ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Япэ итахэр я гъуазэу

2016-11-22

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий дзэм къулыкъу щащIэну яшэ ди щIалэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ республикэ военкоматым щэбэт кIуам щахуэзащ.
  •  
  • «Хэкум къулыкъу хуэп­щIэныр сыт щыгъуи щIыхьщ икIи жэуаплыны-гъэ зы­пылъщ. Урысейм и Президентым, адрей уна­фэщIхэм куэд зэфIагъэкI къэралым и лъэщагъыр гъэбыдэным хуэунэтIауэ. Дзэр иджырей IэщэкIэ зэ­щIаузадэ, ар зыхуэдэр, абы и зэфIэкIыр дуней псом къыщалъытэ», — жиIащ ­КъБР-м и Iэтащхьэм, ныбжьыщIэхэм защыхуигъа­зэм.
  • ЩIыналъэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ дзэм дэкI ди щIалэхэм республикэм и щIыхьыр хуэфащэу зэра­хъумэнур, я пщIэр зэраIыгъыжынур и фIэщ зэры­хъур. «Дэ дыкъокIуэкI дзэм дгъакIуэ ди щIалэхэм дригушхуэу, яхэлъ гъэсэныгъэм, лIыгъэм, нэхъыжь-хэм пщIэ зэрыхуащIым ­папщIэ. Дыфщогугъ абыхэм я щапхъэм фригъуазэу фи къулыкъур ефхьэкIыну», — жиIащ КIуэкIуэ Юрий.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу ныбжьыщIэ 1300-р мы гъэм дзэм ираджащ. «Дэ яужь дитщ армэм дэдгъэкI ди щIалэхэм я бжыгъэм илъэс къэс зэрыхэдгъэхъуэным. ДяпэкIи абы дыхущIэкъунущ», — къыхигъэбелджылыкIащ КIуэкIуэ Юрий.
  • Дэтхэнэ щIалэми иратащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и телефон ­номерхэр зэрыт, хуей хъу-мэ, зэрызыкъыхуагъэзэну тхылъ цIыкIухэр.
  • Мы иджырей дэкIыгъуэм хиубыда ди щIалэхэр Тэн Iус Ростов къалэрщ здашар. Абыхэм Урысей Федерацэм и Хьэуа-хьэрш къарухэм къулыкъу щрагъэщIэнущ.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.