Къуажэдэсхэр зэкъуоувэ
2013-09-14
- Лэскэн районым хиубыдэ жылагъуэхэм къуажэ зэхуэсхэр щрагъэкIуэкI, пщIэ зыхуащI нэхъыжьхэр, администрацэм и лэжьакIуэхэр, район унафэщIхэр хэту.
- А зэIущIэхэм щытопсэлъыхь икIи унафэ пыухыкIахэр щытращIыхь нобэ Лэскэн щIыналъэм щыпсэу цIыхухэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэ псоми.
- Мы махуэхэм Урыху щекIуэкIа зи чэзу зэхыхьэм кърагъэблэгъащ районым и хабзэхъумэ IэнатIэхэм, ОГИБДД-м, нэхъыжьхэм я Советым къабгъэдэкIа лIыкIуэхэр, дин лэжьакIуэхэр.
- Утыку кърахьа Iуэхухэм ящыщт къуажэм и теплъэр, ар къабзэу щытын зэрыхуейр.
- Мы Iуэхум теухуауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ жылэм дэсхэм, школакIуэхэм, администрацэм, цIыхухэр лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщ район центрым: хабзэм къемызэгъ пхъэнкIий идзыпIэхэр ягъэсеящ, кIэрыхубжьэрыху зэхуэхьэсыпIэхэр зыхуей хуагъэзащ. Псом хуэмыдэу къаруушхуэ гъэм и кIыхьагъкIэ трагъэкIуадэ «Кавказ» федеральнэ гъуэгу Iуфэм щызэтрихьэ пхъэнкIийм. Къуажэм блэж транспортым къызэранэкIым и щIыIужкIэ жылэдэсхэми къахокI пхъэнкIийр дэнэ и дежи щизыдзхэр. Ауэ щыхъукIэ ар дэзыш машинэ щхьэхуэ яIэщ, пIалъэ пыухыкIам тету я куэбжэпэм блэкIыу…
- Жылагъуэ зэхуэсым апхуэдэу щытепсэлъыхьащ щIалэгъуалэ Iуэхухэм, гъэсэныгъэм, цIыхубэ организацэхэм я къалэнхэм, къуажэм и теплъэмрэ цIыхухэм я псэукIэмрэ егъэфIэкIуэным теухуауэ ящIэм, нэгъуэщIхэми.
- Жанокъуэ Хьэутий.