КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэр ягъэлъапIэ
2013-09-03
- Къанокъуэ Арсен: ФIыгъуэм я нэхъыщхьэр ди цIыхухэрщ
- ГуфIэгъуитI — КъБР-м и Къэралыгъуэмрэ республикэм и къалащхьэм и махуэмрэ — фокIадэм и 1-м республикэм исхэм ягъэлъэпIащ.
- Махуэшхуэм ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIыну дауэдапщэхэм «ЩIыхьым и мафIэ мыужьых» фэеплъым деж щыщIидзащ. Ди хуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэм я фэеплъыр ягъэлъэпIэну, мемориалым удз гъэгъахэр тралъхьэну къэкIуат КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я УнафэщIхэу Чеченов Ануаррэ Хьэсанэ Русланрэ, ветеранхэр, школакIуэ цIыкIухэр, нэгъуэщIхэри.
- Налшык и ветеранхэм я Советым и унафэщI Абдуллаев Мустэфа къызэхуэсахэм захуигъазэу жиIащ ди республикэм и къэралыгъуэр зыухуахэм пщIэ яхуэтщIыныр ди къалэну зэрыщытыр. Псом хуэмыдэу щIэблэм ищIапхъэщ текIуэныгъэм уасэшхуэ зэрыщIатар, абы къыхэкIыуи мамырыгъэм хущIэкъуу псэун хуейщ.
- Дунейм ехыжахэм зы дакъикъэкIэ щыму яхуэщыгъуа иужь, удз гъэгъахэр фэеплъ сыным тралъхьэри, «ИгъащIэкIэ Урысейм дыщIыгъущ» утым ит фэеплъымкIэ яунэтIащ.
- — Си гум къыбгъэдэкIыу дэтхэнэ зыми сынывохъуэхъу махуэшхуэхэмкIэ. узыншагъэ, гурыфIыгъуэ, ехъулIэныгъэ фиIэу фыпсэуну си гуапэщ, — захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэм утым къащыпэплъэхэм. — Лъэпощхьэпо гуэрхэр щыIэми, дэ зэман дахэм, дуней зызыужьам дыщопсэу. Ди республикэм и фIыгъуэ нэхъыщхьэр ди цIыхухэрщ. Дзыхь къытхуащIу унафэщIу дыхэзыха жылагъуэр дымыгъэщIэхъун папщIэ, ди къару илъ къэдгъэнэнукъым, я псэукIэр нэхъыфI зэрытщIыным, лъэныкъуэ куэдкIэ ди республикэм зэрызедгъэужьыным дыхущIэкъунущ. ДыщIэращIэу, дефIакIуэу, ехъулIэныгъэр ди бэу илъэс куэдкIэ дыпсэуну сохъуахъуэ.
- Тхыдэм пщIэшхуэ зэрыхуащIым и щыхьэту, КъБР-м и Iэтащхьэм, Парламентым, Правительствэм хэтхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ зэзыпха Темрыкъуэ Идар ипхъу Гуащэнэ и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
- Щомахуэ Залинэ.
- Бахъсэн къалэр илъэсипщI ирокъу
- Республикэм и Iэтащхьэр Бахъсэн къалэм щыIащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ Бахъсэн къалэр илъэсипщI зэрырикъумрэ щагъэлъапIэм ирихьэлIэу.
- ЗыгъэпсэхупIэ гуэлым и Iуфэм къекIуэкIыу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я уней лъапсэхэр къыщрагъэувэкIат. Абы хэтт Бахъсэн къалэмрэ Дыгулыбгъуей къуажэмрэ щыщ лъэпкъ 30-м нэблагъэм я лIыкIуэхэр. Дэтхэнэ лъапсэми хьэщIэхэр гуапэу щрагъэблагъэрти, гуфIэгъуэ Iэнэ къыхуащтэрт, нэхъыжьхэм лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIар къаIуэтэ- жырт.
- Къанокъуэ Арсен яхыхьащ Хэжьхэ, Къардэнхэ, Хьэщпакъхэ, Къуэдзокъуэхэ, Ташухэ, Хьэжырокъуэхэ. Ар ирихьэлIащ лъапсэхэм ящыщ зым щрагъэкIуэкI унэишэми икIи унэгъащIэхэм ехъуэхъуащ гуфIэгъуэрэ насыпрэ щымыщIэну. Дэтхэнэ лъапсэми хьэщIэ лъапIэм лъэпкъхэм я нэхъыжьхэр къыщыIущIащ махъсымэ фалъэхэр яIыгъыу. Махуэшхуэ Iэнэхэм пэрысахэр хъуэхъуащ къыщалъхуа республикэмрэ абы и цIыхухэмрэ зэпымыууэ ефIэкIуэну. Къанокъуэ Арсен хэхауэ жиIащ щIэблэр гъэсэнымкIэ унагъуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Унагъуэр быдэмэ, лъэпкъри быдэщ, апхуэдэу щыщыткIэ, республикэри ефIэкIуэнущ. Псоми сынывохъуэхъу мамырыгъэрэ ефIэкIуэныгъэрэ фиIэну», — жиIащ республикэм и Iэтащхьэм.
- АЛОКЪУЭ Аринэ.
- КъБР-м и Iэтащхьэм спорт IуэхущIапIэщIэхэр къызэIуех
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэр гъэлъэпIэным хиубыдэу Дзэлыкъуэ районым щыIащ республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. Ар хэтащ Сэрмакъ къуажэм дащIыхьа, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ физкультурэ комплексымрэ Зольскэ, Псынэдахэ къуажэхэм я зэхуакум щащIа футбол джэгупIэмрэ къызэIухыным.
- ЕкIуу гъэщIэрэщIа физкультурэ комплексым деж республикэм и унафэщIым къыщыIущIащ сэрмакъдэсхэр, абы къедза къуажэхэм къикIа гупхэр. Къанокъуэ Арсен абыхэм псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэмкIэ, республикэм и къалащхьэ Налшык и махуэмкIэ, ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ. ИужькIэ хьэщIэм спорт комплексыщIэр къызэхикIухьащ. Мы ухуэныгъэр 2012 гъэм ирагъэжьауэ щытащ, республикэм и инвестицэ программэ пыухыкIам хиубыдэу. Абы трагъэкIуэда ахъшэр федеральнэ бюджетым къиутIыпщащ, 2011 гъэм КъБР-м и спортсменхэр «Кавказ джэгухэр» фестивалым зэрыщытекIуам папщIэ хухаха грантым щыщу. Псори зэхэту мы лэжьыгъэм трагъэкIуэда сом мелуан 13-м КъБР-м и республикэ бюджетми сом мелуани 5-м щIигъу хилъхьащ.
- Дзэлыкъуэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Шэт МэчрэIил Къанокъуэ Арсен фIыщIэ къыхуищIащ мы щIыналъэм и нэIэ зэрытригъэтым папщIэ. КъБР-м и Iэтащхьэми абы и жэуапу къыхигъэщхьэхукIащ «ди республикэм и мызакъуэу, къэрал псом зи цIэр щызыгъэIуфыну щIа- лэ лъэрызехьэхэр мы IуэхущIапIэм щагъэсэн зэрыхуейр».
- АдэкIэ я зэфIэкIыр хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуащ къуажэм и бэнакIуэ, гимнаст ныбжьыщIэхэу зэхьэзэхуэ зыбжанэм къыщыхэжаныкIахэм.
- ХьэщIэхэм темыпыIэжу къащыпэплъэрт Псынэдахэ къуажэми. Абы футбол джэгупIэр къыщызэIуихри, Къанокъуэ Арсен зэхуэсахэм захуигъэзащ: «Дэтхэнэ зы махуэшхуэми дэ дыхуегъаплъэ ди гъащIэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщыхъуным, зыгуэр къытхэхъуэным. Мы стадионыр цIыхухэр псом нэхърэ нэхъ зыщIэхъуэпсахэм ящымыщынкIэ хъунщ. Ауэ республикэм и дэтхэнэ зы жылагъуэми спортым зыхуэгъэсэнымкIэ Iэмалхэр щыIэмэ, щэнхабзэм и IуэхущIапIэхэр щылажьэмэ, ари Iейкъым. ИкIи апхуэдэхэм къахэхъуэн папщIэ дэ тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым».
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
- Махуэшхуэ репортаж
- Нарт щIыналъэу Къэбэрдей-Балъкъэр!
- Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэс 92-рэ зэрырикъур Iэтауэ щагъэлъэпIащ республикэм. ФокIадэм и 1-р уэлбанэу щытами, къалащхьэм и уэрамхэр цIыхуншэ хъуакъым, пшыхьхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм, зэхыхьэ хьэлэмэтхэм жыджэру ахэр хэтащ.
- ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэми а махуэм нэхъ щIэщыгъуэу уIуплъэрт. Бжьыхьэ щIыIэтыIэр дунейми щIыуэпсми тегуплIэну хэтми, щхъуантIагъэхэр абы ерыщу зэрыпэщIэтым гу лъыботэ. УэтIпсытIми, къуалэбзухэм я уэрэдыр къраш, удз гъэгъахэми иджыри я дахэгъуэщ. Сыхэтщ сэри а дахагъэ псом. ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм и лъагъуэ нэхъыщхьэм срокIуэ, «Чайный домик» шхапIэм и гупэм щекIуэкIыну зэхыхьэм сеплъыну. Сыздынэсам, сабийхэр ягъэгушхуэ, ягъэджэгу псысэ гуащэм, хьэндырабгъуэм, нэгъуэщI таурыхъ лIыхъужьхэм. Нэжэгужэщ езы цIыкIухэри — къофэ, уэрэд жаIэ. КIэщIу жыпIэмэ, цIыкIуми инми я IутIыжщ.
- Лъагъуэм и лъэныкъуитIымкIи щагъэуващ чэтэн пщыIэ зэщхьхэр. Зы лъэныкъуэмкIэ нэм илъагъур удз гъэгъахэрщ. Еплъ, зыгуэр уигу ирихьамэ — къэщэху. «Горзеленхоз»-м утыку кърихьащ псей, уэздыгъей жыгыщIэ лIэужьыгъуэхэри пэш къэкIыгъэ дахэхэри — бальзамин, аравие кофе, седум, аукуба фIэщыгъэ гъэщIэгъуэнхэр зиIэхэр, нэгъуэщIхэри. «Джулия» тыкуэным игъэлъагъуэхэр жьыми щIэми сыт щыгъуи тфIэфI розэ удз гъэгъахэрщ. Къыхэзгъэщынщи, «Джулия»-р зыгъэлажьэхэм ящыщ Подгурская Кристинэ махуэшхуэмкIэ сохъуэхъу, абы теухуауэ зыгуэр къыджиIэну солъэIу. «Ди гурыфIыгъуэр дыкъэзыухъуреихь щхъуантIагъэрщ, хьэуа къабзэкIэ дызэрыбауэрщ. Дропагэ ди лъахэм. Украинэм щыщ ди Iыхьлыхэр къыщытхуеблагъэкIэ: «Фи хьэуам урибауэ тщIэркъыми, уефэ хъунущ», — жаIэ абыхэм тIэкIуи гушыIэу… Сэ Германием сыщыIащ, хуэдэ щымыIэу жыхуаIэ я жыг хадэри зэзгъэлъэгъуащ. Ауэ си лъахэм, абы и щхъуантIагъэм, ди жыг хадэм ар сэ пэсщIынукъым. ФIыуэ солъагъу си щIыналъэр, Налшык сыбгынэу нэгъуэщI щIыпIэ сыщыпсэуфынукъым. Ди цIыхухэм сохъуэхъу республикэм и Къэралыгъуэм и махуэмкIэ, я узыншагъэр мыкIуэщIыну си гуапэщ, адрей дахагъэ псори диIэщ».
- НэгъуэщI лъэныкъуэмкIэ къыщыт чэтэн пщыIэхэм щагъэлъагъуэ гъуазджэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лэжьакIуэхэм, сабий IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр.
- Лъэпкъ шхыныгъуэхэр зыпщэфI шхапIэхэм я фестиваль-зэхьэзэхуэри мыбдежрат здэщыIэр. «Сэлам», «Къуанч», «СулътIан» шхапIэхэм, «Кунаки» шхапIэ-музейм ерыскъы берычэт къаIэтащ, уеблэмэ абдеж дыдэ былымылыр щагъэват, хъыршынхэр щащIат, нэгъуэщI лъэпкъ шхыныгъуэ куэди щапщэфIат. «Мы щIыналъэ дахэми абы щыпсэу цIыху гуапэхэми гурэ псэкIэ пэгъунэгъу сахуэхъуащ, — жеIэ «Кунаки» шхапIэ-музейр къызэзыгъэпэща шэшэн щIалэ Успанов Юни. — Налшык и телъыджагъым зыщызгъэнщIыркъым. Ди шхапIэр къэралым и щIыпIэ зыбжанэм щолажьэ, иджы Налшыки къыщызэIудох. ШхапIэм Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я ерыскъыгъуэхэр щапщэфI. Ди хьэщIэхэм Iэмал яIэщ Кавказ лъэпкъхэм я тхыдэм, щэнхабзэм зыщагъэгъуэзэну. Сыхуейщ лъэпкъхэр дызэкъуэту, нобэ дгъэлъапIэ махуэхэм хуэдэхэм дызэригъэубыду мамыру дызэдэпсэуну. Ди адэжьхэм «Кунаки» жаIэу, лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр къызэрагъэлъэгъуа псалъэм и мыхьэнэр ди нобэм щытепщэ хъужыну игъуэщ. Псоми сохъуэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэмкIэ».
- Налшык щекIуэкI гуфIэгъуэхэм щыпащащ Абхъазым и утым. Республикэм и районхэмрэ къалэхэмрэ, лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм я лIыкIуэхэр къызрихьэлIа IуэрыIуатэ-этнографие зэхыхьэшхуэр щIэщыгъуэ дыдэ хъуат. Утыкум къихьа щIалэгъуалэм я уэрэдхэр хуагъэпсат пшыналъэр зи бэ, фIыуэ ялъагъу я щIыналъэм.
- ПщыхьэщхьэхуэкIуэу ЗэгурыIуэныгъэм и утым къыщызэIуахащ эстрадэм и артист цIэрыIуэхэр зыхэта «Си республикэ, си Урысей» концертыр. Сыхьэтихым щIэзыдзэн хуея пшыхьыр и зэманым къызэIуамыхами, уэшхыр къежэхми, налшыкдэсхэр концертым и кIэм нэс едэIуащ. «Кабардинка», «Балкария», «Тэрч къэзакъхэр», «Каллистэ» къэфакIуэ гупхэм, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм утыкур ягъэбжьыфIащ. Псоми яфIэщIэщыгъуащ Москва къикIа «Премьер-министр» уэрэджыIакIуэ гупыр. Дакъикъэ 30-м щIигъукIэ утыкум ита артистхэр цIыхухэм ягу ирихьащ. Махуэшхуэр хьэрэкIытIэ зэщIэлыдэхэмкIэ зэхуащIыжащ.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.
- Мывэхэмрэ псыхэмрэ, къуршхэмрэ бзухэмрэ
- Махуэ къэс дызэплъ — ауэ дымылъагъу, щIэх-щIэхыурэ дызыблэкI — арщхьэкIэ гу зылъыдмытэ куэдым иужькIэ тфIэщIэщыгъуэу дыщоплъыж сурэтыщIхэм я IэрыкIхэм, сурэттеххэм я IэдакъэщIэкIхэм. Апхуэдэ лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ шыщхьэуIум и 31-м КъБР-м и Лъэпкъ музеймрэ СурэтыщI гъуазджэмкIэ музеймрэ къыщызэIуахащ, республикэм и Къэралыгъуэм и махуэр гъэлъэпIэным ирихьэлIэу.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и художникхэм «Бжьыхьэ-2013» зыфIаща сурэтгъэлъагъуэм щыболъагъу УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТхьэкIумашэ Михаил и IэдакъэщIэкIхэр — Кулиев Къайсын, Нэгумэ Шорэ, Щауэжь Владимир сымэ я фэеплъхэм я эскизхэр. Гъэлъэгъуэныгъэр адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыу гу зылъыптэр сурэтыщIхэм нэхъапэIуэхэм ятха я IэдакъэщIэкIхэри мыгъэрей я лэжьыгъэхэри утыку къызэрырахьарщ. Абы гъуазджэм дихьэххэм Iэмал ярет ди художникхэр илъэси 5 — 10 хуэдэ и пэкIэ зэлэжьахэмрэ нобэ нэхъ зытрагъащIэмрэ кIэлъыплъыну, я зэфIэкIыр зэрагъэпщэну.
- ГъащIэм и Iыхьэ зыбжанэ къызэщIиубыдэу, сурэт хьэлэмэт 1995 гъэм ищIауэ щытащ Марченкэ Владимир. ЩIалэгъуэри балигъыпIэри щызэхэухуэна, цIыху гурыщIи щызыхэпщIэ сурэтыр нобэм пэгъунэгъу дыдэщ. Алэрыбгъу зыщI, зи ныбжь хэкIуэта цIыхубзитIым я сурэтым (Теппеев Хъызыр 2001 гъэм ищIа и лэжьыгъэщ) къыщыгъэсэбэпар хуэфIыцIафэми, хуабагъ хэлъщ. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм шыр зэригъэлъапIэр, абы IэкIуэлъакIуэу тесыным щIалэ цIыкIур жьыуэ хуагъасэу нэхъапэIуэхэм зэрыщытар къыхощ УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI Пащты Герман и лэжьыгъэхэм.
- ГъащIэм зэреплъыр я IэдакъэщIэкIхэм къыщагъэлъэгъуащ Аккизовэ Имарэ («Домино-1», «Домино-2»), Абей Iэсият («Весна», «Птица мира»), Ахматов Лиуан («Полет») сымэ. ПщыхьэщIэ Хьэсэн мы гъэм ищIащ дызэрыгушхуэ ди нэхъыжьыфI Ефэнды Джылахъстэн и сурэтыр.
- КIыщ Мухьэдин, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, УФ-м щIыхь зиIэ и художник: — Уригушхуэ хъунущ зэчий зыбгъэдэлъ сурэтыщI нэхъыжьыфIхэри щIалэгъуали дызэриIэм. Художникым и лэжьыгъэр къехъулIэныр, нэхъыбэжым тегушхуэныр куэдкIэ елъытащ и IэдакъэщIэкIыр цIыхухэм къазэрыщыхъум. СызэригугъэмкIэ, ди республикэр къулейщ гъуазджэм дихьэххэмкIи. Ари мыхьэнэшхуэ зиIэщ.
- Пащты Герман, УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI: — Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщIхэр я зэфIэкIкIэ псоми сыт щыгъуи къахощ. Республикэм гъуазджэм зэрызыщиужьа щIыкIэр художникхэм я лэжьыгъэм къызэригъэлъагъуэм тепщIыхьмэ, абыхэм жэуаплыныгъэшхуэ я пщэ къыдохуэ. А лэжьыгъэ мытыншыр къазэрехъулIэр щынаIуэу къысщохъу мы гъэлъэгъуэныгъэм.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым ибгхэр, къуршхэр, псыхэр, къэкIыгъэхэр — ахэрщ СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм (Налшык) «Свой стиль» клубым хэт сурэттеххэм щагъэлъагъуэр. Дэтхэнэми и лэжьыгъэм укъытеувыIэу зэманкIэ уоплъыф, телъыджэ куэд я сурэтхэмкIэ къаубыдыфащи. Уэгум ит бзу цIыкIур, зи къудамэр мазэм хуэзышия жыгыр, удз гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэхэр, шы табынхэр, мэз Iувыр, дыгъэ къухьэгъуэр — дуней дахащэ къытхузэIуахащ ди сурэттеххэм.
- КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фырэ Русланрэ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Темыркъан Геннадийрэ я псалъэм къыхагъэщащ дунейм и теплъэгъуэ дахэ дыдэхэр сурэттеххэм къаубыдын зэрахузэфIэкIыр, сурэт къэс гупсысэ куу зэрыхалъэгъуар.
- Зи гугъу тщIахэм еплъыну хуейхэр музейхэм ирагъэблагъэ.
- КЪАНШОКЪУЭ Мэлычыпхъу.
- ГуфIэгъуэр зэдаIэт
- ФокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэлъапIэ махуэшхуэхэм хуэгъэпса гуфIэгъуэ концерт къыщызэрагъэпэщат Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ творчествэмкIэ я республикэ унэм. Псоми зэдаIэт гуфIэгъуэхэм мыбдеж щыщIагъуат Налшык къалэ къызэрыунэхурэ илъэс 290-м зэрыхыхьар.
- Уардэунэм и бжэIупэм и утыр екIуу гъэщIэрэщIат, Къэралыгъуэм и ныпхэр, къалащхьэм и нэщэнэхэр, удз гъэгъахэмрэ шар гъэпщахэмрэ нэри псэри яхьэхурт. Махуэр уэлбанэу нэху къызэрекIам къыхэкIыу, концертыр унэм и актовэ пэшышхуэм щекIуэкIащ. Абы щхьэкIэ къэмынэу, абы кърихьэлIащ налшыкдэсхэм, къалащхьэм и хьэщIэхэм ящыщ куэд. ЩIыхьэпIэм къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтым еплъа нэужь, ахэр ирагъэблэгъащ концертым.
- ГуфIэгъуэ зэхыхьэр Iэтауэ, нэгузыужьу екIуэкIащ. Утыкур ягъэбжьыфIащ IуэхущIапIэм и гъэсэнхэм. Псоми ягу ирихьащ зи творчествэмкIэ къэралым цIэрыIуэ щыхъуа ныбжьыщIэ къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэу «Кавказ пшэплъхэр», «Асса», «Мелодия», «Глорие» жыхуиIэхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэр. Апхуэдэу концертым еплъахэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэу Ефэнды Миланэрэ Рассказовэ Светланэрэ. Абыхэм я макъ жьгъырум, утыкум зэрызыщаIыгъым удамыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым.
- Махуэшхуэ концертыр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным, тэмэму екIуэкIыным я нэIэ трагъэтащ уардэунэм и унафэщIым щэнхабзэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ ПщыукI Анютэ, IуэхущIапIэм и нэгъуэщI лэжьакIуэхэм.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ