Гулъытэ хэха хуащI
2014-02-05
- «Урысей и Мэкъумэш банк» ОАО-м и мылъкур нэгъабэ сом меларди 169-кIэ е процент 15-кIэ игъэбэгъуащ икIи зы триллионрэ мелард 274-м нэсащ. Псалъэм папщIэ, IуэхущIапIэхэм ейуэ абы щахъумэм процент 13-кIэ хэхъуащ. Ар сом триллионрэ мелард 26-рэ мэхъу. ЦIыхухэм сом мелард 247-рэ щаIыгъщ.
- Илъэс кIуам къриубыдэу банкым и активхэм процент 15-кIэ хэхъуащ. Мы зэманым ахэр сом зы триллионрэ мелард 968-рэ мэхъу.
- Зи гугъу тщIы зэманым пIалъэкIэ ягъэзащIэ лэжьыгъэхэм гулъытэ хэха хуащIащ. А мурадым тещIыхьауэ сом меларди 184-рэ е ипэ ита илъэсым елъытауэ процент 31-кIэ нэхъыбэ мэкъумэшыщIэхэм хухахащ. Нэгъабэ а Iуэхум хузэщIагъэуIуа щIыхуэм и процент 74-р банкым хуозэ. Кредитхэр зэуIуу къеIызыхыр дагъэ гъэсыныпхъэхэр, жылапхъэхэр, щIыгъэпшэрхэр къэзыщэхурщ. ПIалъэкIэ ягъэзащIэ губгъуэ лэжьыгъэхэм хухах щIыхуэхэм я процент 60-м нэсыр абыхэм къагъэсэбэп.
- «Урысейм и Мэкъумэш банк» ОАО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм 2013 гъэм сом мелард 1,7-м пэкIуэ кредиту 4671-рэ цIыхухэм яритащ. Ар ипэ ита илъэсым елъытауэ процент 36,3-кIэ нэхъыбэщ. ЦIыхухэм я ахъшэу ихъумэр сом меларди 4,9-м нэсащ. Уней подсобнэ хозяйствэ зиIэхэм сом мелуан 810,4-м хуэзэ кредиту 2944-рэ, ипотекэ программэм хэтхэм мелуан 595-м пэкIуэ щIыхуэу 459-рэ, сом мелуан 52,2-м щIигъум хуэзэ автокредиту 101-рэ яхухихащ.
- 2012 гъэм елъытауэ, автокредиту итым хуэдитIым щIигъукIэ хэхъуащ. Ар и фIыгъэщ щхьэщатыкIыпхъэхэмрэ къызэрапщытэ пIалъэмрэ зэрыезэгъырабгъум, пщIэ лей зэрыIамыхым, а программэр къэралым зэрыдиIыгъым. КъищынэмыщIауэ, банкым и картэхэмкIэ улахуэр зыт IуэхущIапIэхэм 23-рэ къахэхъуащ. Абыхэм папщIэ картэ 13440-рэ ягъэхьэзыращ. Псори зэхэту Мэкъумэш банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и картэу 68300-рэ къагъэсэбэп. Мы зэманым нэхъ щIэупщIэ зиIэр «Visa Country», «Master Card Country» пластик картэхэрщ.
- Къудамэм и банкомат 30-м щыщу 15-р Налшык щыIэщ, адрейхэр республикэм и район центрхэм щолажьэ. Сату IуэхутхьэбзэщIапIэ предприятэхэм нэгъабэ электрон терминалу 13 щагъэуващ.
- Урысейм и Мэкъумэш банкым АПК-м и IэнатIэхэм ярит дэIэпыкъуныгъэм дяпэкIи хигъэхъуэнущ, ахэр нэхъыбэу зыхуеину кредит лIэужьыгъуэщIэхэр жыджэру къигъэсэбэпынущ.
- ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.