Олимп паркымрэ Къуэбыдэ аузымрэ я зэхуакум
2014-02-11
- ХХII ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр гуфIэгъуэкIэ мэрем кIуам къызэIуахащ. ЦIыху мелуанхэм я гур къилъэтыным хуэдэу кIэлъыплъу абы щыхьэт техъуэ мафIэр «Фыщт» стадионым щыпагъэнащ олимп, дунейпсо чемпиону зыбжанэрэ щытахэу фигуристкэ цIэрыIуэ Роднина Иринэрэ хоккей гъуащхьэтет гъуэзэджэ Третьяк Владиславрэ. ХьэщIэ лъапIэхэм яхэтащ ООН-м, МОК-м, къэрал зыбжанэм, Урысей Федерацэм я унафэщIхэр, цIыху цIэрыIуэхэр. А псори телевизоркIэ хуей дэтхэнэми и нэгу щIэкIагъэнщ. Олимпиадэ хужьым щыIэну зи насып къикIа «Адыгэ псалъэм» и корреспондентым зи гугъу ищIынур езыр зыхэтахэмрэ ар къызэрыщыхъуахэмрэщ.
- Сочэ дыхуэзыша гъуэгуанэр
- ЦIыху 30 хъууэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ гуп «Прохладнэ» станцым мазаем и 7-м дыщызэхуэсащ. Дэтхэнэми гуимыхуж Iуэхугъуэ къытпэплъэрт — ди нэкIэ зэдгъэлъагъуну ди насып къикIат иужькIэ я бынхэм, абыхэм я быныжхэм ирипагэу хуаIуэтэж къэхъугъэ телъыджэ. Япэ дыдэу ди къэралым щыIэ дунейпсо мыхьэнэшхуэ зиIэ спорт зэхьэзэхуэм и курыкупсэм дыхэтыну, абы щекIуэкIхэр зэдгъэлъагъуну Iэмал къытхукъуэкIат.
- ПсынщIэу нэIуасэ дызэхуэхъущ, ди дэрэжэгъуэхэмкIэ дызэхуэIуатэри, гъуэгу дытеуващ. Сочэ нэс дэлъ километр щихым нэблагъэр зэрыкIуар дымыщIэу зы жэщым къызэднэкIащ.
- ЩIымахуэ Олимпиадэм и къалащхьэм дыщынэсам занщIэу зыхэтщIащ ар къызэрыгуэкI Iуэхугъуэу зэрыщымытыр. Дуней псом и щIыпIэ куэдым къикIа цIыхухэр дэнэкIи щыплъагъурт, зыр адрейм хуэгуфIэрэ зэригуапэр къыхигъэщыну щIэхъуэпсу. Илъэс мин зыбжанэ и пэкIэ пасэрей алыджхэм къытхалъхьа олимп зэпеуэхэм я нагъыщэ нэхъыщхьэри аращ — цIыхум цIыхур къилъытэу, ар игъэлъапIэу, къарумрэ зэфIэкIымрэ хуэфэщэн пщIэ хуищIу къекIуэкIынырщ.
-
-
-
- Зы бадзи къамыщIэу блэлъэтынукъым
- Олимп къуажэ нэхъыщхьэр здэщыIэри зэхьэзэхуэхэр нэхъыбэу щекIуэкIри Адлер и Iэгъуэблагъэращ. А къалэм и вокзалышхуэм дыкъыщикIам хабзэхъумэхэмрэ волонтёрхэмрэ куэду къытIущIащ. Япэхэм шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщырти, сыт и лъэныкъуэкIи дыщIапщытыкIащ, адрейхэр дыздэкIуэнумкIэ дызыщIэсынумкIэ щIэгъэкъуэн хъуну хьэзырхэт.
- Зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIыну Олимп паркымрэ Къуэбыдэ аузымрэ дынэсыфын папщIэ аккредитацэм сыхьэт зыбжанэ ихьами, къытфIэмыIуэхущэу къытхуагъэува псори дагъуэншэу зэфIэдгъэкIри, дэнэкIи IункIыбзэIух щытхуэхъуну дызыщыгугъ ди сурэтхэр къызытещ пейджхэр ди пщэм итлъхьащ. АрщхьэкIэ ар япэ «кхъузанэу» арат.
- Адлер дикIыу Олимп паркым дыкIуэн папщIэ псынщIагъ ин зиIэ электропоездхэм дыхуэкIуащ. Ар мы зэхьэзэхуэхэм и пэ къихуэу яутIыпщауэ арат икIи а щIыпIэм щыпсэухэми я щIэщыгъуэт. Билетхэр къэтщэхуну ди мураду кассэхэм дыщыбгъэдыхьэм, мазаем и 6-м щыщIэдзауэ Олимп Джэгухэр иухыхукIэ ахэр пщIэншэу зэрызекIуэм теухуа хъыбар гуапэр къыдэзыгъащIэ тхыгъэр мониторым къытридзащ.
- ИтIысхьэпIэм дыхуэкIуэну дунэтIащ. турникетхэм упхрыкIын папщIэ, кхъухьлъатэхэм ущитIысхьэм дежи хуэдэу, джанэ пцIанэу зыптIэщIын, гъущIхэкIхэмрэ псыхэкIхэмрэ лъэныкъуэкIэ ебгъэзын хуейт. Сыт тщIэнт, хабзэр хабзэщ. Псом хуэмыдэу шынагъуэншагъэм пыщIамэ, абы псалъэмакъ лей пылъкъым. Ари яфIэмащIэу, турникетым иужькIэ цIыху щхьэхуэхэм псори IэкIэ дыкъаIэбэрэбыхьыжащ. Абы иужькIэщ «пцIащхъуэ» зыфIаща электропоездхэм дитIысхьэну дыщаутIыпщар. Пасэу Iуэхум зэрегупсысам и фIыгъэкIэ, къэпщытэныгъэхэм зэман куэд яхьакъым. Яхьи хъунутэкъым — цIыху минхэр зэхэвэзэхэжьэу зэхэзэрыхьыжынут.
- Хьэлэмэтыращи, мыарэзыныгъэ къэзыгъэлъагъуэхэр закъуэтIакъуэххэт. Апхуэдэхэр псынщIэу лъэныкъуэ ирагъэзырти, щабэ дыдэу Iуэхур зытетыр къыгурагъаIуэрт икIи, лейуэ зэман зэрагъэкIуэдам фIэкIа фейдэ ямыIэу, адэкIэ я гъуэгуанэм прагъащэрт.
- Нэрылъагъур фIэщщIыгъуейт
- Адлер дыщитIысхьэри, Олимп паркым дунэтIащ. Километри 130-м нэс хуабжьагъыу къэзыщтэ «пцIащхъуэм» абы напIэзыпIэм дынигъэсащ. Хамэ къэрал зызыужьахэм зэрыщыхабзэм хуэдэу, электропоездым и теплъэр дахэт, тIысыпIэхэр щабэт, вагон кIуэцI къэс «щызежэ» хьэрфхэм къуагъащIэрт дунейм и хуабагъыр, зэма- ныр зэрыхъуар, укъы- зэрырашэкIым и хуабжьагъыр.
- Олимп къуажэм дыщыблэжым къэтлъэгъуащ ар, адрей щIыпIэхэми хуэдэу, къабзэу, екIуу зэрызэщIэкъуар. Спортсменхэм зыри зэран къахуэмыхъуу зэхьэзэхуэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зыхуагъэхьэзырыфын папщIэ, Iэмал псори къызэрыхузэрагъэпэщам шэч хэлътэкъым. Жылагъуэм и Iэтащхьэу ягъэува олимп, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу хэта икIи щытекIуа Исинбаевэ Еленэ абыхэм и нэIэ фIы дыдэу зэрытетынум лейуэ ущIытепсэлъыхьыни щыIэкъым.
- ЗыплъыхьынкIэ зыдмыгъэнщIауэ, Олимп паркым дыкъэсащ. Бгы зэхьэзэхуэхэм къищынэмыщIауэ, адрей зэпеуэхэри щекIуэкIыр мырат.
- 2012 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм олимп ухуэныгъэхэр дагъэлъагъуну дыщыIат. Абы щыгъуэм ди нэгу щIэкIахэр иужькIэ ди газетым къытеддза «Сочэ и Къуэбыдэ аузым» тхыгъэшхуэм къыщытIуэтэжат. А зэман кIэщIым къриубыдэу зэфIагъэкIыжар телъыджэт. Илъэсрэ ныкъуэрэ и пэкIэ автомашинэ хьэлъэхэр ерагъкIэ зыпрыкIыфу щыта, ятIэмрэ фIеймрэ щIигъэна ухуэныгъэм и лъэужь къудей плъагъужыртэкъым. Нэр игъэгуфIэу дэнэкIи зэлъыIухат. Лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIа къудейм и щыхьэтт лэчымэр иджыри къызэрыпщIихьэр, жыгыщIэ хасахэм я лъабжьэм щIэлъ ятIэр иджыри зэрызэрымыубыдар, нэгъуэщIхэри.
- Джэгум и макъыр зэхэдмыхам…
- Зым укъикIыу адрейм лъэсу уздэкIуэфыну «Фыщт» стадионыр, «Адлер-арена»-р, «Шайба»-р, «Айсберг»-р, «Ледяной куб»-р здэщыIэ щIыпIэми уихьэну тынштэкъым. Зэхьэзэхуэм укIэлъыплъыну Iэмал къозыт билетхэм ящIыгъун хуейт «болельщикым и паспорт» щхьэхуэр е аккредитацэр. Аргуэрыжьти, Олимп паркым ущихьэкIи абы иужькIэ стадионым ущыкIуэкIи щIэрыщIэу укъащырт, уи билетымрэ паспортымрэ къапщытэрт.
- А псоми иджыри зэ дыпхыкIри, километр зыбжанэ зи кIыхьагъ икIи зи бгъуагъ Олимп паркым дыкъыщыхутащ. Зи билетхэр къытIэрыхьа цIыхухъухэм лъэрыжэкIэ я зэхьэзэхуэм дыхуэпIащIэу дыздэкIуэм, адыгэ джэгум и макъыр ди тхьэкIумэм къиIуащ. ДызэщIэдэIукIмэ, «Дэ адыгэм ди хабзэр аращ…» псалъэхэр Апэнэс Астемыр и макъ жьгъырумкIэ зэрыIур зэхэтхащ. ЗанщIэу абыкIэ дунэтIащ.
- ДынэсыхукIэ сценэм къихьащ Бэрэгъун Марианнэ. Абы и уэрэд дахэм къызэхуэсахэм Iэгуауэ ин хуаIэтырт, джэгу иращIэкIырт. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа цIыху щэщIыр зэуэ дащыхыхьэм, джэгум псэщIэ игъуэтыжащ. Мыбдежым дащыхуэзащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Фырэ Руслан, абы и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат, «Кабардинка» къэфакIуэ гупым хэтхэм.
- БлэкIри къыблэкIыжри къыхыхьэурэ адыгэ джэгум Олимп паркым и утыку нэхъыщхьэр зэщIищтащ. Хамэ къэрал, Урысей Федерацэм и адрей щIыпIэхэм къикIахэр яфIэтелъыджэу абы кIэлъыплъырт. Псоми къэфэну, я нэгу зрагъэужьыну гукъыдэжышхуэ яIэт. ГуфIэгъуэр сценэм къиIэпхъукIри, абы еплъхэм къахыхьэпащ.
- Гупыр хъуреишхуэу къеувэкIауэ джэгур йокIуэкI. Мис министр Фырэ Руслани къытехьащ. «Кабардинка» ансамблым щыщ бзылъхугъэ тхьэIухудыр абы екIуу, Iэдэбу къегъафэ. Ахэр яхъуэж ди гъусэхэм, джэгум кърихьэлIа адрейхэм.
- — Махуэ зыбжанэкIэ хуабжьу дегугъуу дгъэхьэзыращ Олимпиадэм щыдгъэлъэгъуэну щэнхабзэ программэр, — къыджиIащ ар нэхъыбэу зи пщэ къыдэхуа Карчаевэ Iэминат. — Гуапэщ псори фIы дыдэу къызэрыдэхъулIар.
-
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и плIанэпэ
- Мис иджы хъункъэ жаIэхукIэ, адыгэ джэгум утыкур иутIыпщакъым. Абы иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Олимпиадэм щиIэ плIанэпэ щхьэхуэм драгъэблэгъащ. Хуабжьу ди гуапэу абыкIэ дунэтIащ. Ар Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я гъэлъэгъуэныгъэм и зы Iыхьэт.
- — Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хыхьэ щIыналъэхэр дызэгурыIуэри, экспозицэр зэгъусэу къызэдгъэпэщащ, абы щыгъуэми дэтхэнэ лъэпкъми и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр, дызыхуэIэзэхэр щыдгъэлъагъуэ плIанэпэ щхьэхуэ хэтхыжащ, — къыджеIэ Iуэхум дыхигъэгъуазэурэ дыкъезышэкI Фырэ Руслан. Иужьрей махуэхэм етIысэх зэрамыIам хуабжьу зэрыригъэшар хэплъагъуэ пэтми, абы и нэгум гуфIэгъуэр кърех. — Феплъыт мы макетым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ цIэрыIуэ нэхъыщхьэхэр абы наIуэу щыболъагъу: Iуащхьэмахуэ, Шэджэм псыкъелъэхэр, Гуэл ЩхъуантIэр, Налшык къалэ. Псы хущхъуэхэр къыщыщIэж щIыпIэхэр… АдэкIэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиер, Къэрэшей-Шэрджэсыр, Шэшэныр, Ингушыр, Дагъыстэныр. Хуейуэ къэтлъытэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуар щхьэхуэ тщIыжынурэ здэтшэжынущ е, дызэгурыIуэнурэ, Кавказ Ищхъэрэр щыдгъэлъагъуэкIэ зэрыщыту сыт щыгъуи утыку къитхьэнущ.
- Сочэ щыIэ Олимпиадэм теухуауэ адыгэ газетхэм зэгъусэу къыдэдгъэкIа номер зэгуэтыр дэри гъэлъэгъуэныгъэм хэтлъхьащ. НапIэзыпIэм ахэр зэбграхащ. Гуапэт плъагъуну ди IэдакъэщIэкIыр яфIэхьэлэмэту куэдым зэрызэIэпахыр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и плIанэпэм арджэныр щызэIуищэрт а IэщIагъэм хуэIэзэ Мэзло Руслан. ЦIыхухэр къыбгъэдыхьэурэ щIэупщIэрт Iуэхугъуэ телъыджэм и щэхухэм, ар зи сэбэпым. Руслани гупсэхуу абы яхутепсэлъыхьырт. Къыбгъэдыхьэхэм гуапэ лей къащыхъурт адыгэ теплъэ зиIэ саугъэтхэр къазэрыхуигуэшыр. Хамэ къэралхэм, Урысей Федерацэм и адрей щIыпIэхэм кIуэжмэ, адыгэхэм ятеухуа хъыбарым и къежьапIэ ахэр зэрыхъунур нэрылъагъущ.
- Дыдейхэм къабгъэдэтщ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ я плIанэпэхэр. Лъапэгъу Эммэрэ Хамеашвили Аимидэрэ шэрджэсхэмрэ къэрэшейхэмрэ я IэпщIэлъапщIагъэхэр ягъэлъагъуэ.
- — ДыщэидыкIыр, пыIэ щIыныр, арджэн зэIущэныр, нэгъуэщI Iэзагъ куэди ди адэжьхэм къытхуагъэнащ, — жеIэ Лъапэгъум. — Ахэр къытщIэхъуэ щIэблэми яхэтпщэжын, хамэм къедгъэщIэн хуейуэ ди къалэну къыдолъытэ.
- — Адыгэхэмрэ дэрэ сыт щыгъуи зэгъунэгъуфIу, дыкъызыщхьэщыжу, зым и фIымкIэ адрейм дэгуашэу дыкъызэдогъуэгурыкIуэ, — къыдгурегъаIуэ фащэ дынымкIэ IэпщIэлъапщIэ осетин пщащэ Гогичаевэ Тамарэ. — Уеблэмэ дэ мыбы къэтшахэм яхэтщ адыгэ фащэр. Ар фи лъэпкъыр дуней псом зэрыхуэупса хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщ зыщ.
- ЗытплъыхьыхукIэ Ащхъуэт Ритэрэ Аттаев Азноррэ аргуэру щэнхабзэ программэр зэхаублащ. Лъэпкъ макъамэм цIыхур нэхъри къызэхуишэсащ. «Кабардинка» ансамблым, Бэрэгъун Марианнэ, Теппеев Алим, Апэнэс Астемыр сымэ псоми жыджэрагъ халъхьэжащ. Iэгуауэ иныр хуаIэтурэ ахэр утыкум кърашэжырт.
- ИужькIэ абыхэм дащепсалъэм къыхагъэщащ Олимпиадэм зыкъыщагъэлъэгъуэну Iэмал къызэрыратар щIыхь ину къызэралъытэр икIи дэрэжэгъуэшхуэ зэрагъуэтыр.
- Адыгейм и плIанэпэри узыIэпызышэт. Ди лъэпкъым и къекIуэкIыкIамрэ нобэмрэ абы IупщIу къыхэщырт.
- Дигу пымыкIыу, адэкIи дахэтыну тфIэфIу дахуеплъэкIыу дакъыхэкIыжащ. Олимпиадэм дызэрыщыIэну махуэ зыбжанэм нэгъуэщI къалэнышхуэхэри къытпэщылът.
- ЛъэрыжэкIэ къызэдэжэным къыкIэлъыкIуэу лыжэкIэ
- къэзылъэтыхьхэм дахуокIуэ
- Адыгэ пшынэм дыкъимыутIыпщурэ спорт зэхьэзэхуэхэм дыкъыкIэрыхуами, ахэри зэдмыгъэлъагъуу дыкIуэжыфынутэкъым. «Адлер-арена»-мкIэ дунэтIащ. ЦIыхухъухэр абы лъэрыжэкIэ къыщызэдэжэрт. Нобэ зэхьэзэхуэт метр 5000 къызэнэкIынымкIэ.
- Стадионым изу цIыхур ист. Дауи, щхьэж зыщыщ къэралыгъуэм и спортсменхэр трагъэгушхуэрт. БжыгъэкIэ адрейхэм ебэкI дэри Урысей Федерацэм и щIыхьыр зыхъумэхэм я лъэр нэхъ жан тщIыну дыхущIэкъурт. КъыдэхъулIауи къытщыхъужат. АрщхьэкIэ зэпеуэм и кIэухым Голландием и псынщIэрыжэхэм зыкъызэкъуахащ икIи япэ увыпIищми езыхэм къищынэмыщIа зыри бгъэдагъэхьакъым.
- Абы щыгъуэми XXII ЩIымахуэ Олимп Джэгухэм я япэ дыщэ медалыр Америкэм и Штат Зэгуэтхэм яхьащ. СноубордымкIэ зэпеуэм псоми щефIэкIащ Коценбург Сейдж. Норвегиемрэ Канадэмрэ я лIыкIуэхэм етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр яубыдащ.
- Голландием тепщэныгъэр щиубыда лъэрыжэкIэ къызэдэжэм дыкъыхэкIри, Къуэбыдэ аузым дунэтIащ. Километр плIыщIым нэс зыдэлъ гъуэгуанэр «пцIащхъуэм» дакъикъэ зыбжанэм къызэринэкIащ. Элетропоездым зы сыхьэтым километри 130-м нэс хуабжьагъыр къыщищтэ къэхъурт, арщхьэкIэ абы и кIуэцIым ар зыкIи щызыхэпщIэртэкъым — псым уесу фIэкIа пщIэртэкъым.
- Къуэбыдэ аузым дыкъыщикIри, «лыжник лъатэхэр» щызэхьэзэхуэну щIыпIэмкIэ дунэтIащ. Абы папщIэ Iуащхьэм дэкIын хуейт. ЦIыху хырых зэрыхуэ кабинэхэр зыкIэрыщIа кIапсэ гъуэгур зэпэубыдати, автобусыр нэхъ псынщIэгъуэу къэтлъытащ. Абыхэм цIыху щэщI-щэщI ирагъэтIысхьэурэ зрачырт. Из хъуа иужькIэ бжэхэр зэкIэрагъэпщIэжырти, «исхэр къэтпщытащ» зытетха мыхъурыр трагъэуэжырт. Автобусыр гъуэгум къыщыувыIэнуи зыгуэрхэр хагъэтIысхьэнуи хуиттэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, щIыпIэм дынэса иужькIэ дыкъыщрагъэкIар лагъымлъыхъуэхэмкIэ дызэрысари дэри щIэрыщIэу дыкъапщытэжа иужькIэщ. Абы десэжати, псалъэмакъ лей зыми къыхэдгъэкIакъым.
- Зы километр хуэдиз гъуэгуанэр иджыри лъэсу дэкIуеипIэхэмкIэ къызэднэкIыжри, трамплиным къелъэхэм я зэхьэзэхуэр щекIуэкI щIыпIэм дынэсащ. Лыжникхэр къызэлъэнум метр 95-рэ и лъагагът. Уи нэкIэ щыплъагъукIэ къыбгуроIуэ а спорт лIэужьыгъуэр къыхэзыхахэр гушхуэ зиIэ спортсмену зэрыщытыр: зы мэскъалкIэ ущыуамэ…
- АрщхьэкIэ «лыжник лъатэхэр» абы есэжа хуэдэт. Зыр адрейм кIэлъыкIуэу ахэр дблъэцIэфтырти, метр 85 — 97-хэм и деж къыщетIысэхыжырт. Дыкъыщыгузэвэпар илъэс пщыкIух фIэкIа ныбжь зимыIэ румын щIалэ цIыкIур къелъэну къыщытеуварщ. Абыи лIыгъэ хэлъу къыщIэкIащ икIи метр 86-р къызэринэкIащ.
- Трамплиным укъелъэныр зэрымыIуэху джэгур иджыри зэ наIуэ къытщищIащ жьы мащIэ къыщыкъуэуам. Абы кIэлъыплъхэм напIэзыпIэм зэхьэзэхуэр къызэтрагъэувыIащ. Шынагъуэ щыIэт лыжникхэр жьым ирихьэкIыну.
- Сытми Урысей Федерацэм и спортсмениплIри квалификацэм кIуэцIрыдгъэкIри, къыкIэлъыкIуэ махуэм абыхэм зэхьэзэхуэм пащэну Iэмал зэрагъуэтар ди гурыфIыгъуэу дыкъежьэжащ.
- Iуащхьэм кIапсэ гъуэгум кIэрыщIа кабинэхэм дису дыкъехыжащ. Абы Iэмал къуитырт адэ-мыдэкIэ уэздыгъэхэр щызэщIэна Къуэбыдэ аузыр зэбгъэлъагъуну. Сыпэмылъэщу IупщIу си нэгу къыщIыхьащ мы щIыпIэм илъэси 150-рэ и пэкIэ дэса адыгэ къуажэр. Къытенауэ пIэрэ абыхэм я щIэблэм щыщ гуэр мы дунейм? Армырамэ, ахърэт нэхур Алыхьым къарит!
-
-
- Хуабэр пщыкIутIым къыщыщIэдзауэ щIыIэр тхум нэсыху
- Олимпиадэр щекIуэкIа япэ махуэм гъэмахуэми щIымахуэми дыкъыщыхутащ. Дызэрыт зэманыр мазае мазэм и пэщIэдзэу, шылэу, зэрыщытыр тщIэжырти, абы хуэфэщэну дыхуэпауэ Олимп паркым дыкIуащ. ПсынщIэ дыдэу къэтщIэжащ илъэсым къриубыдэу махуэ 300-м щIигъум Сочэ и Iэгъуэблагъэм дыгъэр къызэрыщепсыр. Щыгъын хуабэхэр къыдэхьэлъэкIыу махуэ псор дгъэкIуащ, пщэдей зыкъэттIэщIыну быдэу ди мураду.
- Сыхьэт 20-рэ дакъикъэ 30-м щIэзыдзэ трамплиным къелъэнымкIэ лыжникхэм я зэхьэзэхуэр здэщыIа Iуащхьэм дыщыдэкIуеям щIыIэр тхум нэсат икIи жьыугъуэджэт. Зэпеуэм дыщыкIэлъыплъри и тIысыпIэхэр зэщIэщтхьа щIыб стадионырт. ДыщыгуфIыкIыжащ хуабэу дызэрыхуэпам. Мыгувэу шей, кофе пщтыр къэтлъыхъуэу дежьэжащ.
- Япэ махуэм Урысейр медалыншэу къэнащ
- Сочэ щекIуэкI Олимпиадэм и япэ махуэм Урысейр медалыншэу къэнащ. Комлектитхум щыщу (псори медаль 15 мэхъу) ди къэралым зыри къылъысакъым. Дыщэр яIэрыхьащ США-м, Норвегием (тIу), Голландием, Канадэм.
- Абы щхьэкIэ къэмынэу тлъэгъуа къомыр ди щхьэм зэгъэзэхуэн иджыри имыухарэ ди лъакъуэхэр зэблэтхыжыф къудейуэ, хьэщIэщым ди псэр къэтхьэсыжащ. Жэщыр сыхьэт пщыкIутIым фIэкIами, пщафIэхэр мыгъуэлъыжауэ къытпэплъэрт, хуабжьу елIалIэу тхуагъэхьэзыра ерыскъы зэмылIэжьыгъуэхэр тIуагъэхуэну хуейуэ.
-
-
- Адыгэ пшынэм
- аргуэру дрегъэблагъэ
- Псори зэщIэдгъэхьэну дыхущIэкъуу мащIэу зытедгъэхьэлъа Олимпиадэм и япэ махуэм къыкIэлъыкIуэ пщэдджыжьым щIэх зэрызыдмыужьыфынур гурыIуэгъуэт. АрщхьэкIэ сыхьэт пщыкIутIым щIэзыдзэну хоккеймкIэ цIыхубзхэм я зэхьэзэхуэм деплъыну ди нэ къикIырт. ЦIыхухъухэм я зэпеуэм ар, дауи, пэхъунукъым. Апхуэдэу щыт пэтми, уIэбэмэ уалъэIэсыну къыпщыхъуу, пщащэхэм я зэрыгъэкIий макъыр IупщIу зэхэпхыу абыхэм уахэплъэну уасэ иIэкъым. Псом хуэмыдэу зэпэщIэувахэр викингхэм я щIэблэ шведхэмрэ самурайхэр зи къежьапIэ японхэмрэ арамэ.
- Олимп паркым дызэрихьэу адыгэ пшынэр зэрыбзэрабзэм гукъыдэж тIуащIэ къыдитащ. Дыгъуасэ лъандэрэ «Кабардинка» ансамблыр утыкум имыкIа хуэдэт. ХьэтиякIуэм гъуэрыгъуэурэ къэфэнухэр утыкум къришэрт икIи блэкIри къыблэкIыжри къызэтеувыIэурэ адыгэ къафэм я нэ щызу кIэлъыплъырт. Дыдейхэм дахэмыхьэжу, дэри, дауи, дыблэкIакъым. ДжэгункIэ зыдгъэнщIа иужькIэ «Шайба» стадионымкIэ депIэщIэкIащ. Абы цIыхур изу екIуэлIакIэт.
- Iэпкълъэпкъ пIащэ зиIэ швед цIыхубзхэр я цIыхухъухэм къазэрыщхьэщыкI щымыIэу къыпщыхъурт. Япон пщащэхэр нэхъ IэмащIэлъэмащIэт. Арати, лъэщагъымрэ псынщIагъымрэ зэпэщIэуващ. Зыри къикIуэтыну хуейтэкъым икIи дэтхэнэри ерыщу текIуэныгъэм хущIэкъурт. Шайбэр зэIэпыхынымкIи, зэжьэхэуэныгъэхэмкIи лъэныкъуитIри Iэзэт. Ауэ гъуэм дэгъэкIыным Iуэхур щынэсым и деж нэхъ хуэмыхухэт. Зи насып къикIар мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэм нэхъыбэрэ хэта икIи щытекIуа скандинавхэрщ.
- Япэ медалыр ди къэралым къехь
- ХоккеймкIэ зэIущIэр зэриухыу дыгъуасэ дыздэщыIа «Адлер-арена»-мкIэ дунэтIащ. Абы цIыхубзхэр метр 3000-кIэ къыщызэдэжэнут. Быдэу ди мурадт Урысей Федерацэм медаль зыгуэр къимыхьауэ абы дыкъыщIэмыкIыну.
- Япэ дыдэу къэжа Шиховэ Екатеринэ и хьэрхуэрэгъу япон цIыхубзым ефIэкIащ, арщхьэкIэ къигъэлъэгъуа зэманым гугъэшхуэ уигъэщIыртэкъым. Ар псынщIэ дыдэу наIуэ хъуащ.
- Граф Аннэ нэхъ иужьыIуэкIэ къэжахэм ящыщащ икIи, езыри пэмыплъауэ, зэманыфI дыдэ къигъэлъэгъуащ. Абы бжьыпэр зэриубыдам псоми дэрэжэгъуэ къыдитат. Езы Анни гуфIэгъуэм зэщIищтауэ стадионым и хъуреягъыр къижыхьырт, олимп чемпион хъуа фIэкIа умыщIэну.
- АрщхьэкIэ абы и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэхэр иджыри утыку къихьатэкъым. Мис Чехием и лIыкIуэм зегъэхьэзыр. Ванкувер иужьу щекIуэкIа Олимпиадэм ар и чемпионщ. Голландием и спортсменитIми къэжэн хуейуэ къапэщылъщ.
- Чехием къикIам и Iэзагъыр зэрылъагэр щIигъэбыдэжащ. Абы Граф къригъэкIуэтэхащ. Доплъри, Аннэ пIейтейуэ етIысэхащ. Иджы гурыIуэгъуэщ Олимп чемпион зэрымыхъунур.
- Голландием и лIыкIуэр чех спортсменкэм ефIэкIыжащ. Абы къокI Граф Аннэ дыжьынри къызэрылъымысынур. Ар апхуэдизкIэ мэгузавэри, тетIысхьэпIэм тегъуэлъхьауэ тхьэ йолъэIу. Жэзыр нэхъ мыхъуми…
- Иужьрей къызэдэжэм куэд елъытат. Абы хэтт Голландием нэгъуэщI и зы лIыкIуи. КIэрахъуэр ягъауэу зэрызэрачу стадионым исхэм я макъ лъэщхэмкIэ зыжьэу «Аннэ, Аннэ…» жаIэ, секундхэр къыпабжыкIыурэ. Абы голландкэр игъэдзыхащ икIи бжьыпэр зыIыгъхэм яхигъэхьакъым. НапIэзыпIэм Граф Аннэ къыщылъэтащ. Абы и ныбжьэгъухэм, тренерхэм зыкърадзауэ IэплIэ къыхуащI — иIэщ Урысей Федерацэм ХХII Олимп Джэгухэм я медаль!
- АдэкIэ дыжьынри, уеблэмэ дыщэри къыкIэлъыкIуащ. БобслеймкIэ зэхьэзэхуэм Демченкэ Альберт етIуанэ щыхъуащ. Фигуристкэ ныбжьыщIэ Липницкая Юлие Олимп чемпион хъуащ.
- Адыгэ унэм и хьэщIэщым
- Спорт зэхьэзэхуэхэмкIэ зыдгъэнщIауэ, «Адыгэ унэм» дунэтIащ. Адрейхэм хуэдэу, федеральнэ округ зыщыщым химыубыдэу ар щхьэхуэу щытщ икIи жьантIэр зылъысахэм ящыщщ. Гуапэщ, мы Олимпиадэр щекIуэкI щIыналъэр адыгэхэм я лъапсэжьу зэрыщытыр ящымыгъупщэу апхуэдэ пщIэ къызэгъэпэщакIуэхэм ди лъэпкъым зэрылъагъэсар. «Адыгэ унэм» хэтщ, хабзэжьхэм Iэмал имыIэу къызэрагъэуву, хьэщIэщ, адэкIэ нобэрей махуэм къапеубыд музей къызэдгъэпэщыну, зэпсэлъэныгъэхэм папщIэ пэш щхьэхуэ хухахыну. Адыгэ ныпыр зыIыгъ щIалэгъуалэр, лъэпкъ фащэр къызыщылыдыкI щIалэ къуданхэр абы и пщIантIэм дэтщ.
- И чэзу дыдэу дыкърихьэлIауэ къыщIэкIащ. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр къыщIыхьауэ адыгэм я къекIуэкIыкIам пасэрей хьэпшыпхэр ягъэлъагъуэурэ яхутепсэлъыхьырт «Адыгэ тхьэIухуд-2013» япэ дунейпсо зэпеуэм щытекIуа Кукъан Бэллэрэ урысыбзэр къызыгурыIуэхэм я тэрмэш Краснодар дэт лъэпкъ музейм и лэжьакIуэ Девгие Еленэрэ.
- Псалъэмакъыр мащIэу зэрызэпыуар къэзгъэсэбэпри, яжесIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъызэрикIар икIи адыгэ газетхэм я номер зэгуэтхэр тыгъэу стIолыщхьэм яхутеслъхьащ. Ахэр напIэзыпIэм зэбрахащ. Шапсыгъым хыхьэ КIыщмей Иным щыщ лIыжьыр гуапэу къызэплъри, «СыкIуэжмэ, гупсэхуу седжэнщ» жиIэурэ газетыр и жыпым ирилъхьащ. «Адыгэ псалъэр» къызэдащтащ Германием, Сирием, Иорданием, Тыркум, уеблэмэ, Эмират Зэгуэтхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэм. Краснодар дэт музейми экземпляр зыбжанэ щIалъхьэну занщIэу хахащ. Адыгей, къэбэрдей, шэрджэс къэпсэлъыкIэхэр абы зэрытеддзам псоми Iэмал къаритащ езыхэм нэхъ япэгъунэгъу диалектымкIэ ттхахэм ди лъэпкъэгъухэр еджэну, я благъэхэм, Iыхьлыхэм ар ирагъэлъагъуну.
- Краснодар крайм и администрацэм щIыпIэ IуэхухэмкIэ и департаментым и унафэщIым и къуэдзэ КIэрмыт Мухьдин щыгъуазэ дыхуищIащ «Адыгэ унэр» Олимп паркым къызэрыщызэрагъэпэща щIыкIэм. КъызэрытщIамкIэ, ар зи жэрдэмри трагъэкIуэда мылъкур хэзыхари крайм и унафэщIхэрщ.
- «Адыгэ унэм» дащыхуэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэми.
- — Мы щIыналъэм иджыпсту щекIуэкI гуфIэгъуэр спортым теухуа щхьэкIэ, зэхъуэкIыныгъэ куэд къытхэзыльхьэ Iуэхугъуэщ, — къыджиIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — Гуапэ тщохъу Олимпиадэр къызэзыгъэпэщахэм я унафэщIхэм ящыщ зы, ухуэныгъэхэр зи нэIэ щIэта Козак Дмитрий, Краснодар крайм и губернатор Ткачёв Александр сымэ, адрейхэми хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр щхьэхуэу къызэрырагъэблэгъар. Къэралым и Iэтащхьэми езыхэми къабгъэдэкIыу абыхэм жаIащ Олимпиадэ хужьыр нобэ щекIуэкI щIыналъэр ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм яйуэ зэрыщытыр икIи пщIэ хэха зэрыхуащIыр. Фэри фощIэ Олимп паркым «Адыгэ унэм» къыпэхъун куэд зэрыдэмытыр — ар дуней псоми ялъагъу. КъищынэмыщIауэ, мы щIыпIэм къинэжа шапсыгъхэм мы ухуэныгъэшхуэхэм яфI екIащ: я гъуэгухэр, псэуалъэхэр, IуэхутхьэбзэщIапIэхэр ефIэкIуащ. Ар гуапэ дыдэ ящохъу хамэ къэрал къикIыжу къытхуеблэгъэжа ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ. Адыгэр зэи мыкIуэдыжыну, адыгэ макъыр сыт щыгъуи адэжь щIыналъэм щыIуну псоми сехъуэхъуну сыхуейт. Нобэ екIуэкI мы Iуэхур адыгэр зыгъэкIуэтэн, абы и цIэр фIыкIэ жезыгъэIэн Тхьэм ищI!
- Дунейпсо мардэм къотIасэ
- Сочэ и Iэгъуэблагъэм мы махуэхэм щекIуэкI Олимпиадэр дунейпсо мардэм къызэритIасэм шэч хэлъкъым. Абы и щIыналъэм узэрихьэу ар зыхыбощIэ. Ухуэныгъэ екIухэр, Iуэхутхьэбзэ узэщIахэр, транспорт, связь зэпыщIэныгъэхэр. Узыщымыгъуазэ щыIэмэ, сыт щыгъуи къыбдэIэпыкъунущ ди къэралми дунейм и адрей щIыпIэхэми къраша волонтёр ныбжьыщIэхэр. Абыхэм я нэхъыбэр пщIэншэу лажьэми, я гуапагъэмрэ жыджэрагъымрэ узыIэпашэ.
- Апхуэдэ щытыкIэ ди къэралым зэгуэр щыщыIэну фIэщщIыгъуейт. АрщхьэкIэ Олимпиадэм къытхузэIуиха зэIущIэ, зэхьэзэхуэ инхэм Iэмал къыдат дунейпсо мардэхэм дыхущIэкъуну, ахэр ди гъащIэм хэтпщэну. Пэжщ, улахуэм и гугъу умыщIмэ, уасэхэри абы кIэлъеIащ. Къапщтэмэ, дызыкIэлъыплъа спорт зэхьэзэхуэхэр щекIуэкI стадионхэм дихьэн папщIэ сом минитIым щыщIэдзауэ еттащ, мини 6-м щIигъуи нэхъ лъапIэжи яхэтащ. Ауэ псори зэуэ зэIубз пхуэщIын?! Ныкъусаныгъэхэр гъэзэкIуэжынми зэман хуейщ.
- Олимп парк — Къуэбыдэ ауз.