ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дунейпсо мардэм хуагъакIуэ

2013-10-05

  • Налшык и зоопаркым иужьрей илъэсхэм зэ нэхъ мыхъуми ихьа дэтхэнэми гу лъимытэу къэнакъым зэхъуэ­кIы­ны­гъэрэ зыужьыныгъэу абы игъуэтам. КъыпхуэмыцIыхужыным хуэдизу къагъэщIэрэщIэжащ зэманыфI хъуауэ ремонт лэжьыгъэ куу зрамыщIылIа унэр, асфальтыр зытелэжьыкIа лъэс лъагъуэхэр. Иджы дэтхэнэ зы псэущхьэми хуиту икIи къабзэлъабзэу ухуокIуэ.
  •  
  • Мыр адэкIэ къытпэщылъ къалэнхэм я зы Iыхьэу аращ»,-       дыщигъэгъуэзат абы щыгъуэ «Налшык и зоопарк» муниципальнэ IэнатIэм и унафэщI Iэрэмысэ Аслъэнбий. ЗэрыжиIам хуэдэу Iуэхур хъуащ. 2012 гъэм и шыщхьэуIу мазэм ди республикэм и Iэтащхьэмрэ Налшык къалэ администрацэмрэ я унафэкIэ зоопаркым и ищхъэрабгъу лъэны-къуэмкIэ къегъэщIылIа щIыIэнэщIым псэуалъэ ин ира­щIы­хьыну зэгурыIуахэщ. АрщхьэкIэ егупсысыжхэри, хозяйс­т­вен­нэ къудамэм и пIэкIэ щагъэлъагъуэ центрышхуэ къыщ­ра­гъэ­жьащ. Ухуэныгъэхэр ирегъэкIуэкI «Гермес» ухуакIуэ фирмэм. Гъэр здынэсам центрым и пкъыр къызэ­фIа­гъэуващ. Унафэ­щIым щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, мыгувэу унащхьэр тралъхьэнущ, ухуакIуэхэм я лэжьыгъэр къэ­мыувыIэн хуэдэу хуабэ къэзыт коммуникацэхэри ирашэлIэ­нущ.
  • Мы центрым и архитектурэ гъэпсыкIэм дахагърэ инагъкIэ пэхъун Кавказ Ищхъэрэр къэгъэнауэ, Урысей псом итынукъым. Мыбы щаIыгъынур хуабэ фIэкIа зэмызэгъ псэущхьэхэрщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, зоопаркым и лэжьакIуэхэр номинхэм хуабжьу гугъу ядехьу зэрыщытар: щIымахуэ псом ахэр зыщIэс пэшитI зэпытыр зэвт, цIыкIут. Абы къыхэкIыу къабзагъэ мардэхэр къызэпыуда щыхъуи щыIэт.
  • ПсэупIэщIэм ягъэIэпхъуэнухэм яхэтынущ блэ лIэужьыгъуэ­хэр, благъуэхэр, псэущхьэ нэхъ инхэм ящыщу щIымахуэр къы­зытехьэлъэхэр, къуалэбзухэр. Иджырей мардэ нэ­хъыфIхэм тету тралъхьэну унащхьэр щыуэ зэщхьэщы­кIы­нущ, щхьэж и теплъэрэ и плъыфэрэ яIэжу.
  • И щхьэ къатым хэтынущ ихъуреягъыр Iэгум итым хуэдэу щыплъагъу зыплъыхьыпIэ-зыгъэпсэхупIэ. Ар сабийхэми балигъхэми ятещIыхьауэ щытынущ.
  • Псом нэхърэ нэхъ телъыджэр центр кIуэцIым и гъэпсы­кIэрщ. ФочышэкIэ пхупхымыудыну абдж быдэхэмкIэ зэп­ры­гъэ­лыкIа плIанэпэхэм цIыхухэм хуиту щалъагъунущ дэтхэнэ зы псэущхьэри. Абы щIэтынущ благъуэхэм папщIэ бассейн, бдзэжьейхэм я аквариум домбейхэр.
  • Iэрэмысэм къызэрыджиIамкIэ, центрым и проектыр щагъэхьэзырым, IэщIагъэлIхэм зрагъэлъэгъуащ Москва, Новосибирск къалэхэм щрагъэкIуэкIа мыпхуэдэ ухуэныгъэхэр. Iуэхур щаублэм къэралым и къалащхьэм къраша проектировщикхэри хэтащ. Абыхэм лъэныкъуэ куэдкIэ къалъытащ ди щIыналъэм и зэхэлъыкIэри ди дунейм и щытыкIэри.
  • Щагъэлъагъуэ центрыр щаухыну пIалъэр иджыпстукIэ гъэбелджылауэ щыткъым. Ауэ я зэфIэкI псори ирахьэлIэнущ ди республикэм и зыплъыхьыпIэ щIыпIэ нэхъ дахэхэм хабжэ зоопаркыр дунейпсо щапхъэхэм хуэгъэкIуэным.
  • Лъостэн Музэ.