Гулъытэ ягъуэт
2014-03-01
- Советыдзэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 25-рэ зэрырикъум теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ абы папщIэ зэхыхьа комитетым. Къызэхуэсахэм захуигъэзащ Афган зауэм и ветеранхэм я Урысей союзым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Тхьэгъэлэдж Тимур.
- — Ди комитетым хэтщ Афган зауэм ныкъуэдыкъуэ щыхъуахэр, ветеранхэр, министерствэхэм я лэжьакIуэхэр. Афганистаным къыщыхъуа зауэр нэхъапэм ябзыщIу щытащ. Нобэ абы утепсэлъыхь мэхъу. Ди республикэм икIахэр зауэ IэнатIэм щхьэмыгъазэу зэрыIутами дыщыгъуазэщ. Афган зауэр зыгъэунэхуахэм гулъытэ гуэри ягъуэт хъуащ нобэ.
- Ди комитетыр дэIэпыкъуэгъу мэхъу щIэблэр лIыхъужьыгъэм щIэпIыкIынымкIэ. ЩIэм щапхъэ хуэбгъэлъэгъуэныр щхьэпэщ. Пщэдейрей махуэм фIыкIэ упэплъэн папщIэ, щIэблэ узыншэ уиIэн хуейщ. Дэри ди гуащIэ демыблэжу абы дытелэжьэну ди мурадщ, — жиIащ Тимур.
- Афган зауэм и ветеранхэм къабгъэдэкIыу медалхэр иратащ къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытхэу: Шэрджэс Заурбэч, Тхьэгъэлэдж Тимур, Минин Вячеслав, Абазэ Хьэсэнбий, Малкаров Олег, Мамхэгъ Хьэчим, Галушко Михаил, Мэремкъул Иринэ сымэ. ФIыщIэ тхылъхэр хуагъэфэщащ Ксанаев Мурат, Арахъэ Лидие, Шевченкэ Аллэ, Къарэ Ратмир сымэ.
- КъБР-м Печатымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Минин Вячеслав жиIащ пщIэ зиIэ, ныбжьэгъугъэм и пIалъэр зыщIэ лIыхъужьхэм, Афганистаным щызэуахэм, фIыщIэ зэрахуищIыр. Абы Печатымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ къэрал комитетым къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэщахэм яриты- жащ.
- КъБР-м и Парламентым и щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэщахэм яритыжащ КъБР-м и Парламентым ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Хьэщхъуэжь Татьянэ.
- «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и гъэзэщIакIуэ комитетым и унафэщI Канунниковэ Татьянэ политикэ партым къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр игуэшыжащ.
- Къарэ Ратмир «Гу къабзэхэр» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм «Къалмыкъ Юрэ къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ» ирагъэщIа медалыр зыхуэфащэхэм яритащ.
- Гугъуэт Заремэ.