проценти 10-кIэ хэхъуащ. Ауэ абыхэм къадэкIуэу гугъуехьхэри щыIэщ.
  •  
  • Куэд щIауэ хабзэ хъуауэ, хэхъуэхэм я Iыхьэшхуэр къызыпэкIуэр фадэхэкIхэр къыщIэгъэкIынырщ
  •  
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм и зэхэлъыкIэр зэман кIыхьым къриубыдэу зэрызэтеува щIыкIэм ипкъ иткIэ хэхъуэхэм ящыщ Iыхьэшхуэр фадэхэкIхэр къыщIэгъэкIыным пыщIащ. Абы шынагъуэ пыухыкIахэр хэлъщ, языныкъуэхэм деж экономикэм и зэпIэзэрыты- ныгъэр къызэпеуд (мы IэнатIэр хабзэншагъэ-хэр нэхъыбэу щалэжьхэм ящыщщ). Мис а псо-ми япкъ иткIэ иджыпсту зэрыщыту Урысейми, хэхауэ Къэбэрдей-Балъкъэрми лэжьыгъэ пыухыкIахэр щрагъэкIуэкI экономикэм а и IэнатIэм и щытыкIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ. Дызэрыт илъэсым бюджетым и хэхъуэхэм я процент 46-р акцизу къыхах ахъшэрщ. Республи-кэм иджыпсту хьэлъэу зыхещIэ мы IэнатIэм хиубыдэ предприятэу КъБР-м щыIэ псори ипэжыпIэкIэ 2016 гъэм къызэтеувыIауэ зэрыщытыр. Дэ псоми къыдгуроIуэ экономикэр зы унэтIыныгъэм, зы IэнатIэм и щытыкIэм елъытауэ екIуэкI зэрымыхъунур. Абы шынагъуэ пыухыкIахэр къешэ. Апхуэдэ щытыкIэр къызэднэкIын папщIэ иджыпсту дэ экономикэм и зэхэлъыкIэр зыдохъуэкI, абы зедгъэужьын икIи зыхуэдгъэувыжа социальнэ къалэнхэр дгъэзэщIэфын хуэдэу. Фигу къэзгъэкIыжынщи, ди бюджетым социальнэ унэтIыныгъэ иIэщ, абы и процент 72-р социальнэ ахъшэрщ. Дэ ди къалэнщ ар зэи зыщыдмыгъэгъупщэну икIи къэув къалэн нэхъыщхьэхэм дапэлъэщын хуэдэу экономикэм и зыужьыкIэр унэтIыным къарууэ диIэр етхьэлIэну. Аращ инвестицэхэр къызэщIэгъэуIуэным, инвестицэ проектхэр, псом япэу промышленнэ кластерым и IэнатIэщIэхэр, IэнатIэ нэхъыщхьэхэр зэтегъэувэным хуэгъэзахэр икIи езыхэм къабгъэдэхуэ къалэн нэхъыщхьэхэм къадэкIуэу нэгъуэщI производствэхэри къызэзыгъэпэщхэр, бизнесым и IэнатIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ, унагъуэ бизнесыр Iуэхум къыхэзышэхэр икIи цIыхухэм я нэхъыбапIэр экономикэм хэлэжьыхьыныр къызэзыгъэпэщхэр, гъэзэщIэным иужьрей зэманым гулъытэ хэха щIыхуэтщIыр. А щIыкIэм тету, дэ дызэгугъун хуей къалэн нэхъыщхьэ дыдэр — лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къызэгъэпэщынырщ, а щIыкIэм тету, унагъуэхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ.
  •  
  • Контрактым ипкъ иткIэ Китайм щыщ ди лэжьэгъухэм къабгъэдэкIыну инвестицэхэр доллар меларди 10 хуэдиз мэхъу
  •  
  • УФ-м и премьер-министр Медведев Дмит-рийрэ Китай ЦIыхубэ Республикэм и Къэрал советым и премьер Кэцян Лирэ кърихьэлIэу дызэрыт илъэсым щэкIуэгъуэм и 7-м Санкт-Петербург Iэ щыщIэддзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм и мызакъуэу, зэрыщыту къэралым и Ипщэ Iыхьэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зэгурыIуэныгъэм. Абы къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр инщ: контрактым ипкъ иткIэ Китайм и лIыкIуэхэм къыхалъхьэну инвестицэхэр доллар меларди 10 хуэдиз мэхъу. Проектыр 2016 гъэм щегъэжьауэ 2023 гъэм нэсыху ягъэзэщIэну къабжащ. Промышленнэ кластерым Iыхьэ зыбжанэ къызэщIиубыдэу щытынущ.
  • 2010 гъэм щегъэжьауэ «ЭТАНА» проектым и инфраструктурэр зэтегъэувэным трагъэкIуэдэн папщIэ Урысей Федерацэм зыужьыныгъэмкIэ и фондым къыхэкI ахъшэ къаIэрыхьэу хуежьащ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, мы проектыр гъэзэщIэныр къагъэувыIащ, Iуэху къэзыIэтахэм ящыщ куэд республикэм зэрикIыжам, апхуэдэу щIыналъэм къыбгъэдэхуэ къалэнхэр и зэма-ным зэримыгъэзэщIам къыхэкIыу. Абы щыгъуэ къэхъуа къыкIэрыхуныгъэр къызэнэкIын хуейт. Арати, проектыр гъэзэщIэным щIэддзэжащ. 2015 гъэм дэ ди Iыхьэу мы Iуэхум сом мелуни 160-м нэблагъэ хэтлъхьащ, федеральнэ бюджетым сом мелард 1,3-рэ хуэдиз къиутIыпщащ икIи абыхэм я фIыщIэкIэ инфраструкту-рэр зыхуей хуагъэзащ, проектым и етIуанэ Iыхьэм щIадзэнымкIэ Iэмал псори зэтрагъэуващ. Иджы инвесторхэр къэгъуэтын хуейуэ арат. Къэгъэлъэгъуапхъэщ нобэм ирихьэлIэу а гугъуехь псори къызэрызэднэкIар икIи Iэ зыщIэддзыну зэгурыIуэныгъэр зэрыдгъэхьэзы-рар. Абы и лъэныкъуэкIэ дэ икъукIэ къыддэIэпыкъуащ Урысей Федерацэм и Правительствэр, абы и УнафэщIыр, УФ-м Промышленностым- рэ сатумкIэ и министерствэр, УФ-м ЭнергетикэмкIэ и министерствэр, УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэр. Иджы дэ фIэкIыпIэ зимыIэ ди къалэну щытщ зыхуэдгъэувыжа къалэн псори ягъэува пIалъэхэм къриубыдэу гъэзэщIэныр. Абы и фIыщIэкIэ дэ лэжьапIэ IэнатIэщIэу минхэр къызэIутхыфынущ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетым и хэхъуэм сом мелардипщI бжыгъэ къыщIигъунущ. Мы Iуэхум хуэгъэзауэ къагъэсэбэпынущ ди щIыналъэм щыIэ хэкIыпIэхэр. Китайм щыщ ди лэжьэгъухэм дэ япэ дыдэу яхуэдгъэу- ва Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ ди цIыхухэр гъэлэжьэнымрэ абыхэм ахъшэ къегъэлэжьынымрэ. Хухах IэнатIэхэм щылэжьэфын хуэдэу абыхэм зэфIэкI ябгъэдэлъу, я IэщIагъэр хурикъуу щытын хуейщ. ЛэжьапIэ IэнатIэхэм щагъэувкIэ псом япэу къащтэнур Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэрщ, абыхэм ухуэныгъэр щекIуэкI щIыналъэм пэгъунэгъу районхэм щыпсэухэр яхэту. СызэреплъымкIэ, бгъэдэлъ IэщIагъэр нэгъэсауэ къигъэсэбэпыну, езым зиужьыну зи мурад дэтхэнэми хуэфэщэн Iэна-тIэ абы щигъуэтынущ.
  • Проектыр зытещIыхьар — дуней псом щыIэ къэрал куэдым ящэхун полимерхэр, тарэр, абджхэм ит псы къыщIэгъэкIынырщ. Мыбы пыщIа нэгъуэщI зы унэтIыныгъэщ транспор-тымкIэ инфраструктурэр. Продукцэр щызэтралъхьэнущ Тамань щыIэ кхъухь тедзапIэм. Ахэр икъукIэ куэд хъууэ, илъэсым къриубыдэу псыуэ тонн мелуан 60-м нэблагъэу щытынущ. Китайм щыщхэм хуабжьу егугъуу проектыр зэпкърахащ, абы пыщIа сыт хуэдэ Iуэхури, мылъкур яфIэкIуэдынымкIэ къыкъуэкIынкIэ хъуну шынагъуэхэри къабжащ икIи иджыпсту тегушхуауэ жытIэ хъунущ ахэр проектыр гъэзэщIэным къызэрыхыхьар. Къыддэлэжьэну компаниер зэрыщыту къэралым IэщIэлъщ. Контрактым Iэ щIадзыну хуит зэращIым теухуауэ Китайм и Къэрал Советым унафэ щхьэ- хуэ къищтащ (мы проектым икъукIэ ахъшэш- хуэ хэлъхьэн зэрыхуейр къилъытэри).
  • Контрактым хиубыдэ Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщу етIуанэ увыпIэм щытщ экологием и Iуэхур. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нэхъыщхьэр хэхъуэшхуэхэмрэ зэфIэкI инхэмрэкъым, атIэ узыншагъэрщ, экологиер хъумэнырщ, республикэм щыпсэухэм я сэбэп зыхэлъхэр дэгъэкIынырщ. А Iуэхум ущIытепсэлъыхьын щыIэкъым: экологие шынагъуэншагъэм хуэгъэзауэ дэ зыхуэфащэ псори длэжьыну ди къалэнщ. Абы къыхэкIыу зи гугъу тщIыр зыми зэран хуэмыхъуу, къабзэлъабзэу икIи зэIухауэ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыныр къызэзыгъэпэщын иджырей технологие нэхъ пэрыт дыдэрщ. Дэ ди лэжьэгъухэр щыгъуазэ тщIащ гъэзэщIакIуэ властым и органхэм, жылагъуэ IуэхущIапIэ- хэм, Парламентым, щIыналъэхэм щыIэ советхэм къадэкIуэу Iуэхум и щытыкIэм кIэлъыплъын папщIэ Май районымрэ абы къедза щIыналъэхэмрэ щыпсэухэри къызэрыхэтшэнум. Апхуэдэу Iуэхум къетшэлIащ экологиемкIэ IэщIагъэлIхэр, зыми и унафэм щIэмыт экс- пертхэр. Абы къыхэкIыу иджырей промышленнэ IэнатIэ лъэщ зэтедгъэувэфыну сыщогугъ.
  •  
  • Къэралым зихъумэжын папщIэ иджыпсту вольфрамымрэ
  • молибденымрэ имыIэу хъунукъым
  •  
  • Нобэм ирихьэлIэу мы Iуэхур дэ щIэуэ къэтIэтыжащ. АдэкIэ зэфIэдгъэкIын хуейуэ лэжьыгъэшхуэ къытпэщытщ. КъызэрабжамкIэ, псори зэхэту проектым и уасэр сом мелард 14-м щIигъунущ. Производствэм и IэнатIэ нэхъыщхьэм и закъуэ цIыху мин хуэдиз щылэжьэнущ. Ауэ экономикэм мы и IэнатIэм и щIэгъэкъуэну нэгъуэщI производствэхэри къызэIуамыхыу хъунукъыми, абыхэми лэжьакIуэхэр къащтэнущ. Вольфрам, молибден рудар къэралым къыщыщIэхыныр иджыпсту зи чэзу Iуэхушхуэщ. Проектым и инвестор нэхъыщхьэм и къалэнхэр «Ростех» къэрал корпорацэм игъэзэщIэнущ, УФ-м Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэр, УФ-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ и министерствэр, УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэр зыдигъэIэпыкъуурэ. Тырныауз вольфрам-молибден комбинатыр къалэм и псэукIэр зэлъыта производствэщ. (БлэкIа илъэсхэм ахъшэр занщIэу Союзым и бюджетым къиутIыпщу щытащ). Къэралым зихъумэжын папщIэ нобэ вольфрамымрэ молибденымрэ имыIэу хъунукъым. Абы щогугъ металлургиер, машинэ зыщI IэнатIэр, нэгъуэщI IэнатIэхэр. Шэч къытесхьэркъым мы проектыр зэрагъэзэщIэным и фIыщIэкIэ езы Тырныауз къалэми зэрыщыту щIыналъэми щекIуэкI лэжьыгъэхэр зэрефIэ-кIуэнур.
  •  
  • «Гидромет» завод: Iуэхур зытеухуар экологиемрэ технологиехэмрэ я лъэныкъуэкIэ щIэуэ къызэгъэпэща предприятэ ухуэнырщ
  •  
  • Мы лэжьыгъэр зыхуэунэтIар заводыжьыр зэпкърахыжу нэгъуэщI щIыпIэ гъэIэпхъуэнырщ, экологиемрэ технологиемрэ я лъэныкъуэкIэ щIэуэ къызэгъэпэща предприятэ ухуэнырщ. Псори иджырей зэманым къигъэувхэм езэ- гъыу щытын хуейщ. Правительствэмрэ «Гидрометаллург» зэгухьэныгъэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ зыхуагъэувыжа къалэн псори лъэныкъуитIми ягъэзащIэ. Зыхуэфащэ щIыналъэр яубзыхуащ, яухуэну заводым и проектыр 2016 гъэм хьэзыр хъунущ. Лэжьыгъэхэр графикым тету йокIуэкI, дызыхуэкIуэ илъэсым и пэщIэдзэм ухуэныгъэхэр ирагъэжьэну я мурадщ.
  •  
  • Технологие лъагэхэр зи лъабжьэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр хуэди 2,4-кIэ нэхъыбэ хъуащ
  •  
  • Дэ диIэщ зэфIэкIышхуэрэ щIэныгъэрэ зыбгъэдэлъ, цIыхухэм я гъащIэр зыхъумэ дохутырхэр. Куэд мыщIауэ псоми ди нэгу щIэкIащ зыхуэбгъэдэн щымыIэ операцэ республикэ сымаджэщым зэрыщащIар. Къыхэзгъэщхьэху- кIыну сыхуейщ блэкIа илъэсым елъытауэ технологие лъагэхэр зи лъабжьэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэу республикэм щызэфIагъэкIхэр хуэди 2,4-кIэ нэхъыбэ зэрыхъуар. Ар зыужьыныгъэ хъарзынэщ икIи абы къегъэлъагъуэ дэ гъуэгу тэмэмым дызэрытетыр. Ауэ а псоми къадэкIуэу бзыщIын хуейкъым зэрыщыту къэралми хуэ- дэу, узыншагъэр хъумэным и лъэныкъуэкIэ ди дежи гугъуехь куэд зэрыщыIэр. Нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ кадрхэм, егъэджэныгъэм, IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм, IэщIагъэм хэгъэхъуэныр. Ар икъукIэ Iуэхушхуэщ икIи зы махуэм зэфIэбгъэкIыфыну щыткъым, ауэ дэ абы долэжь. СызэригугъэмкIэ, иужьрей зэманым зэфIэдгъэкIа Iуэхухэм фIы къарикIуэнущ.
  • Технологие лъагэхэр зи лъабжьэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ къызэгъэпэщынымкIэ зэфIэкIхэр ябгъэдэлъщ республикэ сымаджэщым, къалэм и етIуанэ сымаджэщым, кардиологие центрым. Районхэм захуэбгъазэмэ, Нарткъалэрэ Лэскэн районымрэ щIэуэ щащIа клиникэхэр зэгуагъэхьэжри, районитIым я зэхуэдэ IуэхущIапIэ къызэIуахащ. Абыи технологие лъагэхэр къэгъэсэбэпынымкIэ зэфIэкI бгъэдэлъщ.
  • Санитар транспортыр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ программэхэм хиубыдэу дэ мы гъэм автомашинэщIэу 9 къэтщэхуащ. Автотранспорту куэд къащэхуащ 2014 гъэм (автомашинэ 65-рэ). Мы илъэсым щыщу къэна зэманым къриубыдэу аргуэру къытIэрыхьэнущ иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэща автомашинэщIэу 5. Перинатальнэ центрыр щIын яух икIи махуэ зыбжанэ япэкIэ абы папщIэ санитар автомашинэу тIу къэкIуащ. Ахэр хуабжьу лъапIэщ икIи сабий цIынэхэм пIащIэгъуэкIэ ядэIэпыкъунымрэ ахэр сымаджэщхэм шэнымрэ хуэщIащ. Автомобилхэр зэгъэпэщащ категорие нэхъыщхьэм хиубыдэ оборудованэ лъапIэмкIэ, камерэ щхьэхуэхэмкIэ. А псоми я фIыщIэкIэ дохутырхэм сабий куэд къахуегъэлы-нущ.
  •  
  • Перинатальнэ центрыр яух
  •  
  • ЯпэщIыкIэ перинатальнэ центрыр щIыным 2011 гъэм щегъэжьауэ ахъшэр къыхуаутIыпщу щы- тащ «Урысей Ипщэ» программэм ипкъ иткIэ. Ауэ, псори дызэрыщыгъуазэщи, программэр 2012 гъэм гъэзэщIэн яухащ. Абы къыхэкIыу ухуэныгъэм ахъшэ къыхуамыутIыпщыж хъуащ. Проектыр ягъэзащIэу щыщIадзэжар 2014 гъэрщ. Абы пап-щIэ дэ тхузэфIэкIащ ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ фондым, УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм егъэщIылIауэ ягъэзащIэ нэгъуэщI программэм дыхыхьэн. Ауэ гъащIэм зэпымыууэ зеужь, 2011 гъэм перинатальнэ центрыр зэрыщытыпхъэу къалъытэу щы- тахэм иджы зэхъуэкIыныгъэшхуэ игъуэтащ. ПрограммэщIэм дыщыхыхьа зэманым ирихьэлIэу ухуэныгъэм псори зэхэту текIуэдэнур сом мелар- ди 2-рэ мелуан 400-рэ хъууэ къабжащ, Iэмэпсымэхэм хуагъэув техническэ мардэхэм хуабжьу хагъэхъуащ. Перинатальнэ центрым щагъэу- вын папщIэ иджырей оборудованэ зэмылIэужьыгъуэу 760-рэ къащэхуащ, псори зэхэту сом мелуан 600 я уасэу. Подрядчикхэм дэ ткIийуэ яхуэдгъэуващ апхуэдэ оборудованэм 2016 гъэм япэкIэ къыщIагъэкIар хэтын зэрыхуэмейм теухуауэ. Иджыпсту зэхъуэкIыныгъэхэр псынщIэу йокIуэкI, абы къыхэкIыу зэманым езэгъ оборудованэ фIэкIа бгъэув хъунукъым. Арыншамэ ар перинатальнэ центркъым, атIэ къызэрыгуэкI лъхуапIэ унэщ. Дэ мы проектыр гъэзэщIэным ткIийуэ дыбгъэдохьэ. Сыщогугъ апхуэдэ тыгъэ лъапIэр анэхэм, республикэм и щIалэгъуалэм ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу яхуэтщIыфыну.
  •  
  • Зи узыншагъэр зэкIэлъымыкIуэ сабийхэм гугъапIэрэ къэкIуэнрэ яIэн папщIэ
  •  
  • Зи узыншагъэр зэкIэлъымыкIуэ сабийхэр гулъытэ лей хуэныкъуэщ. Апхуэдэхэм папщIэ иджыблагъэ Налшык еджапIэ къыщызэIуахащ. А мурад дыдэм хуэгъэзащ Нарткъалэ щаухуэ центрри. Абы пыщIа лэжьыгъэхэм я процент 40-45-рэ хуэдизыр зэфIагъэкIащ. Ухуэныгъэм и уасэр нэхъыбэ зэрыхъуам къыхэкIыу, лэжьыгъэхэм щIадзэжын папщIэ ахъшэр къыздитхынур дыубзыхуащ. Шэч хэмылъу, ар нэдгъэсыжынущ, дызэрыгугъэмкIэ, дызыхуэкIуэ илъэсым и фокIадэ мазэм ирихьэлIэу. Дэ дыхуейкъым абы, сытми зы фэ гуэр къытедгъауэу, псори дыухащ жытIэу дытIысыжыну. ДызэгурыIуащ фэрыщIагъ хэмылъу дызэдэлэжьэну, спорт залхэр хэту ухуэныгъэр зэфIагъэхьэну, сабийхэм ягу ирихьын хуэдэу икIи абы паралимп спорт лIэужьыгъуэхэм зыщебгъэужь хъуну. КIэщIу жыпIэмэ, зи узыншагъэр зэкIэлъымыкIуэ сабийхэм гугъапIэрэ къэкIуэнрэ яIэн хуэдэу. Ухуэныгъэр тIэкIу нэхъ кIасэу зэфIэдгъэкIми, ар зыхуей хуэзауэ ящIмэ нэхъыфIщ.
  •  
  • Гъуэгу зэпрыкIыпIэ зэкIэлъымыкIуэм
  • и пIэкIэ иджырей гъуэгу
  •  
  • Республикэм и цIыхухэм Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым и гъущI гъуэгу зэпрыкIыпIэм телъ лъэмыжыр зэрызэкIэлъымыкIуэм теухуа тхыгъэхэр къагъэхьырт. Дэ къызэдгъэпэщащ апхуэдэ ухуэныгъэхэм я щытыкIэм кIэлъыплъыну зи къалэн ведомствэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр зыхэт зыхуэфащэ комиссэ икIи абы иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къарикIуахэр ятхыжащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, лъэмыжыр ныкъуэкъутэщ икIи ар пхузэтегъэувэжынукъым. Лъэмыжым и пкъыгъуэ щхьэхуэхэр процент 60-м щегъэжьауэ процент 80-м нэскIэ жьы хъуащ. Абы къыхэкIыу лъэмыжыр техыпэн е абы и пIэкIэ лъэмыжыщIэ телъхьэн хуейт. АтIэми уэрамым зэпрыкI гъущI гъуэгум адэкIэ зеубгъури, къалэм и ныкъуэр къызэщIеубыдэ.
  • Дэ Кавказ Ищхъэрэ гъущI гъуэгум зыхуэдгъэзащ. Ди Iуэхур къагурыIуэри, абыхэм къыддаIыгъащ. Къащта унафэм ипкъ иткIэ лъэмыжыр зытелъ щIыпIэм щегъэжьауэ адэкIэ гъущI гъуэгур трахыжынущ, поездыр къызэкIуалIэ Iыхьэм нэс фIэкI къамыгъанэу. Иджыпсту лъэмыжыр зытелъ щIыпIэм хуэзэу дэ иджырей гъуэгу дыукъуэдиинущ, зэхэкIыпIэхэр иIэу икIи адэкIэ Толстойм и уэрамым, Калюжнэм и уэрамым хуиту утехьэ хъууэ. Абы къалэкум щызекIуэхэм я Iуэхур нэрылъагъуу нэхъ тынш ищIынущ, а щIыпIэм щызекIуэ псоми шынагъуэншагъэ къахузэригъэпэщынущ. Лэжьыгъэ псори комплекснэу едгъэкIуэкIыну ди мурадщ.
  •  
  • Ди деж кхъухьлъатэ лIэужьыгъуэ псори къэкIуэнымкIэ Iэмалхэр щызэтеувэнущ
  •  
  • Бахъсэнрэ Шэджэмрэ я зэхуакум хуэзэу аэропортыщIэ щыухуэным пыщIа Iуэхухэм 2000 гъэхэм я пэщIэдзэм щегъэжьауэ елэжьу щIадзащ. ЗэфIагъэкIахэм япкъ иткIэ республикэм зыхуигъэзащ УФ-м и Правительствэм. Унафэ къащтащ 2015 гъэм нэсыху Урысей Федерацэм транспортымкIэ и инфраструктурэм зегъэужьынымкIэ програм-мэм хагъэхьэу аэропортыщIэ яухуэну, ауэ абы папщIэ республикэм къалэн пыухыкIахэр къыхуагъэуващ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, а къалэнхэр и зэманым ягъэзэщIакъым, Правительствэм и унафэм ипкъ иткIэ аэропортыщIэм трагъэкIуэдэн папщIэ сом меларди 9,7-рэ къыхуаутIыпщыну траухуауэ щыта пэтми. Къэхъуар къэхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым зыхуэфащэ IэнатIэхэм захуигъэзащ аэропортымрэ лъэтапIэ-къэтIысыпIэ губгъуэмрэ федеральнэ мылъкум къыхагъэкIыжу республикэм и мылъкум къыхагъэхьэжыну щIэлъэIуу. АдэкIэ, къызэрекIуэкIым тету, аэропортыр банкрот хъуащ, иужькIэ уней мылъку ящIыжащ. Мылъкур зыбжанэрэ зэIэпахащ.
  • А псори тэмэмми мытэмэмми иджыпсту сытепсэлъыхьыркъым. Ауэ, къызэрытлъытэмкIэ, мы аэропортым дыхуейщ. Абы къыхэкIыу дэ инвестор къэдгъуэтащ икIи абы дыгурыIуащ лъэтапIэ-къэтIысыпIэ губгъуэр федеральнэ мылъкум хэгъэхьэжынымкIэ зыхуэфащэ псори республикэм зэфIигъэкIыну. Ар тынш дыдэкъым. «КъеIыпхыжыныр» нэхъ псынщIэу зэфIокI, ауэ «ептыжыныр» нэхъ гугъущ, сыту жыпIэмэ, абы федеральнэ бюджетым и мылъку текIуэдэн хуейщи. А псоми дэ илъэс, илъэсрэ ныкъуэрэ хуэдизкIэ делэжьащ. Сытми, Iуэхур зэфIэдгъэ- кIащ, абы пыщIауэ къэралым и Iэтащхьэм зыхуэдгъэзэн хуей хъуами. Дэ лъэтапIэ-къэтIысыпIэ губгъуэр еттыжащ, иджы зыхуэфащэ документхэр хьэзыр мэхъу. Федераль- нэ бюджетым и ахъшэ зыхуаутIыпщ ухуэныгъэхэм 2018 гъэм дыхагъэхьэну догугъэ. Абы и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, республикэм игъэзэщIащ инвесторым и пащхьэм щызыхуигъэувыжа къалэныр.
  • Ди зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иткIэ Iуэхум пэрыува инвесторым лэжьыгъэхэр къызэтригъэувыIауэ къащIыщыхъуар сыт? Абы и щхьэусыгъуэр аэропортыр къагъэщIэрэщIэжыну хуит зэращI документхэр и зэманым зэрамыIарщ. А Iуэхум зы илъэсым нэблагъэ текIуэдащ. Ауэ иджы псори зэфIэкIащ икIи инвесторыр къыхэмыщтыкIыу лажьэ хъунущ. Арыншамэ мы Iуэхум апхуэдиз ахъшэ щIыхилъхьэн щыIакъым: метр зэбгъузэнатIэ мини 10,5-рэ къызэрыкI иджырей терминалым сом мелуани 925-рэ токIуадэ. Мы проектыр гъэзэщIа хъумэ, гъэ къэс аэропортым цIыху минищэ щызэблэкIыфынущ. Апхуэдиз зэфIэкIыр иIэн хуейуэ щIэдгъэувар гъэ къэс ди деж зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэр нэхъыбэ зэрыхъурщ. Мы проектыр гъэзэщIэнымкIэ иджы лъэпощхьэпо лъэпкъ щыIэжкъым икIи ар фIэкIыпIэ имыIэу гъэзэщIа хъунущ. Терминалыр, аэропортыр ухуэнымкIэ, ахэр лажьэу утIыпщынымкIэ график пыухыкIа щыIэщ. АдэкIэ ди деж Iэмал псори щызэтеувэнущ сыт хуэдэ кхъухьлъатэ лIэужьыгъуэри къыщытIысын папщIэ. Кхъухьлъатэхэр зыдэкIуэ щIыпIэхэр нэхъыбэ зэрытщIыным, нэхъ фейдэ зыпылъ рейсхэр зэтегъэувэ-ным догупсыс. Зи гугъу сщIыр нэгъуэщI къэралхэми ди къэралым и кIуэцIми щыIэ рейсхэм ящыщу нэхъ щIэупщIэ зиIэхэр зэтегъэувэнырщ. Аэровокзалымрэ иджырей терминалымрэ 2017 гъэм хьэзыр ящIын хуейуэ щытщ. ДызыхуэкIуэ илъэсым и кIэухым ахэр ятыну дыщогугъ.
  •  
  • ВокзалыщIэхэр Налшыкрэ Тырныаузрэ щаухуэ. АдэкIэ ахэр Бахъсэнрэ адрей районхэмрэ щащIынущ
  •  
  • Транспортым и инфраструктурэм хиубыдэ IуэхущIапIэхэр щIыным пыщIа лэжьыгъэхэр адэкIи ирагъэкIуэкI. Иджыпсту вокзалитI — Ипщэ, Ищхъэрэ вокзалхэр ящI. Ипщэ вокзалыр — Осетие лъэныкъуэмкIэ щыIэр, тIэкIу нэхъ инщ, Ищхъэрэ вокзалым елъытауэ. Уней мылъкуу абы сом мелуан 700 хуэдиз ехь. Ищхъэрэ вокзалым сом мелуан 600-м нэблагъэ текIуэдэнущ. А вокзалхэм иджырей щытыкIэ яIэнущ, зыхуеину псори хэту, техникэкIэ тэмэму къызэгъэпэщауэ, шынагъуэншагъэм и лъэныкъуэкIэ зыхуей хуэгъэзауэ, зыгъэпсэхупIэ хъарзынэхэр яIэу. Ищхъэрэ вокзалым махуэ къэс цIыху мини 10 щызэблэкIынущ, Ипщэ вокзалым цIыху мин 12 хуэдизым Iуэхутхьэбзэхэр яхуищIэнущ. Ди цIыхухэм къыхалъхьахэм япкъ иткIэ а вокзалхэм къалэм щызекIуэ троллейбусхэмрэ автобусхэмрэ екIуалIэу тщIынущ.
  • Лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIынымкIэ графикым мази 3-4-кIэ къызэрыкIэрыхуар зэрыщыту къэралым щызэтеува экономикэ гугъуехьхэм япыщIащ. Ищхъэрэ вокзалым и гугъу пщIымэ, инвесторым зыпэмыплъа гугъуехьхэр къылъыкъуэкIри, ахъшэ къыхуэмыутIыпщ хъуащ. Ауэ дэ лэжьыгъэр къызэтедгъэувыIакъым, нэгъуэщI инвестор къэдгъуэтауэ, абы ухуэныгъэр щIэгъэхуэбжьауэ ирегъэкIуэкI. Ипщэ вокзалыр къапщтэмэ, абыи гугъуехьхэр щыIащ, ауэ ахэр зыпыщIар инвесторхэркъым, атIэ подрядчикхэрщ. Абыи унафэ тращIыхьащ, нэгъуэщI ухуакIуэхэр къагъуэ- тауэ мэлажьэ. ДызыхуэкIуэ гъэм а вокзалхэр лажьэу хуежьэну дыщогугъ.
  • Дэ зытетщIыхьыр Налшык и мызакъуэу адрей щIыпIэхэми гъуэгурыкIуэхэм тыншыпIэ псори къащыхузэгъэпэщын зэрыхуейрщ икIи абы ипкъ иткIэ иджырей вокзалхэр зэрыщыIэпхъэрщ. Апхуэдэ ухуэныгъэр Тырныауз къалэм и хуабжьыгъуэу щокIуэкI. Абы сом мелуан 30 хуэдиз текIуэдэнущ. Вокзалыр инкъым, ауэ зэщIэгъэуIуащ. Ар дэIэпыкъуэгъушхуэщ Iуащхьэмахуэ лъапэ кIуэхэм я дежкIэ. Апхуэдэу унафэ къэтщтащ Бахъсэн къалэм автостанц дэщIыхьыным теухуауэ. Ар зи чэзу Iуэхущ икIи абы пыщIауэ дыхоплъэ адрей районхэми щыIэ щытыкIэм.
  •  
  • МэкъумэшыщIэхэм хэщIыныгъэ
  •  ягъуэтынымкIэ щыIэ шынагъуэхэр гъэмэщIэныр, мэкъумэш продукцэ къэзылэжьхэм защIэгъэкъуэныр
  •  
  • Псоми ди нэгу щIокI иужьрей зэманым мэкъумэш хозяйствэм, а IэнатIэм пэрыт цIыхухэм уэм и зэраныгъэшхуэ къазэрекIыр. ЗэрыжаIэщи, колхоз лэжьыгъэм хэгъэзыхь хэлъкъым. Ауэ а IэнатIэм упэрыувамэ егупсыс хэщIыныгъэхэм защыпхъумэн папщIэ страхованэр зэребгъэкIуэкIынум, абы и лъэныкъуэкIэ хэт сыт хуэдэу къыбдэIэпыкъуну укъигъэгугъэми. Дуней псоми, къэралым и кIуэцI- кIи щызэтеувауэ, хабзэ щыIэщ зы IэщIагъэм ирилажьэхэр зэгухьэу. Зи гугъу тщIа Iуэхухэр апхуэдэ зэгухьэныгъэхэм дагъэкI. Къэрал дэIэпыкъуныгъэм хиубыдэу дэ страховой Iуэхухэм гъэ къэс сом мелуан 90 хуэдиз яхухыдох. Абы и мызакъуэу, хэщIыныгъэхэмкIэ шынагъуэхэм мэкъумэшыщIэхэр ящыхъумэнымкIэ субсидиехэм я процент 50-р къэралым къеутIыпщ. Ауэ дэтхэнэми езым нэхъ фейдэ пылъу къилъытэр къыхихыну хуитщ. Иужьрей илъэситхум къриубыдэу республикэм уэ къызэрыщехам теухуауэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, уэр нэхъ зыхуэлъэ щIыпIэхэр щыIэщ. Куэд мыщIауэ дэ Бахъсэн агротехнопарк къыщызэIутхащ. Абы щыгъуэ къэпсэлъа щIэныгъэлIхэм зэрыжаIамкIэ, уэм зыщыхъумэнымкIэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр щыIэщ. Абыхэм ящыщщ гъавэр нэхъ пасэу е нэхъ кIасэу хэсэныр. Мы Iуэхум хэзыщIыкI икIи сэбэп хъуфын IэщIагъэлIхэр мащIэкъым. Абы къыдэкIуэу къэзгъэлъэгъуэнщи, зи гугъу сщIы агрокомплексми узэчэнджэщ хъун IэщIагъэлIхэр щыIэщ, апхуэдэу республикэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэми зыхуагъазэ хъунущ. Абыхэм дэтхэнэми зыхуэфащэ чэнджэщхэр фIэкIыпIэ имыIэу иратынущ. Дэ, шэч хэмылъу, ди къалэнщ зи лэжьыгъэ хьэлэлкIэ республи- кэр ерыскъыпхъэкIэ къызэзыгъэпэщ цIыхухэм защIэдгъэкъуэну.
  •  
  • НэгъуэщI къэралхэм къыщащэхухэм
  • япэхъун промышленнэ продукцэ
  • къыщIэгъэкIынымкIэ программэхэр
  •  
  • «Севкаврентген-Д» зэгухьэныгъэр нэгъуэщI къэралхэм къыщащэхухэм япэхъун продукцэ къыщIэгъэкIынымкIэ программэхэм тету лэжьэн зэрыхуей щIыкIэм и щапхъэ тэмэм иджыпсту зыгъэлъагъуэ предприятэщ. Ар заказхэмкIэ къызэгъэпэщащ, абы и продукцэм щIыналъэ куэдым щIэупщIэ щиIэщ. Ди заводымрэ Кавказ Ищхъэ-рэм зегъэужьынымкIэ къэрал корпорацэмрэ я зэгурыIуэныгъэм мы гъэм жэпуэгъуэм и 1-м Сочэ къалэм Iэ щыщIадзащ. Абы щыубзыхуа инвестицэхэр сом мел- уан 600 хуэдиз мэхъу. Абы щыщу сом мелуан 450-р къэрал корпорацэм, сом мелуани 150-р езы заводым я ахъшэщ. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, IэщIагъэм ехьэлIауэ зэбгъэпщэн щымыIэ зэфIэкI зыбгъэдэлъ, иджырей технологиехэм куууэ щыгъуазэ щIалэхэр диIэщ. Ахэр компьютер Iуэхуми рентген Iэмэпсымэхэми фIыуэ хозагъэ. Абы къыхэкIыу ехъулIэныгъэхэр яIэну ди гуапэщ. Дэ сытым дежи мы предприятэм дыдоIэпыкъу, апхуэдэ дыдэу адрейхэми защIэдгъэкъуэну дыхьэзырщ. Апхуэдэ унэтIыныгъэр ди Правительствэм япэ иригъэщын хуейхэм ящыщу къызолъытэ.
  •  
  • Ичэзухъуащ санаторэ-курортIэнатIэр
  • нэхъапэм зэрыщытам хуэдгъэкIуэжыну
  •  
  •  Иджыри совет лъэхъэнэм республикэр цIэрыIуэ ирихъуат «Налшык» курортым, туризмэмрэ альпинизмэмрэ, бгы-лыжэ спортым я курыхыу ар къалъытэрт. ЦIыхухэм загъэпсэхукIэрэ спортым зыдрагъэхьэхкIэрэ дэрэжэгъуэ ягъуэтын папщIэ дэнэ щIыпIи Iэмал гъуэзэджэхэр дэ щыдиIэщ. ИкIи республикэм и экономикэм зиужьынымкIэ мэкъумэш хозяйствэм, аграр секторым, нэгъуэщIхэми дэщIыгъуу турист-рекреацэ IэнатIэр япэ игъэщыпхъэхэм ящыщу дэ нобэ жытIэмэ, абы зедгъэужьын хуейщ. Иджыпсту Правительствэм щызэфIагъэкI зыужьыныгъэм и программэм елэжьыныр. Зи пщэ къыдэхуэ министерствэр абы куууэ иужь итщ. И чэзу хъуащ санаторэ-курорт Iэна- тIэр зэпIэзэрыт тщIыжыну. Абы гулъытэ хэха хуезгъэщIы- ну сыхуейт. Гур хощI щыплъэгъукIэ ди санаторэ цIэрыIуэхэм я щытыкIэ хъуар, нэхъапэм абыхэм зыщызыгъэпсэхуну хуейхэр гъунэжт. Ар тэмэмкъым. Абы къыхэкIыу мы илъэсыр иухыхукIэ дэ Iэмал имыIэу программэ къэтщэнщ, иджыблагъэ Правительствэм а Iуэхугъуэм дыщытепсэлъыхьащ. Языныкъуэ курорт IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, нэхъ щабэу жысIэнщи, тIэкIу ешащ. КIэщIу жыпIэмэ, псоми зэуIуу дыхэплъэнущ, зэхэтыкIэм ехьэлIа упщIэ зыбжани щыIэщ. Зи гугъу сщIыр «Налшык» курортырщ», КурортхэмкIэ министерствэм ар зэрыхущытырщ. Пщэрылъхэр яхуэтщIакIэщ. Зэман гъунэгъум, мы илъэ-сым къриубыдэу, унафэ къэтщтэнущ. Языныкъуэ санаторэ-курорт комплексхэм я унафэщIхэм ехьэлIари хэту.
  • Туристхэр къешэлIэныр, а Iуэхугъуэм мылъку къегъэщIыныр сыт зищIысыр? Псом япэрауэ, ар рекламэщ. А Iуэхум пэрытхэр я IэщIагъэм хуэIэижьу щытыпхъэщ. Сытри зэмыщхьу къыпхуэгъэлъэгъуэнущ, къазэрыщыхъур зыкIи зэтемыхуэу. Хуэфэщэн IэщIагъэлIхэр диIэн хуейщ. Урыс географие обществэм дэ ауэ сытми дыдэлэжьауэ, зэгъусэу Гуэл ЩхъуантIэм и щIэр джынымкIэ Iуэху- гъуэшхуэ едгъэкIуэкIауэ аракъым. Аруан, Шэрэдж, дэтхэ-нэ районри къащтэ, Тэрч, Дзэлыкъуэ куейхэм щIыпIэ телъыджэхэр щыIэщ. Лэжьыгъэр хъер къыпыкIыу зэтегъэувэн хуейщ, зы цIыху гуэрым и закъуэ мыхъуу, псоми мылъку къыхахыфын хуэдэу. Турист унэтIыныгъэ зиIэ IэнатIэхэр куэд мэхъу. Ар Iуэхутхьэбзэхэращ, шхапIэхэращ. ХьэщIэщыфIхэр диIэн хуейщ. ИджыпстукIэ проектитI хьэзырщ. Псори занщIу зэфIэкIынукъым, ауэ зыужьыныгъэм дытелэжьэнщ. Iуащхьэмахуэ лъапэ зегъэужьынымкIэ генеральнэ планыр зэхэлъхьэныр жыджэру йокIуэкI. Кавказ ИщхъэрэмкIэ министерствэмрэ «Кавказ Ищхъэ-рэм и курортхэр» корпорацэмрэ ядэщIыгъуу IэщIагъэлI- хэр абы йолэжь. ДызытемыкIынур, инфраструктурэр нэхъыфI дыдэу щытынырщ. ИпэжыпIэкIэ дунейпсо мардэм къитIасэ курорт диIэну дыхуеймэ. ЩIыуэпсыр дэ апхуэдиз дахагъэрэ зэфIэкIкIэ къытхуэупсащ. Абы папщIэ дызыхуеину псори диIэщ. Ахэр къэдмыгъэсэбэпыныр къемызэгъщ. Куэд щIащ абы и лъэныкъуэкIэ лъэбакъуэфIхэр зэрытчын хуейрэ. Иджы зыкъом тхузэфIэкIащ. Iуащхьэмахуэ лъапэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и нэгъуэщI щIыпIэхэм къакIуэхэм я бжыгъэр нэгъаби мы гъэми зэпIэзэрыту процент 30-кIэ хэхъуащ. Мы гъэм цIыху мин 400-м нэблагъэ республикэм щыIащ, согугъэ, абыхэм я бжыгъэр нэхъыбэж хъунущ, зы махуэкIэ къакIуэхэри къалъытэмэ. Гъунэгъу санаторэхэм къикIыурэ куэд къытхуоблагъэ. Абы къыхэкIыу дэ къытхуигъэфэща бгыхэм, щIыуэпсым я дахагъэм къищынэмыщIауэ, зызыгъэпсэхухэм едгъэлъагъун хуейщ нобэрей инфраструктурэр. ЦIыхухэр къэкIуэн папщIэ ныкъуэкъуапхъэщ. Iуащхьэмахуэ лъапэ иджыпсту щыIэщ лъагъуэ гъуэзэджэхэр. Абыхэм Iэмал къат дунейпсо мыхьэнэ зиIэ сыт хуэдэ спорт зэхьэзэхуэхэри ирагъэкIуэкIыну. Азау хуейм иджы япэ дыдэу щагъэуващ къыща-жыхь секцэ щхьэхуэхэр: къыщIэзыдзагъащIэхэм, сабийхэм, фIыуэ лыжэхэм тетыфхэм папщIэ. Сытри ящIащ шынагъуэншэ, гурыхь хъун папщIэ. Ар лэжьыгъэ тынштэкъым, къару куэд зыхьащ. АрщхьэкIэ дэ нэхъыбэж тщIэн хуейщ, цIыхухэр абы зэрынэтшэс Iэмалым хэплъэжыпхъэщ. КъэувыIэпIэхэр, зыщагъэпсэху пэшхэр, цIыхухэр зыхуэныкъуэхэр щыIэн хуейщ. А псори рынок зэрыхьзэрийуэ щыт хъунукъым, хэт сыт игу къихьэми щыхуейм и деж щиухуэу. Пэжщ, абы щыIэщ илъэси 10, 15, 20 ипэкIэ яухуахэр. Иджыпсту зэуэну зыми зигъэхьэзырыркъым. Мыбдежым, си фIэщ мэхъу, дуней псом зэрыщыщытым хуэдэу, экономикэр къыщылэжьэнущ. Абы лэжьэн щIидзакIэщ: щIыналъэр ягъэкъабзэ, цIыху куэд зыщызыгъэпсэху щIыпIэхэм щыIэн хуей инфраструктурэр зэфIоувэ. Экономикэм езым и Iыхьэр къищтэжынущ, ауэ абы дыдэмыIэпыкъумэ, хуабжьу гугъу хъунущ. Абы къыхэкIыу щIыпIэ ведомствэхэмрэ федеральнэ корпорацэхэмрэ быдэу дадолажьэ.
  •  
  • Iэщэ къищтэу цIыхур мэзым щыщIыхьэкIэ, ар ди лэжьыгъэм и мыхъумыщIагъэщ
  •  
  •  Дэ нобэ куэдрэ экономикэм дытопсэлъыхь, ауэ зыри тхузэфIэкIынукъым зэпIэзэрытыныгъэ щымыIэмэ, республикэм щыпсэухэм я шынагъуэншагъэр къызэмыгъэпэщамэ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ. Федеральнэ центрым, зыхуэфащэ федеральнэ къулыкъухэм, министерствэхэм, ведомствэхэм дэщIыгъуу, гъэзэщIакIуэ властым, парламентым, муниципалитетхэм я органхэм жыджэру къыддаIыгъкIэрэ куэд зэфIэгъэкIа хъуащ.
  • А Iуэхугъуэм теухуауэ иджыри зы. ЦIыхур хабзэм къемызэгъ гъуэгум щытеувам и деж, фи фIэщ фщIы, ар абы тыншу къыпхутемыкIыжыну. АрщхьэкIэ абы къикIыркъым ар пхузэфIэмыкIыну. Мис абдежым Iуэхум къыхыхьэн хуейщ властым и лъагапIэ псори. Ди деж къыщызэдгъэпэщащ а гъуэгум теува цIыхухэр къешэлIэжынымкIэ зыхуэфащэ комиссэхэр. Иджыри зэ жысIэну сыхуейщ — цIыхум лъы имыгъэжамэ, щIэпхъаджагъэ хьэлъэ имылэжьамэ, абы Iэмал иIэщ гъащIэ тэмэмым къыхыхьэжыну, шэсыпIэ иIэу. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэзгъэщынщи, республикэм апхуэдэу 2-3 къыщыхъуащ. Дэ а лэжьыгъэм пытщэнущ. ЖысIащ икIи иджыри къытызогъэзэж: быным и Iуэхур зытетыр адэ-анэм нэхърэ нэхъыфIу зыми ищIэркъым. Псори къыщежьэр унагъуэращ. «Сони» япон фирмэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ зым, цIыхум и акъылыр джыным, сабийм и зыужьыныгъэм мылъкушхуэ хухэзыха Японием и меценат цIэрыIуэм жиIат: «и ныбжьыр илъэсищым щIигъуамэ, кIасэщ». Абы къелъытэ сабийр пасэ дыдэу гъэсэн хуейуэ, ар иджыри мыпсэлъэфми. Шэч хэлъкъым, гъэсэныгъэр сыт щыгъуи ирагъэкIуэкIыпхъэщ: школми, сабий садми, адэ-анэми, ныбжьэгъухэми, жылагъуэми. Псори зэгъусэущ дэ абы дыщыпэлъэщынур. Iэщэ къищтэу цIыхур мэзым щыщIыхьэкIэ, ар ди лэжьыгъэм и мыхъумыщIагъэщ — унагъуэм и мыхъумыщIагъэщIэщ, школым и мыхъумыщIагъэщ, властым и мыхъумыщIагъэщ. Ар кърикIуаращ. Хабзэхъумэхэр Iуэхум къыщыхыхьэкIэ, хирургием щIедзэ. Дэ абы Iуэхур нэдгъэс хъунукъым. Зэ щыуамэ — апхуэдэ цIыхухэм папщIэ урысей законодательствэм ипкъ иткIэ нобэ Iэмал щыIэщ ядэIэпыкъуну, гъуэгу захуэм ирытрагъэувэжыну. Дэ абы и Iуэху зыдохуэ икIи адэкIи зетхуэнущ. Абы щыгъуэми ди республикэм дэ цIыхухэм щахэтпщэн хуейщ экстремизмэмрэ радикализмэмрэ зэрыщыту лъагъумыхъуныгъэ хуаIэныр. ЦIыхум сытым ехьэлIауи уепсэлъэфынущ, сыткIи угурыIуэфынущ. Нобэ ди къэралым цIыхум зыхуеину Iэмал псори ирет хабзэм тету къилэжьыну, щIэныгъэ зригъэгъуэтыну… ЗэфIэкI лъагэ зиIэ цIыху куэд дэ диIэщ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэу. Дэ диIэщ щIалэгъуалэ телъыджэ, цIыху дахэхэр. АрщхьэкIэ… радикалхэр зэхашэн папщIэ дуней псом лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Экстремизмэмрэ терроризмэм-рэ я нобэрей щытыкIэм дэ къытхуегъэув дысакъыну. Дауи, щыIэщ гугъуехь пыухыкIахэри. Дэ щытыкIэр зэпкърыдох, ди щIалэгъуалэм ящыщ куэд ИнтернетымкIэ зэхашэ. Абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэшхуэ едгъэкIуэкIыпхъэщ. Шынагъэрэ текъузэныгъэкIэкъым. ЦIыхухэм епсэлъэн хуейщ. Ахэр зыIэщIэдгъэкI хъунукъым. Дэ абыхэм демыпсалъэ-мэ, ИнтернетымкIэ дахьэхынущ, жылагъуэм и лъабжьэр, щIыналъэм и лъабжьэр, къэралым и лъабжьэр ягъэмэхэн папщIэ. Ар хуабжьу Iуэхугъуэшхуэщ, къалэнышхуэщ.
  •  
  • Къулыкъум къарит Iэмалхэм езыгъэлейхэм, Iулъхьэ тын-къеIыхыным ебэныныр
  • лъэныкъуэ псомкIи щокIуэкI
  •  
  • Дунейр къызэригъэщIрэ, Iулъхьэ тын-къеIыхыныр щыIэщ. Абы иджыри къэс зыри текIуэфакъым. Къэрал псори а Iуэхугъуэм йобэн, дыдейри яхэту. Законодательствэм иужьрей илъэсхэм зэхъуэкIыныгъэ куэд халъхьащ. Программэ щхьэхуэ щыIэщ. А Iуэхугъуэр сыт щыгъуи бы-дэу и нэIэ щIэтщ Путин Владимир Владимирович. Республикэм и гугъу пщIымэ, Iэмал куэд щыIэщ коррупцэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр ягъэмэщIэну. Ахэр хабзэгъэув актхэрщ, ахэр унафэ къыщащтэкIэ нахуэу, зэIухауэ тепсэлъыхьауэ щытынырщ. Абы иужькIэ къулыкъущIэ мыхъумыщIэм Iэмал нэхъ мащIэ иIэнущ. Куэдрэ къызытрагъэзэжа псалъэхэр жысIэнщи, дэ апхуэдэхэр тшэчынукъым. КъытIэрыхьэ хъыбар псори набдзэгубдзаплъэу зэхыдогъэкI, зыхуэфащэ IэнатIэхэм яIэрыдогъэхьэ. Абы щыгъуэми дэ псоми къыдгурыIуэн хуейщ, цIыхур щIэпхъаджа-щIэу жытIэ хъунукъым, судым и унафэ щымыIауэ. Дэ гъунапкъэм дызэпрыкIыну къезэгъыркъым. Абы щыгъуэми, къулыкъущIэхэм ехьэлIауэ, дэ къыпикIуэт диIэ хъунукъым. Къыщыхъуа щыIэщ цIыхухэр я къулыкъум щытедгъэкIа, уголовнэ Iуэхухэр къащыхуэтIэта. Ауэ къытезгъэзэжынщи: цIыхум суд тращIыхьыхукIэ, дэ жытIэфынукъым ар щIэпхъаджащIэу. Абы къикIыркъым ди деж коррупцэр щымыIэу, дэ гугъуехь куэд диIэщ. ЩыIэщ бытовой коррупцэ, Iулъхьэ яту. Ар Iуэхугъуэ зэхэтщ, гъэсэныгъэм ехьэлIа Iуэхугъуэщ. Дэ зэгъусэу дылэжьэн хуейщ, жылагъуэ институтхэр, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр къешэлIауэ. Коррупцэм ехьэлIа Iуэхугъуэшхуэхэм щытепсэлъыхькIэ жылагъуэр, IэщIагъэлIхэр къегъэблэгъэн хуейщ. Дэ абы адэкIи пытщэнущ.
  •  
  • Налшык и тхыдэ центрыр
  • къэгъэщIэрэщIэжыным и етIуанэ
  • Iыхьэм и IуэхукIэ
  •  
  • Къэбэрдей уэрамым ехьэлIауэ щIэблэ зыбжанэм яIа хъуэпсапIэхэр гъэзэщIа хъуну сыхуейт. Ахэр хуеящ ар лъэсырызекIуэ, зыгъэпсэхупIэ щIыпIэу ялъэгъуну. Дызэрегупсыса дыдэм хуэдэу псори мыхъуагъэнкIи хъунщ, ауэ щIэдзапIэ щыIэщ. АдэкIэ ди мурадхэм я гугъу пщIымэ, тхыдэ центрыр къэгъэщIэрэщIэжыным пытщэнущ. ЩыIэщ КIыщокъуэм, Нэгумэм я уэрамхэр, адэкIэ Свободэм и уэрамыр, япэ поликлиникэм и щIыпIэр, Нэхущым и уэрамыр. Дэ дыхуейщ а «зэпэплIимэр» тхъумэну, унэхэр зыхуей хуэдгъэзэжыну. Апхуэдэ проектхэр щыIэщ, абы нобэ иужь дитщ икIи Iэмал имыIэу ар и кIэм нэдгъэсынщ. Пасэрей Налшыкым и щIыпIэ къэунэхунущ, цIыхухэм я нэгу зыщрагъэужьу, Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр щащIэу. ХьэрычэтыщIэм абыи сэбэпынагъ къыхихыфынущ икIи дэ тхыдэм и теплъэр тхъумэфынущ. Апхуэдэ мурад диIэщ.
  •  Ди жагъуэ зэрыхъунщи, мыхъумыщIагъэ къыщыхъуи щыIэщ. Сэ, дэтхэнэ цIыху тэмэмми хуэдэу, ар си жагъуэщ. Къэбэрдей уэрамыр зыхуей хуэгъэзэным цIыхухэм — властым и IэнатIэхэм, хьэрычэтыщIэхэм, цIыху къызэрыгуэкIхэм — я гуи я пси халъхьащ. Ауэ ар гъащIэщ. Руль зыIыгъ цIыхум зэпрыкIыпIэр джэгупIэ ищIащ. Руль щиIыгъкIэ, дауи, ар сабийуэ къыщIэкIынкъым — балигъщ. Ар дэ тхуэгъэсэжыну къыщIэкIынкъым, дыхуей пэтми. Жылагъуэм и Iыхьэ узыншэм сыщогугъ, ахэр куэдкIэ нэхъыбэщ. ЦIыху куэд абы игъэгубжьащи, сегъэгуфIэ. Ар и щыхьэтщ я къалащхьэм, республикэм папщIэ куэдым гудзакъэ зэраIэм. Апхуэдэ цIыхухэр щыщыIэкIэ, псори тэмэм хъунущ. Адрейхэр зырикIщ, зи гугъу тщIа рулыр зыIыгъари зэгуэр зэгупсысыжынщ.
  •  
  • МФЦ-м и мыхьэнэр — цIыхухэр игъэтыншыну аращ, атIэ гугъуехь хигъэтынуракъым
  •  
  •  Президент Путин Владимир Владимирович и Указым ипкъ иткIэ цIыхухэм шэсыпIэ яIэщ къэрал Iуэхутхьэбзэхэр фIагъ хэлъу яIэрыхьэну. А указым къигъэувхэр дгъэзащIэкIэрэ, иужьрей илъэсищым республикэм и муниципальнэ къэхъуныгъэ къэс МФЦ щаухуащ. Дэфтэрхэм къытхуагъэув къалэнхэм я гугъу пщIымэ, зыхуеину псори къызэдгъэпэщащ, мардэ псоми щIедгъэгъуащ. МФЦ-р — къэрал, муниципальнэ властымрэ цIыхубэмрэ зэпызы- щIэ лъэмыж цIыкIущ. А къулыкъум ди республикэм щIэупщIэ щиIэщ. 2013 гъэм апхуэдэ центрхэм илъэсым къриубыдэу Iуэхутхьэбзэ мин 30-33-рэ зэфIагъэкIыу щытамэ, иджыри имыуха мы гъэм мин 350-м нэсащ. Iуэхутхьэбзэхэр лIэужьыгъуэ 50-м нэблагъэу щытамэ, иджы 300 хъуащ. МФЦ-м и мыхьэнэр — цIыхухэр игъэтыншыну аращ, атIэ гугъуехь хигъэтынуракъым. Армырамэ къалэн куэд щагъэзащIэ центрхэм я гупсысэр хыдогъэкIуадэ. УбыдыпIэхэр дыщэм къыхэпщIыкIыфынущ, телевизор дахэхэр фIэбдзэфынущ, ауэ сыхьэт бжыгъэкIэ чэзум ухэтауэ, ауэ тэмэму къыщыбдэмыIэпыкъуфым и деж — ахэр зыри и мыхьэнэкъым. МФЦ-м и унафэщIхэм ягу къызогъэкIыж, къалэн куэд щагъэзащIэ центрхэм я положенэм ипкъ иткIэ абыхэм хуагъэува мардэмкIэ цIыхур абы нэхъыбэ дыдэу зэрыщIэтын хуейр дакъикъэ 15-щ. Армырамэ ар указыр зэрагъэзащIэкъым, атIэ IэхъуэтегъэкIщ. Дэ апхуэдэу ддэнукъым. Сыщогугъ, сэ нобэ сызэхахыу. Абы къыхэкIыу МФЦ-м щылажьэ икIи и унафэщI псоми ягу къэзгъэкIыжыну сыхуейт — Iуэхутхьэбзэр «Iуэхутхьэбзэ хуэщIэн» псалъэхэм къазэрытекIыр. Аращи, къыфхуэкIуэ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэфщIэ, атIэ гугъу евмыгъэхь. Дэ а щытыкIэм хэпщIыкIыу зедгъэхъуэжынщ. Сыхьэт бжыгъэкIэ чэзум хэтыныр, Искожым щыIэ МФЦ-м ехьэлIа- мэ, хэзыгъэзагъэ лъэхъэнэм тетлъхьэнщ. Абы IэщIагъэлI щIалэ куэд щыIэщ. Сыщыгугъынщ ахэр есэну икIи псори тэмэм хъуну.
  •  
  • ЯтIэкIэ щеIэзэ IуэхущIапIэр зыми иратынукъым. Ди цIыхухэм я сэбэп зыхэлъыр къэтлъытэнщи, унафэ тэмэм къэтщтэнщ
  •  
  • «Налшык» курортыр къэгъэщIэрэщIэжыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр республикэм ткIийуэ щыщытщ. ЯтIэкIэ щеIэ-зэ IуэхущIапIэм ехьэлIауэ — ар зыми иратынукъым. Iуэхум зэуIуу дыхэплъэнщи, ди цIыхухэм я сэбэп зыхэлъыр къэтлъытауэ унафэ тэмэм къэтщтэнщ. Пенсэм щысхэр, мылъкукIэ хуэмыщIыщахэр тыншын папщIэ.
  •  Отраслым зэрыщыту зэрызиужьынум и гугъу пщIымэ, къызолъытэ физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплекс нэхъыбэ диIэн хуейуэ, псом хуэмыдэу псы есыпIэхэр хэту. Къэбэрдей-Балъкъэрым псы есыпIэу тху щыIэу аращ, абыхэм ящыщу Бахъсэн дэтыр мылажьэу. Iуэхум иужь ихьащ.
  •  Шэрэдж щIыналъэм щаухуэну я мурадщ псы есыпIэ зыхэт ФОК. Ар пхыгъэкIыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм федеральнэ IэнатIэхэм иджыпстукIэ щолэжь, зыхуэфащэ программэхэм дыхыхьэу 2017-2018 гъэхэм фIэмыкIыу мылъку къытхуаутIыпщыфын хуэдэу.
  •  Нарткъалэрэ Прохладнэрэ щаухуэ физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплекситIыр и кIэм нагъэсащ. Ахэри куэдрэ ящIащ. Iуэхур къетхьэжьэжауэ иджы зэфIыдогъэкI. Аруан, Прохладнэ щIыналъэхэм щыпсэухэм ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу нэгъуэщI тыгъи яхуэтщIынущ — мы гъэм лэжьэн щIадзэнущ псы есыпIэ зыхэт комплекситI.
  •  
  • Сымаджэхэм я гугъуехьхэр щагъэхъуж IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я зэранщ
  •  
  • Къэралым иджыпсту Iэмал псори къызэригъэпэщащ сымаджэщым щIэхуа цIыхухэм езыхэм хущхъуэ къамыщэхун хуэдэу. Пэжыр жысIэнщи, тхьэусыхафэхэр, цIыхухэм зыкъызэрытхуагъазэхэр щыIэщ къалэ япэ сымаджэщым, щабэу жысIэнщи, псори зэрыщымытэмэмым ехьэлIауэ. Абы къыхэкIыу унафэ тщIащ зыхуэфэщэн комиссэ Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэм къызэригъэпэщыну. ЩэкIуэгъуэм и 25 пщIондэ абы и унафэщIым и Iуэхур зэхэкIынущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, апхуэдэ щытыкIэр къемызэгъыу къызолъытэ. Узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэм, псом хуэмыдэу дохутыр нэхъыщхьэхэм, нобэ апхуэдиз хуитыныгъэрэ Iэмалрэ яIэщи, сыт хуэдэ гугъуехьри зэфIахыфынущ. Сыт зы сымаджэщым ар щIахузэфIэкIыр, къалэм и япэм ар къыщIемыхъулIэр? Ар тэмэмкъым. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэм теухуауэ цIыхухэм хъыбар дагъэщIэн хуейуэ къызолъытэ. Ар улахуэми, хущхъуэхэр къэщэхунми ехьэлIащ. Псори зэлъытар унафэщIращ. Зи къалэным пэмылъэщхэр, тхъуэжынущ.
  • Кардиоцентрым ахъшэ къызэрыщыIахым теухуа Iуэхугъуэхэри хуабжьу ткIийуэ зэхэдгъэкIынущ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ, дауи, псори зэхэгъэкIын хуейщ. «ФIы зи мурадхэр» куэд щыхъу щыIэщ. Ауэ иджыри зэ къыхызогъэщри, псори къэпщытэн хуейщ, зыри хэбдз хъунукъым. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр пэжу къыщIэкIмэ, ткIийуэ дыбгъэдыхьэнущ. Узыншагъэр хъумэнымкIэ министрыщIэм сызэхихыну сыщогугъ.
  •  
  • Автодромыр щIалэгъуалэр зыщIэхъуэпсщ.
  • Ар зыхуэныкъуэщ
  •  
  • Аруан къуажэм и автодромыр — япэ идгъэщ проектхэм ящыщ зыщ. Ар щIалэгъуалэр зыщIэхъуэпсщ. Ар зыхуэныкъуэщ. ЖысIэн хуейщ, япэ Iыхьэр мы гъэм и гъэмахуэм ттащ. Ар сабий автошколырщ, иджырейуэ, хуабжьу ехьэжьауэ. Инвесторхэр, ухуакIуэхэр елIэлIащ. ДяпэкIи апхуэдэ фIагъ зиIэ объектхэр дыухуэфмэ, проектыр тэмэму гъэзэщIа хъунущ.
  • Езы гъуэгум и гугъу пщIымэ, гъэмахуэм ирихьэлIэу лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэр зэфIэкIынущ. Техникэ лъэпощхьэпо куэд щыIащ: щIыщIагъ псыхэр, коммуникацэхэр, псыщIэжхэр. УхуапIэ щIыпIэр къызэрыгуэкIыу щытакъым, ауэ, ди насыпти, псори къызэранэкIащ. Абы къыхэкIыу проектым и кIэух Iыхьэр гъэзэщIэныр нэхъ псынщIэу екIуэкIынущ. 2017 гъэм и кIэухым ирихьэлIэу гъуэгур хьэзыр хъунущ.
  •  
  • СурэтыщI щIалэхэмрэ режиссёр студиер къэзыухахэмрэ защIэгъэкъуэным и IуэхукIэ
  •  
  • Шэч хэмылъу, ди сурэтыщIхэм защIэдгъэкъуэн хуейщ. Фыкъызогъэгугъэ, творческэ, художественнэ лъэщапIэхэр къыщызэрагъэпэщын папщIэ гъатхэпэ мазэ пщIондэ хэщIапIэ къахуэдгъуэтыну. Абы сыкIэлъыплъынущ. Iэмал зыбжанэм дыхоплъэ, дыкъызэтеувыIэнур зэкIэ пыухыкIауэ схужыIэнукъым.
  • КъищынэмыщIауэ, къалэн ткIий диIэщ Сокуров А. Н. и творческэ лъэщапIэр къэзыуха режиссёрхэр зыщIэсынымкIэ къызэгъэпэщыным теухуауэ. Ахэр цIыху 12 мэхъу. Къэдгъэгугъащ хэщIапIэ къахуэдгъуэтыну. Къэдгъэлъэгъуа пIалъэм къриубыдэу ахэр къызэдгъэпэщыну сыщогугъ я творческэ проектхэр щагъэзэщIэфын унэкIэ.
  • СурэтыщIхэм щагъэлъагъуэ я павильоным и гугъу пщIымэ, дапхуэдизу къыдэхьэлъэкIми, театрхэм я уардэунэр (мы гъэм абы и щIыбыр зэхудощI) дауэ хъуми, Iэмал имыIэу ттынущ. А объектым ехьэлIауэ дызыхуэ- кIуэ илъэсым ипэкIэ дыкIуэтэну сыщогугъ. СурэтыщIхэм, режиссёр щIалэхэм, псалъэм къыдэкIуэу, зэфIэкI зиIэ- хэм, дэ дадэIыпыкъун хуейщ.
  •  
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм
  • я гъащIэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ
  • дяпэкIи псори тщIэнущ
  •  
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм псоми фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ эфир занщIэм зэрыхэтам, зэрафIэхьэлэмэтам къыхэкIыу. КъытIэрыхьа упщIэхэм я куэдагъыр, дауи, щыхьэт тохъуэ зэфIэмыха гугъуехь куэд иджы-ри зэрыщыIэм. Ахэр зэфIэдгъэкIынущ. Республикэм щыпсэухэм сэ фIыщIэ яхузощI ар къазэрыгурыIуэм папщIэ. Псори зы махуэм пхузэфIэхынукъым. Дэ, фи фIэщ фщIы, республикэм и Парламентми, Правительствэми, муниципальнэ советхэм я Iэтащхьэхэми дяпэкIи псори тщIэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм, ди хьэщIэхэм, ди Къэбэрдей-Балъкъэр дахащэм зи гъащIэр езыпха дэтхэнэ зыми и псэукIэр едгъэфIэкIуэн папщIэ. Иджыри зэ псоми фIыщIэ фхузощI!