ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бгырысхэм я пщалъэмкIэ къапщтэмэ…

2016-06-01

  • Ди лэжьэгъухэ, ди ныбжьэгъу лъапIэхэ!
  • «Кабардино-Балкарская правда» газетыр илъэс 95-рэ зэрырикъуамкIэ ди гуапэу дынывохъуэхъу.
  • Бгырысхэм я пщалъэмкIэ къапщтэмэ, ар балигъыпIэ иуващ, тхыдэм тещIыхьауэ уеплъмэ, иджыри щIалэщ. Ауэ фи газетыр дунейм къызэрытехьэрэ блэкIа зэманым къэхъукъащIэу, гугъуехьу щыIахэм хуэдиз языныкъуэ лIэщIыгъуэхэм къэхъуркъым. Абыхэм ящыщщ ХХ лIэщIыгъуэм екIуэкIа коллективизацэм, индустриализацэм я лъэхъэнэр, 40 гъэхэм совет цIыхубэм зэрахьа лIыгъэ иныр. Абыхэм япыщIащ Хэкум «ЩIыхь дамыгъэ» орденыр газетым къызэрыхуигъэфэщар, редакцэм и лэжьакIуэхэм зауэмрэ лэжьыгъэ IэнатIэмрэ къыщагъэлъэгъуа зэфIэкIышхуэм папщIэ кърата наградэхэр.
  • ФIыуэ флъагъу фи IэщIагъэм фызэрыхуэпэжым, фи гур фIым зэрыхуэунэтIам къыхэкIыу фэ журналист IэкIуэлъакIуагъэм хэвгъахъуэ зэпыту фыкъекIуэкIащ. Аращ фи газетыр цIыхухэр гъэсэнымрэ абыхэм я зэхэщIыкIыр къэIэтынымкIэ къыпэщыт къалэным тэмэму щIехъулIэр.
  • «Кабардино-Балкарская правда» газетым и творческэ лэжьакIуэхэр я IэщIагъэм зэрыхуэIэзэмрэ зэфIэкIышхуэ зэрабгъэдэлъымрэ ди республикэми абы и щIыбкIи пщIэ щыхуащIащ а газетым еджэхэм.
  • Ди гуапэу дывохъуэхъу фи творчествэр мыкIуэщIыжу, фи гъащIэр кIыхьу щытыну, фызыпэрыт Iуэху мытыншым ехъулIэныгъэщIэхэр къыщыфхьыну.
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм и лэжьакIуэхэр.