Илъэс 30-кIэ япшыныж хъуну
2014-04-12
- Ипотекэ кредитым и тхылъхэр щагъэхьэзыркIэ я зэманым къыдагъэхуэну хуейуэ япэу зыкъытхуэзыгъазэхэм Iэмал хъарзынэ яIэщ. Иджы абыхэм къатынур тхылъитI къудейщ: УФ-м зэрыщыщымкIэ паспортымрэ зихэтым щыхьэт техъуэмрэ (псалъэм папщIэ, автомашинэр зэрызэригъакIуэр, дзэ Iуэхум пыщIар (билетыр), нэгъуэщIхэр).
- Къэгъэлъэгъуапхъэщ, яухуэхэри хэту, псэупIэ къэзыщэхунухэм щIыхуэ нэхъыбэ зэрыхухах щIыкIэми а хабзэхэр зэрехьэлIар. КъищынэмыщIауэ, ХъумапIэ банкым щаIэ счетымкIэ улахуэр къеIызыххэм льготэхэри къагъэсэбэп: кредит къызэращтэну заявкэхэр ятын щхьэкIэ зыхуейр УФ-м зэрыщыщымкIэ паспортымрэ анкетэ хьэзырымрэщ.
- Хуагъэлъагъуэ IэмалымкIэ щIыхуэ къэзыщтэм и IэнатIэр зыхуэдэмрэ и хэхъуэм и къыхэкIыпIэмрэ я щыхьэт тхылъхэм щIэупщIэркъым. Кредитыр илъэс 30-м нэскIэ ират, псэупIэм хуэзэм и процент 40-р нэхъ мащIэ дыдэу халъхьэ пэщIэдзэ взносщ.
- — Ипотекэ щIыхуэхэр цIыхухэм зэрахухэтх щIыкIэр зэпымыууэ идогъэфIакIуэ. ЕфIэкIыныгъэ зиIэ мы Iуэхугъуэри абыхэм ящыщ зыщ. Псалъэм папщIэ, псэупIэ къэзыщэхунухэм кредит къащтэн щхьэкIэ, махуэ къэс яIыгъ тхылъхэмкIэ заявкэхэр къыдат хъунущ, — къыхигъэщащ Урысейм и ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр IуэхущIапIэм и унафэщI Урысбий Хьэмидбий.
- Багъэтыр Анзор.