Лъэпкъым хуэпщIэращ мыхьэнэ зиIэр
2013-12-31
- ЗэфIэкI зыбгъэдэлъ, гу къабзэ зиIэ, лъэпкъым IуэхуфI хуэзылэжь цIыху куэд къыдогъэблагъэ ди хьэщIэщым. Апхуэдэщ КъБР-м ХъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлI Къарэ Ратмир.
-
ЩIалэм и лэжьыгъэр нэхъыбэу зыхуэунэтIар КъБР-м и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм зегъэужьынырщ, абыхэм я лэжьыгъэр егъэфIэкIуэнырщ. Махуэ къэс зыпэрыт лэжьыгъэм къищынэмыщIауэ, Ратмир къалэн зыщищIыжауэ нэгъуэщI зы IуэхуфIи зэрехьэ — ар зи мурадкIи, лэжьыгъэкIи, фIэщыгъэкIи зэкIуж «Гу къабзэхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэрщ.
- Зэгухьэныгъэр къызэрыунэхуаращ, абы и лъабжьэр зыгъэтIылъаращ япэу дызыщIэупщIари.
- — НобэкIэ сыщылажьэ министерствэм сыкъэкIуэн и пэ къихуэу, «Гу къабзэхэр» зэгухьэныгъэм илъэсиплIкIэ сыщыIащ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м къэхъуа гузэвэгъуэхэм яужь щIалэгъуалэм садэлэжьэну мурад сщIащ, абыхэм я гупсысэр унэтIынымкIэ, чэнджэщэгъу ягъуэтынымкIэ сэбэп хъун си гугъэу жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэдгъэпэщащ. А зэман мащIэм къриубыдэу лэжьыгъэ куэд зэфIигъэкIащ зэгухьэныгъэм, псом хуэмыдэу социальнэ рекламэхэм хуэунэтIауэ. Терроризмэр, щIэпхъаджагъэр щымыгъэIэным, афияным ебэныным, лъэпкъ хабзэм, зэныбжьэгъугъэм зегъэубгъуным, адэ-анэм я нэIэ щIэмыту къэнахэм, сабий зеиншэхэм гулъытэ яхуэщIыным хуэгъэзауэ лэжьыгъэ мымащIэ зэфIэдгъэкIащ. Школхэм дыкIуэурэ экстремизмэмрэ терроризмэмрэ зыщадзеиным теухуауэ ныбжьыщIэхэм допсалъэ. Ди гупым хэт Iэзубэч Мурат, цIыхухъу зыщхьэщымытыж Лашынкъей дэс унагъуэ гуэрым я унэр ущыпсэуну къемызэгъыжу кхъахэ зэрыхъуар илъэгъуати, жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт щIалэхэр зэхуишэс- ри, унагъуэм унэщIэ хуаухуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ пхъащхьэ, чырбыш, ухуэныгъэм ирахьэлIэ нэгъуэщIхэри къыдатурэ хьэрычэтыщIэхэр къызэрыддэIэпыкъуар.
- Ди зэгухьэныгъэм, пэжыр жысIэнщи, куэд къыхохьэ-хокIыж. НобэкIэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэр Тэмазэ Къантемырщ.
- — IуэхуфI ищIэну гура- щэ зиIэ ныбжьыщIэр дауэ фи гупым къыхыхьа зэрыхъунур?
- — Ди Интернет сайтымрэ телефонхэмрэ дэтхэнэми къигъуэтыфынущи, абыхэмкIэ зыкъытпащIэрэ я мурадхэм дыщагъэгъуазэмэ, гулъытэншэу зыри къэдгъэнэнукъым. Пэжщ, ди зэгухьэныгъэр иджыри лъэ быдэкIэ увауэ щыткъым, ауэ тхузэфIэкI мащIэри хуэныкъуэм зэрылъэдгъэIэсыным дыхущIокъу.
- Къалмыкъ Юрэ къызэралъхурэ дызыхуэкIуэ гъэм и щIышылэм и 1-м илъэс 80 ирокъури, абы ипкъ иткIэ Iуэху куэд къэтIэтыну ди мурадщ. Абы ирихьэлIэу медалхэр къыдэдгъэкIри, лъэпкъ Iуэху зезыхьэ, адыгэм и цIэр фIыкIэ зыгъэIу, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщI, Къалмыкъ Юрэ и Iуэхум пызыщэхэм еттащ.
- «Гу къабзэхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIа Iуэху щхьэпэхэм ящыщщ Куба къуажэ стадион зэрыщаухуар, «Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэмрэ я зэныбжьэгъугъэм и аллее» акцэр зэрырагъэкIуэкIар, Беслъэн щыхэкIуэда сабийхэм я жыг зырыз (жыг 333-рэ) а къалэм зэрыщыдгъэтIысар. Ди мурадым елъытауэ, зэфIэдгъэкIар мащIэщ. Ауэ дэ тщIэ псапэ Iуэхухэм щIалэгъуалэр Iэмал зэриIэкIэ къыхыдошэ, фIы щIэным зэрыдедгъэхьэхыным дыхущIокъу. Дэ Налшык дэт курыт еджапIэхэмрэ языныкъуэ колледжхэмрэ дапыщIауэ долажьэ.
- — КъэфIэт Iуэхухэр гъащIэм хэпща хъунымкIэ хэт зыкъыфщIигъакъуэ- рэ?
- — Зызыхуэдгъэзауэ дыкъэзыгъэщIэхъуа щIагъуэ щыIэкъым. Къалэ администрацэми, министерствэхэми, нэгъуэщI къэрал къулыкъущIапIэхэми, цIыху къызэрыгуэкIхэми, хьэрычэтыщIэхэми, Iэмал зэриIэкIэ, зыкъытщIагъакъуэ. Псапэ зыщIэнум зэран къыхуэхъуфын щыIэкъым.
- — Псапэмрэ гуапэмрэ гъуни нэзи зэрамыIэр фIыуэ къызгуроIуэри, дяпэкIэ фи Iуэхутхьэбзэ дахэхэр зыхуэунэтIауэ щытынум дыщывгъэгъуэзамэ ди гуапэт.
- — Къалмыкъ Юрэ къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъурщ ди мурадхэм я нэхъыбэр зыхуэунэтIар. Абы и цIэр иридгъэлъэпIэну и гъащIэм теухуа кинофильм тетхыну ди мурадщ. Абы къищынэмыщIауэ, школхэм шахмат джэгупIэ зыбжанэ къыщызэIутхынущ. Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ къэблагъэ 2014 гъэм и накъыгъэ мазэм илъэси 150-рэ ирикъунущи, абы ирихьэлIэу Iэщышхуэхэр дукIыну, жьэрымэ дгуэшыну ди мурадщ.
- — Нэхъыбэу щIалэгъуалэм фадэлажьэу зэрыщытым къыхэкIыу, илъэсыщIэ дызытехьэм ди ныбжьыщIэхэм сыт хуэдэ псалъэкIэ захуэбгъэзэнт.
- — Махуэ къэс щIэ гуэр къыщежьэ гъащIэм ухэзэгъэн папщIэ, куэд пщIэн, уеджэн, нэхъуеиншэу щIэныгъэ зэбгъэгъуэтын хуейщ. Зи IуэхущIафэхэмрэ зэфIэкIхэмрэ ди гум нуру къина Къэжэр Альберт и псалъэкIэ жысIэнщи, «УздэщыIэракъым, лъэпкъым хуэпщIэращ мыхьэнэ зиIэр». А псалъэхэр я гъуазэу ди щIэблэр псэуну къыхуезджэнт.
- Епсэлъар
- Щомахуэ Залинэщ.