ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нобэ

2014-02-11

  • Ираныр Ислъам Республикэ щыхъуа махуэщ. 1979 гъэм абы щытрадзащ къэралым унафэ щызыщI шахыр икIи республикэ хабзэхэр щагъэуващ.
  • Японием егъэлъапIэ къэралыр къыщызэрагъэпэща махуэр.
  • 2011 гъэм къэралым и цIыхухэм зыкъаIэтри, и къулыкъум текIын хуей хъуащ Мысырым и президент Мубарак Хосни.
  • США-м и Унэ Хужьым щы­зэIуощIэ Америкэм и президент Абамэ Баракрэ Фран-джым и Iэтащхьэ Олланд Фран­суарэ. Ахэр тепсэлъы­хьы­нущ америкэ-франджы зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным, шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, экономикэм щызэдэлэжьэным теухуа Iуэхухэм.
  • Мазаем и 11 — 13-хэм Эссен (Германие) щекIуэкIынущ уэздыгъэмрэ псымрэ зэгъэзэхуауэ къэгъэсэбэпа зэры­хъуну щIыкIэхэм щытепсэ­лъыхьыну дунейпсо конгресс­рэ еплъыныгъэрэ.
  • Мазаем и 11 — 13-хэм Москва щызэхэтынущ Къэрал Щхьэхуитхэм я Зэгухьэны­гъэм хыхьэ къэралхэм хущхъуэ къыщIэзыгъэкI я Iэна­тIэхэм зегъэужьыным теухуа Етхуанэ дунейпсо зэхуэсышхуэр.
  • Жылагъуэ лэжьакIуэ, философие щIэныгъэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ          и лэжьакIуэ Унэж Кашиф                 и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 3, жэщым щIыIэр градуси 6 — 4 щыхъунущ.