ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2016-10-01

  • Тхыгъэ кIэщIхэр
  • Кърухэр
  • Уэгум итщ кърухэр. Махуэми жэщми. ЩыуэфIи щыуэлбани.
  • МахуэкIэ зэхэпхыркъым абыхэм я макъ, йоIэ-йокъу, нэху щIыкIэ я гъуэгуанэм нэхъыбэ хагъэщIыну. Ауэ жэщ хъуамэ… ФыдаIуэт:
  • — Къру… Къру…
  • Ар уэрэдкъым — кърухэм я макъыр япэкIэ яутIыпщу аращ, лъэпощхьэпо гуэр къапэщытмэ, зрагъэщIэну. Апхуэдэ щыIэмэ, макъыр абы жьэхоуэри, и джэрпэджэжым къегъэзэж, ар къру пашэм къыIэрохьэри, и гупыр лъэныкъуэкIэ Iуеш.
  • Тыншкъым кърум я Iуэхур. Псом хуэмыдэу къалэн гугъу егъэзащIэ къру пашэм. Абы къыхэкIыу ар щытын хуейщ къарууфIэу, гуп къешэкIыным хуэIэзэу. Апхуэдэщ къру пашэ ящIри.
  •  
  • Толъкъун  гуапэ
  • Тенджыз Iуфэм Iулъщ зи щхьэр джафабзэ мывэ хъурей дахэ. Абы толъкъуныр зы дакъикъэкIэ къытолъадэри, гуапэу къытолъэщIыхь, IэплIэ къыхуищI хуэдэ, икIи шкIурэжу хуэмурэ Iуожыж. Абы иужькIэ мывэр нэхъ джафэж, нэхъ дахэж хъуауэ къыпщохъу.
  • Толъкъуным и лэжьыгъэр зылъэгъуа уадэм ар апхуэдизкIэ игу ирихьащи, мурад ещI езыми нэгъуэщI мывэ апхуэдэу джафэ дахэ ищIыну. АрщхьэкIэ сыт хуэдизу емыгугъуами, и Iуэхум зыри къикIакъым. Уадэр техуэху, мывэм зы Iыхьэ къыгуэхурт, езыри нэхъ фаджэ хъу зэпытт.
  • ИтIанэ уадэр толъкъуным йоупщI:
  • — Дауэ плъэкIа апхуэдиз и джафагъыу, и захуагъыу мо мывэр пщIын?
  • — Сэ сеуэркъым. Сэ содэхащIэ, — жиIащ толъкъуным.
  • Гурунц  Леонид,  ермэлы  тхакIуэ.
  • ЗэзыдзэкIар  Къагъырмэс  Борисщ.
  •  
  • Псалъэжьхэр
  •  Нэмысым  насып  къыдокIуэ
  • Уэздыгъэр лъагэху, нэхур нэхъ жыжьэ едз.
  • Унэ къыбдимысарэ гъусэ къыпхуэмыхъуарэ я хьэл пщIэркъым.
  • Хущхъуэри ебгъэлеймэ, щхъухьщ.
  • «ЖаIащ» жыпIэу, умыщIэ уримыпсалъэ.
  • ЗэгурыIуэ я Iуэху псынщIэщ.
  • Зи нэхъыжь едаIуэ и Iуэху мэкIуатэ.
  • КъыпкIэлъымыкIуэм узыкIэлъигъэкIуэнукъым.
  • Нэмысым насып къыдокIуэ.
  • Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщIэм гъуэгу ет.
  • Нобэрей Iуэхур пщэдей пумыгъаплъэ.
  •  
  • ЖыIэгъуэхэр
  • Хуэфащэр къызыщыщIауэ арэзы щыIэ?
  • Пэжыр къыбжаIэу мыхъумэ, яжепIэу яфIэфIкъым.
  • Iуэхур хэIущIыIу мыхъуху, пэжри пцIыри зэIыхьэгъущ.
  • Псоми узэхахыну ухуеймэ, щэху цIыкIуу псалъэ.
  • Сэбэпыншэ зэпэубыда щыIэкъым.
  • Тхьэмпэм и къыпыхужыкIэм ещхьущ гъащIэм сэлам зэрепхыжынур.
  • Уи гур зэIупхыну ухуэмыпIащIэ — ущIауэ къэнэнщ.
  • Щытхъупсым и Iуфэм зыщыIэжьэ — абы хэхуауэ имытхьэла къэхъуакъым.
  • Узыр хъужмэ, хущхъуэри ящогъупщэж.
  • Iэпкълъэпкъ пщыкIутI уиIэрэ уимыIэрэ къомыузу пщIэнукъым.
  • Ежьужь мащIэ гум щыгъуалъхьэрэ?
  • Хуэфащэр къызыщыщIауэ арэзы щыIэ?
  • Учэнджащэ хуэдэурэ къэппсэлъыр нэхъ пхокI.
  • Бейтыгъуэн  Сэфарбий.
  •  
  • Адыгэ фащэм и махуэ
  • Илъэс куэд щIауэ Иорданием щыIэ, пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ курыт школым адыгэбзэ щрагъэдж Дыгъужь Нанси, Апэжыхь Майе, ХьэдэгъэлI Эммэ, ХьэфIыцIэ Данэ сымэ. Адэжь хэкум икIа егъэджакIуэхэм мы сурэтыр Адыгэ фащэм и махуэм зытрагъэхащ.

  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу:1. «Нал …» — КIыщокъуэ Алим и роман. 5. ЩIы къиуда. 7. ЦIыхуу мелуан 250-м щIигъу щыпсэу, муслъымэнхэр процент 88-рэ щыхъу къэрал. 9. Лъахъстэн вакъэ пIащIэ. 10. 2008 гъэм Пекин щекIуэкIа Олимп джэгухэм чемпион щыхъуа адыгэ щIалэ. 11. IэщIэвыщIэ. 12. Пхъэм къыхэщIыкIа бжэмышхышхуэ. 15. Пасэрей хъыбарегъащIэ. 16. «Гукъыдэж» псалъэм и пIэкIэ ари къэбгъэсэбэп мэхъу. 17. Абхъаз Республикэм и къалащхьэ. 22. Гъэмахуэм лэжьапIэ пэшхэм, унэхэм щIагъэувэ хабзэщ. 24. Зи пхъэр щхъуафэ-хужьыфэ жыг лIэужьыгъуэ. МафIэдз, тхылъымпIэ хуэдэхэр абы къыхащIыкI. 25. Литературэ тхыгъэ. 26. Анэкъилъху. 27. Кавказым хиубыдэ республикэхэм ящыщ зым и къалащхьэ. 30. ЩIыIум нэгъуэщIу зэреджэ. 34. Къуажэ, псыежэх. 35. Мыщэм а хьэкIэкхъуэкIэр бэлацэу къыщохъу. 37. Нартыху хъумапIэ. 39. Гъавэ къэкIыгъэ. 40. Сэхуран зыщэм ишыхьа тхылъымпIэ. 42. БгитI зэхуаку. 43. И … къурыкъуу ежьэжащ. 44. ПщIантIэхэм дэту щыта пкъо, фIэдзапIэ и куэду. 45. ЦIыхуфэр … 46. Пасэрей зэрыпыджэ Iэщэ.
  • Къехыу:2. Жыг … 3. Егъэлеяуэ ерыщ. 4. УIэгъэр зэрапхэ щэкI кIапэ хужь. 6. «… жэщ» — Молэ Владимиррэ Джэдгъэф Борисрэ яуса уэрэд цIэрыIуэ, Сокъур Ольгэ цIыхубэм яхихьауэ. 8. ХадэхэкI. 13. Жыгыку гъуанэхэр зи псэупIэ псэущхьэ кIэ баринэ. 14. ЩIым гъуэ щызыщIу щыпсэу, хьэпIацIэхэр зи шхыныгъуэ псэущхьэ цIыкIу. 16. Жыг къэтIэпIам и нэщэнэ. 18. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 19. Языныкъуэ Iэщ лIэужьыгъуэхэм зэрызахъумэж Iэщэ. 20. Щхьэгъусэм и къуэш. 21. Стэканым е нэгъуэщI кумбыгъэ гуэрым и лъащIэм къина псы тIэкIунитIэ. 23. ЛIыжьыр мэтхьэусыхэ: «Жэщым си лъакъуэм … къыхохьэри си фэр ирех». 25. Дунейм щихуабэгъуэ, хьэуар хуиту щыпхуримыкъу зэман. 28. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ цIыхур щыту малIэ. 29. Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я щIыналъэхэм щежэх псы. 31. ШкIэ мэжэлIам и … макъ къэIуащ. 32. Пхъэщхьэмыщхьэ. 33. Кремлым и Iэхэлъахэм щыщIалъхьа политик, Брежневым идеологиемкIэ и дэIэпыкъуэгъу, чэнджэщэгъу пажэ щыта. 36. Хьэцэпэцэхэм я щхьэкIэ. 38. Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ къуажэ. 41. Псы е шэ къэкъуалъэм къыщхьэщех. 43. 1972 гъэм Германием щекIуэкIа дунейпсо Олимп зэхьэзэхуэм лъакъуэрыгъажэмкIэ чемпион щыхъуа адыгэ щIалэ … Борис.
  • Зэхэзылъхьар   Мыз  Ахьмэдщ.
  • ФокIадэм и 24-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:3. Шхуэ. 4. Калинин. 7. Псы. 10. Фадэ. 11. Нэм. 12. Ахъуэхъу. 13. Ущ. 14. Нысэ. 15. Сонэ. 16. Гуу. 17. Махъшэм. 19. Чыщмыщ. 22. Къэб. 23. Бдзы. 24. Хьэх. 27. Сэдэкъэ. 28. Зэрыджэ. 29. Кхъухь. 30. Уэркъ. 32. Пхъэхь. 34. Пэ. 35. Лыгъэ. 36. Нып. 37. ИкIута. 38. Кугъуэ. 39. Анэдэлъху. 40. Уэгъу.
  • Къехыу:1. Пхуэфащэмэ. 2. Псыхъуэгуащэ. 5. ЛантIэ. 6. Нэмыс. 8. Къудан. 9. Тхъусэ. 18. Шабзэ. 20. Щыхьэр. 21. Бдзы. 25. Псыхьэлыгъуэ. 26. ЩIэупщIакIуэр. 30. Уагъэ. 31. Къанжэ. 32. ПапцIэ. 33. ХьэкIуэ.
  •  
  • ГушыIэ
  • Зыми  зэхыумыгъэх
  • МышхуэфI Хьидхэ Iэджэ щIауэ зэрахуэ я жэм бжьэкIэрэф къуэхужьым, пщыхьэщхьитI-щы япэкIэ Iуэм яхуимыхьэжу, хьэблэ псор хьэзаб хигъэтащ. Ар яфIэгъэщIэгъуэну, цIыкIуи ини къеувэкIауэ хьеуаным зэрызищIым еплъырт.
  • — Мыжь, мыжь, — жиIэурэ Хьид, лIы гъум фIыцIэ цIыкIур, жэмым и гъуэбзиикIэм башкIэ мащIэу теуIуэрт. Къуэхужьыр, зрилъэфыхьурэ, Iуэ ихьэпIэм екIуалIэрт, итIанэ, бжэм и щхьэр зэрынэсу, фIалъэкIэ щIым теуэрти, псы пэгун зытракIам хуэдэу, лъэныкъуэкIэ зридзэкIт, и ужь итхэр кIий-гуоуэ къызэхинэрти, щIэпхъуэжырт…
  • А пщыхьэщхьэм къызэхуэсахэм сыт ямыщIами, жэмыр Iуэм яхуихьэжакъым.
  • — Ал-лэхьэ, зыгуэр зэран къыхэхъуам мыбы, — жаIэрт нэхъыжьхэм.
  • — Пщэдей пщIондэ еплъын хуейщ, — нэхъыбэм апхуэдэу къыщагъэувым, Хьид къуэхужьыр жэщым пщIантIэм дигъэтащ.
  • Пщэдей пщыхьэщхьэ гуэрыр къэсри жэмыр Iэхъуэм къикIыжащ. АрщхьэкIэ, аргуэрыжьти, Iуэм яхуимыхьэу щIидзащ. Гъунэгъухэр зэхыхьэу фIыуэ яубэрэжьа щхьэкIи «унагъуэм и пэлъэныкъуэр» хъийм икIри яхуэхъеякъым. Щымыхъужыххэм, «адэ-модэ» жаIэри «бзаджэнаджэм» зи хьилмы хэлъ я къуажэгъу Хьэрун къашащ. ЛIы сырыху нэ плъыжьым, жэмым зэрызищIым тIэкIурэ кIэлъыплъа нэужь, Iуэм йохьэри зеплъыхь, итIанэ псоми захуегъазэ:
  • — Уэлэхьийр Алыхьым и цIэщ, лажьэ зимыIэ хьеуаным лей ефхакIэ. Е унэ махуэ хъунхэ, Iэщ пхуекIуэлIэжын мыпхуэдэ Iуэм?! Зэрыунагъуэу къэкIуауэ бзаджэнаджэ гупышхуэ исщ! Аращ мы хьеуан тхьэмыщкIэр хъийм щIикIар: Iуэбжэм и щхьэр щIишиеху бзаджэнаджэхэр къыжьэхолъэри къагъащтэ. И гугъу фымыщI…
  • — Догуэ, Хьэрун, уэ зыгуэр пхуемыщIэну пIэрэ а бзаджэнаджэхэм? — зэхихам къигъэуIэбжьауэ, Хьид щIэупщIащ.
  • — ПхуещIэн жыпIа? Уэлэхьийр Алыхьым и цIэщ, зэрыщыту зэтезмыукIэм! Я лъапсэр згъэгъущынщ. Апхуэдэ Iэджэ слъэгъуащ сэ! — Хьэ-
  • рун хьэблэдэсхэр къегъэгугъэ ныжэбэ жэмыр Iуэм иту нэху къригъэкIыну.
  • Арати, ар пщыхьэщхьэм Хьидхэ къэнащ. ФIыуэ ешха-ефа нэужь Хьэрун унэгуащэм фIыщIэшхуэ хуищIащ ерыскъы IэфI зэригъэхьэзырам папщIэ, итIанэ зы гъущI гуахъуэ къаIихри, гъуэлъыжыгъуэхэм деж щIэкIащ, «бзаджэнаджэ» зэтриукIэнухэр унэм гужьейуэ къыщIэмылъэдэн щхьэкIэ бжэр зэлIзэфызым Iухауэ къамыгъэнэну унафэ ищIри. Хьид, а Iуэхухэр и фIэщ хъущэртэкъыми, зы заул дэкIауэ унэм къыщIэкIащ, Iэзэм еплъэкIуэну. Бжыхьым щыщхьэдэплъыхам, лIым илъэгъуар гъэщIэгъуэн дыдэт: Хьэрун гуахъуэр иIыгъыу Iуэ кIуэцIыр хъурейуэ къижыхьырт, зэ ар щIым хитIэу, зэм къыхичыжрэ зэрылъэкIкIэ шхалъэм еуэу, зэми гуахъуэр игъэкIэрахъуэрэ бэкхъ кIуэцIым щIиутIыпщхьэу. Абы щыгъуэми и жьэр имыгъэувыIэу къурIэныбзэ къибжырт…
  •  Сытми, зы сыхьэт ныкъуэкIэ «дунеижьыр зэтрикъутэри», Iэзэр унэр зейм къегуоуащ, къыщIэкIыну. Хьид хьэзырыххэти, Iуэм ихьащ.
  • — Уэлэхьийр Алыхьым и цIэщ, сызэхаукIам, — бауэбапщэу жеIэ Хьэрун. — Си гъащIэм мыбыхэм нэхъ бзаджэнаджэ гугъу срихьэлIакъым. Ерагъпсэрагъщ зэрызэтезукIар. Си Iуэхущ иджы уэ абы щыщ къэбгъуэтыжмэ, бзаджэнаджэм фи лъапсэр дяпэкIэ тIысыпIэ ящIыжмэ: псори къанэ щымыIэу думп сщIащ. Къеуэ мыдэ уи жэмым, си Iуэхущ иджы ар Iуэм имыхьэжмэ.
  • Пэж дыдэу, жэмыр зыкIи мыныкъуакъуэу, асыхьэтым Iуэм ихьэжащ…
  • ЗэлIзэфызым Хьэрун и Iэзэгъуэр зэрагъэщIэгъуэнур ямыщIэу нэху ягъэщащ. Пщэдджыжьым ар гъунэгъухэм ялъэIэсыжри къуажэ псом хэз хъуащ, уеблэмэ хамэ жылэхэми нэсащ, Iэзэм и пщIэми лъагэу зиIэтащ.
  • Псори хъарзынэт, Хьэрун «хьилмышхуэ» бгъэдэлъри пэжт, ауэ сэ абы зыгуэр дызощIэри, мис ар хэмытыжамэ.
  • … Мо лIы набдзэгубдзаплъэр Iуэм зэрихьэу, гу лъитащ бгыкъум ираупцIэкIа джэдыгужьым и кIапэр къызэрелэлэхам. Арат жэмыр зыIуплъэу зыгъащтэр. Хьэрун псом япэ ар лъэныкъуэ иригъэзащ, итIанэщ абы «бзаджэнаджэхэр» зэтриукIэу щыщIидзар.
  • Ди зэхуэдэ щэхущ, игъащIэкIэ дунейм къытебгъэхьэнкъым иджыпсту бжесIар: Хьэрун зэхихыжмэ, и напэр текIынщ…
  • АбытIэ  Хьэжмурат.
  • Зеикъуэ  къуажэ
  •  
  • Зы уэрэдым и хъыбар
  • Инарыкъуей мафIэс
  • 2014 гъэм, «Инарыкъуей мафIэс» уэрэдыр илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу, абы и хъыбарыр къэтщIэн мурад диIэу режиссёр Дадэ Ритэ, оператор Соколов Игорь сымэ си гъусэу дыкIуащ Тэрч куейм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм. Дэ къытпежьахэт мы къуажэм дэс нэхъыжьыфIхэу Тумэ Мухьэрбийрэ Джэрмэншык Хьэжмуратрэ.
  •  
  • — 1866 гъэм щIышылэм и 26-м унагъуэ 70 Ислъэмей къуажэм дыпагъэтIысхьауэ щытащ. ЩIы кIапэ зратахэм, щхьэж зэрыхузэфIэкIкIэ, унэ-лъапсэ яухуащ. А зэманым псоми яIэр ятIэ чырбышым къыхэщIыкIа бгъэныщхьэ унэт. ЗакъуэтIакъуэххэт кхъуэщын зытелъ чырбыш унэ зыщIыфыр. Апхуэдэу зэманыр кIуэурэ 1914 гъэм гъатхэпэм и 13-м ди къуажэм щIэщхъушхуэ къыщыхъуащ. Уэзыр Нахъуэ ипхъу Хьэсибэт Болэтей къуажэм Къущхьэунэхэ яшати, ар щыпэшэж къашэжауэ, къахуеблэгъахэр здагъэхьэщIэм, цIыхухъухэм фадэ хущIахьащ, цIыхубзхэр фошыгъу шей ирагъэфэну сэмэварышхуэ трагъэуващ. МафIэ ящIам къыщIэлъеикIа дэпыр зыщIэна шхийр жьым ирихьэжьэри мафIэс къэхъуащ. Ар яхуэмыгъэункIыфIурэ сыхьэтитIым къриубыдэм къуажэр зэтрисхьащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, зы унэ закъуэщ къэнар, мы уэрэдым къыхэщыж Шогуэ ефэндыжьым ейр. А зырат жылэм кхъуэщыныщхьэ зытелъ унэу дэтар. Къуажэм дэсхэм я мылъкуи, я Iэщи хисхьащ, ауэ, цIыху зыри хэкIуэдакъым. ТIэкIуи ауан къыхэщ хуэдэу, ауэ пэжыр щIамыуфэу, Шэрий Даут, Ныбэжь ЛитIэ, Бэрокъуэ Сэхьид сымэ джабащхьэм тетIысхьэри, псалъэхэр зэпадзыжурэ мы уэрэдыр яусыжащ. Уэрэдыр цIыхубэм яхэзыхьар Ныбэжь Хьэбалэщ.
  • Ар уэрэджыIакIуэ куэдым ягъэзэщIащ, ноби жаIэ.
  • КIУНТIЫЩ — ХЬЭПЦIЭ  Аннэ.
  • Уэзырхэ Нахъуэм, уо, хьэщIэ къыхуокIуэ, уо!
  • Хьэутий нокIуэри, уо, шыхэр щIетIыкIкъэ, уо!
  •  
  • Ибг щIэтIыкIауэ, уо, Елдар мэпщафIэ, уо!
  • Фадэ нэхъыфIхэр, уо, Борэ къахуехь!
  •  
  • Щоджэн Елмырзэ уи ныбжьэгъу гупсэщ,
  • Нышыр къахуихьри, уо, Жэрэ къэсащ, уо!
  •  
  • Дыщэ Iэлъыныр, уо, дэпым егъэлъейри, уо!
  • Улъэрэ-улъейуэ, уо, Хьэжмуд къэсащи, уо!
  •  
  • Тумэ ХьэтIытIэр, уо, уи зэхэзежэщ, уо!
  • Хьэжмуд дэжыхукIэ, уо, аркъэхьэ макIуэ, уо!
  •  
  • Ныбэжь Бэчырым, уо, ахъшэ кърех,
  • Абдж нэщI къыдехри, уо, Алий къыдокIыр, уо!
  •  
  • Уэзырхэ пщIантIэм, уо, сэмэвар щагъэув, уо!
  • Фызыжь увахэр, уо, джабэм йожэкIыр, уо!
  •  
  • Тумэ Хьэжбийри, уо, уи цIырыхъущIэщ, уо!
  • Сэмэвар IэрыщIыр, уо, щыблэм екъутэ, уо!
  •  
  • Тумэ ТIатIымыр, уо, зэрынэзакъуэ,
  • Нахъуэ и закъуэ, уо, щэ дигъэсащ, уо!
  •  
  • Шэрий Къасымыр, уо, сабырщIэгъейщ, уо!
  • Уэзырхэ дгъейуэрэ, уо, жылэр тфIисащ, уо!
  •  
  • Мэкъуо Жамботыр, уо, уи фIыцIагъэшухэщ, уо!
  • Шэрий хьэблэшухэр, уо, фIыцIагъэм щIащтэ, уо!
  •  
  • Шэрий Iэуесыр, уо, зэрыхуэIушэ, уо!
  • Ислъэмей шухэр, уо, къызэрохьэхыр, уо!
  •  
  • Мэкъуо Жамботыр, уо, уи лIы мылажьэщ, уо!
  • Сытхэр ди лажьэу, уо, дыкъебгъэсэкIрэ, уо!
  •  
  • Мэкъуо Хьэмашэр, уо, уи молэ нэпцIщ, уо!
  • Къумыкъу тхьэгъэпцIым, уо, дигъэунэхъуащ, уо!
  •  
  • Тумэ Бэрокъуэм, уо, пхъэхэр къефыщI, уо!
  • Хьэблэ фызыжьхэм, уо, зогъэфыщIыж, уо!
  • Шэрий ТIырыгур, уо, хъыдан бгырыпхщ, уо!
  • Фызыжь бгырыпххэр, уо, мафIэм хисхьащ, уо!
  •  
  • Дзыгъурхэ витIыр, уо, бэкхъым къыщожьэ, уо!
  • Шыл гъэжьа фшхынум, уо, Уэзырхэ фыкIуэ, уо!
  •  
  • Пщыншэхэ Шокуэр, уо, дамыгъэтедзэщ, уо!
  • МафIэм зытеддзэурэ, уо, тIэщIэлъэтащ!
  •  
  • Шогуэ ефэндыжьым, уо, хьэжыгъэр къешэч, уо!
  • Дэ тхуэмышэчыр, уо, Уэзырхэ Нахъуэщ, уо!
  •  
  • Уэзырхэ Нахъуэ, уо, дыжьын къамэшхуэщ,
  • Уи адэшхуэм и хабзэри, уо, къэбублэжащ, уо!
  •  
  • Хьэткъут зэшитIыр, уо, фызкъэмышэщ, уо!
  • Ямышэжыныр, уо, Хьэсибат къыхукIуэ, уо!
  •  
  • Шогуэ ефэндыжьыр, уо, шэрихьэт мыщIэщ, уо!
  • КъуажэкIэм ямыщIэурэ, уо, мафIэр нэсащ, уо!
  •  
  • Ныбэжь Къасботыр, уо, ди къуажэ гъуощ, уо!
  • Хьэблэ фызыжьхэм, уо, гъуэгыу къажыхь, уо!
  •  
  • Шэрий Даутыр, уо, уи пцIыIупцIышэщ, уо!
  • Инарыкъуей унэхэр, уо зэрагъэпцIыж, уо!
  •  
  • Шогуэ ефэндыжьыр, уо, чытапым йоплъэ, уо!
  • Алыхьым еплъыр, уо, Уэзырхэ феуэ, уо!