ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дертхэмрэ дерсхэмрэ

2013-06-25

  •   Шэрэдж районым и электросетхэм я еджапIэ-зыгъэ­са­пIэм щекIуэкIащ «Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм электрокъарур ятезыгуашэ компание» ОАО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм ток гуэ­шыпIэхэр зезыхьэ и IэщIа­гъэлIхэм я зи чэзу зэпеуэр. Абы гуп пщыкIузым я зэфIэ­кIыр щагъэлъэгъуащ.
  •   
  • Зэхьэзэхуэр Iыхьитхуу зэщхьэщыхауэ щытащ. Электромонтерхэм я зэпеуэм хыхьэрт лэжьыгъэм, IэнатIэм пыщIа хабзэхэм зэрыха­щIы­кIыр, токым пэщIэхуар техникэ хэха хэмыту къегъэутIып­щы­жыныр, япэ медицинэ дэIэ­пыкъуныгъэр, дерт зиIэ Iэмэ­псымэхэр хъуэжыныр, нэ­гъуэщI­хэри. УпщIэ-жэуап щIы­кIэм тету, иужьрей Iы­хьэм я щIэныгъэр къыщапщытати, абыи хъарзынэу пэлъэщащ.
  •  Псоми къахэжаныкIащ дерс 80-м щыуагъитI фIэкIа щызы­мыщIа Май РЭС-м и лэжьа­кIуэхэр. Балл 389-рэ яIэу бжьыпэр зубыдар апхуэдэ зэпеуэхэм куэдрэ щытекIуа а гупырщ. Абы саугъэту сом мин 60 иратащ. ЕтIуанэ увыпIэр Тэрч, ещанэр — Лэскэн РЭС-хэм я IэщIагъэлIхэм къахьащ.
  •  «Кавказ Ищхъэрэм и МРСК» ОАО-м и щIыналъэ къудамэм и профсоюз комитетым къыбгъэдэкIыу командэ псоми тыгъэхэр хуащIащ. Япэ ища гупищым видеокамерэрэ телевизоритIкIэ яхуэупсащ.
  •  Зэхьэзэхуэм кърикIуам ипкъ иткIэ, «Мастер нэхъыфI» цIэр Май РЭС-м и IэщIагъэлI Овчинников Виктор хуагъэфэщащ, Дзэлыкъуэ районым щыщ Уэршыкъуэ Анатолэ ток гуэ­шыпIэхэм я электромонтер нэ­хъыфIу къалъытащ. «Зэпеуэм и судья нэхъыфI» щIыхь тхы­лъыр Шэджэм РЭС-м и лIы­кIуэ Щоджэн Сыхьэтджэрий лъысащ.
  •  ЩIыхь тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ текIуахэм щаритым, «Кавказ Ищхъэрэм и щIы­на­лъэхэм электрокъарур ятезыгуашэ компание» ОАО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафIэщI Гъубжокъуэ Юрэ къыхигъэщащ мыпхуэдэ зэпеуэхэр еджапIэфIу, IэщIагъэм и пщIэм хэзы­гъахъуэ щIа­лэ­гъуалэр тезы­гъэгушхуэ IэмалыфIу зэрыщытыр.
  •  «Кавказ Ищхъэрэм и МРСК» ОАО-м и
  •  республикэ къудамэм и пресс-IуэхущIапIэ.