ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2013-08-08

  • Фадэ лIэужьыгъуэкIэ тхыдэр зыджхэр
  • «Мануфактурэ дыщэм» «Крепость Русский форпост» коньякыр ихъуэжащ». Апхуэдэу щэхуа­кIуэхэр егъэгуфIэ зи гугъу тщIы фадэм теухуауэ 2012 гъэм шыщ­хьэуIум и 31-м къыдэкIа рекламэм.
  • «Урыс плъырыпIэм и быдапIэ» коньякыщIэм и абджым тегъэуа сурэтхэмкIэ Кавказ зауэм и тхыдэр къэфщIэфынущ», — абджым итым къыдэкIуэу, щIэ­ныгъэ гуэри фадафэм зэригъуэтынумкIэ егъэгугъэ тхыгъэр зэхэзылъхьам. АдэкIэ къыпещэ: «Крепость Русский форпост» коньякым и фIэ­щыгъэм щIэлъ хъыбарым и лъабжьэр XIX лIэщIыгъуэм хиубыдэ Кавказ тхыдэрщ. Абджым те­гъэуащ абы нэхъ къыхэгъэщыпхъэу хэта урыс генерал цIэрыIуэ Ермолов Александр Петр и къуэм и сурэт». «ЛIыхъужьым» и цIэр (Алек­сей) зэращIэм хуэдэу къы­щIэкIынщ фа­дэрыщIхэм тхыдэми зэрыха­щIыкIыр. Ауэ ар зэран хуэхъуа­­къым фадэмрэ хэкумрэ зэхуэ­дэу фIыуэ зылъагъухэр къы­да­хьэ­хын пап­щIэ, Ермоловым и зы псэлъафэ дыщIагъужыным: «Бы­да­пIэ­хэм­рэ гъущI хъархэмрэ нэхърэ нэхъ лъэщу си цIэм бийр игъа­щ­­тэкIэрэ, ди гъунапкъэхэр хъума хъуну сыхуейщ».
  • Зы абджым Ермоловыр урыс-къэжэр зауэм щытекIуэу Ереван къызэриубыдам папщIэ егъэлъа­пIэ, адрейм — Кавказыр къызэрищтам щхьэкIэ. И сурэтым и къэу­хьым «Кавказ зауэм и лIыхъужь» жиIэу екIуэкIыу тегъэуащ. «Ермоловым Грознэмрэ Налшыкрэ — Урысейм и кавказ гъунапкъэхэм и плъырыпIэхэр — иухуауэ щытыгъащ»,- еух фадэрыщIым и тхыдэ дерсыр.
  • Зи гугъу тщIы фадэр Адыгэхэм я фэеплъ махуэм Налшык и тыкуэн­хэм языхэзым щащэу КъБКъУ-м и профессор Шурдым Барэсбий ирихьэлIащ. КъытфIэ­мы­Iуэху къэхъукъащIэ куэдым хуэ­дэу, зи гугъу тщIы Iуэхугъуэми дыблэп­лъыкIыну къыщIэкIынт, ди сурэттех Мамий Русланрэ зи гугъу тщIы тхьэмадэ махуэмрэ нэмы­щIамэ. Барэсбий и тхыгъэмрэ Руслан и сурэтхэмрэ фи пащхьэ ныдолъхьэ.
  • Чэрим Марианнэ.
  •  
  • Кавказ зауэм и «лIыхъужь» генерал Ермолов Алексей и цIэр къыдэзыхыжахэр
  •  

    Генерал Ермолов Алексей

    Накъыгъэм и 21-м щегъэжьауэ и 30-м нэс адыгэхэр Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда я лъэпкъэгъухэм яхуощыгъуэ. А тхьэмахуэ зэхуакум Налшык къалэ Що­джэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 21-нэ унэм хэт «Алика и К» тыкуэным «Урысейм и гъунапкъэ быдэ» («Форпост России») зи цIэ фадэр щащащ, Ермолов      А. П. генералым и сурэт тегъэуарэ «Кавказ зауэм и лIыхъужь» жиIэу щIэтхэжауэ. Лажьэ зимыIэу а зауэм хэкIуэда сабийхэри, бзылъхугъэхэри, лIыжьхэри, хэкум къыщхьэщыжу зи гъа­щIэр зыта лIыхъужьхэри къафIэмыIуэхуу, а Iуэхум тегушхуэфащ а тыкуэным и унафэщIхэр. Абы и лэжьа­кIуэхэм ящIапхъэт 1992 гъэм накъыгъэм и 21-м «Спартак» стадионым щызэхуэса цIыху минипщIым унафэ къащтауэ зэрыщытар Щыгъуэ махуэм фадэ ямыщэну. А махуэм зыми и пщIы­хьэпIи къыхэхуэртэ­къым адыгэхэм я Щыгъуэ махуэ дыдэм ирихьэлIэу республикэм и къалащхьэм Ермоловым и сурэтыр зыте­гъэуа коньяк лъапIэ щащэну.

  •  Хэт хъуну а генералыр?
  •  Хэт хъуну Ермолов Алексей Петр и къуэ генералыр? Дауэ хъуа ар Кавказым и тет, мин 50-м нэблагъэ кав­казыдзэм и дзэзешэ, 1763 гъэм щегъэжьауэ пащ­ты­хьыдзэм и генералхэу Глазенап, Булгаков, Модем, Якоби, Дельпоццэ сымэ я унафэм щIэта, «гъунапкъэ къэзакъхэр» зыфIаща къарухэм я унафэщI?
  • Ермолов А. П. 1777 гъэм къалъхуащ, беягъкIэ курыт уэркъ лъэпкъым къыхэкIащ. И адэм Орел къалэм и Iэшэ­лъашэм щиIащ лъапсэ мыин дыдэ, пщылI мэкъумэшыщIэу 150-рэ дэщIыгъуу. 1794 гъэм дзэм хохьэ. А гъэ дыдэм, Варшавэрэ Прагэрэ къыщащтэм, Суворов Александр гу къы­лъи­тэри, Костюшкэ Тадеуш иригъэкIуэкI щхьэхуитыныгъэ зауэм пэ­щIэт урысы­дзэм хагъэхьащ. Георгий Ау­щым и цIэр зезыхьэ орденым и еплIанэ на­гъыщэр къыхуагъэфэщащ. 1805 — 1807 гъэхэм Ермоловыр Наполеон пэщIэт дзэхэм хэтащ. 1808 гъэм генерал-майор цIэр къыфIащ. Киев къалэм пэ­гъунэгъуу щаIыгъ дзэхэм я унафэщIу къулыкъу      ихьыху, а щIыпIэм щыщ, уэркъ уна­гъуэ къыхэкIа пщащэ егуэ­кIуат, арщхьэкIэ унагъуэ диухуэным Iуэхур хуэкIуакъым, и гъащIэ псор фызкъэмышэу ирихьэкIащ.
  • 1812 гъэм Ермоловыр Наполеон пэщIэт, Барклай де Толли зи унафэщIу щыта Япэ къухьэпIэ дзэм и Iэтащ­хьэщ. ИужькIэ Кутузов М. И. и Дзэ зэгуэтым и штабым     и унафэщI ящI. Урысейм фран­­джыхэр ирахужыху, Наполеон драгъэкIуэкIа зауэ псоми ар хэтащ.
  • Пащтыхьым и лIыкIуэ
  •  1816 гъэм Александр Езанэ пащтыхьым Ермоловыр Кавказым лIыкIуэу къегъакIуэ. Пащтыхьым къи­лъы­тагъэнщ зауэзэрылI куэд зыгъэунэхуа, дзэ къулы­къум хуэIэзэ генералым нэхърэ нэ­хъыфI имыгъуэтыфыну.
  • Кавказыр гъэIэсэн Iуэхур генералым Дагъыстэнымрэ Шэшэнымрэ зыIэщIилъхьэ­ным­кIэ иригъэжьащ, япэу зыхуекIуари зэрыпхъуакIуэ Iэмал пхъашэхэрщ. Къуажэ къыпэщIэувэхэр игъэсырт. Хадэхэр иригъэупщIыкIырт, Iэщыр урысыдзэм гъуэмылэ хуэхъурт, къазэуа лъэпкъхэм тезыр ятрилъхьэрти, мылъкукIэ игъэпшынэрт.
  • 1822 гъэм ар Къэбэрдейм ебгъэрыкIуэн щIидзащ, кIуэ пэтми гъунапкъэр Къэбэрдейм икукIэ игъэкIуатэу. Дэфтэрхэр щыхьэт зэрыте­хъуэмкIэ, Ермоловыр Iэщэ зыIыгъыу къыпэщIэтхэм яте­кIуэкIэ арэзы хъуртэкъым, зэрыадыгэ лъэпкъыу ири­лъэ­сы­кIынут армыхъумэ. И мурадым лъэIэсын папщIэ, къыщIигъэзэн щхьэусыгъуэ щыIэтэкъым, цIыхугъэкIэ зэджэ гъунапкъэм ебэкъуэну хуит зищIыжат. 1821 — 1822 гъэхэм я щIымахуэр ткIий дыдэт. Мазищым и кIуэцIкIэ Ермоловым и «къэзакъ хахуэхэм» къэбэрдей къуажэ тIощIырыпщIхэр зэтракъутащ, абы дэлъа мылъкур зэрапхъуащ е ягъэсащ. Iэщ хъушэхэр, шы, мэл гуартэхэр, цIыхухэм я гъавэ гъэ­тIылъыгъэхэр дзэм и ерыскъыпхъэу зралъэфэ­лIащ.
  •  Лъэпкъ зыгъэкIуэдыр лIыхъужь?
  •  Нобэ Ермоловым «Кавказ   зауэм и лIыхъужь» фIа­щыжауэ зызыгъэлIыхъухэм ящIэркъым е ямыщIафэ зытрагъауэ 1948 гъэм дыгъэ­гъазэм и 9-м ООН-м и Зэхуэс Нэхъыщхьэм къищтауэ щыта унафэр, «Лъэпкъ­гъэ­кIуэд щIэпхъаджагъэ къэмыгъэхъуным хуэсакъынымрэ ар зыщIам ихьыпхъэ тезырымрэ» и фIэщыгъэу. А дэфтэрым ипкъ иткIэ, «лъэпкъгъэкIуэд» жыпхъэм йоувэ лъэпкъ щхьэхуэр е абы и Iыхьэр фэкIэ е динкIэ зэхэгъэж пщIыныр, укIы­ныр, я IэпкълъэпкъкIэ сэ­къат етыныр, я акъылыр зэ­гъэкIуэкIыныр е нэгъуэщI зэраныгъэ ещIылIэныр. Ермоловымрэ абы и пыхъуэпышэхэмрэ 1763 — 1864 гъэхэм адыгэ лъэпкъым къращIар а къедбжэкIахэм хуэдэ за-щIэщ.
  • Генералым и тхыгъэхэм ухэджыхьмэ, а сатырхэм къащхьэщих цIыхугъэн­ша­гъэмрэ гущIыIагъымрэ укъа­гъэуIэбжь: «Къэбэрдейхэм дапэщIэтыху, емынэ узыр ди телъхьэу къыщIэкIри, Джылахъстэнейр зэрыщыту ирихащ, Къэбэрдеишхуэри ири­гъэ­къэбзыкIри, зэуIуу къаруушхуэ къызэрагъэпэщыжыфын хуэдэу гукъыдэж къахуигъэнакъым…». А емынэ узыр Ермоловым и пэ ита генерал Булгаковым Астрэхъэн кърихри, 1811 гъэм къихьыгъат Къэбэрдейм. Ермоловым и нэIэ тету Булгаковым ищIа а Iуэху икIэр нобэрей псэлъэкIэкIэ «бактерие зыхэлъ Iэщэ къэгъэсэбэпын» жыхуаIэм хуэдэт, къэбэрдей лъэпкъым ещIы­лIауэ. АдэкIэ генералым щетх и гукъэкIыжхэм: «Сыт и лъэныкъуэкIи мы бзаджэнаджэхэр гугъу езыгъэхь Iэмалхэр къэзгъэсэбэпынущ. Абыхэм я нэхъ лъэщыр — гъаблэрщ, аращи, гъавэ щIа­пIэри хъупIэри зыIэ­рызгъэ­хьэну сыхэтщ. Псори шхын щхьэкIэ зэтолIэ, абы игъэIэ­сэнущ ахэр».
  • Дигу къэдвгъэгъэкIыж: сыт хуэдэ щIэпхъаджагъэт 1946 гъэм Нюрнберг къалэм ещанэ рейхым и Iэтащхьэхэм укIкIэ тезыр щIытралъхьар? Иджы Кавказым дыкъэIэбэ­жынщи, сыт хуэдэ лIыгъэ Ермоловым Кавказ зауэм щызэрихьар, ар лIыхъужьу убжын папщIэ? Хэт а цIэ лъапIэр абы фIэзыщар? ЛIыхъужь хъужыр хэт?! КъакIуэу уи уни уи лъапси зэтезыкъутэ зэрыпхъуа­кIуэра, хьэмэ ахэр къегъэ­лынымкIэ къыбдэIэпыкъура? Дауэ пIэрэт къазэрыщыхъунур Ермоловыр лIыхъужьу зыбжхэм абы и фэеплъ  мывэм и пIэкIэ Псыхуабэ Клейст фон Эвальд и фэеплъыр дэтыгъамэ?
  •  Уи щхьэфэцым зрегъэIэт апхуэдэ «щIыхьым»
  •  Девгъэплъыт «лIы­хъу­жьым» и шыфэлIыфэм, дзэм къыдыхэтахэм я гукъэ­кIыжхэмкIэ. Ермоловым и шу гъусэу щыта Муравьев-Карский Н. Н. етхыж:
  • «Iэтащхьэр апхуэдизкIэ щIи­хьэрти, езым и IэкIэ цIыху тхьэмыщкIэхэм лей ща­рих къэхъурт. Илъэс кIуам и кIыхьагъкIэ абы дэтлъэ­гъуа гущIэгъуншагъэр къи­гъэ­лъагъуэу дызэса щэны­фIагъым пхуегъэзэгъыр-къым».
  • Ермоловым и ныбжьэгъуу зэрыщытам емылъытауэ, Грибоедов Александр етхыж: «Псэ­лъэн хъуамэ, цIыху жы­IэзыфIэщхэр баштекъузэрэ мафIэсрэ, щхьэпылъэрэ лъыгъажэрэ я нэгу къыщIи­гъэхьэурэ егъэгужьей; Iуэ­хум щынэскIи ардыдэращ: IэщэкIэ егъэIэсэ, щхьэпылъэ ещI, я къуажэхэр зэтрегъасхьэ».
  • Вяземский Пётр усакIуэм Ермоловыр усэкIэ зыгъэ­лъэ­пIа Пушкин А. С. хуэшхыдэу Тургенев А. И. 1822 гъэм фокIадэм и 27-м хуетх: «Си жагъуэ хъуащ Пушкиным и сатырхэр лъыкIэ зэ­рызэхи­цIэлар. Котлярев­ский, Ермолов хуэдэхэра лIыхъужь­кIэ узэджэнур? Сыт хуэдэ лIыгъэ абы зэрихьар, емынэ фIыцIэм хуэдэу лъэпкъхэр зэтригъэкIуэдэ­жамэ? Апхуэдэ щIыхьым уи лъыр егъэдий, уи щхьэфэцым зрегъэIэт. А лъэпкъхэм щIэ­ны­гъэ къахуэтхьыгъатэмэ, хъунт абы пшыналъэ къы­­хэп­щIыкIыж. Усэр щхьэ­пы­­лъа­кIуэхэм я телъхьэ­къым. УсакIуэ уэрэдми лей зэрахьэу ягъэжа лъыр щIит­хьэ­щIы­жын щыIэкъым».
  • Кавказыр къиубыдын мурадкIэ, Мэздэгу быдапIэр иухуэу Урысейм иубла за­уэр илъэсищэм щIигъукIэ екIуэ­кIащ. Япэу зэрыпхъуа­кIуэр зэбгъэрыкIуа Къэбэрдейр бийм пэщIэтащ, лъэпкъым и IыхьипщIым щыщу бгъур игъэтIылъыху. Урысейр абрагъуэт икIи къарууфIэт, имыкIуэтыпIэ диIэтэкъым. Тхыдэр ди телъхьэу къызэ­рыщIэмыкIамкIи нобэ къуаншэ къэтлъыхъуэжу ара­къым, ауэ пэжри пэжщи, жы­тIэну ди къалэнщ.
  •  Шурдым Барэсбий,
  • химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор.