ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ягу къагъэкIыж

2013-10-31

  •   Политикэ залымыгъэм (репрессием) хэкIуэдахэм я щыгъуэ пэкIу дыгъуасэ ХьэтIохъущIокъуэм и жыг хадэм ит мывэм деж щекIуэкIащ. Абы щызэхуэсащ Лей зытехьахэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ щыIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, Налшык къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, студентхэр.
  •   
  • ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Лей зытехьахэм я хуитыныгъэр хъумэ­нымкIэ щыIэ жылагъуэ зэгухьэны­гъэм и унафэщI Кульчаевэ Надеждэ жиIащ политикэ залымыгъэр адыгэхэми, балъкъэрхэми, урысхэми, журтхэми къазэрыжьэхэуар, лажьэ зимыIэ куэд зэрихьар, зи хэку ирахуауэ къэзыгъэзэжахэр нобэ зэрыIыгъыу я Iуэху дагъэкIыну, я хуитыныгъэр яхъумэжыну яужь зэритыр. Абы къыхигъэщащ а лъэхъэнэм екIуэкIа хьэзабыр уи нэгу къыщIэбгъэхьэжынуи зэрыгугъур, и адэшхуэр лъахэм и къуэ пэжу, и адэр Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызэрихьэу зэрыхэкIуэдам емылъытауэ, езыр епцIыжакIуэу къалъытэу щIыпIэм зэрырашар цIыхупсэм хуэмыгъэвын гухэщIу зэрыщытыр.
  •  Лей зытехьахэм, ныкъуэдыкъуэхэм я зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ Щыхьмырзэ Маркс и псалъэм къыхигъэщащ политикэ залымыгъэм епха Iуэхугъуэхэр уигу къэбгъэ­кIы­жыну зэрыхьэлъэр.
  •  — 1917 гъэм щегъэжьауэ 1953 гъэ хъуху ди республикэм ирагъэкIауэ щытащ цIыху мин 60-м щIигъу. 1937 гъэм и закъуэ ди лъахэгъу адыгэхэм, балъкъэрхэм, урысхэм я къуэ нэхъыфIу 1600-рэ яукIащ, — жиIащ Щыхьмырзэм. — ИужькIэ, 1944 гъэм, балъкъэр лъэпкъыр зэрыщыту хэкум ирахуащ, абыхэм я гъусэу Къэзахъстаным яшащ адыгэ унагъуэ мини 5-м щIигъу. Си ныбжьыр ­илъэсищ фIэкIа мыхъуу апхуэдэ лей къызытехьахэм сахэхуащ. Ди жагъуэ мэхъу иджыри къыздэсым а залымыгъэм ихьахэм фэеплъ зэрыхуамыгъэувар, пIалъэкIэ дгъэ­тIылъа мывэр фэеплъкIэ зэрахъуэ­кIыну Iуэху зэрызэрамыхуэр.
  •  Си адэшхуэри абы и къуэшхэри лажьэншэу яукIащ, си адэр хэкум кърагъэхьэжакъым, Америкэм щыпсэуащ. Куэдрэ сыкIуащ абы деж, илъэс зыбжанэкIи сыдэпсэуащ. Пэжщ, къэрал гъэщIэгъуэнщ США-р, ауэ сэ сыхуеякъым абы сыщыпсэуну. Сыкъыщалъхуа си хэкур, си щIыналъэр нэхъ сфIэIэфIт, нэхъ сигъэхуабэти, къэзгъэзэжащ.
  •  А лъэхъэнэм яукIахэм я цIэ-унэцIи, щыщIалъхьэжаи тщIэркъым, абы теухуа дэфтэр псори щэхуу яхъумэ. Апхуэдэу щытын хуейтэкъым. Тхыдэм къыхэна а зэман хьэлъэм ды­хуеплъэкIыж фIэкIа, апхуэдэ лей къэдмыгъэхъуу дыпсэупхъэщ. Дэ дгуэшын диIэкъым, зыр адрейм IэщэкIэ ды­щIыпэщIэувэн щхьэусыгъуэ щы­Iэкъым, щIыпIэ дахэ дисщ, цIыху­фI­хэр куэдщи, апхуэдэ дуней дахэр дыв­гъэхъумэ.
  •  Маркс и псалъэхэм къапищэу Кульчаевэ Надеждэ къыхигъэщащ иужьрей илъэситIым властым и гупэр къазэрыхуигъэзар, КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен фIы­щIэшхуэ зэры­хуащIыр. «УнафэщIым фэеплъыр ягъэу­выным мелуанитху хухихащ, а къалэныр гъэзэщIа зэрыхъуми и щхьэкIэ кIэлъыплъыну дыкъигъэгугъащ», — жиIащ Кульчаевэм.
  •  Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Дол Анжелэ къызэхуэсахэр къигъэгугъащ нэ­хъыжьхэм къаIэт Iуэхухэр зэфIэ­хынымкIэ къалэ администрацэр сыт щыгъуи сэбэп хъуну.
  •  Залымыгъэм ихьахэм я фэеплъу ягъэтIылъа мывэм къызэхуэсахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ.
  •  Шыпш Даянэ.