ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Черкес Этхьем и гъащIэр къэзыгъэлъэгъуэж фильм Къандур Мухьэдин трех

2013-12-31

  • Тхыдэдж, философ, тхакIуэ, музыкант, сценарист, продюсер, Иорданием къыщалъхуа ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэ Къандур Мухьэдин Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуауэ абы дапщэрэ дыхуэмызэми, щIэ гуэрым зрипщытауэ, гъэщIэгъуэн    гуэрхэм елэжьу къыщIокI. «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм къыщIыхьауэ иужьу дыщыIущIами абы къыджиIэн иIэт.
  •  
  • — Иджыпсту Тыркум сыщыIэщ, ди «Синдика» кино­IуэхущIапIэм и ещанэ къудамэр (Лондонрэ Иорданиемрэ яужькIэ) абы къыщызэIутхащи. Киноиндустриер щылъэщ Тыркум сыщылэжьэну сытогушхуэ, сщIэр къэрал Iуэхуу къалъытэу къыздэIэпыкъун хуэдэу щытщ, — дыщегъэгъуазэ Мухьэдин. — Япэ проектыр Черкес Этхьем и гъащIэр къэ­гъэлъэгъуэжыным тедухуащ. ИнджылызыбзэкIэ стха сценарийр тыркубзэкIэ зэрадзэ­кIащ, дызыхуэкIуэ гъэм и мэлыжьыхь-накъыгъэ мазэхэм тетхыну аращ унафэу щыIэр. Ар художественнэ фильмщ, сыхьэтитI хуэдизкIэ екIуэкIыу.
  • Инджылызхэм Истамбыл щаубыда зэманыр зи лъабжьэ лэжьыгъэр зытеухуэжа Эт­хьем хуабжьу щагъэлъапIэ Тыркум. Мустэфа Кемаль (Ататюрк) щIыгъуу Тырку революцэр зыщIахэм яхэта Черкес Этхьем къэралыр зыу­жьы­ныгъэм хуэзышахэм ящыщ зыщ. Ауэ Ататюрк революцэр къыдэзыщIахэм яз Иненю Исмет бий къыхуэхъури, Эт­хьем зэригъэкIуэдыным яужь итащ. Граждан зауэр къэхъуным нэсауэ, Этхьем хэкум икIащ, япэ­щIыкIэ Алы­джым, итIанэ Германием, иужькIэ Иорданием кIуащ, иужьрейми щылIэжащ.
  • — Апхуэдэ Iуэху гугъухэр зи лъабжьэ фильмыр тепхыныр тыншу къыщIэкIынукъым, тхыдэм и гъуджэм цIыхухэм иралъагъуэр зэтехуэркъыми.
  • — Революцэр къезыхьэжьэу Тырку Республикэ зыухуахэм я тхыдэм тхыдэджхэри къэрал унафэщIхэри щыгъуазэщ, фильму къэзыгъэлъэгъуэн къахэмыкIа щхьэкIэ. Кином къаруушхуэ иIэщи, тлъагъункъэ къэхъуари къызэрыхъуари къазэрыгурыIуэр. Зи жа­гъуэну­хэри щыIэнущ, шэч хэмылъу, апхуэдэ къахэмыкIыу хъурэ?! Ауэ сызирежиссёр лэжьыгъэм сэ псори къызэрыщызгъэлъэгъуэным яужь ситщ.
  • Тыркум и етIуанэ президенту, дзэпщ цIэрыкIуэу щыта Инёню Черкес Этхьем щхьэ­кIэ «хаин» жиIэрт, «епцIыжакIуэ» къикIыу. Абы Тыркум щыпсэу адыгэхэр гуитIщхьитI ищIащ, уеблэмэ сыадыгэщ жаIэну шынэу къагъэнат. Эт­хьем и цIэр «гъэкъэбзэжынырщ» си фильмым и къалэну къэс­лъытэр.
  • — Фильмым щыджэгуну артистхэр къыхэфха?
  • — Хьэуэ, ауэ абы хэтынущ тырку, инджылыз актерхэр. Сигу ирохь адыгэ театрым и артист Шыбзыхъуэ Басир зэрыджэгури, сыIущIэну си мурадщ, тыркубзэ тIэкIу тхуе­гъащIэмэ, хэзгъэхьэну сы­хуейт.
  • Куэд дыдэ пылъщ кинор техыным, артистхэр къыхэхыным щегъэжьауэ ящыгъынухэр дыным щыщIэкIыжу. Къызэрыхэзгъэщащи, абы мазищ-мазитху хуэдэ ихьынущ.
  • — Тырку Республикэм и тхыдэм уэ ухашэныр сытым къы­хэкIа, я режиссёрхэр, сценарий зытххэр ирагъэкIуэтэкIыу?
  • — Езыхэращ сыкъыхэзыхар, сезыгъэблэгъари езыхэрщ. Си «Кавказ» трилогиер тыркубзэкIэ зэрадзэкIати, абыхэм Черкес Этхьем теухуа хэту щалъагъум, яфIэгъэщIэгъуэн хъури къызэджащ. Сэри си гуапэщ абы Iуэху щысщIэмэ, сыту жыпIэмэ, адыгэ здэщыIэ къэрал псоми сыщыIащи, Тыркум хуэдэу щызэрыIыгърэ щызэкъуэтрэ срихьэ­лIакъым. Си гуапэ мэхъу ныбжьыщIэхэм адыгэбзэр зра­гъэщIэжыну зэрыхущIэкъур, школхэм, университетхэм щрагъэджын зэрыщIадзэр.
  • Ди IуэхущIапIэм щызэхудохьэс IэщIэдзхэр, ахэр мин тIощIым нэдгъэсмэ, Тыркум и премьер-министр Эрдоган Реджеп хуедгъэхьынущ,     адыгэ хэхэсхэм щхьэкIэ телевиденэ, школ къызэIуахыну дыщIэлъэIуу.
  • — Диск зыбжанэ пIыгъыу слъэгъуащ нетIэ, Мухьэдин. Сыт ахэр зищIысыр?
  • — Си тхылъхэр Тыркум къызэрыщыдэкIар бжесIаи. Мис абыхэм еджат абы щыпсэу, зэфIэкI зиIэ зы осетин щIали, къысхуэзэри дызэпсэлъащ, ныбжьэгъу дызэхуэхъуащ. Абы къызжиIащ кавказ лъэпкъхэр тхылъ зэремыджэр и жагъуэ зэрыхъур икIи къыхилъхьащ ахэр аудиодискыу къыдигъэкIыну. Арэзы сыщыхъум, Анкара къыщыди­гъэкIащ романитIыр зытет дискхэр, иджыри плIы дунейм къытригъэхьэнущ. ГъэщIэ­гъуэныр щIалэр адыгэм къызэрыхэмыкIарщ, и гъусэхэми ди лъэпкъэгъу яхэткъым.
  • — Иужьрей зэманым сыт уи къалэмыр зыхуэбгъэла- жьэр?
  • — Ныкъуэтхыу щылъщ урыс-япон зауэм хэта адыгэ шууей миным ятеухуа тхылъ. Мис ар и кIэм нэзгъэсыну зэман сы­зэримыIэр си жагъуэ мэхъу. СыщыIащ Японием, зыгуэрхэри къэсхутэжащ, иджыри Iэджэм сыхэплъэн хуейщ. Къэзыгъэзэжа закъуэтIа­къуэм ятеухуауэ КъБР-м и архивым хэлъыр къэсщIэн хуейщ.
  • Си композитор IэщIагъэри тIэкIу  лъэныкъуэ еза хуэдэу зэрыхъуар си жагъуэщ. КъысхуэкIуэхэр сотхри согъэ­тIылъ, зэзгъэзэхуэжыну сыхунэсыркъым. 2014 гъэми сыхущIыхьэнукъым, ар сощIэ. Черкес Этхьем теухуа фильмым нэмыщI, Тыркум иджыри зы лэжьыгъэ пщэрылъ къысщищIащ.
  • — «Черкес» фильмыр гунэс зыщыхъуаи зыщымыхъуаи щыIэщ. Сыт а фильмым теухуауэ щIэуэ къыджепIэ­фы­нур?
  • — Зи гугъу пщIы фильмыр зи мылъкукIэ тезыхыжар сэрати, тезгъэкIуэдэфар куэдтэкъым. АтIэми ехъулIэныгъэ иIэщ, къэрал 34-м къыща­гъэлъэгъуащ, иджыпсту Китайм щокIуэкI. ГъэщIэгъуэнщ мы фильмым езым и гъащIэ зэриIэжыр, куэдым ягу иримыхьу псалъэ жагъуэхэр хужаIами. Си щхьэгъусэ Люби сэри ди фIэщ мыхъуу, Африкэм щекIуэкIа кинофестивалым аргуэру япэ увыпIэр къыщихьащ.
  • — Кино, тхылъ, музыкэ… Уи дежкIэ нэхъыщхьэмкIэ къыщыщIэдзи тхузэкIэлъыхьыт.
  • — Зыри япэ схуигъэщыну­къым (мэдыхьэшх).
  • Епсэлъар ИСТЭПАН Залинэщ.