Зы лIыр джэдыгуибгъурэ лIибгъур джэдыгуншэу щыт хъунукъым
2013-06-21
- КъБР-м и Правительствэм и зэIущIэхэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ ди жылагъуэхэм я щытыкIэм щIэмычэу щытопсэлъыхь. Республикэм и унафэщIхэми къуажэдэсхэм я псэукIэр зрагъэлъагъу. Дауи, ди жылэхэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ зэхуэдэу къызэгъэпэщакъым. Налшык къалэм къедзахэр е район центрхэм пэгъунэгъухэр нэхъ зыхуей хуозэ. Пхы-дзахэр-щэ? Дауэ хъурэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъунапкъэм щысхэм я Iуэхур? ЦIыху къызэрыгуэкIхэр сыт нэхъыбэу зыгъэпIейтейр? Ахэр зэдгъэщIэн папщIэ, Тэрч районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм иджыблагъэ дыщыIащ икIи щIыпIэ администрацэм и унафэщI Лыкъуэжь Владислав зыхуэдгъэзащ.
- — Владислав, фи къуажэр районым и жылэ нэхъ инхэм, нэхъыжьхэм ящыщу си гугъэкъым.
- — Ислъэмейр къыщызэрагъэпэщар 1815 гъэрщ. И инагъ и цIыкIуагъым утепсэлъыхьмэ, унагъуэ 340-м щIигъу дэсщ, цIыхуу 1650-рэ щопсэу. Абыхэм ящыщу 800-р IэнатIэ Iутщ, нэхъ цIыкIуми, школакIуэми сабий 320-м щIигъу диIэщ, 350-р пенсэм щысщ.
- — Фи цIыхухэр нэхъыбэу сыт зыхэпсэукIыр?
- — Япэ дыдэу щIым къытрахыращ. ИтIанэ, мащIэ-куэдми, Iэщым, джэдкъазым къыпах хъерырщ. Жылэм гъавэ щIапIэу гектар 2800-м щIигъу диIэщ. Фермеру унагъуэ 12 къуажэм дэсщи, гектар 200 зэрахьэ. КIэщIу жыпIэмэ, а щIы Iыхьэм цIыху 60 егъашхэ. КъимыдэкIэ унагъуи 164-м гектаритIым къыщыщIэдзауэ 100-м щIигъу зиIэ яхэту, щIыр бэджэнду яIыгъщ. Къуажэм хуабжьу сэбэпышхуэ къытхуохъу щIы нэхъыбэ зиIэхэр — езыхэр щIалэу, илъэс 35-40-м фIэмыкIауэ апхуэдэхэщ. Я цIэ къыхэзгъэщыну сыхуейт Хьэрэдурэ Чэрим, Цырхъуо Сэрэбий, Умар Аслъэнбэч, ТIымыжь Аслъэн, Пыжьынэ Анзор сымэ. Джэд IускIэ, мэкъумылэкIэ нэхъ хуэмыщIахэм ахэр хуабжьу ядоIэпыкъу.
- КъищынэмыщIауэ, былым зыгъэшхэну иужь ихьэхэм щIэгъэкъуэнышхуэ къахуохъу «Мэкъумэш банкыр». Езыхэм я хьэрычэтми, дэ дахуэлъаIуэми, нэгъабэрэ мы гъэм щыщу блэкIа зэманымрэ къапщтэмэ, ди къуажэм къыдыхьащ сом мелуанибгъу.
- — ЩIым теухуауэ языныкъуэ къуажэхэм къаугъэ къыщаIэт, ар нобэ зэрыгуэшамкIэ мыарэзыуэ. Фи жылэм апхуэдэ псалъэмакъ дэлъкъэ?
- — А упщIэр къыщызэптынум сыхуэпIащIэу сыпэплъэрт. Ди къуажэми къыщаIэт апхуэдэ псалъэмакъ. Ауэ унагъуэ къэс щIыр зэхуэдэу ятедгуэшэну апхуэдэ унафи закони щыIэкъым. Нэхъапэхэм щIы хуэмеями, иджы цIыху зыкъомым жэрдэм ящIащ бэджэнду вапIэ тIахыну: я щхьэ зэрапIыжын, я сабийр мылъку нэхъ зиIэхэм яйм емыхъуапсэу яхуэпэну, ирагъэджэну хуейуэ. Зы лIыр джэдыгуибгъурэ лIибгъур джэдыгуншэу къезэгъыркъым. Ауэ мис мы гъэм еух щIы зыIыгъхэм етщIылIа зэгурыIуэныгъэри, си гугъэщ къаугъэ къыхэмыкIыу а Iуэхум унафэ тэмэм тетщIыхьыфыну.
- — Владислав, ди республикэм и Iэтащхьэр Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщы-Iам щыгъуэ жиIауэ щытащ « Къуажэдэсхэр псы зэфэнкIэ къытхузэмыгъэпэщмэ, абы властым и пщIэр иреудых ». Абы и IуэхукIэ сыт жыпIэн?
- — Нобэ абы нэхъ Iуэхушхуэ ди жылэм дэлъкъым. МахуитI къэс ещанэм псы зэфэн еттыфу аращ цIыхухэм. Ари тхузэфIэкIыу щытакъым. АбыкIэ фIыщIэ ин хуэсщIыну сыхуейщ районым и нэхъыжь Пэнагуэ Максим. Ар ди республикэм и унафэщIым хуэзэху ди Iуэхур зэрыхэплъэгъуэр жриIэурэ, «Курп псы зекIуапIэхэр» зэгъэпэщыжыным сом мелуани 140-рэ халъхьауэ щытащ. Абы и ужькIэ пэрыхьэту диIащ. А лъэхъэнэм ток уасэкIи хуабжьу зыкъытщIагъэкъуащ. Ауэ илъэситI хъуауэ дотацэ щыIэжкъыми, токыр коммерцэ уасэкIэ къэтщэхун хуей мэхъу икIи дыпэлъэщыркъым.
- Сыту жыпIэмэ, Астемырей нэс километр 12-кIэ къыдош. Абы мылъкушхуэ ехь. Псыр нэхъ зэпымыууэ диIэн папщIэ, Тхьэр арэзы къахухъу, зэзэмызэ, зэрахузэфIэкIым елъытауэ, зыкъытщIагъакъуэ нетIэ зи цIэ къисIуа, щIы нэхъыбэ зыIыгъ щIалэхэм. Ауэ ди Iуэхур зэтес хъун щхьэкIэ, нэгъуэщI хэкIыпIэ гуэрхэр къэдмыгъуэту хъунукъым. Апхуэдэ зы Iэмалу къызолъытэ унагъуи 180-м я кранхэм псыуэ ягъэкIуэщIыр къызэрабж Iэмэпсымэ зэрытрагъэувар. Абы и фIыгъэкIэ, псыр нэхъ зэгъэзэхуауэ къэгъэсэбэпа хъунущ. Куэд щIакъым и мини-стрхэр щIыгъуу КъБР — м и Правительствэм и Iэтащхьэ Хьэсанэ Руслан ди жылэм зэрыщыIэрэ. Iуэхур зытетыр хуэтIуэтати, къыддэIэпыкъуну дыкъигъэгугъащ.
- — Къуажэр зыхуей хуэзэу псэун щхьэкIэ, куэд зэфIэгъэкIыпхьэщ. Адрей псоми я гугъу сщIынкъым, ауэ Щэнхабзэм и унэ, амбулаторэ хуэдэхэр ямыIэмэ, цIыхухэр гугъу ехьынущ.
- — АбыхэмкIэ ди Iуэхур хъарзынэу зэфIэувэжащ. Щэнхабзэм и унэр щащIауэ щытар 1957 гъэрщ. Абы колхоз правленэр, бухгалтер, экономист хуэдэхэр, кIэщIу жыпIэмэ, хозяйствэм и Iуэхур зезыгъакIуэхэр щIэсащ зы къат яIыгъыу. Колхозыр лъэлъэжа нэужь, фейцей хъуащ. Ауэ щэнхабзэ унэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуауэ Къанокъуэм къыхилъхьауэ щыта жэрдэмым ипкъ иткIэ, илъэс зыщыплI и пэкIэ сом мелуанрэ мин щитхурэ къыдатати, щIалэ гуэрхэр щIэгъэкъуэн къэтщIми, етхьэлIэнухэр нэхъ пуду къэдгъуэтми, евроремонт тщIащ. Иджы сытым хуэдэу зэпэщ хъужа щэнхабзэм и унэр! Уеблэмэ, и котельнэри щхьэхуэщ. ЩэнхабзэмкIэ унэм зыща- гъасэ самодеятельностым хэт гуп зыбжанэм, къуажэ библиотекэри абы щIэсщ. Амбулаторэри зыхуей хуэзэу зэдгъэпэщыжащ. ДохутырхэмкIэ дызэхурокъу, Iэмэпсымэ хъарзынэхэри яIэщ.
- — Мы зэман гъунэгъухэм ущыгуфIыкI хъуну сыт хуэдэ Iуэху фызыпэплъэр?
- — Къуажэдэс IэнатIэншэхэм, лэжьэну хуейхэм защIэгъэкъуэным теухуауэ республикэм программэ щыIэщ. Ар Мэзкуу щыпхыкIыну дыщогугъ.Абы ипкъ иткIэ, ди районым ис цIыху 500-м щхьэж хуэзэу къратын хуейщ сом мин 250-рэ и уасэ пкъыгъуэ, теплицэ ящIу хадэхэкIым елэжьын папщIэ. Ди жылэм щыщу абы хэхуэну дыщогугъ цIыху 40 — нэхъ хуэмыщIауэ, IэнатIэншэу. Ар хуабжьу ди нэ къикIыу дызэжьэ Iуэхугъуэщ. Ауэ псом хуэмыдэу дыщогуфIыкI сабий 75-рэ зэкIуэлIэну гъэсапIэ ди жылэм зэрыщаухуэнум. Абы 1-4-нэ классым нэс щра-гъэджэнущ.
- — Владислав, жылэ щыхъукIэ, шэч хэмылъу, узытепсэлъыхьын куэд щыбгъуэтынущ. Ауэ мы зымкIэ сыноупщIыжмэ сфIэкъабылщ. Дэ псори дызыщIэхъуэпсри дызыхущIэкъури ди Iуэхум адэкIэ пызыщэн, къуажэм, районым, республикэм, къэралым я пщэдейр нэхъыфI зыщIын щIэблэ узыншэ къытщIэхъуэнырщ. Ауэ иужь илъэсхэм республикэм къыщыхъу щIэпхъаджагъэхэм щIалэгъуалэ куэд зэрыхэкIуадэм дегъэпIейтей. Фи жылэм дэс ныбжьыщIэхэм теухуауэ сыт жыпIэн? Къуажэр фызыгъэукIытэ, гъуэгу пхэнж теувэ фиIэ?
- — Ди гуапэ зэрыхъунщи, Ислъэмейр дыщIэукIытэн диIэкъым. А Iуэху Iей къекIуэкIхэм пэIэщIэщ ди щIалэгъуалэр. Ар псом япэу зи фIыщIэу къэсльытэр ди нэхъыжьхэрщ. Абыхэм ядоплъей къытщIэхъуэ щIэблэр. Адрей жылэхэм я пщIэр згъэлъахъшэу къащремыхъу, ауэ ди къуажэм адыгагъэр — хабзэ, нэмыс, укIытэ жыхуэтIэхэр — нэхъ къыщызэтенауэ пIэрэ жызоIэ.
- Епсэлъар Мыз Ахьмэдщ.