Зы махуи зэпыуркъым
2013-06-07
- Джылы-Су щIыпIэр игъащIэ лъандэрэ псы хущхъуэхэмкIэ къулейщ. ЗыплъыхьакIуэхэр иджыри къыздэсым гугъу ехьу щытащ, гъуэгу тэмэм иIэтэ-къыми.
- «Урысейм и Ипщэ лъэныкъуэ» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ, илъэс етхуанэ хъуауэ зыхуей хуагъазэ Нартсанэ — Псы хущхъуэхэм я щIыпIэ — Джылы-Су — Iуащхьэмахуэ щIыпIэхэр зэпызыщIэ гъуэгур. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и кIэлъыплъыныгъэм щIэту ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зы махуи зэпыуркъым икIи ар мы гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм нагъэсын хуейуэ щытщ. Джылы-Су зыщызыплъыхьыну хуей дэтхэнэми дяпэкIэ Iэмал игъуэтынущ тыншу икIи шынагъуэншэу гъуэгуанэр зэпичыну.