Ныкъуэдыкъуэхэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказ Ищхъэрэм щыпашэщ
2016-11-19
- Ныкъуэдыкъуэхэм ящыщу лэжьапIэ Iутхэр щынэхъыбэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым, къет «ТАСС» хъыбарегъащIэ агентствэм.
- ЦIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ республикэм и департаментым и унафэщI АфэщIагъуэ Къантемыр зэрыжиIамкIэ, IэнатIэ къэгъуэтынымкIэ дэIэпыкъуну къэлъэIуахэм ящыщу лэжьыгъэкIэ къызэ-
- рагъэпэщахэм я процент 25-р ныкъуэдыкъуэхэрщ. «Ар куэдкIэ нэхъыбэщ 2016 гъэм планкIэ къытпэщытам нэхърэ. Дызэрыт илъэсым и пэщIэдзэ лъандэрэ КъБР-м лэжьапIэ IэнатIэхэр цIыху 5210-м къыщыхуагъуэтащ. 2015 гъэм и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ ар проценти 5-кIэ нэхъыбэщ», — къыхигъэщхьэхукIащ АфэщIагъуэ Къантемыр.
- Апхуэдэу абы жиIащ республикэм исхэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщыным хуэгъэза политикэр жыджэру пхыгъэкIыным гъэ къэс сом мелуан 17 хуэдиз зэрыхухахыр.