ХамэщІым щыужьыха вагъуэ Шыгъэлыгъуэ (Окай) Мерал
2016-10-01
- Шыгъэлыгъуэ Мерал 1959 гъэм фокIадэм и 20-м Тыркум — Анкара къалэм къыщалъхуащ. Тыркудзэм и полковникыу тIысыжа и адэ Шыгъэлыгъуэ Iэта дызэрыт зэманым фирмэ гуэрхэм я чэнджэщэгъуу мэлажьэ, Хасэ федерацэм и тхьэмадэщ. Мерал и анэ Думэнхэ япхъу Тюркан унэгуащэу щытащ, куэд щІауэ псэужкъым. Iэта дзэм хэт пэтми, адыгагъэр зэи зыщигъэгъупщакъым, я бынитIми — Мэжидрэ Мералрэ — я анэдэлъхубзэр ирагъэщIэфащ зэщхьэгъусэхэм.
-
Мерал пэщIэдзэ, курыт еджапIэхэри лицейри Анкара къыщиухащ. ИтIанэ университет щIэмытIысхьэу, илъэситхукIэ мэш-гъавэ Iуэхухэр зезыхьэ къэрал лэжьапIэм къулыкъущIэу щыIащ. Зэман дэкIри, артисткэ, усакIуэ икIи сценарист телъыджэ къыхэкIащ.
- 1970 — 1980 илъэсхэр, Европэ къэралхэм хуэдэу, Тырку жылагъуэми ныбжьыщІэхэми я «къэушыгъуэ» лъэхъэнэт. Мерали абыхэм яхэту, Анкара Кавказ Хасэм къакIуэрт. Театрым хуэкIуэу япэ лъэбакъуэхэр щичар ди Анкара Хасэрауэ жытIэмэ, дыщыуэнукъым.
- 1970 илъэсхэм къыщыщIэдзауэ Анкара Кавказ Хасэм теплъэгъуэ мыинхэр щагъэзащІэу гуп цIыкIу щыдиIэти, ар санэуш зыхэлъ дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми и япэ еджапIэ хуэдэт. «Ныбжьэгъу» зыфIэзыщыжа а театр гупым мазэ къэс едгъэкIуэкI «Жэщ зэхэсхэм» дакъикъэ 20-кIэ е сыхьэт ныкъуэ хуэдизкIэ екIуэкI теплъэгъуэхэр щагъэзащIэрт. Театрым хуеджа е щылэжьа зэрахэмыту, абыхэм ягъэзащIэ спектакль кIэщIхэр езыхэм ятхыжырт, ягъэувыжырт икIи ягъэзэщIэ-жырт. Япэ илъэсхэм пэш диIэтэкъым, «Малтепэ джэгу щIыпIэ залым» дыгурыIуауэ, мазэ къэсыху абы щедгъэкIуэкIырти, а зэхуэсхэм псори «Малтепэ жэщкIэ» еджэхэрт. Нобэр къыздэсым гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ мазэ зытIущыр хэмыту, Анкара Черкес Хасэм а зэхэсхэр мазэ къэс щокIуэкI: хабзэм тету, джэгу, къафэ дахэ щащIу, гушыIэ дахэ яхэлъу.
- 1976 гъэм и бжьыхьэм сэ Анкара щылажьэ хасэм и тхьэмадэу сыхахат. Абы хэту театрым и Iуэхури нэхъ ди фIэщу къэтIэтащ. Театрым сыщыджэгуарэт жызыIэ псори хэту, «Ныбжьэгъу» театр гупыр зэхуэтшэсри захуэдгъэзащ: «А теплъэгъуэ цIыкIухэр хъарзынэщ, щIалэгъуалэр абы йотхъэкIыр, ауэ абы дыкъыщымыувыIэу, илъэс къэс зы спектаклышхуэ дымыгъэувыфыну пIэрэ?» — жытIэри.
- Комиссэм и лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ тхузэфIэкIырт ди щIалэгъуалэр театр спектаклыфIхэм едгъэплъыну, ахэр къазэрыщыхъуам тедгъэпсэлъыхьыжурэ цIыхухэм театр щIэнхабзэ ябгъэдэлъ хъунымкIэ гъуазэ дахуэхъуну, езыхэм скетчхэр, пьесэхэр ятхыфу загъэсэну, утыкум щыджэгуфыну щытхэм яхэлъ санэушым зедгъэужьыну. Дауи, дыщIэхъуэпсырт абы дыкъыщымыувыIэу театр спектаклышхуэхэр дгъэувыну, абыкIэ ди цIыхухэр лъэпкъ Iуэхум къыхуэдгъэушыну, дызыхэсхэми адыгэр зищIысыр, зыхуэдэр едгъэщIэну.
-
Акъсырэ Залымхъан и «ИстамбылакIуэр» тыркубзэкІэ дгъэувыну дытегушхуащ япэу. Шыгъэлыгъуэ Мерал, Таймэз Мурат, Бэрзэдж Ведат, Махуэуд Хъейри, Мыщэ Мэхьмуд, Биданокъуэхэ япхъу Муршидэ, Нагуэ Эрджан, итIанэ Бгъуащэхэ япхъу Севил хуэдэ ди къуэш-ди шыпхъухэр абы зэрыхэтам профессионал къуигъэлъыхъуэнутэкъым, апхуэдизкIэ Iэзэу джэгуахэти. Дэнэ щIыпIэ щыдмыгъэлъэгъуами, нэпс щIэзымыгъэкIа абы еплъакъым жыпIэ хъунут. Ауэ абы зы гъэщIэгъуэн къыщыхъуащ. Мерал и адэ Шыгъэлыгъуэ Iэта, спектаклыр Анкара щыщыдгъэлъэгъуа япэ жэщитIми щыIащ, зы лъэныкъуэкIи и нэпсхэр игъэпщкIуну хэту, зы лъэныкъуэкIи щэхуу къытхузэгуэпу. КъыщIытхузэгуэпыр ди щхьэм кърикIуа лъэпкъгъэкIуэдым, ИстамбылакIуэм, ефэндыхэмрэ пщы-уэркъхэмрэ я ягъэ хэлъу а спектаклым къызэрыщыгъэлъэгъуар арат, ахэр тIэкIу зэриубырт, тIэкIу зэрахущIитхъуэрт.
- Анкара къыщыдгъэлъэгъуа нэужь, театрыр Истамбыл, итIанэ Самсун икIи нэгъуэщI къалэхэм тшэну дызэгурыIуат. Псом япэр Истамбылт. Абы цІыхушхуэ зэуэ щIэхуэу театр унэ куэд щыІэтэкъым а лъэхъэнэм икІи я бэджэнд уасэр лъапІэт. Апхуэдэу щытми, Истамбыл Хасэм бэджэнду зал къищтат, и уасэм и ныкъуэр ипшынат, билетхэр трыригъэдзауэ ищэрт, спектаклыр ягъэлъэгъуэным махуэ 22-рэ фIэкIа къэнэжатэкъым. Шыгъэлыгъуэ Iэта къытхузэгуэпри, и пхъур театр гупым хишыжащ. Псори дызэрыщыгъуазэщи, театрыр гуп лэжьыгъэщ, профессионалу щымытмэ, дэтхэнэ зы актёрым, актрисэм и пIэ ибгъэувэну нэгъуэщI артист псынщIэу пхуэгъэсэнукъым. Псом хуэмыдэу роль нэхъыщхьэр зыгъэзащIэр хэкIыжу щытмэ, а спектаклыр адэкIэ къыумыгъэлъэгъуэжыфыну зэхэлъэлъэжауэ аращ. Сыт дымыщIами, хэт едмыгъэлъэIуами, Шыгъэлыгъуэ Iэта зэ «хьэуэ» жиIати, къигъэзэжакъым. Езы Мерали, сыт хуэдизу зимыгъэреволюционерми, и адэм пэувыну, абы имыдэу театрым хэтыну хуейтэкъым. АпхуэдизкIэ гузэвэгъуэ дыхэхуати, тщIэнур дымыщIэжу дыкъэнат. Мерал роль нэхъыщхьэр фIы дыдэу зэригъэзащIэм къыщымынэу, ИстамбылакIуэ гъыбзэри адыгэбзэкIэ щыжиIэрт спектаклым. Абы и пIэ ибгъэувэн пщащэ къэгъуэтыгъуейт. Сыту жыпIэмэ, ролыр Мерал нэхърэ мынэхъыкIэу игъэзэщIэн хуейт: адыгэбзэ ищIэу, уэрэди жиIэфу. Дауи, апхуэдэ пщащэ гъуэтыгъуафIэтэкъым. КъинэмыщIауэ, махуэ 22-рэ фIэкIаи диIэжтэкъым. Дэрбзэрхэм я еджапIэ нэхъыщхьэм щеджэ Бгъуащэ Севил, дызыхэт гузэвэгъуэр, хэкIыпIэ зэрыдмыгъуэтыр къилъагъущ, ину игу къытщIэгъури, «а ролыр сэ згъэзэщIэнщ» жиIащ. Апхуэдэ санэуш хэлъуи тщІэххэртэкъым. И еджапIэр къигъанэщ, жэщ-махуэ имыIэу елэжьри, роль нэхъыщхьэр зригъэщIащ икIи Мерал нэхърэ мынэхъыкIэу игъэзэщIащ. Апхуэдэу ди напэр темыкIыу, хасэхэр дызэфIэмыкIуэду дыкъригъэлащ икIи а спектакль хъарзынэр ди цIыху куэдым едгъэлъагъуну Iэмал къытхуихьащ. Бгъуащэ Севил си нысэ дыдэм и шыпхъущ икIи си анэш щІалэм и щхьэгъусэщи, езыри си нысэщ. Ахэр Хэкужьым куэд щIауэ къэIэпхъуэжауэ Мейкъуапэ щопсэу зыпхъурэ — Гущэху, зы щIалэрэ — Гущауэ япIауэ, пхъурылъхуитIи яIэжу. Я пхъурылъху-къуэрылъхухэр насыпыфIэ хъуауэ, абыхэм я хъугъуэфIыгъуэхэм хэтыну, Тхьэм куэдрэ узыншэу тхуигъэпсэуну сахуолъаІуэ.
- Шыгъэлыгъуэ Мерал и гъащIэм зыхуэдгъэзэжынщи, ди театр гупым хэкІыжу гузэвэгъуэ дызэрихидзэгъам къыхэкІкІэ хасэм хэтхэм и нэхъыбапІэм я гур хуэупщIыIуати, къытхэмыхьэж хъуащ. Тыркум тетыгъуэр дзэм щыщиубыда лъэхъэнэхэм (1980) хуэзэу гуащIэрыпсэухэм я партым хыхьащ икIи профсоюзым и лIыкIуэ къалэн лэжьапIэм щигъэзащIэу уващ.
- А лъэхъэнэм зызыгъэреволюционеру щытахэм я нэгум щIэкIахэр къыщагъэлъэгъуэжащ езыри хэту 2006 гъэм траха «Бейнэлмилэл» жыхуиIэ кинофильмым. Езыр а фильмым и къызэгъэпэщакIуэт икIи роль мыцIыкIу гуэри щигъэзащIэу щыджэгуат.
- Партым зэрыхэтым, АСТ театр унэм кIуэ-къэкIуэжу зэрыщытам къыхэкIыу ныбжьэгъу зыхуэхъуа театр актёр гъуэзэджэ Окай Яманрэ Мералрэ ямыщIэххэу зэгуакIуэри, 1984 гъэм унагъуэ зэдащIат. Ауэ илъэсибгъу фIэкIа зэдэмыпсэуауэ, быни ямыгъуэтауэ 1993 гъэм и щхьэгъусэ Окай Яман уз Iей къеуалIэри дунейм ехыжащ, езыри илъэс 34-рэ фIэкIа мыхъуауэ фызабэу къэнащ. И щхьэгъусэм апхуэдизкIэ лъагъуныгъэшхуэ хуищIати, лІы дэкIуэжыну зэи игу къигъэкIакъым, Истамбыл Iэпхъуэжри газет, журнал гуэрхэм щылажьэу щIидзащ. Игъуэ нэмысу дунейм ехыжа и щхьэгъусэм и ныбжьэгъухэм езыр зэи и закъуэу къагъэнакъым — къыкIэлъыплъащ, зыхашащ, къыдэIэпыкъуащ, гъуазэ къыхуэхъуахэщ… Псом хуэмыдэу тырку уэрэджыIакIуэ икIи уэрэдус цIэрыIуэ Аксу Сезен ныбжьэгъу пэжу къыхущытащ Мерал. А тIум уэрэд-усэхэр зэдатхащ, Iуэху хъарзынэхэр зэдащIащ, ауэ мис а Анкара Кавказ Хасэм и «Ныбжьэгъу» театр гупым зэрыхэтам, ИстамбылакIуэм зэрыщыджэгуам и фIыгъэ хэлъу къыщIэкIынти, аргуэру театрым, кином, сериалхэм захуигъэзэжащ.
- ЦІыхум санэуш хэлърэ гъуазджэм и зы кІапэ иубыдауэ щытмэ, ар нэгъуэщІ гъуазджэ къудамэхэми зэрыхэфІыхьыр Мерал и гъащІэм ІупщІу къегъэлъагъуэ. Мерал ди Анкара Кавказ Хасэм и театр гупым хэту сценэм техьамэ, ар лъигъэкІуэтащ, иужькIэ кинофильмхэм, сериалхэм артисткэу щыджэгуащ, усэ хъарзынэхэри иусащ, кинофильм, сериал цІэрыІуэхэм я сценариехэр итхащ.
- Мерал 1992 гъэм «ФIыуэ узолъагъу, Розэ» жыхуиIэ кинофильмым зы роль цIыкIу къыщратри, абыкIэ кино дунейм хэбэкъуа хъуащ. «Пропаганда» жыхуиIэ кинофильмыр прессэм и гъуэгукIэ цIыхубэм яхигъэIуащ. «Санэ жыг зыдэт уардэунэ пщIантIэ» («Асмалы конак») жыхуиIэ сериалым (2002) и сценарийр итхащ, «ЕтIуанэрей гъатхэ» (1998), «Бжьэпиблу Истамбыл», «Ар иджы дзэлIщ» (2002) жыхуиIэ сериалхэм щыджэгури, цIэрыIуэ хъууэ щIидзащ.
- «Зы пшэ Іэрамэу сыщытарэт» (2009) жыхуиIэ сериалым и сценарийри итхащ икIи абы щыджэгуащ. НэгъуэщI кинофильм зы-тIуми щыджэгуащ, зыбжанэми я сценарийхэр итхащ. «ЛIэщIыгъуэ телъыджэ» жыхуиIэ сериал гъуэзэджэм и сценарийр зытхари аращ. А и лэжьыгъэхэм папщIэ гъуазджэ саугъэтхэри къыхуагъэфэщащ.
- Шыгъэлыгъуэ Мерал игъуэ нэмысу фІэкІуэда и щхьэгъусэм хуищІа лъагъуныгъэр зэи ибзыщІакъым, жыпІэнурамэ, итхахэм ящыщ куэдыр а и лъагъуныгъэм хуитхауэ, абы хуиІэ лъагъуныгъэм иригъэтхауэ жыпІэми ущыуэнукъым.
-
- Зы махуэ гуэрым Мерал и дохутырым къыжриІащ тхьэмбыл адэуз (рак) къызэреуэлІар. Гъуэгын, кІиин, нэщхъеин дэнэ къэна, зыуи зыфІигъэщІакъым, «Си Яман и деж сыкІуэжыну аракъэ мыгувэу», — жиІэри ежьэжащ, зыри къэмыхъуа хуэдэу и гъащІэм къыпищащ. 2012 гъэм мэлыжьыхьым и 9-нэ жэщым, нэхущхэм деж и псэр щитым щыгъуэ «ЛІэщІыгъуэ телъыджэм» и сценарийм елэжьырт, ажалыр къежьэу пІэм здыхэлъым. Абы и серие 60-р Мерал и ІэдакъэщІэкІщ, къыкІэлъыкІуахэри абы иухуа лъабжьэм, пкъым тращІыхьауэ аращ.
- Абы бзылъхугъэм и гъащІэм, и дуней тетыкІам щытрагъэпсэлъыхьым жиІэгъахэм щыщ:
- Яман апхуэдизкІэ цІыхуфІт, цІыху къабзэти, ухуэгубжьыфыртэкъым, уешхыдэфыртэкъым, зыхуэбгъэгусэфыртэкъым. Апхуэдизуи лІыгъэ хэлът. Лунапаркым ущыпсэум ещхьт абы удэпсэуныр. Зы лъэныкъуэмкІэ — цІуугъэнэ зэщІэпщІыпщІэ, нэгузыужь, тыгъэ зэфэзэщ; адреймкIэ — гур бгъэм къыдэзыгъэлъэт тэлай зэкІэлъхьэужь гуп.
- * * *
- Артистым уригъусэным телъыджэ куэди хэлъщ, узыгъэпІейтеин мынэхъ мащIэ зэрыхэлъым хуэдэкъэпсу, бэлэрыгъыпIи зыгъэлэлапIи къуимыту. Яман и гъуджэм сыщиплъэхэм деж: «Ей, сыту сыцІыху Іей, сыту сыбзаджэ!» жысIэрейт. Зи гъуджэ къабзэм укъизыгъэщыр бзий защІэрэ цІыху пэжу щытмэ, абы узыхущІегъэплъыжри уеузэщІ.
- * * *
- ЛъагъуныгъэкІэ зэджэр, уи щхьэр къыпфІэмыІуэхужынырщ, «уэмрэ» «сэмрэ» щызэхыхьэ псэр мыкIуэду, «дэ» щыхъуфырщ. ЦІыхупсэм нэхъ емылыдж, нэхъ гъэІурыщІэгъуей щыІэкъым. Лъагъуныгъэм и закъуэщ ар зыхузэфІэкІыр.
- * * *
- Нобэ къытщыщІар сыту пІэрэ? Мы щІы кІапэм лъагъуныгъэр, гугъафIэр къэнауэ, гуауэмрэ гузэвэгъуэмрэщ щылъапІэр. ЗэгуэкІуаитІыр зэрыгъуэтрэ зэдэфIхэмэ, аракъым ягъэлъапІэр, — ахэр зэрызэрымыгъуэтырщ, зэпэIэщIэ зэрыхъурщ. Къытехуа дыркъуэм, уІэгъэм дэтхъэфыным хуэщIа щэнхабзэщ дызыщІапІыкІар.
- * * *
- ЦIыху куэд соцIыху, зыгуэр фIыуэ ялъагъумэ, бэлэрыгъынкIэ шынэхэу. Лъагъуныгъэр узыхуэмыхьэзыр къыщымыхъу Іуэхугъуэкъым. Шынагъуэ зыхэмылъыр гуапагъэрщ. Лъагъуныгъэр емылыдж защІэщ, зэи Іэсэкъым. Апхуэдэу щымытмэ, зэгуакІуаитІыр зэблагъэ хъужауэ аращ.
- * * *
- ЦІыхуитІ зэрызэгуакІуэр, лъагъуныгъэ зэрызэхуащІыр гъуэгуанэ кІыхь кърагъэкІуурэ къагъэхъу иджырей сериалхэм я нэхъыбэм. Ар пэжкъым. ЛъагъуныгъэкІэ зэджэр уемыжьэу, уемыгупсысу, напIэзыпIэу къохъу уафэхъуэпскІ бзийуэ. Ухуэмыхьэзырыххэу зы мывэ къыхуэзэнщ уи щхьэми, къыпщыщІар умыщІэу укъэнэнщ. Ар зэрылъагъуныгъэри иужькІэщ къыщыпщІэнур. Зы артист гуэрым дахэу зэрыжиІауэ, «къуэкІий нэфым нэфу удэпкІэным ещхьщ зыгуэрым гу хуэпщIыныр».
- Шыгъэлыгъуэ Мерал зыхэта кинофильмхэмрэ сериалхэмрэ:
- «ФІыуэ узолъагъу, Розэ» (1992), «ЕтІуанэ гъатхэ»; «Зы щІыпІи» (2001), «Шэнт щІэкъуныгъэ» (2001), «Бжьэпиблу Истамбыл» (2001), «Ар иджы дзэлІщ» (2002), «Хэгъуэгухэм я зэхуаку» (2006), Алия (2008), «Зы пшэ Іэрамэу сыщытарэт» (2009).
- Шыгъэлыгъуэ Мерал зи сценарий итха кинофильмхэр, сериалхэр:
- «Жасмин щІыкІэу» (1997), «Санэ жыг зыдэт уардэунэ пщIантIэ» (2002), «Абрэдж» (2007), «Зы пшэ Іэрамэу сыщытарэт» (2009), «ЛІэщІыгъуэ телъыджэ» (2011 — 2013).
- Шыгъэлыгъуэ Мерал саугъэту къратахэр:
- Продюсерхэм я тырку кино саугъэтхэм ящыщу етІуанэ артисткэ нэхъыфІым папщIэ ягъэува саугъэтыр — 2002 гъэм, «Зы щІыпІи» кинофильмым папщІэ.
- * * *
- 14-нэ «Адана Дыщэ Шылащхьэ» фильм фестивалым и етІуанэ артисткэ нэхъыфІым папщIэ ягъэува саугъэтыр — 2007 гъэм, «Зы щІыпІи», «Хэгъуэгухэм я зэхуаку» фильмхэмкІэ къыщихьащ.
- Шыгъэлыгъуэ Мерал зыхэтахэмрэ игъэзэщIахэмрэ:
- •«Уэлбанэ» сериалым (2006 — 2007) и координатор нэхъыщхьэу лэжьащ.
- •«Хэгъуэгухэм я зэхуаку» кинофильмым (2006) и езыгъэкІуэкІ-координатору лэжьащ.
- •«ХытІуалэ мафІэ» (2005) — проектым и чэнджэщэгъуу лэжьащ.
- •«Истамбыл си щыхьэтщ» (2004) проектым и къызэгъэпэщакІуэу лэжьащ.
- •«Тырку Республикэм и академие» (2003) жюрим хэтащ.
- •«Пщэдеи кІасэ хъунукъым» (2000) — езым и мылъкукІэ трыригъэхащ.
- •«Пропагандэ» (1999) — прессэмкІэ цІыхубэм хигъэІуащ.
- Шыгъэлыгъуэ Мерал и уэрэд-усыгъэу макъамэ зыщІалъхьахэр:
- «И цІэр епэр гъагъэщ»; «Розэ-Сэтэней»; «КІуэ, зыІуегъэх, си тхьэрыкъуэ»; «Дыхейкъым зыри»; «Шыпсэ»; «Іэ пхъуантэ», нэгъуэщIхэри.
- Хъуажь Фахьри.