Саугъэт нэхъыщхьэр Къэзахъстаным яшэ
2016-05-12
- Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэш-хуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу Налшык дэт ипподромым къыщызэIуахащ мыгъэрей шы къэжэгъуэ лъэхъэнэр. Шыгъажэм хуэзэша ди республикэм и цIыхухэр абы изу къекIуэлIат.
- Гу лъумытэу къанэртэкъым нэгъабэ лъандэрэ ипподромым зэхъуэкIыныгъэ игъуэтахэм — шыхэр къыщыжэ гъуэгуанэхэр, цIыхухэр зэрыс трибунэхэр, шы увыпIэхэр ирагъэфIэкIуат.
- 2016 гъэм ди ипподромым щекIуэкIыну шыгъажэхэм я япэ къэжэгъуэр лъагъэсащ илъэсищ зи ныбжь шыхэм. Ахэр щIэбэнащ «Май» саугъэтым. Метр 1600-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэр япэу къызэпичащ УФ-м и Президентым и саугъэтыр къэзыхьауэ щыта Маномах къытехъукIа Херувим. «Налшык» хьэлвэ заводым и гъэхъуныр финишым щефIэкIащ «Эльбрус» шы спорт клубым и гъэхъун Монтенегрорэ «Восход» шы заводым къыщыхъуа Эриомаррэ (иужьрейри къызытехъукIар Маномахщ). 1 дакъикъэрэ секунд 43,1-кIэ къэса Херувим къигъэжащ мастер-шууей Пэнжокъуэ Рустам.
- Шыгъажэм еплъыну къекIуэлIахэр къыкIэлъыкIуэу кIэлъыплъащ Мэлбахъуэ Тимборэ и саугъэтыр къэхьыным хухэха къызэдэжэм. ЗэпэщIэтыныгъэм хэта шихым ящыщу япэу къэсащ куэдым зыхуамыгъэфэща Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къыщалъхуа, «Малкинский» шы заво- дым щагъэхъу Бен Джонсон. Метр 1200-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэр абы къызэпичащ 1 дакъикъэрэ секунд 16,72-кIэ. Шыр къигъэжащ Шыкъ Астемыр. Апхуэдэ гъуэгуанэ дыдэм щызэпеуащ ислъэситI ныбжьым ит шыбзхэр. Абы пашэ щыхъуащ япэу ди ипподромым къыщыжа Штром Оф Рейс.
- АдэкIэ нэхъ пщIэшхуэ зиIэ къызэдэжэхэм щIадзащ. Метр 1200-м Гонор и саугъэтыр къэхьыным щыщIэбэнащ илъэсищ зи ныбжь шыхэр. «Малкинский» шы заводым и гъэхъун Волчаро а къэжэгъуэм япэу къызэрыщысар зыми игъэщIэгъуакъым, нэхъ лъэщ къызэдэжахэм яхэттэкъым. Абы тесащ Шыкъ Астемыр.
- Метр 1400-м щызэныкъуэкъуащ илъэсищ хъу шыбзхэр. Струна и саугъэтыр къэхьыным хухэха къэжэгъуэм кIэлъыплъахэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ япэу зэхьэзэхуэм хэта Ингушым къикIа Тали Роуз и ехъулIэныгъэр. Ар текIуэныгъэм хуашащ мастер-тренер Къардэн Алим- рэ мастер-шууей Каппушев Магомедрэ.
- ИкIэм-икIэжым а махуэм и зэдэжэ нэхъыщхьэм и чэзур къэсащ. Шыгъажэ лъэхъэнэр къызэрызэIуахам и саугъэтыр къэхьыным метр 1400-рэ гъуэгуанэм щыщIэбэнащ илъэсищ зи ныбжь шыхэр. Зэхьэзэхуэм дихьэххэм гугъэ хуащIырт «Налшык» хьэлвэ заводым щагъэхъу Сонар Прадорэ Сэкрэк Заур и Нартан шымрэ. Ауэ дэнэт?! Къэжэгъуэм зэрыщIидзэу пашэныгъэр зыубыда Къэзахъстаным къикIа Аманат зыри япэ иригъэщакъым икIи саугъэт нэхъыщхьэр зыIэригъэхьащ. Абы кIэлъыплъахэм ягу ирагъэфIыну хэлъар зыщ — шыр зыгъасэр мастер-тренер Мэзыхьэ Хьэчимщ, къэзыгъэжар мастер-шууей Къэжэр Амирщ.
- АдэкIэ япэу шыгъажэм хэт илъэсищ зи ныбжь шыхэр щIэбэнащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Евтушенкэ Николай и цIэкIэ ягъэува саугъэтым. Метри 1800-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэр япэу къы-зэринэкIащ Быф Анатолэ ей, «Малкинский» шы заводым къыщалъхуа Араик. Ещанэу и ехъулIэныгъэр игъэлъэпIащ шууей Шыкъым.
- Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэм и саугъэтыр щагъэджэгуащ шыгъажэм и ветеранхэу илъэсиплI нэхърэ нэхъыжь шыхэм я деж. Къыдэжахэм зы Iэмали яритакъым Сэкрэк Заур иш Кану икIи текIуэныгъэр зыIэригъэхьащ.
- Шыгъажэ махуэр иризэхуащIыжащ шы нэхъыжьхэм я зэдэжэмкIэ. Километ-ритI зи кIыхьагъ гъуэгуанэм къыдытета-хэм ефIэкIащ «Малкинский» шы заводым и гъэхъун Голден Хало. Къызэдэжэм и пэщIэдзэм къыщыщIэдзауэ финишым къэсыху зытеса шым зыри япэ иригъэщагъым текIуэныгъэ еплIанэр къэзыхьа Шыкъ Астемыр.
- Шыгъажэр щызэпагъэуахэм деж къекIуэлIахэм уэрэд дахэхэмкIэ я нэгу зрагъэужьащ Къэбэрдей-Балъкъэр эстрадэм и артистхэм.
- ЖЫЛАСЭ Замир.
- Сурэтыр Толгуров Камал трихащ.