ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дэрэжэгъуэм хуопабгъэ

2013-07-04

  •   Гъэмахуэр псэм зезыгъэпсэху, гур зыгъэушэ зэманщ. Псом хуэмыдэу абы поплъэ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ. Гъэ еджэгъуэр тыншу езы­хьэкIахэри нэхъ къызэгугъуэкIахэри зэхуэдэу зэрохь зыгъэп­сэ­ху­пIэ лагерхэм, санаторэхэм. БлэкIа мэремым «Налшык» и курорт IуэхущIапIэм «Кхъужьей хадэ» санаторэм къыщызэ­Iуи­хащ сабийхэм зыщагъэп-сэху я гъэмахуэ лъэхъэнэр.
  •  
  • Къаскъул Владимир зыгъэпсэхугъуэ зэманымкIэ сабийхэм йохъуэхъу.

  • ГуфIэгъуэ зэхыхьэм хэта ныбжьыщIэхэр.

  • «Горный родник», «Грушевая роща», «Дружба», «Терек», «Маяк», «Нарзан», «Лебедь», «Эльбрус», Къалмыкъ БетIал и цIэр зезыхьэ санаторэхэм зыщагъэпсэху икIи я узыншагъэм щыкIэ­лъа­гъэплъ Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я мызакъуэу, Ингушым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Дагъыстэным, Къалмыкъым къикI цIы­кIу­хэ­ми. ГуфIэгъуэ махуэм ахэр я уэрэдхэмрэ къафэ­хэм­к­Iэ ягъэгушхуащ Музыкэ театрым и артистхэу ХьэхъупащIэ Амырхъан, Кърым Иринэ, Мамбэт Мадинэ, Гергокаевэ Хьэлимэт сымэ, нэгъуэщIхэми.
  • «Налшык» и курорт IуэхущIапIэм и унафэщI Къас­къул Владимир зэрыжи­Iэм­кIэ, иужьрей илъэситхум зыгъэпсэхупIэхэм фIыуэ заужьащ, узыншагъэ и лъэ­ныкъуэкIи сабийхэм хъарзынэу якIэлъоплъ. ЦIы­кIу­хэр щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэ пажэхэм Iуа­гъа­щIэ, зыплъыхьакIуэ ди щIыпIэ дахэхэм яшэ, зоопаркым ис псэущхьэхэр ирагъэлъагъу. Ауэ, ныб­жьы­щIэхэм псом нэхърэ нэхъ яфIэфIыр илъэс къэс санаторэхэм спорт лIэу­жьы­гъуиблымкIэ къыщызэрагъэпэщ зэхьэзэхуэхэм хэтынырщ.
  • КъБР-м и профсоюзхэм я федерацэм и лIыкIуэ Вэ­ро­къуэ Ларисэ псалъэ гуа­пэ­хэмкIэ захуигъэзащ сабийхэм. «Къыфхуэмыгъэсу фызыпэплъэ гъэмахуэ зы­гъэпсэхугъуэхэр къызэ­ри­­хьамкIэ дынывохъуэхъу, цIыкIухэ. Фыузыншэну, фынэжэгужэну ди гуапэщ. Фэращ ди къэкIуэнур зы­хуэ­дэнур зэлъытари, Тхьэм фри­гъэфIакIуэ», — жиIащ абы.
  • Хабзэ дахэ зэрыхъуауэ, цIыкIухэм шархэр драгъэ­лъэтеящ, Къаскъул Владимир сабийхэр зэрыджэгуну хьэпшыпхэр санаторэхэм яритащ.
  • БАГЪЭТЫР Луизэ.