ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къапэщылъхэр мащIэкъым

2014-03-01

  • КъБР-м и Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щызэхэтащ республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и минис­терствэм къызэригъэпэща зэIущIэ. Абы къыщапщытэжащ республикэм Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ и министерствэр блэкIа илъэсым зэрылэжьар.
  •  
  • ЗэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Юрий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ округым щыIэм и аппаратым Къэбэрдей-БалъкъэрымкIэ и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Вербицкий Алексей, Правительствэм и УнафэщI Храмов Константин, республикэм и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Саенкэ Татьянэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и къэрал чэнджэщэгъу Къэрмокъуэ Хьэчим, ведомствэ щхьэхуэхэм, район администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, медицинэ IуэхущIапIэхэм я дохутыр нэ­хъыщхьэхэр.
  • КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Шэт Ир­мэ зэIущIэр зэрекIуэкIынум къызэхуэсахэр щигъэгъуазэри, зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ 2013 гъэм министерствэм и лэжьыгъэр зэрекIуэкIам икIи адэкIэ къапэщылъ къалэнхэм. Абы и гугъу ищIащ я унэтIыныгъэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм, апхуэдэуи къыхигъэщащ зыIууэ гу­гъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэ хъунухэмрэ.
  • Апхуэдэу зыпэрыт IэнатIэм щекIуэкI лэжьыгъэр зыхуэ­дэр къагъэлъагъуэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Iэмал зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ щIыналъэ фондым, УФ-м узыншагъэр хъумэн IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ IуэхущIапIэм и къудамэу КъБР-м щыIэм я унафэщIхэу Литовченкэ Татьянэрэ Расторгуевэ Светланэрэ.
  • Къэпсэлъахэм жаIахэм едэIуа иужь, КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Юрий жиIащ узыншагъэр хъумэн IэнатIэр гулъытэ нэ­хъыбэ зыхуэщIын хуей унэтIыныгъэхэм зэращыщыр, къытеувыIащ сымаджэхэр хущхъуэкIэ къызэгъэпэщыным, щIэуэ ягъэува медицинэ Iэмэпсымэхэм ирилэ­жьэн IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным, дохутырхэм я Iэзагъэм хэгъэхъуэным теухуауэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр зэфIэгъэкIын зэрыхуейм.
  • — Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм щыIэ гугъуехьхэр нобэкъым къыщыкъуэкIар, ахэр илъэс бжыгъэкIэ зэтри­хьащ, — жиIащ КIуэкIуэ Юрий. – Ауэ, дауэ мыхъуми, дэ ди къалэнщ псори дызэкъуэувэу а унэтIыныгъэр зэредгъэфIэкIуэным дыхущIэкъуну.
  • КIуэкIуэ Юрий зэIущIэм къыщипсэлъар ди газетым и къыкIэлъыкIуэ номерым тетынущ.
  • ЩхьэщэмыщI Изэ.