ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Фэтэр куэд хъу унэхэр зэрызэрагъэпэщыжым теухуауэ

2016-11-19

  • «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэд хъу и унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным теухуа программэр зэрагъэзащIэмрэ абы пыщIа гугъуехьхэмрэ».Аращ зытеухуауэ щытар «КапремонтымкIэ щIыналъэ оператор» мыкоммерцэ фондым и унафэщI Щоджэн Артур иригъэкIуэкIа пресс-конференцыр.
  •  
  • ЩытыкIэр щызэпкърихым абы къыхигъэщащ фэтэр куэд хъу унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыныр псэупIэр зейхэм я зэхуэдэ къалэну зэрыщытыр, взносхэр и чэзум ямытмэ, иужькIэ гугъу зэрехьыжынур, суд Iуэху зэращIынур.
  • — Пэжщ, ахъшэу зэхуахьэсымрэ лэжьыгъэм хэтлъхьэмрэ, нэгъабэ елъытауэ, хуэдитIкIэ хэхъуащ. Илъэс кIуам унибл зэдгъэпэщыжамэ, мы гъэм 15 зыхуей хуэдгъэзэнущ. Абыхэм сом мелуан 48-рэ хухэтхащ. Лэжьыгъэ псори зэрыдубзыхуам тету йокIуэкI. Объектхэм я зэхуэдитIыр ятащ, адрейхэм я тхылъхэми мыгувэу комиссэр хэплъэнущ. Фэтэр куэд хъу унэхэр республикэм и щIыналъитхум къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыж. Апхуэдэщ взносхэр нэхъыфIу щызэхуахьэса Налшык, Нарткъалэ, Прохладнэ, Май къалэхэр, Прохладнэ районыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым фэтэр куэд хъу и унэхэм я нэхъыбэр жьы хъуащ. УнафэщI компаниехэм, ТСЖ-хэм, псэупIэ кооперативхэм къызэрыгуэкI ремонтым мылъку гуэрхэр хухах. Ауэ абыкIэ зэфIэкIынукъым, къызыхуэтыншэу зэдмыгъэпэщыжмэ, адэкIэ дыпэмылъэщыжу кхъахэ хъунущ. Къэралым и дэнэ щIыпIи хуэдэу, дэри мы Iуэхум дегъэпIейтей. Капремонтым и щIыналъэ програм- мэм хагъэхьа унэхэр зыхуей хуэгъэзэным сом мелард пщыкIузым нэблагъэ текIуэдэнущ. Апхуэдиз ахъшэ республикэм иIэкъым. Бюджет лIэужьыгъуэ псоми я мылъкур зыхухахыр социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр гъэзэщIэнырщ. Абы къыхэкIыу, унэхэр зэгъэпэщыжыным хуэзэ мылъкум и къыхэкIыпIэ нэхъыщхьэу нобэ щыIэр псэупIэр зейхэм зэхуахьэс ахъшэрщ. Зы кIэпIейкIи кIуэдынукъым: цIыхухэм мазэ къэс ятын хуей взносыр капремонтымкIэ щIыналъэ фондым и счет щхьэхуэм макIуэ е псэупIэр зейхэм я счет хэхам щызэхуахьэс,- къигъэлъэгъуащ Щоджэн Артур.
  • Абы зэрыжиIамкIэ, Урысей Федерацэм ПсэупIэмкIэ и кодексым халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм занщIэу къащтакъым.Аращ иджыри къэс ахъшэ мащIэ фIэкIа щIызэхуамыхьэсыфар. Абы и зэранкIэ, щIыналъэ программэр гъэзэщIэным тэмэму яхущIэдзакъым, 2015 — 2016 гъэхэм къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжыну ягугъа унэхэм я бжыгъэр ягъэмэщIэжын хуей хъуащ. ЩIыналъэ операторым иригъэкIуэкI ягурызыгъаIуэ-хэзыгъэгъуазэ лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ, иджы щытыкIэм зехъуэж. ЦIыхухэм я нэхъыбэм къагуроIуэ и чэзум зумыгъэпэщыжмэ, унэр къызэтещэхэнкIэ зэрыхъунур. Урысейм и Конституцэ Судым взносхэр зэхуэхьэсыныр хабзэм къезэгъыу къилъыта нэужь, абы шэч къытезыхьэжыр мащIэщ.
  • «КъБР-м фэтэр куэд хъу и унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжынымкIэ щIыналъэ оператор» мыкоммерцэ фондым и унафэщIым а Iуэхум нэхъыщхьэу хэлъхэр журналистхэм ягу къигъэкIыжащ. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, псэупIэр зей псоми капремонтым взносхэр халъхьэну я къалэнщ. ЩIыналъэ операторым и лэжьыгъэр зэIухащ, зэхуахьэс ахъшэр зэрыхъур хэти хуиту зригъэщIэфынущ. Ар капремонтым и фондым и счёт хэхам е щIыналъэ операторым и счёт щхьэхуэм халъхьэ хъунущ. Япэ Iэмалыр къыхэзыххэм подряд организацэр езыхэм къагъуэтыжу зэгурыIуэныгъэ иращIылIэн, щIыналъэ программэм къыщыгъэлъэгъуа пIалъэм къитIасэу ремонтыр ирагъэкIуэкIын хуейщ. Унэр фIэкIыпIэншэу зэгъэпэщыжыпхъэу къалъытэу зрикъуну ахъшэ зэхуахьэсамэ, лэжьыгъэм нэхъ пасэу щIадзэ хъунущ.
  • Программэм зэрыщыубзыхуам хуэдэу, щIыналъэ операторым и счётым ягъакIуэ ахъшэмкIэ капремонтыр ирагъэкIуэкIынущ, лэжьыгъэм и фIагъымрэ пIалъэм къызэритIасэмрэ кIэлъыплъынущ, зэфIэгъэкIа хъуахэр къапщытэнущ. ПсэупIэр зейхэр хуитщ я зэIущIэхэм къыщащтэ унафэкIэ счёт щхьэхуэ къызэIуахыну. Мыбдежым абыхэм къалъытэн хуейщ унэр щаухуа илъэсыр, абы и техникэ щытыкIэр, фэтэрхэр зыхуэдизыр.
  • Капремонтым и республикэ программэм унэ 2269-рэ хагъэхьащ. Ахэр зэрызэрахьэнум я илъэс планхэр муниципалитетхэм щызэхалъхьэри, республикэ программэм щызэхуагъэкIуэжащ. ЕтIанэгъэ унэ 47-рэ зэрагъэпэщыжынущ. Абы сом мелуан 91,5-рэ хузэщIагъэуIуащ. Мы гъэм лифт Iэмэпсымэу 21-рэ яхъуэжащ, илъэс дызыхуэкIуэми а Iуэхум гулъытэ хэха хуащIынущ.
  • — Ахъшэр ирикъуу къыхэхыныр ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Нобэ ирихьэлIэу халъхьар къыхэкIын хуеям и процент 15-м нэсщ. Абы и лъэныкъуэкIэ Урысейм хуабжьу дыкъыщыкIэроху. Шэрэдж, Iуащхьэмахуэ, Шэджэм, Бахъсэн щIыналъэхэм Iуэхур щынэхъ гугъущ. Абыхэм щызэхуахьэсар мащIэ дыдэщ. ЩытыкIэм зегъэхъуэжыным иджы нэхъ хэкъузауэ яужь дитщ, нэгъабэ и щэкIуэгъуэ лъандэрэ щIыналъэ операторыр взносыр зымытхэм жыджэру ядолажьэ. Нобэ ирихьэлIэу сом мелуанихым нэблагъэ суд унафэкIэ едгъэтыжащ, зыхуэфащэ тхылъу 1136-рэ суд приставхэм хуагъэхьащ. ХабзэщIэмкIэ щIыхуэ зытелъыр ирамыджэу, судыр искхэм хэплъэну хуитщи, лэжьэгъуэ махуитхум къриубыдэу унафэ къащтэ. ЦIыхухэр зэрыхуэмыщIар, псоми я хэхъуэр зэрызэхуэмыдэр къыдгуроIуэ. Абы къыхэкIыу, зэтрагъэхьа щIыхуэр зэуэ зымытыжыфхэм зыкъытхуагъазэмэ, дэтхэнэми зэгурыIуэныгъэ етщIылIэнурэ, зэщхьэщыхауэ хедгъэлъхьэжынущ,- къыхигъэщащ «КапремонтымкIэ щIыналъэ оператор» фондым и унафэщIым.
  • Взносхэр зымытхэм дяпэкIэ тралъхьэну пеняр зыхуэдэм журналистхэр щIэупщIащ. Щоджэн Артур зэрыжиIамкIэ, капремонтым и фондым халъхьэ ахъшэр псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэм хабзэкIэ зэрыхагъэхьам къыхэкIыу, УФ-м ПсэупIэм-    кIэ и кодексым зэрыщыгъэувам тету, КъБР-м капитальнэ ремонтымкIэ и щIыналъэ фондым жэпуэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ цIыхухэм пеня ятрилъхьэну хуитщ. Пеняр щытехьэр ахъшэр мазэкIэ хамылъхьэмэщ, ауэ мазищ къыкIэлъыкIуэм абы хуэдитIкIэ хохъуэ.
  • Фэтэр куэд хъу унэхэм щыпсэухэм метр зэбгъузэнатIэм хуэзэу мазэм взносу ятыр соми 6,22-рэщ. Абы хагъэхъуэну я мурадкъым.
  • Щоджэн Артур журналистхэм я упщIэ куэдым жэуап яритащ, илъэс дызыхуэкIуэм нэхъыщхьэу къапэщытхэр зэпкърихащ.
  • Фэтэр куэд хъу унэхэр къызыхуэтыншэу зэрызэрагъэпэщыжым теухуа хъыбархэр www.kapremontkbr.ru сайтым къыщагъуэтынущ, апхуэдэу 8-800-700-67-12 телефонымкIэ къыжраIэнущ.
  • Хьэжыкъарэ  Алик.