ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъагъуныгъэм сыт и щэхур?!

2015-11-11

  • Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр институтыр мы гъэм къэзыуха артист ныбжьыщIэхэм «Гъуазджэхэм я жэщым» ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэлъэгъуащ Бунин Иван и рассказхэмкIэ ягъэува  «Грамматика  любви» спектаклыр.
  •  
  • Урыс тхакIуэшхуэм и къалэмыр мащIэрэкъым зэригъэлъэщар, гурыщIэ ину ялъытэ, цIыхум къаруущIэ къыхэзылъхьэ лъагъуныгъэм и щэхур «къитIэщIыным» хущIэкъуу. Ауэ, дызэрыщыгъуазэщи, Буниным и рассказхэм фIыуэ зэрылъагъуитIыр зэпэIэ-   щIэ щещI, игъащIэкIи зэхуигъэзэжыркъым. Хэт ищIэрэ, лъагъуныгъэр къабзэу къэнэжын, ар цIыхум и гум щымыужьыхын папщIэ апхуэдэу иубзыхуауэ арагъэнщ. Гу лъыботэ адрей тхакIуэхэм хуэмыдэу, мы-   бы дызыхигъаплъэ цIыху зэхущытыкIэхэр кIыхьу зэримышэщIми. ЗэпсэгъуитIым я гум мафIэу къыщигъэлыд лъагъуныгъэм кIэух мыщIагъуэ иIэщ — ар и нэхъыбапIэкIэ тIум я зым и лIэныгъэщ.
  • Буниным цIыху зэхущытыкIэхэр зэрилъагъумрэ лъагъуныгъэм зэрыхущытымрэ къагурыIуэу ар утыкум кърахьэныр къайхъулIащ Къэбэрдей театрым и артистыщIэхэм. «Грамматика любви», «Мадрид», «Пароход «Саратов», «Муза», «В Париже» рассказ цIэрыIуэхэм къыщыIуэта гъащIэ Iыхьэхэм хэт цIыху зэмылIэужьыгъуэхэм я насыпыр, я хьэлхэр, гупсысэ зэхуэмыдэхэр, псэукIэр къызэрымыкIуэу ди нэгу щIагъэкIыфащ Жыкъуэ Назир, Щоджэн Асир, Зэмай Iэминэ, Джатэжьокъуэ Константин, Къурмэн Регинэ, Шыпш Къантемыр, Багъ Иннэ, МафIэдз Заирэ сымэ.
  • Бунин Иван и рассказхэмкIэ зы фильмкъым икIи тIукъым къыдагъэкIар. 1988 гъэм траха «Грамматика любви» кинори апхуэдэщ. Абыи къыхэщу ныбжьыщIэхэм ягъэлъэгъуа зы образым нэхъ гу зылъыуигъатэрт. ПлъэмыкIыу зэбгъапщэрт шха-пIэм и лэжьакIуэ цIыхубзыр, а зэманым нэхъ къызэрезэгъыну щытам хуэдэу, и зыщIыкIэкIи зыхуэпэкIэкIи къызэрыгъэлъэгъуауэ щытамрэ иджы утыкум итыр нэхъ щIыкIей зэрыхъуамрэ. Абы щыгъуэми лэжьыгъитIри къызытещIыкIар зы рассказщ… Ауэ абы къикIыркъым а лъэныкъуэмкIэ артистхэм уахуэшхыдэ хъуну, сыту                            жыпIэмэ, яIа гупсысэр, дызэригугъэмкIэ, нобэрей еплъыкIэкIэ къаIуэтауэ аращ.
  • Спектаклыр артистхэм ягъэхьэзыращ Урысей-ф щIыхь зиIэ и артисткэ, профес-  сор Дубровская Аннэ и унафэм щIэту. Лэжьыгъэр, шэч хэмылъу, щIэщыгъуэ ищIащ теплъэгъуэхэм Буниным и усэхэм-    рэ романсхэмрэ хэухуэнауэ зэрыщытым. Уэрэдхэр езы артистхэм жаIэрти, я зэфIэкIым  ари щыхьэт техъуэрт.
  •  
  • БАГЪЭТЫР  Луизэ.