ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Алыхьым и арэзыщIыныгъэм телэжьа

2016-08-09

  • Дунейм ехыжа цIыхум и псэм узэхех икIи укъелъагъу — ар апхуэдэу Алыхьым къигъэщIащ. ЦIыхур лIа нэужь, абы и тхылъыр (и лэжьыгъэхэр зэрытыр) зэхуащIыж. ЗэхуамыщIыжу къанэр абы дунейм къытрина, сэбэпынагъ къызыпыкI и лэжьыгъэфIхэрщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, тхылъ купщIафIэ къыдигъэкIамэ, абы хьэрфу къраджыкIым хуэдиз псапэ ар зи IэдакъэщIэкIым хуатх. Апхуэдэщ мэжджыт, лъэмыж ухуэныр, псы щIэшэныр, бын губзыгъэ дунейм къытенэныр. А къедбжэкIа псоми сэбэпынагъыу къапыкIым хуэдиз псапэ хуатх ар зи IэдакъэщIэкIым. Абы щыхьэт тохъуэ КъурIэн лъапIэри хьэдисхэри.
  •  
  • Апхуэдэ псапэ куэд илэжьащ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм къыщалъхуа ПщыхьэщIэ Амдулыхь. Ар нобэ къытхэмытыжми (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI) и цIэр фIыкIэ къраIуэ зэпытщ, IуэхугъуэфI куэд ищIащи.
  • Амдулыхь сабий дыдэу и адэр зауэм 1941 гъэм дэкIри, быным гу ящимыхуэу хэкIуэдащ. Амдулыхь зы къуэшрэ зы шыпхъурэ иIати, тIури гъейм ихьащ, зауэ нэужь зэман бзаджэм хиубыдэри. Амдулыхь и анэм, илъэс 28-рэ фIэкIа зи мыныбжьу фызабэу къэнам, и щIалэ закъуэм цIыху нэс къыхищIыкIащ. Ар абы игъэсащ гущIэгъу хэлъу, пэжым и телъхьэу, хабзэщIэкъуу. Дэтхэнэ зы анэри зыщIэхъуэпс быным хуэдэ къыхэкIащ Амдулыхь.
  • И ныбжьыр илъэс 14-м иту ар КъурIэным хуригъэджащ дин щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъа ПщыхьэщIэ Хьэбас (ахърэт нэхур Тхьэм кърит).
  • Амдулыхь сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, щыпашэу, пщIэ, нэмыс игъуэту гупым яхэтащ. «Искож» комбинатым и къудамэм и унафэщIу, мэз хозяйствэм и директору илъэс куэдкIэ лэжьащ ар.
  • Диным псэкIэ зэрыпэгъунэгъум ипкъ иткIэ, абы 1993 гъэм къызэригъэпэщауэ щытащ муслъымэн зэгухьэныгъэ. ИужькIэ диныр нэхъ куууэ зригъэщIэн мурадкIэ, 1995 гъэм ар Москва кIуэри КъурIэнымрэ хьэрыпыбзэмрэ зригъэщIащ икIи диным хуригъэджэну хуиту щыхьэт тхылъ къратауэ щытащ. Налшык дэта Нур мэжджытым, Вольнэ аул, Осетие Ищхъэрэ — Аланием я мэжджытхэм Iимаму илъэс куэдкIэ щылэжьащ икIи жэуаплыныгъэ ин зыпылъ а IэнатIэ мытыншыр псэ хьэлэлкIэ ирихьэкIащ Амдулыхь.
  • Сыт хуэдэ псапащIэ Iуэху хэмыхьами, Амдулыхь псом япэ иригъэщу щытар тхьэмыщкIэхэмрэ зеиншэхэмрэт. Псалъэм и хьэтыркIэ, къулейрэ тхьэмыщкIэрэ я жэнэзитI щызэтрихьэм деж, тхьэмыщкIэр япэ иригъэщу щытащ. «Къулейм зыгуэр иIэщ, зыри зимыIэр тхьэмыщкIэращи, апхуэдэхэращ япэ игъэщыпхъэр», — жиIэу щытащ абы. Щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэм хузэхалъхьэ ахъшэр зэригъэзахуэурэ зыхуэфащэхэм ятригуашэрт.
  • — Ди адэр апхуэдизкIэ псэ хьэлэлти, зыщIыпIэ зыгуэр щымэжалIэу ищIэу, езыр шхэуэ гъуэлъыжыфынутэкъым. ЩIымахуэ щыгъын хуабэ къыхуэтщэхухэр (бэлъто, курткэ хуэдэхэр) щымыгъыжу къыщыдыхьэж къэхъурт. «Дэнэ щыIэ, ди адэ, пщыгъыу удэкIа уи щыгъыныр», — жытIэрэ деупщIамэ: «Модэ, зыгуэрым естащ», — жиIэм къыфIигъэкIыртэкъым», — игу къегъэкIыж Амдулыхь ипхъу Зерэ.
  • Ислъам диным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр зэрыт тхылъ цIыкIухэр къищэхуурэ, адыгэбзэкэ е урысыбзэкIэ ахэр зэридзэкIыжырти, къыдигъэкIырт, ахэр псапэу игуэшырт. Амдулыхь и пенсэмкIэ къыдигъэкIа апхуэдэ тхылъу игуэшащ мини 5-м нэблагъэ.
  • Амдулыхьрэ и щхьэгъусэ Чэсиянрэ хъыджэбзищ зэдагъуэтащ. Псори унагъуэщ, адэр сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэ яхуэхъуащ, абы хиша лъагъуэ дахэм зэрытемыкIыным хущIэкъуу мэпсэу.
  • Амдулыхь дунейм къытрина и щIэблэ дахэм я адэм и ужьыр махуэ яхуэхъуну Тхьэм жиIэ!
  •  
  • ЖЫЛОКЪУЭ  Люсаннэ.