ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2016-07-16

  • Къуажэхьхэр
  • Хьэмбылулъыхъуэ
  • Зи бзэр тIурылъ,
  • Зи псэр къытхэлъ.
  •  
  • Лъакъуэ зимыIэу
  • Бэзэрым щызекIуэ.
  •  
  • НэхъыщIэхэм я мащIэ,
  • Нэхъыжьхэм я куэд.
  •  
  • Хьэмбылулъыхъуэ,
  • Псыхъуэ кIуэрей.
  •  
  • Зи бжыхьыр къупщхьэ,
  • Езыр къупщхьэншэ.
  •  
  • Блыным и зы Iыхьэ,
  • Iыхьэ Iуахырей.
  •  
  • ЦIыхухэм зэIэпах,
  • ХъыбарыщIэ къызырах.
  •  
  • Дзыгъуэ зекIуапIэ,
  • Джэду щэкIуапIэ.
  •  
  • Унэ лъэгум щызекIуэ,
  • ЗемыкIуэфыр
  • къезыхьэкI.
  •  
  • Пэжыр зыгъэлъагъуэ,
  • Дагъуэ зиIэм и
  • жагъуэгъу.
  •  
  • Зи шыдыбжьыр
  • зыгъэпэщащэ,
  • Папщэ-щатэу лэжьэрей.
  •  
  • Лэныстэр зыгъабзэ,
  • Фащэ бзыныр зи
  • IэщIагъэ.
  •  
  • Зи фащэр хужь,
  • Узыншагъэр зи Iэужь.
  •  
  • ЖЭУАПХЭР:
  • Анэ. Ахъшэ. Акъыл. Бдзэжьеящэ. Бзэгу. Бжэ. Газет, Гуэн. Гущэ. Гъуджэ. ГъукIэ. Дэрбзэр. Дохутыр.
  • Зэхэзылъхьар Щоджэн Леонидщ.
  •  
  • Хьэщыкъуей Олег
  • Сабийхэм  папщIэ
  •  Сэ мамэ сиIэкъым
  • Сэ мамэкIэ зыми седжакъым,
  • Хэтми си мамэр сымыщIэ.
  • Папэ игъащIэм слъэгъуакъым,
  • И гугъэ хъунщ сыщымыщIэ.
  • Нани и щIакхъуэ сэ сшхакъым,
  • Сыщыжеякъым и куэщI.
  • Дадэ и гъусэу хадэм ситакъым,
  • СриIэу имыщIэ сэ сфIощI.
  • СыщIэсщ Сабий унэм си закъуэ,
  • Гъуатэмэ пэш щIыIэм къыщIех.
  • Слъагъуну си мамэ зэ закъуэ,
  • Сыхъуапсэу сэ сыIурех.
  • МахуэкIэ сыIусщ щхьэгъубжэм,
  • ПщIантIэм къыдыхьэхэм соплъ.
  • Зыгуэр къытеуIуэмэ бжэм,
  • Мамэ си гугъэу гур йолъ…
  • КхъыIэ, сабий хыфIэвмыдзэ,
  • Схуэдэу зыри зеиншэ фымыщI.
  • Сабийр фэ зыуи къивмыдзэм,
  • ЩыIэщ сабий щIэхъуэпс фэр нэмыщI.
  •  
  • Пэжкъым ар!
  • ГъэщIэгъуэнкъэ мы ди нанэ!
  • ЖеIэ, сэ сыфоуэ,
  • СыIэфIыбзэу, сыфоупсу,
  • Фошыгъупс сщыхуауэ.
  • Ауэ хъуркъым ар си фIэщ,
  • МэгушыIэ нанэ.
  • Хьэдзыгъуанэм сашхыжам,
  • Сыт ищIэнт итIанэ?!
  •  
  • ЛъэIу
  • Сабийм и гу пцIанэм
  • Дыркъуэ тевмылъхьэ.
  • Сабийм фемыуэ,
  • Сабийр фымыукI.
  • Щапхъэ фыхуэхъуу
  • Хьэл-щэн зыхевгъалъхьэ.
  • Вгъасэ цIыху нэсу,
  •  ФытемыплъэкъукI.
  • СыныволъэIу, лIэун!
  • Сабий нэпс щIэвмыгъэж.
  • Сабийм и къэкIуэнур
  • ИщIэркъым зымикI.
  • Сабийм и дыгъуасэр
  • Хуэхъунщ и пщэдей.
  • Сабийм и гуэныхь
  • Фхуэпшынынкъым фэ зэи.
  •  
  • Балигъыу  сыщытамэ…
  • Сэ балигъыу сыщытамэ,
  • Си сабийм семышхыдэнт.
  • «ТIу» къихьауэ къэкIуэжамэ,
  • Сэ и жагъуэ сымыщIынт.
  •  
  • Сэ балигъыу сыщытамэ,
  • Си сабийм сеущиент.
  • Зэран гуэри илэжьамэ,
  • Сымыгубжьу сепсэлъэнт.
  •  
  • Сэ балигъыу сыщытамэ,
  • Си сабийр ныбжьэгъу къэсщIынт.
  • Сэ и дзыхь къызигъэзамэ,
  • Ар зы цIыхум къимыщIэнт.
  •  
  • Сэ балигъыу сыщытамэ,
  • ТIэкIу сабийуи сыщытынт.
  • Дыгъэджэгу сабийм жиIамэ,
  • Си сабийм сыдэджэгунт.
  •  
  • Узолъагъур фIыуэ, мамэ
  • И нэ цIыкIухэр фIамыщI кIанэу
  • КъицIыщхъукIыу погуфIыкI.
  • Къэушащи, жейбащхъуэнэу,
  • И гъуэлъыпIэм къоувыкI.
  • КъызешэкIыр IэплIэ хуабэу,
  • Щабэ цIыкIуу ба къысхуещI.
  • — Мамэ, — жеIэ, сигъэгуфIэу, —
  • ТхьэIухудым уралейщ!
  • АпщIондэхукIэ си гур хохъуэ,
  • Сылъэтэнт, сиIамэ дамэ.
  • Езы цIыкIум зыкъысщехъуэ:
  • «Узолъагъур фIыуэ, мамэ…»
  •  
  • Псалъэжьхэр
  • Гум  илъыр  нэгум  къыуегъащIэ
  • Дахэр зыгъэдахэр и щэнщ.
  • Псынэ куэд зэхэлъэдэжмэ, тенджыз мэхъу.
  • ЦIыхур уи щхьэ еплъытмэ, емыкIу къэпхьынкъым.
  • ЯгъэфIэрей джэдур щхьэнтэ тесу къонэж.
  • Iуэхутхьэбзэм бзыпхъэ иIэщ.
  • Акъыл зиIэм жагъуэгъу и куэдщ.
  • Гум илъыр нэгум къыуегъащIэ.
  • Зи Iуэху нахуэм и нэгу хейщ.
  • Макъ зимыIэр уэрэд хуэлъэщ.
  • Уеплъмэ — дахэщ, зэгуэпхмэ — банэщ. tТхьэкIумэм зэхих нэхърэ, нэм илъагъу.
  • Унэм лIы имысмэ, пхъэ тыкъырщ.
  • Уи насып зыхэмылъым дагъуэ къыхуогъуэт.
  • Фом тхъу хэплъхьэкIэ зэIигъэхьэркъым.
  •  

    НысащIэ. Сурэтыр зыщIар СэвкIуий Хьэмидщ

  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • ТебэкIэ  гъэжьа мэлыл  гъэгъуа
  • Мэлыл гъэгъуар г 50-60 хъу Iыхьэурэ зэпаупщI, къупщхьэ хэлъмэ, зэпауд, псы хуабэкIэ ятхьэщI, тебэм иралъхьэри, щIигъанэу псы щIыIэ щIакIэ. Зэ къызэрытекъуалъэу, шыгъур щIихын щхьэкIэ, ар щIагъэж, псывэ щIакIэ, мафIэр цIыкIуу ешэхауэ, тебащхьэр тепIауэ дакъикъэ 40-45-кIэ трагъэт, псыр щIэвэщIэху. Псыр щIэвэщIа нэужь, дагъэр къыщIедзри, лыр тхъуэплъ хъуху дакъикъи 6-7-кIэ ягъажьэ, зэIащIэурэ. Абы иужькIэ бжьын упщIэта, шыбжий сыр хьэжа халъхьэри зэIащIэурэ дакъикъи 2-3-кIэ трагъэт, бжьыныр жьэху.
  • Лы жьам псы щIыIэ щIакIэри тебащхьэр трапIэж, мафIэр ину зы дакъикъэкIэ, иужькIэ цIыкIу ящIыжри аргуэру зы дакъикъэкIэ трагъэт. Апхуэдэу пщIымэ, лым мэ дахэ къыхех, IэфI, и фэр дахэ мэхъу.
  • Iэнэм щытрагъэувэкIэ тепщэчым иралъхьэ, бжьын гъэлыбжьари шыпс хуэдэу щIэтри тракIэж. ПIастэ хуабэ и гъусэу пщтыру яшх.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
  • лы гъэгъуауэ — г 400,
  • псывэ етIуанэу щIакIэр — г 720-рэ,
  • бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 100,
  • псы щIыIэу — г 100,
  • шыбжий сыр хьэжауэ — гум пIэпихым хуэдиз.
  •  
  • ДжэдыкIэжьапхъэ, кхъуей  быдэ  хэлъу
  • ДжэдыкIэр фалъэм иракъутэри, тхъурымбэ хъуху яудэ. Абы халъхьэ кхъуей гъэщэща, гуэдз хьэжыгъэ, шатэ. Хьэжыгъэр хэзэрыхьыху фIыуэ зэIащIэ. ИтIанэ а зэхащIар тхъу къэплъа зэрыт тебэм иракIэ, и щхьэр трапIэжри ягъажьэ.
  • ЗэпыбупщIу, зэбгъэдзэкIыу лъэныкъуитIымкIи тхъуэплъ хъуху бгъажьэ хъунущ. Пщтыру тепщэчым иралъхьэ, пIастэ, мырамысэ дашх.
  • Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
  • джэдыкIэу — 2,
  • кхъуейуэ — г 60,
  • гуэдз хьэжыгъэу — г 10,
  • шатэу — г 50,
  • тхъууэ — г 15.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
  •  
  • Новеллэ
  • Ещанэр лейщ
  • Сэрыншэу я гъащIэр нэхъыфI хъуну къызыщыхъуу,
  • IэщIыб сызыщIа псори щIемыгъуэжын Тхьэм фищI!
  • Мы дунейм псоми уосэж: гуауэми, гуфIэгъуэми, нэпсми.  Апхуэдэущ гъащIэр зэрыщытыр. Дыгъуасэ гъэщIэгъуэну къыпщыхъуам, нобэ умылъагъуу  ублэкIынкIэри мэхъу.  Псоми чэзу яIэщ.
  • Десэжащ дэри ди лъагъуныгъэм. Апхуэдэ игъащIэкIи къэхъуну къытщымыхъуами, гъэщIэгъуэнагъ абы хэтлъагъуэжкъым. Япэм хуэдэу абы и лыгъэм дисыжкъым, и IэфIагъри зэхэтщIэжкъым. Ди гухэлъхэм утезашэри, нэгъуэщIым и дежкIэ уеплъэкIын щIэбдзащ. Абы и нитIри и псэлъэкIэри нэхъ дахэу къыпщыхъуащ. Абы гу лъызыта сэри лъэныкъуэкIэ сытекIуэтащ. Лъагъуныгъэм и шабзэхэм къауIа дигухэри хъужащ. ТхьэмахуэкIэ дызэрымылъагъуми — дызэхуэзэшыжкъым. Япэм темыпыIэу зыхуэныкъуэу щыта ди псэхэри иджы я щхьэ закъуэу мэпсэуф.  Псори я пIэ иувэжащ, зыми дигъэпIейтеижкъым. Лэжьыгъэ, ныбжьэгъу, унагъуэ  — аращ иджы ди гъащIэр зэрыкIуэр.  УпщIэ лей хуэмейуэ, псори гурыIуэгъуэ хъуащ! Ар къыдгурыIуэри, дызэбгъэдэкIыжащ. Уэ уи гъуэгукIэ уежьэжащ, сэри си лъагъуэм сытеувэжащ. Псори гурыIуэгъуэщ!
  • Нобэрей ди зэхуэзэми мыхьэнэ лъэпкъ иIэкъым! ШхапIэ дыздыщIэсри, дыщызэрыцIыхуауэ щытар арами, Iуэхукъым. Хамэ зэхуэхъуа цIыхуитIыр зэрымыщIэкIэ зэхуэзауэ зэпсалъэу зэбгъэдэсу аращ. Сыт абы гъэщIэгъуэнагъыу хэлъыр?!
  • Сэ сыпагэщ, куэд схуэгъэгъуркъым. Зэгуэр ещанэу лей сызэрыхъуари схузыщыгъэгъупщэнукъым. Ауэ, итIанэми, адэ куууэ сигу лъащIэм иджыри зы къуэпс цIыкIу щыIэщ уи цIэр тету. Иджыри къыхоузыкI си гур, уи нитIым сыщIэплъэм. Си щхьэм щызбзыщIыжми, гухэлъхэр и кIэм нэсу ткIужакъым.  Ауэ ар си гум жиIэми, си жьэм зэи къыжьэдэкIынукъым!
  • Дэ дытопсэлъыхь ди лэжьыгъэм, ди Iуэхухэм, ди гъащIэм. Зыгуэрхэр дигу къыдогъэкIыж, додыхьэшх. Илъэситху дызэрызэрымылъэгъуари щымыIам хуэдэщ! Сщыгъупщэжат зэгуэр апхуэдэу хуиту дызэпсалъэу дызэбгъэдэсыфу щытауи! Дигу къэдгъэкIыжын Iэджи диIэщи,  зым адрейр зэпыдудыжу допсалъэ!
  • — Дауэ уеплърэ, — укъызоупщI зэуэ, — ди лъагъуныгъэр и чэзум тхуэхъумэжатэмэ, ди гъащIэр нэгъуэщIу хъуну пIэрэт?
  • Жэуапым и пIэкIэ сыпогуфIыкI! Сэ схужыIэнут ар зыхуэмыхъумэфар уэрауэ, сэ лажьэ симыIэу. Ауэ сыщымщ, сыхуейкъым губгъэн гуэр пхуэсщIу къозгъэщIэну.
  • — Иджыри Iейкъым дэ ди гъащIэр, — жызоIэ сэ. — Псори дызэрыхуеям хуэдэ хъуащ… Дызыхуэныкъуэ щыIэкъым!
  • — Пэжщ, псори диIэщ: ныбжьэгъу, лэжьыгъэ, мылъку. Зы мыхьэнэншэщ къытхуэтыр: насыпщ!
  • Аргуэру зыри къызэрымыкI псалъэмакъ! Зэгуэр щыIам дыхущIегъуэж щхьэкIэ, абы къэгъазэ иIэкъым! Ауэ щхьэж и гъуэгу дытеувэжын и пэкIэ, аргуэру къызжыбоIэ:
  • — Псоми зэ къытедгъэзэжамэ, иджы нэгъуэщIут зэрыщытынур. Мы илъэсхэм сэ Iэджэ къызгурыIуащ…
  • Ауэ аргуэру жэуапым и пIэкIэ сыпыгуфIыкIри, си гъуэгу сытеувэжащ! Уэри укъыскIэлъоплъри ущытщ! Мис апхуэдэу зэгуэр сэри сеплъу  сыщытащ нэгъуэщIым и Iэр пIыгъыу узэрежьэжым! Абы щыгъуэ уэ зэ укъыс-хуеплъэкIыжакъым, сэри сынэплъэнукъым!  И чэзум мыхъуа лъагъуныгъэми къытремыгъэзэж!  Сэ сыпагэщ, куэд схуэгъэгъуркъым! Закъуэныгъэми сигъащтэркъым! Си гум теплъхьа уIэгъэ псори лIыгъэм къыхэщIыкIа IуданэкIэ здыжащ! Уэрыншэуи сыпсэуфынущ!
  • А гупсысэхэм си гум нэжэгужагъэшхуэ къралъхьауэ, сокIуэж! СыпыгуфIыкIыурэ, си унэм сыщIыхьэжри — си макъ къызэрикIкIэ гъын щIызодзэ…
  • ГъукIэ Маринэ.
  •  
  • ГушыIэ
  • Узот  сом  щибгъумкIэ!
  • Хъуэжэ и жэмыр ищэжыну мурад ищIат. Нэху щымэ, бэзэрым ихуу ищэну игу илъу, пщыхьэщхьэм гъуэлъыжащ.
  • Жэщыбгым Хъуэжэ пщIыхьэпIэ илъэгъуащ: и жэмыр ихуауэ бэзэрым тетщ, езым сом мин жеIэ, ауэ сом щибгъу фIэкIа къратыркъым.
  • Абы хэту Хъуэжэ къэушащ. ПсынщIэу къыщылъэтщ, и цеижьыр зытриубгъуэщ, и вакъитIыр зылъыпиIури, жэкIэ Iуэм кIуэри и пщIыхьэпIэр пэжрэ пцIырэ еплъащ. Жэмыр жьэгъуашхэу Iуэм ист.
  • Ар Хъуэжэ и жагъуэ хъуауэ къэкIуэжри, гъуэлъыжащ. И нэр зытрипIэщ, и Iэр шхыIэным къыщIигъэжщ, и Iэгур иущIри жиIащ:
  • — Къащтэ, узот сом щибгъумкIэ.
  • Махуэ Iэлисэхь.
  •  
  • ЖыIэгъуэхэр
  • Хэт  уи  гуапэ  зыщIыр?
  • Уи гум къишхыдыкIар къыптекIуащ: е хахуагъэкIэ, е щыуагъэкIэ.
  • Унэгуащэм и щытыкIэр ипщэфIам къыхощ.
  • ХуэпщIэр зыфIэмащIэм, хуумыщIэфыр фIэкуэдщ.
  • Хьэл зырыз зимыIэ щыIэкъым, жи хьэлыншэм.
  • Хьэндыркъуакъуэм сызыхэс псыр кууащэрэт жиIэми, шэдми и уэрэд Iыхьэ къыщреш.
  • Щхьэхынэн щIыхуейм хуэжыджэрщ, жыджэрын щIыхуеймкIэ щхьэхынэщ.
  • Гум илъыр фадэм кърихумэ, къэпщэхуу ебгъафэ хъун куэд щыIэт.
  • ГъащIэр щэхущ: щхьэж нахуэ къыхуэщIыр и Iыхьэщ.
  • Уи щэхур зыгуэрым жепIамэ, адрейхэри къомыгъанэ.
  • Щэху зи яку дэлъхэр зэфIэнэжмэ, дзыхь зэхуащIам хущIогъуэж.
  • Iыхьлым хуэдэу уи гуапэ зыщIыфын щыIэкъым, ауэ хэт нэхъыбэкIэ уи жагъуэ хуэщIын?
  • Бейтыгъуэн  Сэфарбий.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу:1.  …  лъакъуэ  шкIэ  иукIрэ?  2. «Щихухэр  иджыри … » —  тхакIуэ Къэрмокъуэ  Мухьэмэд  цIэрыIуэ  зыщIа  тхылъ. 7. Сталиным и  унэцIэ  дыдэр. 8. НэгъуэщIым  … хуэптIмэ,  уэ  уихуэжынкIэ  хъунущ. 9.   ДжэдыкIэ … 10.  ЛъэпкъитIыр —  адыгэмрэ  балъкъэрымрэ — …  быдэкIэ  зэпыщIащ. 13. Гъавэ  кърахьэлIэжам  щыщ  Iыхьэу  къулейсызхэм  иратыр. 14. ПамыупщIу  гъэ  техьа  удз. 17. УсакIуэ  КIэщт  Мухьэз, уэрэджыIакIуэхэу  Уэтэрхэ  Анатолэ,  МуIэед,  Шал  Хъусен  сымэ  я  къуажэ.18. Бдзэжьей  лIэужьыгъуэ. 19. Адыгэ  таурыхъхэм  узыщрихьэлIэ  фызыжь  хьилэшы. 20. Блыным  фIадзэ  е  пэш  лъэгум  иралъхьэ. 23. АпхуэдизкIэ  IэмыкIуэлъэмыкIуэщи, …  зэрына  хузэрыхыркъым. 24.  Щыхь  ин  лъэпкъ е  цIыху  къарууфIэ. 28. УнэлъащIэм  щыщщ. 30.  Къуалэбзу  пщэ  кIыхь,  лъакъуэ  псыгъуэ  кIыхь. 31. Шы  езыхужьахэм  якIэлъыщIэпхъуэ  гуп. 32. Дзэлыкъуэ  куейм  щыщ  къуажэ.  33.  … и  губжь  кхъуэм  щехьэ. 34.  Шэдым  зыхэзыгъэджэрэзэну  зыфIэфI Iэщ  пIащэ.
  • Къехыу: 1.  Мэл  кIуэцIфэцIым  къыхэщIыкIа  шхыныгъуэ. 3. Уэнжакъым  кIэрещIэ. 4. Мэлыц  щабэ. 5.  УзыкIуэцIрымыплъыф  хьэуа. 6.  …  ин  зыIыгъ  цIыхум  и  улахуэри  нэхъ  инщ.  11. Махъсымэ  щащIкIэ  халъхьэ  пщагъэ. 12. Псы  Iуфэ  мывалъэ-пшахъуалъэ. 13. Академик  цIэрыIуэ, Социалист  Лэжьыгъэм  и ЛIыхъужь  щэнейрэ  хъуа, водород  бомбэ  шынагъуэр  къэзыгупсысахэм  ящыщ  зы. Брежневым и  зэманым  хьэIупс  ящIри  и  цIэ  лъапIэу  хъуар  трахыжауэ  щытащ. 15.  Пхъэм  къыхэщIыкIа  кумбыгъэшхуэ,  нэхъыбэу  псы  ирахъумэн  щхьэкIэ  ящI.  16. Нартыху  гъэлыгъуа  хьэжыгъэ. 21. Улажьэмэ,  лыжь  пшхынщ,  умылажьэмэ, …  бгъуэтынщ. 22.  ЩоджэнцIыкIу  Алий  и  цIэр  зезыхьэ ди театрым и  джэгуакIуэ  Iэзэу  щыта,  Лениным и  ролыр  зыгъэзэщIа,  РСФСР-м  щIыхь  зиIэ  и  артист.  25. ЦIыхубз …  хущанэ. 26. Лэскэн  куейм хиубыдэ  къуажэ  цIыкIу. 27.  КПСС-м и  ЦК-м и  Япэ  cекретару илъэс  11-кIэ  щыта,  зи  къулыкъум  трагъэкIа.  29. ЦIыхубзхэм  зыкIэралъхьэ  гъущIхэкI  лъапIэ.  31. ПхъащIэ  Iэмэпсымэ.
  • Зэхэзылъхьар   
  • Мыз  Ахьмэдщ.
  •  
  • Бадзэуэгъуэм и 9-м ди газетым тета
  • псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:5.  Хьэбас. 7. Индыл. 9. Уэ. 10. Егъу. 11. Нэкуи. 12. Бонн.  16. Жьэгу. 18. Адэжынэ.19. Къат. 20. Дзэл. 21. Брежнев. 24. Бру. 28. Дадэ. 29. Перу. 31. Яе. 32. Хьэ.  33. Уэрэд. 34. Абазэ.
  • Къехыу:1. Тхьэм. 2. Псыкуэд. 3. Микоян. 4. Къулей. 6. Банэ. 8. Данэ. 13. Бжьыдзэ. 14. Iужажэ. 15. Щтауч. 17. Гуэл. 19. Къэб. 22. Ридадэ. 23. Ереван. 25. Идар. 26. Куба.  27. Деур. 30.  Щхьэм.