ГъащIэм къигъэувхэр зэхыдолъхьэ
2013-11-12
- ЩэкIуэгъуэм и 12-м Урысейм и ХъумапIэ банкым и лэжьакIуэхэм ягъэлъапIэ IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 172-рэ зэрырикъур. Абы и лэжьыгъэм топсэлъыхь банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Урысбий Хьэмидбий.
-
Урысейм и ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр республикэм и апхуэдэ IуэхущIапIэ нэхъ ин дыдэщ. Абы IэнатIэхэми цIыху щхьэхуэхэми Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэ дыдэхэр яхуещIэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, IуэхущIапIэхэм я процент 40-м нэсым, цIыху щхьэхуэхэм я процент 65-м щIигъум я дзыхь зрагъэзыр аращ. Щхьэтечу жыпIэмэ, ди банкым мы зэманым сом мелард 17-м щIигъу зэрегъакIуэ.
- Ди лэжьакIуэхэр езыхэм я гуфIэгъуэ махуэм IущIащ сыт и лъэныкъуэкIи я Iуэху къикIауэ. Ахэр полъэщ зыпэрыт лэжьыгъэм. Банкым хуиутIыпщ ахъшэмкIэ мэкъумэш, ухуэныгъэ IэнатIэхэм лэжьыгъэшхуэ щызэфIагъэкI. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу ди щIыналъэм къыщызэIуах IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абы щыгъуэми, ди банкым и гулъытэ нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар республикэм и экономикэм зегъэужьынымкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэхэрщ.
- Республикэм и властхэм хуабжьу купщIафIэу дадолажьэ. Псом хуэмыдэу а зэпыщIэныгъэр егъэщIылIащ зэпеуэхэм щытекIуа проектхэм мылъку яхухэхынымкIэ КъБР-м и ШэсыпIэ фондым. А фондым и фIыгъэкIэ хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэм халъхьащ сом мелардым нэс.
- Абы къыдэкIуэу, республикэ бюджетым и хьэкъкIэ анагъэ мылъкум и сертификатхэр зыхуэфащэхэм ират. НаIуэу зэрыщытщи, иджы а ахъшэр къагъэсэбэп мэхъу псэупIэхэр къащэхун папщIэ.
- Ди IуэхущIапIэм етIанэгъэ зэфIигъэкIынущ республикэм и правительствэр арэзы зытехъуа инвестицэ проект инхэм егъэщIылIа лэжьыгъэр.
- Мы зэманым мыхьэнэшхуэ дыдэ иIэщ хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэм зегъэужьыным. Дэ зэпымыууэ ди нэIэ тетщ а IэнатIэм. Ди банкым хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэм щIэгъэпсынщIауэ ахъшэ хуеутIыпщ. Сакъылэт зыхуэмей «Дзыхь» щIыхуэ лIэужьыгъуэр етту щIэддзащ. Илъэсыр къызэрихьэрэ апхуэдэ щIыхуэ лIэужьыгъуэу сом мелуан 575-м нэблагъэ ттащ.
- Урысейм и ХъумапIэ банкыр цIыху щхьэхуэхэм быдэу япыщIащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, ди къудамэм къегъэщIылIахэм я процент 33-м щIигъур ахэращ. Псори зэхэту сом меларди 10,8-м щIигъу Iуэхутхьэбзэу яхудощIэ.
- Ди IуэхущIапIэм зэпымыууэ къелъыхъуэ лэжьэкIэр зэрыригъэфIэкIуэну Iэмалхэр.
- Мы зэманым ХъумапIэ банкым Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм щиIэщ сыт и лъэныкъуэкIи зэманым езэгъ IуэхущIапIэ зэпэщхэр. Апхуэдэхэу Налшык 3, Бахъсэн районми апхуэдиз, Прохладнэ районым 2 къыщызэIуахащ. Мы гъэм и кIэм апхуэдэ IуэхущIапIэхэм лэжьэн щыщIадзэнущ Тэрчрэ Нарткъалэрэ. Дэ я гугъу тщIыххэркъым банкоматхэм я бжыгъэм хуабжьу зэрызиубгъунум.
- ЛэжьакIуэхэм улахуэ етын и лъэныкъуэкIэ ди къудамэр республикэм и IуэхущIапIэхэу 700 щIигъум ядолажьэ. Банк картэхэр къагъэсэбэпурэ лэжьапщIэ къеIызыххэм льготэ зэмылIэужьыгъуэхэр яIэщ. Ди банкым цIыхухэм Iуэхутхьэбзэхэр къызэрыхуащIэ IэмалыщIэхэр мы гъэм къыщыщIэдзауэ къыщагъэсэбэп Шэджэм, Тэрч къалэхэм, Дзэлыкъуэкъуажэ, Налшык и «Искож» хьэблэм, Лэскэн районым щыIэ Анзорей къуажэм. Мыбдежым къыщыхэгъэщхьэхукIын хуейщ банкым и лэжьакIуэхэм къахуэкIуэ цIыхухэм я тыншыгъуэ псори къызэралъытэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, иджы цIыху псоми Iуэхутхьэбзэ хуащIэ а къэкIуахэр щысу.
- Ди гуфIэгъуэ махуэм зэфIэдгъэкI псапащIэ Iуэхухэри хэIущIыIу тщIыну сыхуейт. Урысейм и ХъумапIэ банкым щагъэзащIэ «Сабиигъуэ насыпыфIэ» программэм ипкъ иткIэ, дэ щIэгъэкъуэн дахуохъу Крем-Константиновскэ къуажэм щыIэ сабий унэм щапIхэм. Банкымрэ абы и лэжьакIуэхэмрэ я мылъкукIэ ныбжьыщIэхэм къыхуащэху щыгъынхэр, тхылъхэр, зэрыджэгуну хьэпшып цIыкIухэр. ЩIалэ, хъыджэбз цIыкIухэр щIэх-щIэхыурэ хьэщIапIэ къытхуокIуэ, дэри зэпымыууэ абыхэм дакIэлъогъуазэ.
- Лэжьыгъэм егъэщIылIа IуэхуфI псоми 2014 гъэм пытщэну ди мурадщ. Апхуэдэу ди гугъэщ гъащIэм къигъэув щIэ псори зыхэтлъхьэну.
- Си псалъэм и кIэухыу фIыщIэшхуэ яхуэсщIыну сыхуейт ди IуэхущIапIэм дзыхь къезыгъэз псоми. Дэ ахэр дгъэщIэхъунукъым.
- Урысейм и ХъумапIэ банкым и лэжьакIуэ псоми сохъуэхъу я гуфIэгъуэмкIэ. Узыншагъэ, фIыгъуэ, насып яIэну си гуапэщ.