Урысейпсо къэпщытэныгъэр КъБКъУ-м щокIуэкI
2016-11-22
- ЩэкIуэгъуэм и 20-м КъБКъУ-м щекIуэкIащ Урысейпсо географие диктант. Урыс географие зэгухьэ-ныгъэм и Попечительскэ советым и Тхьэмадэ, УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща а къэралпсо къэпщытэныгъэм и мурад нэхъыщхьэхэр Урысей Федерацэм щыпсэу цIыхухэм хэкум и географие и лъэныкъуэкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэр убзыхунырщ, апхуэдэуи а унэтIыныгъэм жылагъуэм щиIэ пщIэмрэ гулъытэмрэ къыщыIэтынырщ. Университетым нэмыщI диктантыр щекIуэкIащ Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ уардэунэм.
- Урысейпсо географие диктантым хэтыну КъБКъУ-м къекIуэлIат цIыху 600-м щIигъу — республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм, колледжхэм я егъэджакIуэхэр, студентхэр, курыт школхэм я класс нэхъыжьхэм щIэсхэр. Ахэр университетым и пэш нэхъ инхэм ящыщ зым щызэхуашэ-сащ. Диктантым щIидзэн ипэ абыхэм захуигъэзащ КъБКъУ-м и проректор Баразбиев Муслъим. Диктантыр зэрекIуэкIыну щIыкIэхэм я гугъу ищIа нэужь, ар къэпщытэныгъэм хэт- хэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэкIэ лэжьыгъэм пэлъэщыну.
- Мыгъэрей диктантыр нэхъ гугъуу зэхэлът, нэгъабэрейм еплъытмэ. УпщIэ 30 хъу къэпщытэныгъэр зэхэтт географием и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэм хыхьэ лэжьыгъэхэмкIэ. Апхуэдэхэт, къапщтэмэ, топографием епхахэр, ди къэралым и къалэ нэхъ инхэм, бгылъэ щIыпIэхэм я щхьэхуэныгъэхэм пыщIахэр, литературэми географиеми ехьэлIахэр, нэгъуэщIхэри.
- Диктантым кърикIуахэр дыгъэгъазэм и 25 пщIондэ наIуэ къыщащIынущ Урыс географие зэгухьэныгъэм и сайтым.
- КЪАРДЭН Маритэ.