ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къармэфиблхэр тенджызымхадзэ

2016-05-18

  •  Накъыгъэм и 14-м Тыркум и Кефкен щIыналъэм щыщ Коджаели къалэм щекIуэкIащ  Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 152-рэ зэрырикъум теухуа щыгъуэ пэкIу ин. Ар къызэригъэпэщащ Тыркум щыIэ Кавказ хасэхэм я федерацэм (КАФФЕД).
  •  
  • Нобэр къыздэсым дигу хэзыгъэщI гуауэр, къыткIэлъызэрахьа залымыгъэр, къыдащIылIа лъапсэрыхыр гущIэгъурэ гулъытэрэ зиIэ нэгъуэщI лъэпкъхэм, къэралхэм, дуней псом щедгъащIэ махуэм — накъыгъэм и 21-м — ирагъэхьэлIа зэхуэсышхуэм хэтащ Анкара, Къайсэр, Истамбыл, Измир, Кахраман-Мараш, Самсун, Мерсин, нэгъуэщI къалэхэм щыщ ди лъэпкъэгъухэр. Джаур зауэжьым хэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжын, абыхэм я фэеплъым щIыхь хуащIын папщIэ Коджаели щызэхуэсат цIыху мин 20-м нэблагъэ. Лъапсэрых зауэм и гуауэр зыхэзыщIэ дэтхэнэ зы адыгэри, ди лъэпкъэгъухэм я ныбжьэгъухэри щызэхыхьащ абы, километрищэ бжыгъэхэр къызэпачри.
  • ПэкIум япэу къыщыпсэлъащ                    КАФФЕД-м и тхьэмадэ Хьэгъундокъуэ Яшар. Абы щыжаIахэм, апхуэдиз хэхэс-хэр зэрызэхыхьам къигъэлъагъуэрт Тыркум щыпсэу адыгэхэр зыхэсхэм зэрахэмышыпсыхьыжар, я лъэпкъыр ящIэжу, я тхыдэм щыгъуазэу, истамбылакIуэм кърикIуа бэлыхьыр нобэми къатехьэлъэу зэрыщытыр.
  • ПэкIум къыщыпсэлъэнухэр зэфIэкIа нэужь, адыгэ уэрэдыжьхэр дахэу ягъэзэщIащ. Пщыхьэщхьэ хуегъэзэкI щыхъум, цIыху гупышхуэм хы ФIыцIэ IуфэмкIэ яунэтIащ. ПэкIум и къызэгъэпэщакIуэхэм удз гъэгъа зэпхар тенджызым халъхьащ, адрейхэм яIыгъа къармэфиблхэр кIэлъадзащ истамбылакIуэ гъуэгум текIуэда, зи щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи псэр зыта ди адэжьхэм я фэеплъу.
  •  
  • НэщIэпыджэ  Замирэ.